text
stringlengths 11
353k
| meta
dict |
---|---|
Мэрем пшыхь
Псалъэ пэжхэр
ГуэшакIуэ Iыхьэншэщ
♦Хамэм ухуэмыубэ, быным ухуэмыдзыхэ.
♦ХьэщIэр бысымым и гъэрщ.
♦ХьэщIэр жэщищ исмэ, быным ящыщ мэхъуж.
♦Бажэм дыгъужьибл къегъапцIэ.
♦Бжьэм фо здэщыIэр ещIэ.
♦Былымыр жьы зэрыхъур и фэщ.
♦Гуэным имылъмэ, Iэнэми телъкъым.
♦Жылэм дэлъмэ, уиIэщ.
♦ЖысIэр щIэ, сщIэм уемыплъ.
♦ГуэшакIуэ Iыхьэншэщ.
♦Губзыгъэм и гуIэгъуэр делэм и гуфIэгъуэщ.
♦Къуажэ зиIэ нэф нэхърэ гухъу зыщIыф Iэшэ.
♦Гугъуехь зымылъэгъуам гъуэгуанэ
хуэшэчыркъым.
♦Емынэм къелар хъумбылейм ехьыж.
♦Зыщэм и напэр къэзыщэхум и уасэщ.
♦ЕсыкIэ умыщIэмэ, IупщIа псыми
уитхьэлэжынщ.
♦КъуэщIий мафIэми шэ къегъэпщт.
♦ЗыщIэм жиIэркъым, жызыIэм ищIэркъым.
IуэрыIуатэм щыщ
Уэзырмэсрэ и къуэмрэ
Уэзырмэс и унэ хьэщIэ къихьащ. Шууищ хъурти, ирагъэпсыхри хьэщIэщымкIэ ирагъэблэгъащ. Махуищ иса нэужь, я Iуэху кърахьэлIащ Уэзырмэс:
- ЗекIуэ дежьэнущ, гъусэ къытхуэхъу, - жари.
Шууищри Уэзырмэс и ныбжьт, зекIуэ зэдежьэрейуэ щытауэ.
- Си ныбжь нэсащ, зекIуэм сыхэтыжкъым, - жиIащ Уэзырмэс. - Ди жьыщхьэ зекIуэкIэ сыт къэтхьыжын? Ди унэ дисыжынщ.
- ДыкъыщежьакIэ, дгъэзэжынукъым, - жаIащ Уэзырмэс и хьэщIэхэм.
- Абы щыгъуэм си щIалэр гъусэ фхуэсщIынщ, - жери, Уэзырмэс зы къуэ иIэти, ар гъусэ яхуищIащ, гъуэмылэ яритри игъэшэсыжащ.
ЛIищым я пэ иувэри, щIалэм иришэжьащ. Махуэ гъуэгу якIуауэ, лIищым жаIэ:
- Дишри пщащ, дэри дыпщащ - девгъэпсых.
- КъэткIуа щыIэкъым, дыздежьам дынэсакъым, - жери, щIалэр яхуепсыхакъым, лIищыр иришэжьэжри махуэ гъуэгу якIуащ.
Махуэ гъуэгу якIуауэ:
- ТлъэкIыжIакъым, - зэщIэкIуащ лIищыр. - Девгъэпсых.
- Махуэ гъуэгу ткIужмэ, депсыхынщ, - жери, щIалэм лIищыр иришэжьэжащ, махуэ гъуэгу якIужри епсыхащ.
- Фэ мыбдеж фыкъыщыспэплъэ, - жери лIищым пщыIэ яхуищIащ щIалэм. - Сэ сыкъэгувэнкъым.
ЛIищыр пщыIэм къытринэри, щIалэр ежьащ. ЗэрыжиIауэ, къэгувакъым: лIищым я шы дэгъуэ зырыз къихури пщыIэм къытехьэжащ, лIищыр къигъэшэсыжри я унэ къришэжащ, хьэщIэщым иришэжри и адэм хъыбар иригъэщIащ.
Уэзырмэс хьэщIэщым ихьэри лIищым ябгъэдэтIысхьащ, щIалэри къащхьэщыуващ. Iэнэ къыщрахьэм:
- Хъуэхъубжьэ къигъахъуэ, - жриIащ Уэзырмэс и къуэм.
Хъуэхъубжьэр къыщритым, щIалэм фалъэр фIэбгъунлъэри тIэкIу икIутащ.
- Хуэмыху! - жери Уэзырмэс щIалэм хуилъащ.
ХьэщIэхэм зыри жаIакъым, Уэзырмэс щIалэм зэрыхуилъар я жагъуэ хъуами.
ЛIищым я хьэщIэн зэфIэкIри, Iэнэр ирахыжащ, Уэзырмэси икIыжащ, гъуэлъыжыгъуэ хъуати.
- ЩIалэм щIыхуилъар шым щIэфыгъужащи, аращ, - жаIащ лIищым, Уэзырмэс хьэщIэщым икIыжа нэужь. - Шыр здэтхункъым, жэщ ныкъуэм дежьэжынщ, зыкъедмыгъащIэу.
Унэр зэгъэжа нэужь, лIищыр хьэщIэщым икIыжри ежьэжащ, щIалэм къарита шищыр шэщым къыщIанэри.
Нэху щыри, щIалэр хьэщIэщым ихьащ - лIищыр исыжкъым. Шэщым щIыхьащ - шищыр щIэтщ. Уэзырмэс Iуэхур зытетыр къыгурыIуащ.
- Ялъежьи, къегъэгъазэ, - жери, и къуэр лIищым якIэлъигъэкIуащ. Къаригъэгъазэри, лIищыр хьэщIэщым иришэжащ щIалэм, Уэзырмэси якIэлъихьащ.
- Шым сыщIэфыгъужауэ аркъым щIалэм сыщIыхуилъар - ар сфIэмащIэщ, фэ нэхъыби фхуэфащэщ. ЩIалэм сыщIыхуилъар нэгъуэщIщ. Мыбы уIэгъэ телъщ, уIэгъэм къигъэдзыхэри хъуэхъубжьэр ирикIутащ - аращ хуэзмыдар: и анэмрэ сэрэ тлъэгъуа фэбжьыр сощIэжри, мыр уIэгъэ мащIэм зэригъэдзыхар сигу техуакъым.
Си щIалэгъуэм, къэшэн сигу къихьауэ, ди адэр къысхуэгубжьыгъащ: «Абы унэсакъым уэ, лIы ухъуакъым», - жери.
Ар си щхьэм иризгъажэри, унэм сикIащ: «ЛIы сыхъуху къэзгъэзэнкъым», - жысIэри. Ар сигу ислъхьэри сежьэжауэ сыхэтурэ, махуэ гуэрым сепсыхащ, шыр слъахъэри сутIыпщащ, жэщыр абдеж щисхын мурад сщIауэ. Сыздэщысым, шу пхъашэ гуэр къызэрыкIуэр солъагъу. Къызбгъэдыхьэри фIэхъус къызихащ, фIэхъус нэужьым:
- Ди лъахэ цIыху къидгъэхьэ ди хабзэкъым, - къызжиIащ. - Шыри плъэхъауэ ди лъахэ уитщ - дызэзэуэнущ.
- Дэгъуэщ, дызэзэуэнумэ, - жысIащ. - Зы жэщ щисхын си гугъа къудейщ. Дызэзауэмэ, зэрыхъури тлъагъунщ.
ДызэпикIуэтри, шабзэшэр зэдэдухыху зэтеткIутащ. Шабзэшэр щызэдэдухым, шур IукIыжащ:
- Пщэдей зэхудипIалъэщ, - жери.
Нэху щыри, шур къэсащ.
- ХьэщIэ гунэщI сезауэркъым, - жиIащ шум, гъуэмылэ къыздихьати, сигъашхэри, дызэпэувыжащ, джатэкIэ дызэзауэри дызэрытегъэкIуакъым. Пшапэр щызэхэуэм, шур ежьэжащ:
- Пщэдей къытезгъэзэнщ, - жери.
«Мыр къыздикIымрэ здэкIуэжымрэ зэзгъэщIэнщ», - жысIэри шум и ужь сиуващ. И ужь ситу сыкIэлъыкIуэурэ, шур банапцIэ чом дыхьэжауэ слъэгъуащ. Шыр сутIыпщри, жэщыбгым чом сыдыхьащ, сакIэщIэдэIухьмэ - зэхызох:
- Сызэзауэр лIы хъунущ, си щхьэцыр и Iэм иришэкIрэ щIопщкIэ къызэрызэуэнур ищIэркъым армыхъу.
Сыкъэшэсыжри, банапцIэ чом сыкъыбгъэдэкIыжащ. Нэху щыри, шур къэсащ.
- ХьэщIэ гунэщI сезауэркъым, - жери шум гъуэмылэр къигъэтIылъащ, зыкъыщригъэзыхым сыпхъуэри уанэгум къисчащ, и пыIэр щхьэщызудри и щхьэц ухуэнар субыдащ, щIопщыр щысIэтым:
- Укъызэмыуэ, - жиIащ, - узыхуейр къызжеIэ.
- Усхьынущ - аращ сызыхуейр, - жесIэри, пщащэр къэсхьащ. Мы щIалэм и анэращ къэсхьар. Шабзэм и уIэгъэри джатэм и уIэгъэри и фэм дигъэхуащ и анэм, езым уIэгъэ мащIэр хуэшэчакъым - аращ сыщIыхуэгубжьар.
- Абы нэхъ лажьэ щымыIэмэ, ар Iуэхукъым, - жари лIищыр шэсыжащ, Уэзырмэс и къуэм тыгъэ яхуищIа шы зырызыр я Iэдэжу.
Фэ фщIэрэ?
ЩэкIуэгъуэ мазэ
«Ноябрь» мазэр латин бжыгъэцIэ «бгъу»-м къытекIащ: «новем» - ноябрь. Мы мазэцIэм цIэ зэтемыхуэхэр иIащ: мэкъушэжыгъуэ мазэ, гъуэ- гыгъуэ мазэ, тIы утIыпщыгъуэ. Иужьрей зэманым адыгейхэми, къэбэрдейхэми, Сириемрэ Иорданиемрэ щыпсэу ди лъэпкъэгъухэми къагъэсэбэпыр щэкIуэгъуэ «время охоты» жыхуиIэрщ. Мы псалъэ къэхъукIэм ди бзэм куэдрэ ущрохьэлIэ. Нэгумэ Шорэ и тхыгъэхэм къыщихьыр - б ж и х а к е м а з е (бжьыхьэкIэмазэ) «ноябрь» - псалъэращ.
ЩэкIуэгъуэ мазэм нэхъыщхьэр - ущэкIуэну узэрыхуитырщ, хьэкIэкхъуэкIэхэм я щIэжьейр ин хъуащи. Иджы хэт щэкIуэнуми, хэт хьэжэбажащэ кIуэнуми хуитщ. Абы къищынэмыщIауэ, мы мазэм щIымахуэм сыт и лъэныкъуэкIи зыщыхуагъэхьэзыр зэманщ. Мэкъумылэр кърашэлIэж, пхъэ сэбэп ягъэхьэзыр, бжьэ зиIэм нэщIэщым щIегъэувэж. Мы мазэм щIымахуэ шхын жаIэрти мэл, былым яукIырт. Лыр ягъэгъурт, яшурт, ягъэфIэIурт, щхьэфIэIу жыхуаIэу щытам хуэдэхэри ящIырт. Абы щхьэкIэ мэл яукIахэм я щхьэ-лъакъуэ къабзэ дыдэу гъэлыгъуар ныкъуэвэфI ящIырти, кхъуэщынкIэ е чейкIэ ягъэфIэIурт. Гъатхэм псэущхьэхэм ящыщ ямыукIыу, щIымахуэм хуагъэхьэзыра лымрэ щхьэфIэIумрэкIэ хьэщIэхэр ягъэхьэщIэрт. ХьэщIэм ар хьэщIэныш нэхърэ нэхъыкIэу ибжыртэкъым. Уеблэмэ «щхьэфIэIу сагъэшхащ», - жаIэрт, фIыуэ зэрагъэхьэщIам и нэщэнэу.
«Адыгэ календархэр» лэжьыгъэм къыхэтхыжащ.
Интернетым дыкъыщоджэ
Дапщэ уриуасэ?
Зи закъуэу псэу лIыжь Iущ гуэрым и деж щIалэщIэ дыдэ къакIуэри къыжриIащ:
- Си щхьэ къосхьэлIэри сыкъокIуэлIащ. Сыпсэуну сыхуейкъым, сигурэ си щхьэрэ зэбгъэжауэ дунейм сытетщ. Си хъуреягъым сэ нэхъ хъерыншэ щымыIэу жаIэ, сынолъэIу, пхузэфIэкIыххэнумэ, къыздэIэпыкъу.
ЛIыжьыр пыгуфIыкIыу щIалэщIэм хуеплъэкIри, мыпIащIэу жэуап иритащ:
- Къысхуэгъэгъу, ауэ иджыпсту сыхущIыхьэркъыми, сэбэп сыпхуэхъуфынукъым,Iуэху пIэщIэгъуэ гуэр къыслъыкъуэкIащи, ар зэфIэзмыгъэкIауэ… Ауэ, арэзы ухъурэ Iуэхутхьэбзэ къысхуэпщIэмэ, сэри сыбдэIэпыкъужынщ.
- Си гуапэу, ди нэхъыжь,- жиIащ щIалэм.
- АтIэ, мы Iэлъыныр схуэщэ, си щIыхуэр ириспшыныжыну. Iэмал зэриIэкIэ нэхъ лъапIэу щэ, ауэ зы дыщэ ахъшэ нэхъ мащIэкIэ иумыт, - жиIэри унафэ быдэ хуищIащ.
ПIащIэу бэзэрым кIуа щIалэм и Iуэхур тынштэкъым, абы лIыжьым кърита Iэлъыныр дапщэм яримыгъэлъэгъуами, езым хуигъэува уасэм арэзы техъуэн къахэкIакъым, пэжщ, абыхэм яфIэгъэщIэгъуэну Iэлъыныр зэпаплъыхьырт, ауэ жьгъей мащIэ гуэрт къратыну жыхуаIэр. Языныкъуэхэр щIалэм щIыкIейуэ къыщыдыхьэшхырти ежьэжырт, языныкъуэхэр бзэмыIум хуэдэу къеплъырт. Зы лIыжь закъуэщ къахэкIар а Iэлъыным дыщэ ахъшэ зэримыуасэр, нэхъыбэ дыдэу абы гъуаплъэ е дыжьын ахъшэ фIэкIа зыми къызэрыримытынур къыжриIэну.
ЛIыжьым и псалъэхэр щIалэм щхьэжагъуэ щыхъуауэ Iэлъыныр зейм хуихьыжри кIуэжащ.
- Ди нэхъыжь, уи унафэр схуэгъэзэщIакъым,- жиIэри щIыхьэжащ ар тхьэмадэм и деж. - Нэхъыбэ дыдэу дыжьын ахъшэ зы-тIу фIэкIа къыщIатын ядакъым уи Iэлъыным, ауэ дыщэ ахъшэкIэ фIэкIа сымытыну къызэрызжепIар сщIэжырти, Iэлъыныр къыпхуэсхьыжащ.
- Си щIалэ, уэ иджыпсту жыпIар губзыгъагъэщ, зыгуэр пщэн ипэ, абы и уасэр зэбгъэщIэн хуейкъэ? Ар дыщэкIым нэхърэ нэхъыфIу хэт зыхузэфIэкIынур? Ауэ, дапщэ къуитыну укъимыгъэгугъэми, Iэлъыныр умыщэу къысхуэхьыж.
ЩIалэр шым шэсри, дыщэкIым деж кIуэну ежьащ. ЗыхуэкIуам Iэлъыныр куэдрэ игъэкIэрахъуэу зэпиплъыхьщ, нэпсей-нэпсейуэ щIалэм къыхудэплъейри:
- Мыр къозыгъэхьам зэман къызитмэ, дыщэ ахъшэ блыщIкIэ къэсщэхуну сыхьэзырщ.
- БлыщIи? - зэхихар и фIэщ мыхъуу щIоупщIэ щIалэр. ЛIыжьым и псалъэхэм къыщытригъэзэжым, фIыщIэ хуещIри къожьэж.
- Мыдэ къэтIыси къызэдаIуэ, - жеIэ ар къызыхуеблэгъэжа лIыжьым, Iуэхур зытетыр къищIа иужь. - Мыр зэгъащIэ, си щIалэ. уэ мы Iэлъыным урещхьщ. УлъапIэщ, узакъуэщ. Уи уасэр къызыхуэщIэнури цIыху нэсыр зищIысыр зыщIэрщ, фIыращ фIыр зыхуэлъагъунур. АтIэ сыт уэ бэзэрым утехьауэ япэ къэсым уи уасэр къебгъэхутэну яужь ущIитыр?
А псалъэхэр зэхэзыха щIалэр арэзыуэ тхьэмадэм и деж къыщIэкIыжащ.
ЗэзыдзэкIар Инэрокъуэ Данэщ.
Чэнджэщхэр
ПIастэ хуабэр зэщIауфэркъым
Дзэр быдэ хъун щхьэкIэ щыгъуэлъыжкIэ бжьыныху къикIыкIа хьэдзэ зы-тIу ягъэныщкIури яхуэшэчыху жьэдагъэлъ, итIанэ къыжьэдадзыж. Абы и ужькIэ нэху щыху зыгуэр пшхыи, уефи, уи дзэр плъэщIыжи хъунукъым.
* * *
Ерыскъыр Iэпхъуамбэ зэхуакум дэлъу яшхыркъым, гуэныхьышхуэ пылъу къалъытэри.
* * *
Къэрмэфиблыр яущэб, жьэм жьэдакIутэри ягъэныщкIу, ауэ ирагъэхыркъым. Ар дзэхъудзэшымкIэ, дзэ узымкIэ сэбэпышхуэ мэхъу.
* * *
Шэрджэсхэм, абазэхэм нэгэгъур нэхъыжь Iыхьэу Iэнэм тралъхьэркъым, абы цIыхур игъэпуду къалъытэри.
* * *
Джэдкъаз фIагъэжар щызэпкърахкIэ Iэмал имыIэу джэдкъазыпщэм паупщIыж зы сантиметр хуэдиз. Ар пумыупщIу шыуаным иплъхьэмэ, унагъуэр псалъэмакъ хохуэ жаIэ.
* * *
Зи дзэл шхэуэ, узу хъуахэм ахъшэдэщ тIэкIу жьэдалъхьэрти жьэдагъэжыхьырт, иужькIэ къызыжьэдадзыжырт. Апхуэдэурэ ягъэхъужырт узыр.
* * *
Маитхъур июным и 15 пщIондэ щIахуарауэ ябж икIи ар узыфэ куэдымкIэ сэбэпышхуэщ.
* * *
ПIастэ хуабэ убар зэщIэбуфэмэ е зэгуэр тупIэмэ ар уцIынынущ, псыр къыщIэжу.
* * *
Джатэ Iэпщэ - ар тхъурыжь гъэжьащ. Апхуэдэу щIеджэр джатэ Iэпщэм ещхьщи аращ.
* * *
Хывышэм и тхъу гъэвэжар зэIымыхьэу мазитI-щыкIэ щытщ, щIыIэпIэ ямыгъэувми.
Къубатий Борис.
ГушыIэхэр
ПсапащIэ
Гъэмахуэ кIуам Дизыкъуажэ Iуэху къылъыкъуэкIащ: и хадэхэкIыр бэгъуауэ здихьынур ищIэртэкъым. Бэзэрым щищэну зэмани гукъыдэжи иIэтэкъым, ауэ щыхъум, пщэдджыжь гуэрым, и мылъкум псапэ хищIыкIыну мурад ищIщ, зы нащэ пэгунрэ помидор ашыкрэ куэбжэпэм дихри шэнт зырызым тригъэуващ. «ПщIэншэу фызот!» жиIэу хьэрфышхуэкIэ тхауэ шэнт зыкIэрыгъэщIапIэм кIэригъэпщIэжри езыр лэжьакIуэ кIуащ. Пщыхьэщхьэм, лэжьапIэм къикIыжмэ, елъагъу: нащэ пэгунри помидор ашыкри щытщ, зыри емыIусауэ, шэнтитIыр - бгъуэтмэ, къащтэ, щытыжкъым…
ЗыгъэпсэхуакIуэ
ЛIым и бынхэм яжреIэ:
- Мыгувэу отпуск къыдатынущи, тенджыз Iуфэм зыгъэпсэхуакIуэ дыкIуэнущ.
ЦIыкIухэр гуфIэнтэкъэ - гуфIащ.
- Абы, - къыпещэ адэкIэ лIым, - ди Iэр зэтедзауэ дыщыщысынущ, пIэ Iухынри, шхыныр гъэхьэзырынри, унэр гъэкъэбзэнри дэ ди Iуэхунукъым: псори зыгъэпсэхупIэм и лэжьакIуэхэм къытхуащIэнущ.
Ар щызэхихкIэ, илъэсих зи ныбжь щIалэ нэхъыжьым, и дамащхьэр дрешейри, зыри къыгурымыIуауэ, щIоупщIэ:
- Абы щыгъуэм сыт-тIэ ди гъусэу мамэ ныщIэкIуэнур?!
ГущIэгъулы
Хъыджэбз цIыкIур унэм щIолъэдэжри и анэм йолъэIу зы тумэн къритыну.
- Сыт зэрыпщIынур, на-а? - йоупщI анэр и пхъум.
- ПщIэрэ, - жеIэ пхъум, - гъуэгущхьэм тес фызыжьым естынущ.
Анэм, и пхъур зэрыгущIэгъулыр гуапэ щыхъуауэ, ахъшэр ирет:
- Мэ, си псэ закъуэ. А фызыжьыр, тхьэмыщкIэ, лэжьэжыф хъун мыгъуэкъым.
- АIэ, - жеIэ хъыджэбз цIыкIум, - ар мэлажьэ. Абы адакъэ ещэ…
- Сыт адакъэ, на-а?- егъэщIагъуэ анэм.
- КIэныфет адакъэ!
- А-а, - жеIэ анэм - икIэм-икIэжым ахъшэм щIыхуейр къыгурыIуауэ.
БжэмышхитI
Дохутырыр сымаджэм еплъщ, хущхъуэ хуитхри, зэрызрихьэлIэну щIыкIэр жриIащ:
- Махуэ къэс бжэмышхищ из уефэнущ.
Сымаджэр, Iэнкун къэхъуауэ, дохутырым йоупщI:
- НэгъуэщI хущхъуэ схуэптх мыхъуну пIэрэ?
- Ар сыт щхьэкIэ? - къыгурыIуэркъым дохутырым.
- Зи щхьэкIэри… Ди унэм бжэмышхитI фIэкIа щIэлъкъым, - жеIэ сымаджэми, укIытауэ йоплъых…
КIуантIэ Iэзид.
НапэкIуэцIыр зыгъэхьэзырар НэщIэпыджэ Замирэщ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "945.txt"
} |
Сэлэт мыцIыхум и щIыхькIэ
Зи Хэкур зыхъумэжурэ хэкIуэда Сэлэт мыцIыхум и махуэм ехьэлIа дауэдапщэхэр дыгъэгъазэм и 3-м щызэхэтащ Бахъсэн щIыналъэм - Къызбрун щIыналъэр зыхъумахэм я фэеплъу ХьэтIохъущыкъуей жылэм дэтым деж щагъэтIылъащ удз гъэгъахэр.
ЗэIущIэм хэтащ Бахъсэн щIыналъэм и администрацэм и унафэщIым и къуэдзэ Ахъуэбэч Андзор, Бахъсэн, Дзэлыкъуэ районхэм, Бахъсэн къалэ округым дзэ комиссару щыIэ Сосналы Мухьэмэд районым и жылагъуэ палатэм и унафэщI Къаздэхъу Олег, ХьэтIохъущыкъуей дэт кадет еджапIэ-интернатым и унафэщI Габоев Мухьэрбий сымэ, еджакIуэ цIыкIухэр.
Илъэс къэс дыгъэгъазэм и 3-м Урысей Федерацэм щагъэлъапIэ Сэлэт мыцIыхум и махуэр. Ленинград шоссем и 4I-нэ километрым деж хуэзэу иIэ къуэшыкхъэм къыщIахыжри, 1966 гъэм дыгъэгъазэм и 3-м сэлэт мыцIыхум и хьэдэ щыщIалъхьэжауэ щытщ Москва Кремлым пэмыжыжьэу иIэ Александровскэ хадэм. Нэхъ иужькIэ абдежым къыщызэIуахащ Сэлэт мыцIыхум и хуащIа мемориал ансамблыр.
- Нобэ дигу къыдогъэкIыж етIощIанэ лIэщIыгъуэм и гузэвэгъуэ нэхъ шынагъуэ дыдэм - фашизмэм - текIуа ди нэхъыжьхэр. Абыхэм зэрахьа лIыхъужьыгъэр зэи ди гум ихунукъым. Куэдым я псэр ятащ ди нобэрей мамыр гъащIэм папщIэ. Ар зыщыдгъэгъупщэ хъунукъым, - къыхигъэщащ Ахъуэбэч Анзор.
ДакъикъэкIэ щыма нэужь, къызэхуэсахэм удз гъэгъахэр фэеплъым деж тралъхьащ.
ЧЫЛАР Аринэ, Бахъсэн щIыналъэм и пресс-IуэхущIапIэм и унафэщI.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "946.txt"
} |
Зумакулов Борис Бахъсэн щIыналъэм цIыхухэм щаIуощIэ
ЦIыхум и хуитыныгъэхэмкIэ уполномоченнэу КъБР-м щыIэ Зумакулов Борис вэсэмахуэ Бахъсэн щIыналъэм и администрацэм и унэм щаIущIащ зи щхьэ IуэхукIэ зыкъыхуэзыгъэзэну хуейуэ а IуэхущIапIэм къекIуэлIахэм.
ЩIыналъэм щыпсэухэм я лъэIухэм щыхэплъэм кърихьэлIащ ЦIыхум и хуитыныгъэхэмкIэ уполномоченнэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэм и дэIэпыкъуэгъу Таукенов Мустэфа, КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм Къэрал кIуэцI политикэмкIэ и управленэм и чэнджэщэгъу Шыпш Аслъэн, ЦIыхум и хуитыныгъэхэмкIэ уполномоченнэу КъБР-м щыIэм Бахъсэн щIыналъэм щиIэ и лIыкIуэ Зэгъэщтокъуэ Людмилэ сымэ.
Куба, Бахъсэнёнок къуажэхэм щыщхэр къызытекIухьар я псэупIэр ирагъэфIэкIуэным пыщIа гугъуехьхэрт. Закъыхуэзыгъэза дэтхэнэми тэмэму гурагъэIуащ зыIууа гугъуехьхэм хэкIыпIэ хуэхъунур. Iуэху зыбжанэм хэплъэнущ властым и зыхуэфащэ органхэм ящIыгъуу.
ЧЫЛАР Аринэ, Бахъсэн щIыналъэм и пресс-IуэхущIапIэм и унафэщI.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "947.txt"
} |
Дунейм щыхъыбархэр
Захаров Марк и щIыхькIэ
Москва дэт «Ленком» театрым фIащащ Захаров Марк и цIэр.
1973 гъэ лъандэрэ зи унафэщIу щыта театрым Захаровым и цIэр фIэщыным теухуа унафэм Iэ тридзащ Москва къалэм ЩэнхабзэмкIэ и департаментым и унафэщI Кибовский Александр.
Илъэс 45-м къриубыдэу Захаровым театрым спектакль 40-м щIигъу щигъэуващ. Абыхэм ящыщщ цIэрыIуэ дыдэ хъуахэу «Юнона и Авось», «Три девушки в голубом», «Безумный день, или Женитьба Фигаро», «Поминальная молитва», нэгъуэщIхэри.
Захаровыр Урысей Федерацэм ЛэжьыгъэмкIэ и ЛIыхъужьт, СССР-м и цIыхубэ артистт, СССР-м и Къэрал саугъэтыр, РСФСР-м и Къэрал саугъэтыр щэнейрэ хуагъэфэщат, «Хэкум пащхьэм щиIэ фIыщIэхэм папщIэ» орденым и нагъыщэ псори хуагъэфэщат.
Месси Лионель «Дыщэ топыр»
аргуэру ират
Париж иджыблагъэ щызэхэтащ дунейм и футболист нэхъыфIыр къэгъэнэIуэным, абы хуагъэфэща саугъэтыр етыжыным теухуа гуфIэгъуэ зэхыхьэ.
Футболым фIыуэ хэзыщIыкI, абы кIэлъыплъ куэдым зэрагугъауи, илъэсым и саугъэт нэхъыщхьэр - «Дыщэ топыр» - нэхъ къилэжьауэ къалъытащ Испанием и «Барселона» клубымрэ Аргентинэм и командэ къыхэхамрэ я гъуащхьауэ Месси Лионель. Илъэс 32-рэ зи ныбжь, Аргентинэм щыщ щIалэм иджы еханэрэ иратащ ар. Иджы аращ дуней псом бжьыпэр щызыIыгъыр «Дыщэ топыр» къэхьынымкIэ зэпеуэхэм я деж. Ар щхьэщыкIащ Турин и «Ювентус»-мрэ Португалием и командэ къыхэхамрэ я гъуащхьауэ цIэрыIуэ Роналду Криштиану - абы «Дыщэ топитху» иIэщ. Месси щагъэлъапIэ пшыхьым къэкIуакъым Роналду – е и Iуэху хуэмыхъуарэ, е езым къефIэкIыр зэраIэтым еплъыныр и гум темыхуарэ…
Саугъэтыр нэхъ яхуэфащэу цIыху 30 къагъэлъэгъуат, абыхэм фIыхэм я фIыжхэр къыхахыжын хуейуэ. Къагъэлъэгъуахэр, дауи, я къэралхэм я мызакъуэу, дуней псом щыцIэрыIуэ защIэт, яхэдэгъуейуэ. Псалъэм папщIэ, абыхэм яхэтащ - Салах Мохамед («Ливерпуль»), Левандовски Роберт («Бавария»), Бензема Карим («Реал»), Агуэрэ Серхио («Манчестер Сити»), Мбаппе Килиан («ПСЖ»), Гризманн Антуан, Жоау Фелиш («Атлетико»), Роналду Криштиану («Ювентус») сымэ. АтIэ дэтхэнэ зыми хуэфащэтэкъэ «Дыщэ топыр»?!
«Дыщэ топыр» 1956 гъэм къыхэзылъхьауэ щыта «France Football» журналым мы гъэм саугъэтыщIэ игъэуват - дуней псом и гъуащхьэтет нэхъыфI дыдэм Яшин Лев и цIэкIэ ягъэува саугъэтыр етыныр. Париж дэт Шатле театрым и унэм дыгъэгъазэм и 2-м щекIуэкIа гуфIэгъуэ пшыхьым Яшиным и щIыхькIэ дяпэкIэ ятыну саугъэтыр япэу щыхуагъэфэщащ Инджылызым и «Ливерпуль» командэм и гъуащхьэтет, Бразилием щыщ Алиссон.
Нобэ
♦Украинэм IэщэкIэ ЗэщIэузэда и Къарухэм я махуэщ
♦Азербайджаным связымрэ хъыбарегъащIэ технологиехэмкIэ и министерствэм и лэжьакIуэхэм я махуэщ
♦Къэзахъстаным и прокуратурэм и махуэщ
♦Финляндие Республикэм и щхьэхуитыныгъэм и махуэщ. 1917 гъэм унафэ къащтащ ар Урысейм и унафэм зэрыщIэмытыжым теухуауэ.
♦Испанием и конституцэм и махуэщ
♦1240 гъэм, къаувыхьауэ зэман кIыхькIэ щыта нэужь, монгол-тэтэрыдзэхэр Киев къалэм дыхьащ.
♦1492 гъэм Колумб Христофор Гаити хытIыгур зэрыщыIэр къихутащ.
♦1741 гъэм Урысей къэралыгъуэм зэрыхьзэрий къыщыхъущ, дзэхэр и телъхьэ къищIри, пащтыхьыгъуэр иубыдащ Пётр Езанэм ипхъу Елизаветэ.
♦1768 гъэм Британием щIэнгъуазэм и япэ къыдэкIыгъуэр Шотландием и къалащхьэ Эдинбург дунейм къыщытехьащ.
♦1774 гъэм цIыхухэм щIэныгъэ егъэгъуэтын IэнатIэр дунейм щыяпэу къэралым и нэIэм щIигъэуващ Австрием.
♦1905 гъэм къызэрагъэпэщауэ щытащ Красноярскэ республикэр, ауэ ар махуэ 18 къудейщ зэрыщыIар.
♦1909 гъэм Саратов къалэм университет къыщызэIуахащ.
♦1991 гъэм Болгарием и КонституцэщIэр къащтащ.
♦2000 гъэм ливерморий химие элементыщIэр къызэIуахащ.
♦1813 гъэм къалъхуащ урыс усакIуэ, публицист Огарёв Николай.
♦1913 гъэм къалъхуащ гу дохутыр, хирург цIэрыIуэ, академик, тхакIуэ Амосов Николай.
♦1927 гъэм къалъхуащ урысей кинорежиссёр, актёр, сценарийхэр зытх, СССР-м и цIыхубэ артист Наумов Владимир.
♦1933 гъэм къалъхуащ балъкъэр щIэныгъэлI, философие щIэныгъэхэм я доктор, ЩIДАА-м и академик, КъБР-мрэ Къалмыкъымрэ щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ Эфендиев Сэлихь.
♦1954 гъэм къалъхуащ совет фигурист цIэрыIуэ, СССР-м спортымкIэ щIыхь зиIэ и мастер, 1976 гъэм Инсбрук Австрие) щекIуэкIа ХII щIымахуэ Олимп Джэгухэм дыжьын медаль къыщызыхьа Миненков Андрей.
♦1957 гъэм къалъхуащ УФ-м щIыхь зиIэ и артист, Алтай крайм и губернатору щыта Евдокимов Михаил.
♦1958 гъэм къалъхуащ урысей актёр цIэрыIуэ, «Кинотавр», «Ника» саугъэтхэр зыхуагъэфэща Балуев Александр.
♦1965 гъэм къалъхуащ урысей тележурналист, «Хэкум и пащхьэм щиIэ фIыщIэхэм папщIэ» орденым и етIуанэ нагъыщэм и медалыр зыхуагъэфэща Агалаковэ Жаннэ.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Махуэм хуабэр градуси 2 - 4, жэщым щIыIэр градуси 6 - 5 щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
Къочэнджэщыр щIэнэкIалъэ умыщI.
Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "948.txt"
} |
Хетагуров Коста ФатIимэ
(Кавказ повесть)
(КIэлъыкIуэр.
ПэщIэдзэр щэкIуэгъуэм и 27, 28-хэм,
дыгъэгъазэм 4-м итщ).
VI
Мыбдеж сыт хуэдэу псэр щытыншрэ!..
Уехъуапсэу, ухэгъуалъхьэу хуиту,
Ущхьэукъуэн нэбэнэушэу,
ТIысыжым зэм, зэм зыкъиIэту
УедаIуэу зэрыбауэм уи бгъэр!..
Шыпсэ хъарпшэрхэм, пщыIэ хуэдэ,
Гупсысэр Iуву къызэщIабгъэу,
Мы дуней псор иIыгъщ гуапагъэм,
Щытщ лIэщIыгъуищэ зи ныбжь жыгхэр,
Мис, бзихум зыхуегъэщхъыр блашэм,
ЩхьэкIэр трилъхьэу абы и бгъэм.
Дей цIыкIу Iэрамэм зыхуеший чэщейм -
И лъагъуныгъэр хуиIуэтэну хуейщ…
Чэщейм къилъытэм ар хуэфащэу,
Псори къыщехъулIащ дунейм.
Зрипэсыну ар чэщейм?
Чэщейр тхьэIухудщ, чэщейр мэз гуащэщ,
Дей цIыкIур сыт?!
Ар цIыкIужьейщ!
Мис жыгеижьыр,
ЯIуэтэж абы и хъыбарыжьыр…
Жыгеижь къудамэбэм и щIагъым
Ар жьыми щIэми зэдаIыгъыу
Яхуэхъуащи щакIуэм хабзэ -
Зэгъусэу щащIыр я нэмэзыр;
Пщыхьэщхьэм къащэкIуар яIыгъыу
Къагъэзэжри жыгеижьым деж,
Я уанэ щхьэнтэр я пIэщхьагъыу
Жыг щIагъым хуиту щогъуэлъыж…
Мэзым къыщхьэщыхьамэ кIыфIыр,
КъызэхащIэнщи я жьэгу мафIэр,
КъетIысэкIауэ мафIэ уэрым,
КIыхьу ирашэжьэнщ уэршэрыр.
Я уэрэд макъыр, я зэдауэр
ЗэщIэплъэу куэдрэ жыжьэу мэIур,
Мэз дэгу кIыфIыжьыр щIагъэдэIуу.
Жэщ телъыджащэм гур дэпсэхуу,
Мэзауэм хуиту загъэпсэхур…
Месыр, аргуэру лIитI шэрджэсу
Хуэму къыхокIри мэзыжьым,
Ешауэ, къапыхуу пщIэнтIэпсыр,
Я джыдэр щIадзэр жыгей лъабжьэм…
- Хьэуэ, абы лэжьыгъэкIэ дэ зэи
ДыщIыхьэфыну къыщIэкIынкъым,
Хъуащи иджы нэхъ ерыщыж,
ПфIощIыр и гуащIэр мыкIуэщIыж…
- И щхьэусыгъуэр арат тщIамэ! -
- ФатIимэ фызу сиIэгъамэ,
Пщым ипхъу си гуащэм зыхуейр хуэсщIэу,
Ибрэхьим нэхърэ мынэхъ мащIэу,
Си Iуэхути сэри сымылIыщIэм…
Пщым и пхъур хуэмыхъуам щхьэгъусэ,
Зы шыдыжь цIыкIу къратмэ уасэу,
Дэтынут псоми яхуэлIыщIэу
Сэ сэщхьу, хэплъыхь лъэпкъ имыщIу…
ТхьэмыщкIагъэм, щхьэхынагъэм
Я гъащIэ ябгэм
Къригъэлащ ар а нэрыбгэм.
Фызыр къыхуэхъуу щIэгъэкъуэн
ДэкIуейти гъащIэм и пкIэлъейм,
Ибрэхьимым лъэкIащ нэсыфын
Нобэ гушхуэу зытет и дунейм…
Тхуэмыфащэу дыкъызэринэкIыу,
Аращ ар гъащIэ щыгуми щIыдэкIыр…
- УкIытэ мащIэу, ди ныбжьэгъу! Уи хъущIэр
Мыбдеж щогъэIур къемызэгъыу…
Ибрэхьим хуэдэу тIэтыфмэ ди гуащIэр,
ДыкъикIыфынут дэри тхьэмыщкIагъэм;
Ауэ сыт пщIэнур, пщышхуэм ипхъу ныбжьыщIэм
Ибрэхьимщ зылъигъэсар хьэщыкъ гурыщIэр.
Лэжьыгъэм Iуэхур хуэкIуэм, Ибрэхьим
Пэхъун нэгъуэщI ибгъуэтэфын ди куейм?
Дэ тхуэдабзэу ари шхалъэм далъхухьа сабийт,
Ауэ хуитыныгъэр хэтти и лъым,
КъикIыжыну пщылIыпIэм и Iэнлъэм
ДыхущIэкъуакъым зыри абы ещхьу.
Емыблэжу и гуащIэ, пщIэнтIэпсым
ФIыщIисыкIми щысхьыншэу и нэр,
Хуитыныгъэм хуеIэрти и псэр,
ХулъэкIащ къыщIэкIыну пщылI унэм,
Хъуащ щхьэхуит дэ псом нэхъри нэхъапэ.
Хуэфащэу къилэжьащ къехъулIа псори:
ЦIыхухэм кърахьэкIхэм щымышынэу,
ФатIимэ щхьэгъусэу къыщIыхьащ и унэм,
Щыгугъыу ныбжьэгъу пэж ар къыхуэхъуну -
ИкIи щыуакъым… КъэсыхункIэ нобэм
ФIыуэ зэрылъагъуитIым я насыпым
Зыми лъэкIакъым трилъхьэну пшагъуэ,
ЛъэмыкIыу гъуэгурыкIуэм егъэщIагъуэ
Я унэ цIыкIум цIыхугъэу щилъагъур,
Уригъэблагъэу Iухащ хьэщIэщыбжэр,
Хьэзырщ я хьэщIэм щхьэкIэ я фадэбжьэр,
Гуапэу хуагъэувыр абы Iэнэр,
Тету махъсымэ, хуабэу я хъыршыныр.
ЗэхъуэкIыныгъэ куэд къыщохъур гъащIэм,
Хэт игъэгуфIэу, хэт игъэщхьэжагъуэу, -
Алыхьырщ псоми я унафэр зыщIыр,
Ди натIэм къритхар къытхуигъэIэгъуэу…
Девгъэплъыт, псалъэм папщIэ, Жамболэт,
Пщы лIакъуэм къахэкIащ, арщхьэкIэ сыт…
Зихуэдэ щымыIэж жыхуаIэм ещхьу
ЛIы нэгъэсат, Iэтауэ лъагэу и щхьэр…
КъекIуэкIырт лъэпкъым ар и напщIэтелъу,
СыткIэ ищIэнт а лIым и набжьэ щIэлъыр…
Яубыдри джаурхэм гъэру…
КъыщIэпхъуэжащ… яубыдыжащ аргуэру…
Аргуэру къэкIуэсэжу дэ къытхуэкIуэжар
Сыт хуэдэт къызрихьэлIэжар?
Япэрей гъащIэм и лъэужьи
Имылъагъужу, уеблэм ныбжьу…
Унэ зэхэкъутахэм сахуэр
Жьым пэрыуэншэу щызэрихьэу,
Зэгуэр мы къуажэм дэлъа щIыхьыр
НэIибым пфIэщIынт дыщIалъхьэу,
ЯтIэр тратхъуэжа и кхъащхьэм!..
ЩыIэжкъым фочым, сэшхуэм я пщIэр,
Я напщIэм телъыгъа хакIуапщIэу
ЗыкъуэгушхукIыу яIэгъахэр пщыкъуэм,
Ахэм къахуэнэжар зы закъуэщ:
Яубыду быдэу пхъэIэщэкIыр,
Дэ дэщхьу гъавэ щIым щагъэкIыу
Губгъуэм итынырщ лажьэу, шхэжу…
УнэIути лIыщIи щымыIэжу.
Къэнахэщ я щхьэм щыгугъыжу…
МэжэщIалIагъэр зытегуплIэм
Къыхуэщхьэпэфыркъым зыгъэлIыр…
УцIыныжауэ гуэншэрыкъыр
Итщ губгъуэм нэхъ зызыгъэуэркъри,
Къахуэнами адэ щIэин,
Яшхыжри, хъуауэ дыхьэшхэн.
Ауэ псэуну ахэр дэщхьу
Я пщыгъэм трамылъхьэу и щхьэ -
Сыт илъэс псом я Iуэху нэхъыщхьэр?
ПлIэрылъу фочыр, сэшхуэр ябг ищIауэ
Зы жылэм икIрэ зы жылагъуэм
Дыхьэу къызэхакIухь, яхъунщIэу,
Зыхуэзэу хъуар ягъэщхьэжагъуэу…
Абы ящIахэм гуауэщхьэуэ
Яхуэшэчыжкъым залымыгъэр…
Апхуэдэ щIалэщ Жамболэти,
Ятеплъэ мыхъуу унэIутым…
Сошынэр Ибрэхьим тхьэмыщкIэр
Бэлыхь мыух абы хидзэнкIэ…
Солъагъур ар тхьэгурымагъуэу:
Пщыр екIуэлIэнущ а унагъуэм,
Нэмысыншагъэу къуэм зэрихьэм
Игъэбэгынущ адэжь кхъащхьэр…
КъэувыIэт зэ,пшапэ зэхэуэм
СыкъигъэпцIауэ пIэрэ си нэм?
Мыбдеж зыгуэр щызэхэзеуэу,
Къытлъитэу гу, зигъэпщкIужа…
Е ар чэщей жыгыжьым
Дэджэгуу арагъэнщ акъужьыр,
Къудамэ щIиупскIам и ныбжьым
СыкъигъэпцIауэ арагъэнущ…
Куэдщ зэкIэ ар, зыIэт, хъуащ игъуэ
Щхьэхынагъэм къытхуихьа пшагъуэр
ЗэкIэщIэтхужу мащIэу къэткIухьыну,
Iэпкълъэпкъ зэщIэнэр зэрыдгъэкIыну…
* * *
Мэз Iувщ… мэз кIыфIщ… мэз курыкупсэщ…
ИгъэуцIынащ гуэншэрыкъыр уэсэпсым …
Ешауэ Iэр мэундэращхъуэ,
Джыдауэ макъри кIащхъэ мэхъур,
Сыт хуэдиз гуащIэ Ибрэхьим мы мэзым
ЩIигъэкIуэда и джыдэр щхьэмыгъазэу?
КъызэрищIэжрэ щIалэжь цIыкIу зеиншэр
Гугъуехьхэр кIэншэу къылъришэу,
Къритхар натIэм гугъуехь гъащIэу
Игъэващ сабий гуащIэ мащIэм!
Къулеижь бынхэм яхуэлIыщIэ
ЩIалэ ныбаджэ, щыгъыныджэм
Зэи щысхьакъым гъащIэ дыджыр.
Итащ ар губгъуэм Iэщ игъэхъуу,
Шэщми щIэтащ куэншыбыр къитхъуу,
Щыуагъэ гуэр IэщIэкIмэ зэрымыщIэу,
КъытехъущIыхьхэу, яубэрэжьу гуащIэу…
ИкIэм-икIэжым пщылI щхьэхуит щыхъужым
Къратыр зы кIапсэ зы джыдэ
ЛIыщIапщIэу,ари яфIэкуэду!
Щымысхьыж гуащIэм,емыблэжу псэм,
ЯхуэлIыщIам къулейм и гъащIэ псом
И жэщи махуи зэдигъакIуэу,
Аращ къахуэлъытар къыпэкIуэу…
Еухуэ унэ,
ЩIэхъуэпсу ищIыну унагъуэ,
Пщым ипхъу дахэри фIыуэ елъагъур…
И гуи, и пси хуэкъабзэт пщащэм, ауэ
Лъагъуныгъэм къыхуихьыр абы гуауэщ…
Лъагъуныгъэ жэуапыншэм и бэлыхьым
Нихусат ар пилъэжыным и щхьэр…
Елъагъу Алыхьым! Пэлъэщакъым щIалэр
и гурыщIэм…
Лъагъуныгъи щабагъи имыщIэу,
ЗыщIыпIи хуэмыпIащIэу кIуэрт и гъащIэр…
ЗдэкIуэр дэнэ? ЩIэкIуэр сыт?
А упщIэм зыми жэуап хуемыт.
И фIэщ мыхъужу и кIэн къикIыр,
Насып ныбжьыщIэм къылъыкъуокIыр! -
ТхьэIухуд цIыкIуу и гурыхьым
Трехыр и псэм телъ бэлыхьыр:
Пэмыплъэххауэ, пщым ипхъу пщащэм
КъыхуегъэнаIуэ и гуращэр!
ЗэщIегъэплъэжри лъагъуныгъэм,
Гушхуауэ гур къыщоуэр и бгъэм..
Хуитщ гъащIэ гъуэгур,
Щхьэхуит хъуащ и гур…
ИкIи Алыхьым хуищIу фIыщIэ,
ГугъапIэ куэдхэр къызэфIещIэ, -
КъикIынщ хуэм-хуэму тхьэмыщкIапIэм,
Iэпэгъуу иIэмэ лэжьыгъэр,
КъехъулIэфынущ цIыхум гугъэр!..
Къотэдж пщэдджыжьми нэху мыщу,
Жэщ хъухукIэ джыдэр егъэлъащэ,
УзыIэпишэмэ лэжьыгъэм,
Къыббгъэдыхьэжкъым щхьэхынагъэр…
Пшапэ зэхэуэм и ныбжь шыхьыр
Мэз кIыфI дэгужьым къыщхьэщохьэ, -
Хъунщ, ирикъунщ нобэрей IуэхукIэ!..
Цей къуащIэ фIеймкIэ
ИрелъэщIэкIри пщIэнтIэпсыр,
Ауан зищIыжу йогупсысыр:
«Нобэ сэ къэзлэжьар жыджэру
Игу ирихьыпхъэщ сондэджэрым.
Иджы хъуащ игъуэ сежьэжыну,
Унэм нэхъ щIэх сынэсыжыну…»
Джыдэр къещтэжри, епIэщIэкIыу
Йожьэжыр, жыг зэхуакухэм дэкIыу…
Бгъэдохьэ хуэмурэ псынэпсым,
А псыр куэд щIауэ и нэIуасэщ…
Псы щIыIэм йофэр зигъэнщIыху…
Налкъут щыгъэм ещхьу ткIуэпсхэр
И жьакIэ фIыцIэм пылъщ уэсэпсу…
Мэбауэ и гур псэхужауэ,
ЗыкъещIри Iэдакъэжьауэ
Пхроплъыр мэзым и щIэплъыпIэм…
Уэсылъэ къуршхэм я дыгъапIэр
Додыхьэрэн пщыхьэщхьэ пшэплъым -
Нэсащ и щIыгъуэ ичындым,
МэтIыс, зылъехыр гуэншэрыкъыр,
Андезыр ещтэ, къохьэж и щхьэм
ФатIимэу и насып гухэлъым
КъыжриIауэ щыта псалъэр:
«УщыIэми уэ дэнэ щIыпIэ,
Уигу иумыгъэху ди Алыхь лъапIэр!..
Ар гущIэгъулыщи, и Iизынырщ
Насыпыр къытхуэзыхьыфынур».
Мэхъу фIэгуэныхь цIыхубз псэ къабзэр,
ЛэжьакIуэ лIыр къыщыщIигъэкIкIэ,
«ТIэкIу зыщысхьыж!» - жиIэу къеубзэу,
И нэпсхэр къекIуэу къыщелъэIукIэ…
«Нэхъ мащIэ сщIынуи лэжьыгъэр,
Ар схулъэкIыну уи мыгугъэ…
НэгъуэщIхэр уэ къозгъэфIэкIыну,
Уезгъэхъуэпсэну я псэукIэм,
Апхуэдэ схузэфIэмыкIыну…»
«Хьэуэ! Хьэуэ!..» - къытригъазэу,
Аргуэру лъаIуэрт, лъаIуэрт фызыр..
И гукъэкIыжхэм дахьэхауэ,
ЛIыр и пащIэкIэ щIогуфIыкIыр,
Ауэ макъ гуэр къызэхихауэ,
И нэгури къызэхэуэжауэ,
ТIэкIу къэшынауэ щызэплъэкIым,
Ауан зищIыжу погуфIыкIыр.
«Зэт! Чыцэм зыгуэр къыпхыкIым ещхьщ…
Ар, Тхьэм ищIэнщ - тхьэкIумэкIыхьщ…
Сыкъэбгъэщтаи мащIэу назэм
Уэ пхуэфIым сэ ухуэзмыгъазэм! -
ЗиущэхужакIэщ, шынагъэнущ.-
Уэзгъэлъагъунт сэ фоч сIыгъатэм».
ЗэщIощымэжри псори,
Андезым пищэу Iэр щыхищIэм псым,
Аргуэру чыцэр къагъэсысыр…
КъыпогуфIыкI:
«И закъуэмэ, тхьэмыщкIэр
Жэщ кIыфIым егъэшынэ и псэр IукIыу…»
Зэхеуфэ мащIэу и нэщхъыр:
«Жамболэт мы лъахэм къызэригъэзэжрэ
Ара хъуауэ щышынэ лъыщIэжым?..»
Аргуэру чыцэм зыгуэр къыщощхъыщхъыр!..
Фочи мауэ…и макъыр джэрпэджэжу
Гъуагъуэу ауз зэвхэм дэкIуэдэжу,
Зэм зы лъэныкъуэмкIэ, адреймкIэ зэм зигъазэу,
Щызэпэджащ ар куэдрэ аузхэм…
(КIэухыр. ПэщIэдзэр 3-нэ нап.).
* * *
«Тхьэрыкъуэр игу къихьауэ и щIасэр,
Арагъэнут уафэгу хуитым щесу». -
Къыщызэхихым фочауэ жыжьэр,
Iэхъуэ щIалэр къотэдж, зимыIэжьэу,
Бгъэм щызу зыжьэдешэри акъужьыр,
Къыхедзэ фIыуэ илъагъу уэрэдыжьыр:
Абгъуэм йозэшыхь тхьэрыкъуэ пщэхур,
И лъагъуныгъэр къэсыжыным ежьэу,
ЕгъэIу дзапэ уэрэду гухэлъ щэхур…
Къэлъатэт нэхъ псынщIэу, си ныбжьэгъур,
Уи лъагъуныгъэр йозэшыхьыр абгъуэм!
Тхьэрыкъуэм зэхихкъым и лъэIур и щIасэм,
Зэрынэщхъейр имылъагъу, зэрызэшыр!
Уи лъагъуныгъэм уемыжьэ, си тIасэ! -
Абы, къытехуащи жагъуэгъу ажалышэр,
Уэм къехуэхауэ щыхокI и псэр губгъуэм,
Сэламыр къуихыжу, хуеплъэкIыу уи абгъуэм…
VII
Пщыхьэщхьэ пшэплъым дыхьэрэну
ПелыкIыр къуршхэм я щхьэщыгур…
Къуажэм дохьэж хъушэр щхьэхынэу,
Iугъуэр Iэрамэу докIыр жьэгум…
Шэрджэс хъыджэбзхэр зэрызехьэу,
Кхъуэщын яIыгъыу макIуэ псыхьэ,
Iэджэ щIауэ я кхъуэщыным
Из хъуами псыр, я уэршэрыныр,
ГушыIэ дахэр ягу пымыкIыу,
Джэгуу зэхэтщ, зэбгрымыкIыу.
Сыт абы щхьэкIэ! Иреджэгухэ,
Трагъэужу я щхьэр мащIэу,
ТегупсысыкIрэ тIэкIурэ я гур
ПэIэщIэу я унэIут гъащIэм,
НэщхъыфIэу къадэджэгу псы къабзэм
Гукъеуэ щэхухэр ирагъэзу…
Къэгъэзэншэу ирехьэх къуршыпсым
Хъыджэбзхэм яIэпыхуу хэхуэ нэпсыр.
Ар и гъуэгу мыкIэщIым щигъэжабзэу
Ирехьэхри хекIэжыр тенджызым…
Псы щIыIум щхьэщыIукI пщащэ уэрэдыр
Зыгуэрым щышынауэ зэпоудыр…
БлэкIам и макъым игъэщта хъыджэбзхэр
Зэбгрожыжхэр пIащIэрэ кIэзызу…
Зэхоуэ пшапэр, щхьэж и унэ бжэн лъакъуэу
ЗэбгрыкIыжри, ФатIимэ и закъуэу
Къыхэнащ и кIыфIым псыхъуэ жэщым,
ЕдаIуэу къуршыпс цIыкIум и даущым,
Толъкъунхэр къибж уи гугъэну зырызу
Нэщхъейуэ и нэхэр теплъызэу.
Йожэхыр ахэр темыпыIэу,
Бжыгъэншэу, зым адрейр кIэлъеIэу,
Нэжэгужэу кърашу пшыналъэ,
Мывэ цIыкIу къапэщIэхуэхэм йолъэ.
ГурыщIэ дапщэ а пшыналъэм хэлъыр,
Сыт хуэдиз нэпс игъэжэбзар толъкъуным!
Пщыхьэщхьэ пшэплъыр мэункIыфIыж,
Ешауэ щIыр жейм хелъэфэж…
Нэбэнэушэ гупсысэхэм яIыгъыу,
И бгъэр кърисыкIыу лъагъуныгъэм,
Щхьэгъусэм псынщIэу IущIэжынкIэ гугъэу,
Йожьэж, зэ укъэсыжтэм, си псэм хуэдэ,
НыбжесIэнут фIыуэ плъагъу уэрэдыр,
Уи щхьэр щабэу си бгъэм къебгъэщIауэ,
Ущысынт ба IэфIкIэ узгъэнщIауэ…
Псыри мэгызыр, йожэх зеиншафэу…
ЦIыхубзыр щхьэ IумыкIыжыфрэ псым и Iуфэм?
Уэсым щIэнэхукI къуршыщхьэ хужьым
ЩIыIэтыIэу къожэхыр акъужьыр…
Жэщ мыджэмыпцIэм, хъарпшэру и ныбжьыр
КъыхэувыкIри ди лIыхъужьыр,
ГуфIэкIэ нэпцIым зэригъалъэу нэкIущхьэр,
Къихутащ ФатIимэ и пащхьэм…
ЦIыхубз тхьэмыщкIэм гукъэкIыжхэр,
Акъыл къэщтар зэщIигъэутхъуэу,
Къытозэрыгуэ псы къиуауэ,
Гум, зэрылъ бгъэр къезэвэкIыжу,
Зехузыр, бауэкIэщI къэхъуауэ…
ТIэкIу зыкъещIэжри, щIэпхъуэжу
Зыщричыжым - еIэ-епхъуэу,
БлэкIыпIэ гуэри имыIэжу,
ЛIыр занщIэу къытоувэ лъагъуэм..
- ТекI си гъуэгум!
ЛIыр погуфIыкIыр ауаныщIу …
- Иплъхьар сыт уи гум?
- Сэращ узейр уэ, ар зэгъащIэ…
- Насыпыншэ! УкъэтыIуащ уэ, пщIащ кIасэIуэ, -
ЩыIэжкъым япэрей ФатIимэр…
СыткIэ ухуей си напэтехым?
ПфIэмащIэ схьар сэ сыкъегъыхыу,
БампIэр имыкIыу гум и бжэIум,
Зэгуэр щIалэгъуэм ста тхьэрыIуэм
И гыбзэу зэпымыууэ къаджэм
Си псэ ешар игъэсымаджэу?
Мы зыри хьэкъыу зыпхыгъэкI -
Иджы сызейр сэ Ибрэхьимщ,
Сринэмысу, насыпу, тыншыгъуэу.
Хъунущ умыщIми уэим,
БлэкIар трихужакIэщ пшагъуэу,
ЩыIэжкъым лъагъуныгъэ къабзэу
Тхьэ щIэпIуэгъари ещхьыркъабзэу…
Абдеж еущIри ину IэплIэр,
КъокIуатэр лIыр, IэфIагъым хуэлIэу…
ФатIимэ зэуэ къыхощтыкIыр,
Лъыр щхьэм доуей, акъылым хикIэу…
- Егупсысыж пщIэм, акъылыншэ,
Си анэ щIыхьыр хэутэн
Сэ зыми ищIу хуэзмыдэн,
ЩимылъкIэ уи гум зы гущIэгъу,
Сэри Алыхьым къысхуигъэгъу… -
ЩIыбкIэ йокIуэт, зрегъэзых,
Зы мывэ къещтэри, еIэт…
- СыукI! - къопсалъэ Жамболэт. -
Ауэ мы зымкIэ сынолъэIу,
Уэ япэ щIыкIэ къыщIэдэIу
Си гущIэм къысфIигъыкIым псалъэу …
Ажалкъым сэ сызыщышынэр,
Уэ нобэ къызэпта нэмыплъырщ
Сыпэмылъэщу сызыхьынур…
БжызоIэр мыр, Алыхьырщ зыщIэр
Уэр щхьэ игъэвыр си гурыщIэм,
ПхуэсщIащи си лъагъуныгъэр щызу
Зыхуигъэлажьэр гур уэ зырщ.
А лъагъуныгъэр симыIамэ,
ГъащIэр схуэхьынтэкъым, ФатIимэ…
Ар ещхьыркъабзэ хъунут хьэпсым,
Зыщыгугъын имыIэу си псэм…
ФатIимэ… къыщIэгъэхьэжыт нэгум,
Дыщыхъуам тлъэмыкIыу зэпэIэщIэ,
Бэлыхьу сыт хуэдиз хэтами уи гур,
А псори сэри щызгъэващ си гъащIэм …
Iэхъулъэхъур слъэфырт,
ЧнутIым зэгуигъэзырт щIыфэр…
Ауэ а бэлыхь псоми сапэщIэтт,
Сыхъуным щхьэкIэ уэ уи унэIут…
ПщыгъупщэжакIэ жэщым мазэм
Дыщафэ защIэурэ и бзийр
ЩIы щхьэукъуэжым трилъащIэу
ЩIыр игъэжеймэ, укъыхуэпIащIэу
- Си IэплIэм,
ЖэщкIэ дызэхуэзэу
Зэрыщытар?!.
- Куэдщ, къэувыIэж,
Изох нэлат
А блэкIа псоми, Жамболэт!..
Ди натIэм къритха ди гъащIэм
Дызыхуишэну псор дымыщIэ…
- Хьэуэ, ФатIимэ, хьэуэ,
Гуимыхуж а жэнэт жэщхэр
Къэмынэу зы пщыгъупщэжакIэу
Iэмал имыIэ си фIэщ хъункIэ!..
ПыкIащ ФатIимэ и фэр шэхуу,
Нэпсхэр къащIохури нэ фIыцIэшхуэм,
Къытолъэдэж нэкIущхьэм нахуэу…
ЦIыхубзыр щымщ…
- Ди Алыхь лъапIэ!
Ди гъащIэ псор ара джэгупIэу
Тхьыну ди натIэм къритхауэ?
Мыпхуэдэу дызэIэпыкIын мурадыр,
УщIемыгъуэжу пщIа уэ быдэу?..
- Аращ, аращ.. Ущыт узыншэу!..
- Зэ умыпIащIэт, зэтеувыIэ!
УиIэжкъым апхуэдэ хуитыныгъэ,
Сэращ узейр иджы, си лъагъуныгъэ…
- IукI акъылыншэ! Уи лъы фIеймкIэ
Пхьынущ жэуап зэхэпщIыхь псомкIи…
- Си лъагъуныгъэр я жэуапу
Ищынущ ахэм псоми я пэ…
- КъурIэнкIэ сэри тхьэ сIуэфынущ,
Силъ Ибрэхьим ищIэжыфыну…
- Умыхъу тхьэгъэпцI, ар ууеижкъым…
- Сыт а жыпIар?
- Абы хэлъыжкъым щэху.
- ЗэрымыщIэу и насып къихьар,
Пэмыплъэххауи хъуар къыIэрыхьа,
Илъагъути фIыуэ, и нэхъуейр текIауэ,
Аращ уи Жамболэтым иукIауэ… -
НыжимыIысу абы зыхуей псор,
Макъ къарууншэ хъуар зэщIокIэзызэ,
КъоIур хуэму цIыхубзым и гызыр…
- ФатIимэ!.. – щIалэр хощэIукI ерагъкIэ,
Ауэ цIыхубзыр къэлэрдэшу зэфIэщIакIэщ…
Къыщиубыдым, тримыгъахуэу щIым,
КъыфIэщIэжри къарууншэу и щхьэр,
КъытещIащ Жамболэт и дамащхьэм…
Жэщ жеижам дыщафэу щхьэщосыкIыр мазэр,
Акъужьым мэ гуакIуэр къыдешыр аузым…
Псы лъащIэм щIэлъ мывэ гъуэлъыпIэм
Имызагъэу, елъэурэ щыхупIэм,
Толъкъунхэр зэрохьэхыр нэпкъым еуэу,
Тхъурымбэр къаIурыхуу бгым езауэу,
Къигъэлъеижмэ мывэ нэпкъым,
Зэхэлъэдэжрэ щхьэхьу зэрехьэхыу,
Толъкъун хъыжьэр къэувыIэншэу йолъыр-йохъур…
Ар къыдэплъейм къелъагъу зэдэлъхузэшыпхъур.
ФатIимэ зимыщIэжу илъщи и дэлъху IэплIэм,
Жамболэтым и псэр пихузыкIыу щIолIэр.
Сыт зэрыгъур гур, зыхущIегъуэжыр?
Хэт ищIэрэ… аращ, ар псэущ иджыри!
ЗыкъещIэжыр… хуэму нэр къызэтрехри,
МыпIащIэу зэпеплъыхьыр уафэ лъащIэр,
Вагъуэ уахътыншэхэр и нитIым къощыр гъуджэу…
IэщIкIэ и натIэр трелъащIэ.
ФатIимэ сакъыурэ щIоупщIэ,
- СыздэщыIэр дэнэ?.. -
Зеущэхури, хуэму зэфIоувэ -
Мыр фIэщхъугъуейщ! -
И Iуфэ дыдэм бжьэпэ лъагэм
Телъщ, дауи къэна емыхуэхыу!..
Кхъуэщынри дэнэ щыIэ?..
Къыхуэлъагъужкъым, щымытыж…
Уэри плъэгъуакъэ си кхъуэщыныр? -
ЩIоупщIэ, ауэ мазэ нурым
КъыхелъагъукI зэрыщыуар.
И гугъат тхьэмыщкIэм зэхихыну
Ныбжьэгъу хъыджэбзым и ауаныр…
ЛIы мыцIыху гуэру къитыр пащхьэм
Набдзэгубдзаплъэу зэпеплъыхьыр…
- КъызжеIэт занщIэу, уэ ухэт,
ЖыIэт, мыбдежми щхьэ ущыт?
- НакIуэ, дыкIуэжынщ иджы ди унэ.. -
ЦIыхубзыр хущхьэу щIоIуэтыхьыр и нэм…
Дунейм аргуэру зегъэщIыIэтыIэ,
БгымкIэ къреху ахърэт хьэуа псыIэр.
Псыежэхыр мэтхьэджэ иджыри,
Хуемыгъэхыу мы гуауэм и дыджыр.
ХуэмыIыгъыу и нэпс къыфIыщIэжыр,
Нэпс шыугъэр тенджызым ехьыжыр…
Мыбдежым нэгъуэщIым и гуауэр
ЩызыхищIэфкъым, игу къеуэу…
СощIэжыр сэри апхуэдэ дыдэу
Згъеижыгъащ Жамболэт и хьэдэр…
Хьэуэ, сошынэ, согузасэ…
- Умышынэ, уи дэлъхур уи гъусэщ…
- ЛIыукI! ЗбгъэдэкI..-
УIэгъэ ящIа хьэкIэкхъуэкIэу
Зреч, щIопхъуэжри щхьэмыгъазэу,
Макъ Iэлыр, кIыфIыр зэгуигъэзу,
КъызредзэкIри нэрыбгэм,
КъыхоIукIыжыр зэ жэщыбгым.
КIЭУХЫР
Тхылъеджэ, умыщI уи жагъуэ,
Къыптехьэлъамэ, си хъыбар зэшыгъуэр…
Ауэ солъагъури апхуэдизкIэ фIыуэ Кавказыр,
Мэзэшыр си псэр, тIэкIурэ сыхуэмызэм.
СыщыIащ иджыблагъэ а лъахэм
гъуэгурыкIуэу…
СыкъацIыхужакъым… къуажэм зихъуэжащ,
ЯтIэ чырбышу зэтелъхьащ я унэр,
Iэщэ-фащэм и пIэкIэ я блыным
КIэрагъэувауэ кIэрытщ гъуджэ…
Зимыхъуэжауэ зыкIи иджыри,
И джабэ цIанлъэхэр жыглыцым зэщIиблэу,
Къыр лъагэ закъуэрщ къыщхьэщытыр жылэм…
Япэми хуэдэу зэхэуфащ и нэгур,
Япэми хуэдэу нэщхъыцэу топлъэ гъуэгум…
Захъуэжыр псоми - бзэм, я зыхуэпэкIэм,
Уеблэм ахъши щызэрахьэ хъуакIэщ!..
ЕджапIи яIэщ…мес, иIыгъыу тхылъыр,
И дыхьэшх макъыр зэрылъэлъу,
ЩIалэ цIыкIу гуэр къыщIожыр лъапцIэу,
щхьэпцIэу,
Унэм къызэрыщIэха сабий гупым
Уэрамым тету къалъагъури цIыхубз лъапцIэ,
Йоувэхэр и ужьым зэгуагъэпу…
ЯфIэауану мо цIыхубз тхьэмыщкIэр,
Хэт мывэ кIэлъеутIыпщ, хэт ятIэ IэшкIэ…
Уэимыщэ имыщIу, цIыхубзыр мэхъущIэ:
ПхуэфI сыхъункъэ сэри, умыпIащIэ,
Мыдэ унэм унэкIуэжмэ зэ,
Сэ уэзгъэлъагъунщ зэрызэран,
Адэншэр усфIэхъуащ жыIэмыдаIуи,
IэштIымыр къозгъэщIэну тхьэ пхузоIуэ…
ЛIы гуэр къыщызолъагъури гъуэгущхьэIум,
СоупщIыр:
- Хэт а цIыхубз насыпыншэу,
Етауэ сабий гупыр зылъришэр?
- Сэри мы къуажэм куэд мыщIа
Сызэрыдэсри, сымыщIэ
И хъыбар пэжыр а цIыхубзым,
ЯIуатэ и щхьэр зэIумыбзу, -
Жэуап къызетыр лIы мыцIыхум, -
ФатIимэ делэщ… уэ уолъагъур…
ИIэт абы зы щIалэ цIыкIуи,
Итхьэлэжыну къиубыдауэ,
Къыхуэзэри я егъэджакIуэр,
ЯIуатэр къытрихыжауэ…
Гъатхэм зы инженер гуэр
ГъуэгурыкIуэу къыдыхьати къуажэм,
Сабийр щилъагъум щIэгъури и гур,
Здишауэ иригъаджэу, жаIэр…
ЦIыхубз делэм зэрихьэу и щхьэр,
Махуэм дэтщ уэрамым къиджэдыхьу,
Псыхъуэм макIуэр зэрыхъуу пщыхьэщхьэ,
Къытоувэри псыхъуэ нэпкъ задэм,
Гуузу къыхедзэ и уэрэдыр:
Мэужьыхыжыр пшэплъыр,
ЩIылъэр мэжеиж,
НэкъыфIэщI хъарпшэрхэр къохьэ уафэм…
Си гум лъагъуныгъэр егъеиж,
КъэкIуэж, си псэм хуэдэ, къэсыжи,
Схуэгъэгъущыж си нэпсу псэр зыуфэр!..
1889 - 1895 гъэхэм
ЗэзыдзэкIар УЭРЭЗЕЙ Афликщ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "949.txt"
} |
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал дамыгъэхэр тыным и IуэхукIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ
Къахьа ехъулIэныгъэхэм папщIэ икIи илъэс куэдкIэ хьэлэлу зэрылэжьам къыхэкIыу
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и ЩIыхь тхылъыр етын
Гореловэ Наталье Владимир и пхъум - Урысей Федерацэм Лъэпкъ гвардием и дзэхэмкIэ и федеральнэ къулыкъущIапIэм и Управленэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэм кадрхэмкIэ и къудамэм и унафэщIым
Гугъуэт Светланэ Алий и пхъум - Дзэлыкъуэ муниципальнэ районым щыщ Каменномостскэ къуажэм дэт «Курыт еджапIэ №3» муниципальнэ кIэзонэ IуэхущIапIэм урысыбзэмрэ литературэмкIэ и егъэджакIуэм;
цIэ лъапIэхэр яфIэщын
«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щIыхь зиIэ и дохутыр» цIэ лъапIэр
Хьэщэ Руслан Аслъэнбий и къуэм - Бахъсэн муниципальнэ районым щыщ Зеикъуэ къуажэм дэт «Район сымаджэщ» узыншагъэр хъумэнымкIэ къэрал кIэзонэ бюджет IуэхущIапIэм и травматолог-ортопед дохутырым,
«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и промышленностым щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэр
Хъупэ Аннэ Родион и пхъум - «Тэрч алмаз Iэмэпсымэ завод» акционер зэгухьэныгъэм и план-экономикэ къудамэм и унафэщIым,
«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм цIыхухэм социальнэ дэIэпыкъуныгъэ етынымкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэр
Куршаевэ ФатIимэт Мухътар и пхъум - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Лэжьыгъэмрэ социальнэ дэIэпыкъуныгъэмкIэ и министерствэм и финанс-экономикэ департаментым и унафэщIым.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и
Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек
Налшык къалэ
2018 гъэм дыгъэгъазэм и 12-м
№195-УГ
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "95.txt"
} |
Ди текIуэныгъэщIэхэм я къежьапIэт
Ди къэралым топджэгум щыдихьэххэм фIы дыдэу яцIыху Красножан Юрэ. Ар и тренер нэхъыщхьэу Налшык и «Спартак»-р, зэи къэмыхъуауэ, Урысей Федерацэм и премьер-лигэм хыхьэри, ехъулIэныгъэхэр иIэу, илъэс зыбжанэкIэ хэтащ. ИужькIэ абы игъэсащ Мэзкуу и «Локомотив»-р, Урысейм и етIуанэ командэ къыхэхар, Мэхъэчкъалэ и «Анжи»-р, Краснодар и «Кубань»-р, Грознэ и «Тэрчыр», Къэзахъстаным и командэ къыхэхар, «Химки»-р.
Красножан Юрэ 1963 гъэм Налшык къыщалъхуащ. Топ джэгуным зыщыхуигъэсари абы япэ лъэбакъуэхэр щыхичари Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалащхьэращ. 1980 гъэм къыщыщIэдзауэ 1984 гъэ пщIондэ Налшык и «Спартак»-м и гъуащхьэхъумэу щытащ. А илъэсиплIым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэ нэхъыщхьэм хэту абы зэIущIэ 95-рэ иригъэкIуэкIати, я хьэрхуэрэгъухэм топищ яхудигъэкIащ. КъищынэмыщIауэ, «Спартак»-м щыщыджэгуа лъэхъэнэм Юрэ хэтащ РСФСР-м и щIалэгъуалэ командэ къыхэхам. Налшык и гъэсэн футболист щIалэщIэм абы зыкъыщигъэлъэгъуащ гупсысэкIэ захуэ зиIэ гъуащхьэхъумэ Iэзэу. Топджэгу губгъуэм итхэм ар къахэщырт сытым дежи бэнэныгъэ гуащIэ зэрыригъэкIуэкIымкIэ, къикIуэт зымыщIэ футболисту зэрыщытымкIэ.
Футболист гъащIэмрэ еджэнымрэ здэзыхьа Красножан Юрэ 1985 гъэм къиухащ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым Физическэ щэнхабзэмкIэ и къудамэр. А лъэхъэнэм абы егъэджакIуэу лэжьэн щыщIидзащ Налшык и курыт еджапIэхэм ящыщ зым. Хуэфэщэн щIэныгъэ зригъэгъуэта нэужь, 1990 гъэхэм и пэщIэдзэхэм ар жыджэру хэлэжьыхьащ Бахъсэн къалэм и «Эталон» (иужькIэ «Автозапчасть» фIащыжащ) футбол клубыр къызэгъэпэщынымрэ ар лъэ быдэкIэ увынымрэ. КомандэщIэ къэунэхуам зэрыщыджэгуа илъэсищым къриубыдэу иригъэкIуэкIа зэIущIэ 89-м абы щыдигъэкIащ топих.
1993 - 1998 гъэхэм Красножан Юрэ зи тренеру лэжьа «Автозапчасть»-м профессиональнэ мыхьэнэ игъуэтащ икIи Урысей Федерацэм и чемпионатым и етIуанэ лигэм щыджэгун щыщIидзащ. КъищынэмыщIауэ, 1996 гъэм бахъсэндэсхэр къэралым футболымкIэ и кубокыр къэхьыным ехьэлIауэ екIуэкI зэхьэзэхуэм, зэи къыщымыхъуауэ, финалым и 1/8-нэ Iыхьэм нэсащ. АдэкIэ кIуэтэныр къэзыгъэувыIар а лъэхъэнэм Урысейм и чемпиону щыта Владикавказ и «Алания»-ращ.
И щIэныгъэм адэкIи зэрыхигъэхъуэн хуейр къыгурыIуэри, а илъэс дыдэм Красножан Юрэ щIэтIысхьащ тренерхэр щагъэхьэзыру Мэзкуу дэт еджапIэ нэхъыщхьэм. Илъэс дэкIа нэужь, хуэфэщэн тренер лицензэ иIэу, Юрэ еджапIэр ехъулIэныгъэкIэ къиухащ.
Жэрдэмрэ зэфIэкIрэ зэриIэр къалъытэри, 1999 гъэм Красножан Налшык и «Спартак»-м и етIуанэ тренеру къащтащ. КъыкIэлъыкIуэ илъэсищым абы дзыхь къыхуащIащ республикэм и командэ нэхъыщхьэм и дублёрхэм я тренер нэхъыщхьэм и къалэныр. А зэманым къриубыдэу абы Къэбэрдей-Балъкъэрым хуигъэхьэзыращ футболист цIэрыIуэ куэд, Мэшыкъуэ Аслъэнрэ Нэхущ Русланрэ яхэту.
Ди «Спартак»-м и тренер нэхъыщхьэу иужь илъэсхэм лэжьа Ешыгу Сэфарбий 2004 гъэм и пэщIэдзэм премьер-лигэм щыджэгу Краснодар и «Кубань»-м ирагъэблэгъащ. Ар зэрызэрахъуэкIын псынщIэу къалъыхъуэн хуейт икIи ди командэр и IэмыщIэ иралъхьащ Красножан Юрэ. Куэдым къащыхъуащ ар Iэмалыншагъэм къыхэкIауэ икIи тренер цIэрыIуэ къызэрагъуэту яхъуэжыну. Дублёрхэм я тренерыр командэ нэхъыщхьэм и унафэщIу щагъэувам куэдым я фIэщ хъуртэкъым «Спартак»-р, уеблэмэ япэ дивизионым къыхэнэфыну. АрщхьэкIэ, налшыкдэсхэм а гъэм лъэщу джэгун ирагъэжьащ икIи зэхьэзэхуэм и япэ къекIуэкIыгъуэр пашэхэм яхэту яухащ. ГурыIуэгъуэт Красножан тренер хъарзынэ къызэрыхэкIар икIи зэман кIэщIым къриубыдэу гуп зэкъуэт къызэрызэригъэпэщар. А илъэс дыдэм Футболым и лэжьакIуэхэр щагъэхьэзыр центрым и Аттестационнэ комиссэм абы къыхуигъэфащащ «А» категорие зиIэ IэщIагъэлI» цIэр.
Красножан зи тренер нэхъыщхьэу ягъэува футбол командэм къыпхуэмыцIыхужыну зихъуэжат. Уеблэмэ куэдым я пщIыхьэпIэ къыхэмыхуауэ япэ дивизионым щынэхъыфIхэм яхыхьащ. ИкIи къыкIэлъыкIуэ 2005 гъэм, мылъку и лъэныкъуэкIэ щIэгъэкъуэнышхуэ зыбгъэдэмылъ ди «Спартак»-м зэпеуэм етIуанэ увыпIэр къыщихьри, зэи къэмыхъуауэ, къэралым футболымкIэ и премьер-лигэм кIуащ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и спорт тхыдэм дыщэпскIэ иратхэну Iуэхугъуэт ар! Дауи, ар зэи къэхъунутэкъым, а лъэхъэнэм къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и Президенту ягъэува Къанокъуэ Арсен и щхьэзакъуэ мылъкукIэ закъыщIимыгъэкъуамэ.
Зэи гуп нэхъыфIым щымыджэгуа налшыкдэсхэр абы щымыгувэну IэщIагъэлIхэм трагъэчыныхьырт. Къалъытэрт ди «Спартак»-р адрейхэм мылъкукIэ зэрапэмыхъур, тренерымрэ абы щыджэгухэмрэ премьер-лигэр зищIысыр зэрамыщIэр. АрщхьэкIэ, аргуэрыжьти, Красножанрэ абы и командэмрэ псори зрагъэплъыжащ. Япэ зэIущIэм къыщыщIэдзауэ ахэр зыми къыпимыкIуэта къудейкъым, атIэ зэхьэзэхуэм икухэм ирихьэлIэу пашэныгъэр яубыдащ, Мэзкуу, Санкт-Петербург, Самарэ, Къэзан я гуп лъэщхэр къызэранэкIри. Пэжщ, абы щыгъуэм я къарур и кIэм нэс яхурикъуакъым икIи зэпеуэр ебгъуанэ увыпIэм щыту яухащ.
Зи цIэр ину Iуа Налшык и «Спартак»-м и футболистхэм щIэупщIэшхуэ яIэ хъуащ икIи 2007 гъэ джэгугъуэм щыщIидзэнум ирихьэлIэу абы и нэхъыфIхэм ящыщу зэуэ 13 хьэрхуэрэгъухэм зэхашащ.
Абыи къигъэдзыхакъым Красножан. И Iэщхьэлъащхьэр дрихьейри, гупыщIэ къызэригъэпэщу щIидзащ. Адрейхэм зэращIым хуэдэу, мылъкушхуэ тригъэкIуадэурэ футболист цIэрыIуэхэр къришалIэртэкъым, атIэ куэдым ямыцIыху е ящыгъупщэжахэр утыку къришэрт. «Спартак-Налшыкым» (апхуэдэ цIэ 2007 гъэм и пэщIэдзэм фIащащ) и тренер нэхъыщхьэм иджыри зэ футболым дихьэххэм наIуэ ящищIын хуейт и Iэзагъыр здынэсыр.
Шэч хэлътэкъым, командэр щытыкIэ гугъум ихуат. Ар зыхэзыщIа топджэгум дихьэххэм КъБР-м и Президент Къанокъуэ Арсен лъэIукIэ зыхуагъэзащ, сыт щыгъуи хуэдэу, «Спартак-Налшыкым» зэрыдэIэпыкъум кIэримыгъэхуну, хъунумэ, нэхъри щIигъэхуэбжьэну. Президентым лъэIур игъэщIэхъуакъым.
Премьер-лигэм зэрыщыджэгуа япэ илъэсым Красножан Юрэ и командэр нэхъ зызыужьхэм ящыщу къалъытащ. Пэж дыдэу, къэралым и командэ нэхъыфIхэм хуэфэщэну япэщIэта, турнир таблицэм ебгъуанэ увыпIэр щызыIыгъыу гъэ джэгугъуэр зыуха «Спартак-Налшыкми» и тренерми фIыщIэрэ щытхъурэ яхуэфащэт. 2006 гъэ джэгугъуэм кърикIуахэм ятеухуауэ Total-football интернет-газетым иригъэкIуэкIа щIэупщIэныгъэхэм япкъ иткIэ Красножан Юрэ «къызэIуаха тренер» цIэр къыфIащащ.
ЕхъулIэныгъэшхуэхэм ящыщщ 2007 - 2008 гъэхэм екIуэкIа Урысейм и Кубокыр къэхьыным ехьэлIа зэхьэзэхуэм и финалым и Iыхьэ плIанэм ди щIалэхэр зэрынэсар. Ахэр къэзыгъэувыIэфар ЦСКА-рщ, 1:2-уэ Мэзкуу къыщыхигъащIэри.
«Спартак-Налшыкым» и тренеру зэрылажьэ илъэсхэм республикэм и мызакъуэу, къэрал псом Красножан цIэрыIуэ щищIащ футболист куэд. Абыхэм яхэтщ адыгэ щIалэщIэхэу Нэхущ Руслан, Мэшыкъуэ Аслъэн, Битокъу Тимур, ДзыхьмыщI Марат, Къэжэр Назир, Джатэрывэ Къазбэч. Къэбэрдей-Балъкъэр футболым и вагъуэ къызэщIэнахэм ящыщщ Гъуэщокъуэ Арсен, ДыщэкI Аслъэн сымэ, нэгъуэщIхэри.
Ди командэм къыдэщIхэм пщIэшхуэ къыхуащIырт икIи фIыуэ ялъагъурт тренер гъуэзэджэ Красножан Юрэ. Абы и зэпIэзэрытыгъэр, Iэзагъыр, зэфIэкIыр «Спартак-Налшыкым» и текIуэныгъэщIэхэм я лъабжьэт. 2010 гъэр налшыкдэсхэм яухат еханэ увыпIэр яIыгъыу икIи европей кубокхэм яхыхьэным зы лъэбакъуэ фIэкIа ямыIэжу. АрщхьэкIэ… Красножан ди командэр ибгынащ, мылъкукIи зэфIэкIкIи Iэмал нэхъыбэ зиIэ Мэзкуу и «Локомотив»-м ирагъэблэгъати. Абдежым къыщыщIидзащ езы тренер цIэрыIуэми къэралым и гуп нэхъыщхьэм хиша «Спартак-Налшыкми» я ужьыхыжыныгъэм: командэ зыбжанэ ихъуэжами, Юрэ зыщIыпIи и гур щигъэтIылъакъым, ехъулIэныгъи щиIэжакъым, налшыкдэсхэри илъэсрэ ныкъуэрэ нэхъ дэмыкIыу премьер-лигэм къыхагъэкIыжащ.
2010 гъэм и кIэухым здагъэува Мэзкуу и «Локомотив»-м илъэс ныкъуэ щагъэлэжьауэ аращ. Зэхьэзэхуэм и епщыкIузанэ джэгугъуэм Мэхъэчкъалэ и «Анжи»-р къызэрыщытекIуар щхьэусыгъуэ ящIри, и къулыкъум трагъэкIащ.
Мазэ нэхъ дэмыкIыу къызэрагъэпэща Урысей Федерацэм футболымкIэ и командэ къыхэхам и тренер нэхъыщхьэу ягъэуващ. Красножан и унафэм щIэту абы иригъэкIуэкIа зэIущIихым ящыщу тхум Юрэ и гъэсэнхэр щытекIуат. АрщхьэкIэ, мыгувэу а гупыр зэбграутIыпщыкIыжащ.
Нэхъ хьэлэмэтыжщ Мэхъэчкъалэ и «Анжи»-м къыщыщыщIар. 2011 гъэм дыгъэгъазэм (декабрым) и 27-м абы и тренер нэхъыщхьэу ягъэуври, мазэрэ ныкъуэкIэ фIэкIа мылэжьауэ, икIи и унафэм щIэту зы зэIущIи ирамыгъэкIуэкIауэ, езым и лъэIукIэ къыIукIыжащ. КъызэрыщIэкIамкIэ, егъэлеяуэ мылъкушхуэ щIату «Анжи»-м кърагъэблэгъа, хуабжьу футболист цIэрыIуэхэм зэрапэсакъым цIэи щхьэи зимыIэу къалъыта Красножан Юрэ икIи абы и пIэкIэ ягъэуващ нэхъапэм къэрал зыбжанэм я гуп къыхэхахэр, Урысей Федерацэм ейри хэту, зыгъэса голланд тренер Хиддинк Гус.
Абы иужькIи лэжьапIэншэу куэдрэ щысакъым ди лъахэгъур. Гъэмахуэм и кIэухым Краснодар и «Кубань»-р и IэмыщIэм къралъхьащ. АрщхьэкIэ, аргуэрыжьти, мыгувэу къыIуагъэкIыжащ.
Мазэ зыбжанэ дэкIри, Грознэ и «Тэрчым» къыщыщIидзащ. ИлъэсищкIэ абы и тренер нэхъыщхьэу щытыну лъэныкъуэхэм Iэ традзат, ауэ 2013 гъэм и кIэухым зэгурыIуэныгъэр якъутэжащ.
Ди къэралым и Iуэхухэр къыщимыкIым, Къэзахъстаным Iэпхъуащ. Абы футболымкIэ и федерацэм 2014 гъэм и пэщIэдзэм зэгурыIуэныгъэ ирищIылIащ илъэситIкIэ а къэралым и командэ къыхэхар игъэсэну, зэхуэарэзыуэ лажьэмэ, иджыри апхуэдиз пIалъэ къыщIагъуну. АрщхьэкIэ, япэ лъэхъэнэр иуха иужькIэ, Красножан Урысей Федерацэм къигъэзэжащ, нэгъуэщI IэнатIэ къыхуагъэлъэгъуауэ щымыт пэтми.
ИлъэситIым щIигъукIэ лэжьапIэншэу щытащ ар. Япэ дивизионым щыджэгу «Химки»-м нэгъабэ и пэщIэдзэм щрагъэблэгъам къытщыхъуат абы нэхъ зыщиIэжьэну. Дыщыуащ - мазитху нэхъ дэмыкIыу лей къэхъужащ.
Налшык и «Спартак»-м и деж къыщыщIэдзауэ «Химки»-м и деж щиухыжу Красножан Юрэ и унафэм щIэта командэхэм псори зэхэту джэгугъуэ 325-рэ ирагъэкIуэкIащ. ЗэIущIи 119-м ахэр щытекIуащ, апхуэдиз дыдэри къыщыхагъэщIащ, 87-р зэрытемыгъэкIуауэ иухащ. Дэтхэнэ тренерым и дежкIи а бжыгъэхэр Iейкъым, ауэ нэхъыфIыжуи щытыфынут, илъэсибгъу ипэкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрыр имыбгынатэмэ.
2010 гъэм и кIэухым «Спартак-Налшыкымрэ» абы и тренер нэхъыщхьэ Красножан Юрэрэ зэрызэбгъэдэкIыжам кърикIуахэм наIуэу къагъэлъагъуэ а тIур зыр адрейм къыхуигъэщIауэ зэрыщытар икIи зэмыгъусэмэ уасэшхуэ зэрамыIэр. Алъандэрэ дэкIа зэманым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэ нэхъыщхьэм къэралым и премьер-лигэр ибгынэри, урысей профессионал футболым и лъабжьэ дыдэм, етIуанэ дивизионым, къыщыхутащ. Езы Красножани, иужькIэ гупиблым я унафэщIу щытами, зыщIыпIи насып щигъуэтакъым. Хэт ищIэн, зэгуэр Iуэхум фIы и лъэныкъуэкIэ зихъуэжу ахэр зы хъужынкIи хъунщ. АрщхьэкIэ, фIэщщIыгъуейщ зэ зыIэщIагъэкIа насыпым зэгуэр къытригъэзэжыну.
Жыласэ Заурбэч.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "950.txt"
} |
Адыгэ лъэпкъ оперэр Налшык къыщоIу
Налшык и щэнхабзэ гъащIэр щIэщыгъуэ ящIу къытхуеблэгъащ Адыгэ Республикэм къафэмрэ уэрэдымкIэ и «Ислъэмей» къэрал ансамблымрэ Адыгэ Республикэм и Къэрал филармонием и къэрал симфоние оркестрымрэ (дирижёрыр СтIащ Къаплъэнщ). Зи уэрэдхэмрэ макъ жьгъырухэмкIэ фIыуэ тлъэгъуа «Ислъэмейм» иджы къытхуишар гъуазджэм и нэхъ лъагапIэ дыдэу ялъытэ оперэ телъыджэрт. Урысей Федерацэм, Адыгейм, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым я цIыхубэ артист, Урысей псом щыцIэрыIуэ композитор, АР-м къафэмрэ уэрэдымкIэ и «Ислъэмей» къэрал ансамблым и художественнэ унафэщI Нэхей Аслъэн МэшбащIэ Исхьэкъ и романымкIэ итха «Раскаты далекого грома» лъэпкъ оперэр иджы Налшыки щыIуащ. Иужьрей мазэ зыбжанэм дэ дыкIэлъыплъащ япэ адыгей оперэр Ростов, Элиста, Астрахань, Волгоград, Москва, Къэзан, Геленджик, Ставропль, Черкесск къалэхэм зэрыщагъэлъэгъуам.
Нэхейр адыгэ лъэпкъым зэрыхуэупса хъугъуэфIыгъуэм щIэдзапIэ хуэхъуар 1980 гъэхэм я пэщIэдзэрщ. Аслъэн оперэр итхащ Тбилиси консерваторэр къыщиухым. Ар Iыхьищу, пролог, эпилогыу зэхэтщ. Зэритхрэ илъэс щэщI дэкIауэ, 2011 гъэм Адыгэ Республикэм и утыку кърихьащ а IэдакъэщIэкIыр. АР-м и щэнхабзэ гъащIэм къыщыхъуа Iуэху телъыджэт ар, артисти 100-м нэблагъэ хэтт. Оперэм лъабжьэ хуэхъуар XVIII лIэщIыгъуэм и кIэм, 1796 гъэм, Адыгэ хэкум щекIуэкIа Бзиикъуэ зауэрщ, ар ди тхыдэм и напэкIуэцI нэхъ гуузхэм ящыщ зыщ.
«Раскаты далекого грома» оперэм и концерт гъэзэщIэкIэр «Ислъэмеймрэ» симфоние оркестрымрэ нэгъабэ утыку кърахьащ. Апхуэдэуи УФ-м и Правительствэм и грантыр щат зэхьэзэхуэм хыхьэри, мелуани 10 хъу грантыр къахьащ, абы и фIыгъэкIэ адыгэ лъэпкъ оперэр зи гугъу тщIа къалэхэм щагъэлъэгъуэну Iэмал яIащ, Налшыки къэсащ.
Пшыхьым хэтащ КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министрым и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ Къумахуэ Мухьэдин, ар къеджащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек композитор цIэрыIуэмрэ артистхэмрэ зэрызахуигъазэм. ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и унафэщI Фырэ Руслан, КъБР-м и Композиторхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI ХьэIупэ ДжэбрэIил, КъБР-м и Къэрал филармонием и дирижер нэхъыщхьэ Темыркъан Петр, АР-м и Къэрал филармонием и Iэтащхьэ Къул Мухьэмэд сымэ къыщыпсалъэм къыхагъэщащ Нэхейм и оперэм адыгэм и щэнхабзэ гъащIэм увыпIэшхуэ зэрыщиубыдыр, ар макъамэ гъуазджэм и нэхъ лъагапIэ дыдэу зэрыщытыр.
ЗдэщыIа къалэхэм зэрыщрагъэблэгъар, цIыхухэм къыхуащIа гулъытэр, Къэбэрдей-Балъкъэрыр а псоми зэрыригъэфIэкIыр жиIэри, Нэхей Аслъэн къыхигъэщащ мы концертыр езым и ныбжьэгъуу щыта, КъБР-м и япэ Президент КIуэкIуэ Валерий фэеплъ зэрыхуищIар.
«Ислъэмейм» и артистхэр, сыт щыгъуи хуэдэу, теплъафIэрэ симфоние оркестр иныр я щIыбагъ къыдэсу оперэм щIидзащ. Абыхэм я уэрэд жыIэкIэ дахэм декIурт я актёр Iэзагъри. Уэрэд жыIэнри джэгунри щызэщIыгъу гъэзэщIэкIэт мыр. Оперэм и либреттэм къыщыхьа Iуэхур щекIуэкIыр 18-нэ лIэщIыгъуэм и кIэухырщ. МэшбащIэм и романым еджахэр щыгъуазэщ: Бзиикъуэ зауэр къызэрыкIар уэркъхэм лIакъуэлIэшхэр унэIут ящIыну иужь зэрихьарщ. 1796 гъэм мэкъуауэгъуэм и 29-м Бзиикъуэ псыхъуэм щызэзэуащ шапсыгъ мэкъумэшыщIэхэмрэ уэркъхэмрэ. МэкъумэшыщIэ зыкъэзыIэтахэм къыдахуа ЩэрэлIокъуэхэ щхьэегъэзыпIэ щагъуэтащ бжьэдыгъупщхэм я деж. Зэхэуэм и пэщIэдзэм мэкъумэшыщIэхэм нэхъ хахуэу зыкъагъэлъэгъуами, пщыхэр къатекIуащ. Зауэр фIахьа щхьэкIэ, пщыхэм я унафэм щIэувакъым мэкъумэшыщIэхэр. Оперэм къыщыгъэлъэгъуакъым, дауи, а зэхэуэр, атIэ абы хэта цIыху щхьэхуэхэм я гъащIэр дахэу утыку кърахьащ. Хьэгъуррэ абы фIыуэ илъагъу пщащэ Акозэрэ щхьэхуит гъащIэм зэрыщIэбэныр, пщыхэм апхуэдэ хуитыныгъэ абыхэм иратыну ауи я пщIыхь къызэрыхэмыхуэр, апхуэдэ зэпэщIэувэныгъэм лъэпкъ гуIэгъуэшхуэ къызэрыпэкIуэр къыхощ оперэм. А роль къызэрымыкIуэхэр дахэу ягъэзащIэри, я макъ жьгъырухэмкIэ удахьэхыу уоплъ, уодаIуэ солистхэу АР-м щIыхь зиIэ и артисткэ Дыгъужь Iэсият, АР-м, КъБР-м щIыхь зиIэ я артист Гуазэ Тимур, УФ-м щIыхь зиIэ и артисткэ ХъуакIуэ Сусанэ, АР-м щIыхь зиIэ и артист Щамырзэ Казбек, КъБР-м щIыхь зиIэ, АР-м и цIыхубэ артист Къумыкъу Шамсудин, АР-м щIыхь зиIэ и артист Эльдаров Айдамир, Дзыбэ Руслан, Уджыхъу Руслан, Адыгэ Республикэм къафэмрэ уэрэдымкIэ и «Ислъэмей» къэрал ансамблым и хорыр.
Гухэхъуэт уэрэд жыIэнкIэ Iэзэ артистхэм я классическэ гъэзэщIэкIэр, гукъинэжт оперэм лъабжьэ хуэхъуа тхыдэ пычыгъуэр. Нэхейм къехъулIащ и лэжьыгъэр. Ар къыхагъэщащ концертым кърихьэлIахэми, пэшым щIэсу хъуам щыту Iэгуауэшхуэ зэрыхуаIэтами. Адыгэ лъэпкъым и къафэхэм, уэрэдхэм нэмыщI дунейпсо утыку зэрихьэн музыкэ лъагэ зэриIэм щыхьэт техъуащ Нэхей Аслъэн и «Раскаты далекого грома» оперэр.
Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ.
НэщIэпыджэ Замирэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "951.txt"
} |
ИлъэсиплIым зэфIагъэкIахэм ятеухуауэ
Налшык дэт «Тетраграф» тхылъ тедзапIэм иджыблагъэ къыщыдэкIащ «Дунейпсо Адыгэ Хасэ: къыкIэлъыкIуэ илъэсиплIыр» зи фIэщыгъэ тхылъыр.
2015 гъэм и фокIадэ - 2019 гъэ и дыгъэгъазэ пIалъэм къриубыдэу ДАХ-м зэфIигъэкIа лэжьыгъэхэр къыщызэщIэкъуэжа тхылъщ ар. КъыдэкIыгъуэр ягъэхьэзыращ ХьэфIыцIэ Мухьэмэдрэ НэщIэпыджэ Замирэрэ. Абы ихуащ хамэ къэралхэми, адыгэ хэгъэгухэми Дунейпсо Адыгэ Хасэм щригъэкIуэкIа зэIущIэхэм, абы и жэрдэмкIэ къызэрагъэпэща фестивалхэм, зэпеуэхэм ятеухуа тхыгъэ гъэщIэгъуэнхэр.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "952.txt"
} |
Къэбэрдей-Балъкъэрым и тхыдэр письмоулъэхэм тету
«КъБР-м и коллекционерхэм я зэгухьэныгъэм» и нэIэ щIэту, илъэс зыбжанэ хъуауэ щIыналъэм епха дамыгъэхэр хьэпшып зэмылIэужьыгъуэхэм ятещIыхьауэ ди щэнхабзэм къыхэзыхьэ, абы ипэжкIи щIэупщIэшхуэ зиIэ щIэныгъэ тхылъхэр къызэрыдигъэкIымкIэ цIэрыIуэ хъуа Тхьэкъуахъуэ Iэуес иджы утыку кърихьащ «Къэбэрдей-Балъкъэрыр маркэкIэ гъэщIэрэщIа письмоулъэхэм тету» тхылъ-буклетыр.
Тхыдэр зыхъумэр щIэныгъэлIхэм я закъуэкъым. Псэ зыIумыт хьэпшыпхэми къатонэ абы и тхыпхъэр. Ара къыщIэкIынщ дамыгъэ къызэрымыкIуэхэр зэхуэхьэсыным дихьэх, хуэмурэ ар псэм фIэфI лэжьыгъэ зыхуэхъу цIыху щIыщыIэр. ЗэхуэхьэсакIуэм и зэш тригъэу хуэдэу къыпщыхъуми, гъащIэм дахагъэ къыхэзыхьэ дэтхэнэ зы IэщIагъэлIми хуэдэу, абы Iэзагъ нэхъыщхьэу бгъэдэлъыр къыхэхыкIэрщ. КъыхэхыкIэ зыщIэм къыхэхыпхъэр, цIыхубэм гунэс, щхьэпэ ящыхъунур IэщIэкIынукъым. Ар уи фIэщ ещI Тхьэкъуахъуэм и сурэт тхылъым иджыпсту ди пащхьэ илъым.
Нобэ Iыхьлым ущIэупщIэн, къулыкъу тхылъ зыщIыпIэ ебгъэхьын, егъэджакIуэм уеупщIын, хьэмэрэ еджакIуэм удэIэпыкъун папщIэ, телефоным Iэпэ щабэкIэ уецырхъмэ, зэфIэкIащ. Илъэс зыбжанэкIэ узэIэбэкIыжмэ, пощтыр уи дэIэпыкъуэгъуу фIэкIа бгъуэтынутэкъым апхуэдэ Iэмал. Арат щIыпIэ жыжьэ щыпсэу я Iыхьлыхэми, ныбжьэгъухэми, ямыцIыхуххэхэми яхуэтхэхэм я дежкIэ письмоулъэхэмрэ маркэхэмрэ мыхьэнэшхуэ щIаIэр. Уеблэмэ, пощтым епха тхылъымпIэхэр зэхуэхьэсыныр къудамэ щхьэхуэ хъури, «филателист» - «пощт маркэхэр зэхуэзыхьэс» - псалъэри зекIуэ хъуащ.
Хэкум хуиIэ лъагъуныгъэр хьэл зыхуэхъужыр гунэсу мыIэбэнкIэ, езым и фIэщ хъур цIыхугум нимыхьэсыфынкIэ Iэмал иIэкъым. А гупсысэм ухуешэ ныбжь зиIэ хьэпшыпхэр зэрызэхуихьэсыжым нэмыщI, ди щIыналъэм епхауэ езым и нэгум щызэфIэува дамыгъэщIэхэмкIи щIэх-щIэхыурэ дызыгъэгуфIэ Тхьэкъуахъуэ Iэуес и Iуэху бгъэдыхьэкIэм.
ЦIыкIуми инми Хьэрэмэ Iуащхьэ яхуэхъу инстаграмым адыгэ хьэблэшхуи иIэщ, зэрыфщIэщи. ЗэрыхэмытхъыкIыр нэрылъагъуу, итIани, щхьэпагъкIэ япэ итхэм язу, абыхэм ядогъуэгурыкIуэ Тхьэкъуахъуэ Iэуес игъэлажьэ «Numizmat» напэкIуэцIыр. («Нумизматикэ»р коллекционер къудамэ щхьэхуэщ, апхуэдэу йоджэ ахъшэжьхэр зэхуэхьэсыным епха щIэныгъэм).
Республикэм епха махуэшхуэхэр зыгъэлъапIэ бгъэхэIухэр, адыгэбзэкIэ «Си бзэ, си бзэ, си адыгэбзэ», «Адыгэ фащэм и махуэ», «НэщIикIыж хьид махуэшхуэр», «Сэ уэ фIыуэ узолъагъу» псалъэхэр зытегъэуа шарыб зэмыфэгъухэр, ди щIыналъэм щызекIуэ фIэщыгъэхэр щыплъагъу малъхъэдис гъэщIэрэщIахэр, тетрадхэр, нэгъуэщI хьэпшып щIэщыгъуэхэу сабийри балигъри зыщыгуфIыкIынухэр щыболъагъу а напэкIуэцIым. УемыхъуэпсэнкIэ Iэмал имыIэу, а сатырым кърокIуэ тхылъ хъумапIэхэм я архивхэм фIэкIа щумыгъуэтыжын тхылъыжьхэр.
Дызытепсэлъыхь буклетым деж къэдгъэзэжынщи, 1957 гъэм щегъэжьауэ 2018 пщIондэ къызэщIиубыдэу, абы письмоулъи 100-м нэсым я сурэт итщ. «Письмоулъэхэр зэхуэпхьэсыным фIы куэд хэлъщ, - зыкъыщытхуегъазэ пэублэм ар зи IэдакъэщIэкIым, - абы уи дуней еплъыкIэм зрегъэужь, тхыдэм и къарур зыхэпщIэу урегъасэ. Фи пащхьэ къитлъхьэ письмоулъэхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щIыпIэ зэмылIэужьыгъуэ куэд зэритри, абы къикIуа гъуэгуанэри уигу игъэзагъэу къытощ».
Дривгъаплъэт письмоулъэхэм яхъума теплъэгъуэхэм. Республикэм «КъБАССР» цIэр зэрихьэу щыщытам, абыхэм нэхъыбэу къызэщIаубыдэр цIыхум зыщигъэпсэху, и нэгу зыщригъэужь щIыпIэхэрт: Гуэл щхъуантIэхэр, Шэрэдж, Бахъсэн, Тэрч псыхъуэхэр, Долинск щыIэ зыгъэпсэхупIэхэр, Iуащхьэмахуэ лъапэм, Шэджэм псыкъелъэм, Нарзан псыхъуэм хуэдэу къэралым цIэрыIуэ щыхъуахэр. Альпинистхэр бгым зэрыдэкIуейр хъуэпсэгъуэу уи нэгу къыщIэзыгъэувэ сурэтхэр къахохуэ. Гукъинэжщ сурэтыщI Акимушкин Николай и IэдакъэщIэкIыу «Iуащхьэмахуэ и гупэм къит жыгитI», «ЖыгитIрэ къуршыпсрэ» зыфIащахэри. Ахэр 1960 гъэхэм хуозэ. Хэт гу щIыIэу блэкIыфынур Куприянов Сергей ищIа, адыгэшыр зытегъэуа письмоулъэм, хьэмэрэ Iуащхьэмахуэ хуэплъэу щыт шур къызэрыщ сурэтым?! Куэдым я сабиигъуэм, я щIалэгъуэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым щрихьэкIа зыгъэпсэхугъуэм и тхыдэ къыхащIыкIыжыфыну апхуэдэщ мы письмоулъэхэр.
Зы лъэныкъуэкIэ, лъэхъэнэ псоми чэзу зэраIэр, гъащIэр и пIэ зэримытыр уигу къэзыгъэкI сурэтхэм, абдеж дыдэм зэманым лъэхъу ирадз къыпфIэщIу, нэр зыхуэбгъэзэну, гум къибнэну зыхуэфащэмрэ зыхуэмыфащэмрэ гъащIэм хэплъагъукIыу урагъасэри гупсэхугъуэ къызэранэкI.
Тхьэкъуахъуэ Iэуес утыку кърихьэ дамыгъэхэр лъэпкъым, тхыдэм, бзэм, хэкум къыхэхыкIэ узыншэкIэ зэрырипхыфыр щытлъагъукIэ, щхьэхуимыту гупсысэх дызыщI лъэпощхьэпохэри дигу къокIыж. Уеджэжыну узыхуимымурад тхылъхэр щыпIахрэ, тхылъыжьи тхылъыщIи къыщыпщэхуфу, зэгуэр Налшык и курыкупсэм тыкуэн ехьэжьа итат, «Букинист»-кIэ еджэу. А тыкуэныр иджыри мэлажьэ, ауэ, япэрауэ, нэм зыкъыщыщIимыдзэ къуэгъэнапIэм къуэтщ, етIуанэрауэ, тхылъ щапIэ псори тхылъи, тетради, къэрандащ нэгъуни налкъутналмэс уасэкIэ зыщIэлъ «Читай-город»-м иригъэкIуэтэкIащ. Щыхьэрышхуэм епха тыкуэныр щыхьэр улахуэм зэрытещIыхьам нэмыщI, дунейпсо щэнхабзэм ухэзышэ тхылъхэр щыбгъуэт щхьэкIэ, абы щIыналъэм теухуахэмрэ абы и бзэкIэ къыдэкIахэмрэ щIэмылъ пэлъытэщ. КъБР-м къыщыдэкI тхылъхэм щыщ зыбгъупщI «Адыгэ унэм» щIалъхьэ, я нэхъыбэр щхьэж и тедзапIэм епха тыкуэным щещэж. Адыгей республикэми КъШР-ми къыщыдэкIхэм ящыщу зы-тIу тыгъэу ди деж къос, е зи гугъу тщIа «Букинист»-м лъапIэу къыщытрагъэс. Къэзылъыхъуэм къигъуэтыфынущ ди республикэм къыщыдэкI тхылъхэр, ауэ къэплъыхъуэнур зэрыщыIэр пщIэн хуейщ. Ди гукъеуэ нэхъыщхьэращи, «Адыгэ псалъэр» щащэ тыкуэн щыIэххэкъым. ДифIу дгъэлъапIэхэм урысыбзэкIэ фIэкIа дыздэмыуэршэрыф къазэрыхэкIми, езыхэр къызытехуэ номер закъуэр тыгъэ щахуэдмыщIыф къытхуихуэу, газету къытIэрыхьэр зэрымащIэми теухуауэ хэт дыхуэтхьэусыхэн ди щIэджыкIакIуэ тэмакъкIыхьхэм нэмыщI?! Зымахуэ бзылъхугъэ гуэр къыщIыхьат. И сабийм и сурэт газетым къызэрытехуар къыжраIати, зыIэригъэхьэну хуейт. «Щхьэ тумыдзэрэ «Адыгэ псалъэ?» - жытIэу зыхуэдгъэгусаифэ щызытедгъауэм, къыджиIар IуэрыIуатэу къыдохьэкI: «Апхуэдэ газет къыдэкIыу сщIэххакъым!» Зым ищIэркъым, адрейм - иIэкъым, зиIэр - хуэныкъуэкъым. Аращи, КъБР-м цIыху 2055-рэ фIэкIа искъым адыгэу къэнэжын насыпым сом 800 трагъэкIуэдэфыну. МэжалIэмрэ сымаджэмрэ къэвгъани, газет феджэ зыми жиIэркъым. Ауэ сымаджэмрэ мэжалIэмрэ бгъэнэхъэпэн зэрыхуейр дэнэ къыщыпщIэнур, тхылъи газети уемыджэмэ?!
Мылъку зэхуэхьэсыным къыдэмыхуэхэмрэ мылъкуу яIэр мамырыгъэм, щIэныгъэм, дахагъэм зрагъэубгъуным тезыгъэкIуадэхэмрэ екIуу щызэдэгъуэгурыкIуэфын хэгъэгу Тхьэм дищI.
ЧЭРИМ Марианнэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "953.txt"
} |
Мелуанхэр дэзыхьэха джэгукIэ телъыджэ
Дыгъэгъазэм и 10-р Футболым и дунейпсо махуэщ
Куэд щIащ футболыр хьэфэ топыр къехуэкIын Iуэхугъуэм зэрыфIэкIрэ. Ар иджыпсту цIыху мелуанхэм я гукъыдэжыр къэзыIэт (е езыудых), социальнэ, политикэ, экономикэ мыхьэнэшхуэ зиIэщ. Аращ Лъэпкъ Зэкъуэтхэм я Зэгухьэныгъэм (ООН) и унафэкIэ дыгъэгъазэм и 10-р Футболым и дунейпсо махуэу щIагъэувар.
Ди эрэм ипэкIэ илъэс мин бжыгъэкIэ узэIэбэкIыжмэ, Китайм и къекIуэкIыкIар щаджым, топджэгум теухуа псалъэхэм япэ дыдэу тхыдэтххэр ирихьэлIащ. Абы зэреджэу щытар «цу чю»-щ, «лъакъуэкIэ еуэн» къикIыу. Топ джэгуным ерыщу зэрыхуагъасэм и фIыгъэкIэ Китайм и пасэрей зауэлIхэр сытым дежи лъэщт, IэпсынщIэ-лъэпсынщIэт, бэшэчт. Зэман дэкIри, «цу чю»-р Европэм нэсащ икIи инджылызхэм абы «футбол» («лъакъуэ топ») фIащщ, джэгукIэм и хабзэхэр зэхалъхьэри, зэпеуэхэр къызэрагъэпэщу щIадзащ. Иджы ар цIыху мелуанхэм я дэрэжэгъуэщ.
Иужьрей илъэсхэм футболым Урысей Федерацэм зыужьыныгъэшхуэ щигъуэтащ. Абы и щыхьэтщ ди къэралым и командэ пашэхэр Чемпионхэм я лигэмрэ Европэм и лигэмрэ ехъулIэныгъэкIэ зэрыхэтыр. Уеблэмэ Мэзкуу и ЦСКА-мрэ Санкт-Петербург и «Зенит»-мрэ иужьым зэрызэ щытекIуащ, къыкIэлъыкIуэуи Суперкубокыр зыIэрагъэхьэфащ. Урысейм и командэ къыхэхари зэрыгушхуэн мащIэкъым. Абы Европэм и чемпионатым жэз медалхэр къыщыщихьа къэхъуащ. НэхъапэжкIэ Совет Союзым и командэ къыхэхар Лъэпкъхэм я лигэм щытекIуащ, Олимп Джэгухэми тIэунейрэ япэ щыхъуащ. Киев и «Динамо»-мрэ Тбилиси и «Динамо»-мрэ Европэр 1975, 1981 гъэхэм ягъэзджызджащ, Кубок зыIэщIэлъхэм я кубокыр къахьри. СССР-м и лъэхъэнэм Яшин Лев, Блохин Олег, Беланов Игорь сымэ Европэм и футболист нэхъыфIу къалъытэри, «Франс футбол» газетым игъэува «дыщэ топыр» 1963, 1975, 1986 гъэхэм (зэрызэкIэлъыкIуэу) къыхуагъэфэщащ. Совет Союзым къытепщIыкIыжа Украинэм щыщ Шевченкэ Андрей а Iуэху дахэм 2004 гъэм къыпищащ. Абы щыгъуэми къызэралъхурэ мы гъэм илъэс 90 зэрырикъур ягъэлъапIэ Яшиным и закъуэщ гъуащхьэтетхэм ящыщу апхуэдэ пщIэ лъагэ зыхуащIар.
Дуней псом къыщалъытэ хъуащ ди къэралым топджэгум щиIэ зэфIэкIхэр. Абы и щыхьэтщ 2018 гъэм ЩIы хъурейм и зи чэзу чемпионатыр иригъэкIуэкIыну дзыхь къызэрырагъэзар. А Iуэхугъуэм и фIыгъэкIэ Урысей Федерацэм и щIыпIэ зэмылIэужьыгъуэхэм щызэфIагъэуващ иджырей мардэхэм къитIасэ, цIыху мин куэдхэр зэрыхуэ стадион екIухэр, топджэгум гулъытэ нэхъыбэж щыхуащI хъуащ.
Футболым зиужьыным къэралым мылъкушхуэ хелъхьэ икIи федеральнэ программэ щхьэхуэхэр ягъэзащIэ. Абы хэтщ Къэбэрдей-Балъкъэрри. Къапщтэмэ, «2009 - 2015 гъэхэм КъБР-м футболым зыщегъэужьын» программэм ипкъ иткIэ ди республикэм къыхуаутIыпщащ сом мелард 1,23-рэ. Абы щыщу сом мелуан 630,6-рэ федеральнэ бюджетым къыхэкIащ, адрейр республикэ бюджетымрэ абы хэмыхьэ мылъку къыхэхыпIэхэмрэ къапыкIащ.
Программэм ипкъ иткIэ профессионал футболистхэр зэпымыууэ щыпсэу, щагъэхьэзыр центр яухуащ, абыхэм ядэлажьэ тренерхэм я щIэныгъэм хагъэхъуащ икIи «С» категориер къратын папщIэ IэщIагъэлIхэр ирагъэджащ. Иужь илъэсипщIым Къэбэрдей-Балъкъэрым щаухуащ сабий топджэгу губгъуэу 400-м щIигъу. Абы и фIыгъэкIэ спорт школхэм зыщызыгъасэ футболист ныбжьыщIэхэм я бжыгъэм хэпщIыкIыу хэхъуащ. А зэманым къриубыдэу щIэныгъэ нэхъыщхьэ зрагъэгъуэтащ тренер-егъэджакIуэу мини 2-м щIигъум икIи псори зэхэту апхуэдэхэм я бжыгъэр республикэм мини 5-м щыфIэкIащ. Иджыпсту КъБР-м щолажьэ футболым фIэкIа щыхуамыгъасэ сабий-ныбжьыщIэ спорт школу 3, футболымкIэ секцэхэр зиIэ ДЮСШ-уэ 17, илъэси 6 - 15 зи ныбжь сабий мини 5-м нэблагъэм зыщагъасэу.
Илъэс къэс йокIуэкI КъБР-м и чемпионатымрэ Iэтащхьэм и Кубокыр къэхьынымрэ ехьэлIа, еджапIэ нэхъыщхьэхэм, ветеранхэм, къалэхэм, районхэм я зэпеуэхэр, щIымахуэ зэхьэзэхуэхэр.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и топджэгу тхыдэм дыщэпскIэ иратхащ 2006 - 2012 гъэхэр: Налшык и «Спартак»-р (иужькIэ «Спартак-Налшык» зыфIащыжар) къэралым футболымкIэ и гуп нэхъыщхьэм, зэи къэмыхъуауэ, щыджэгуащ. А гуимыхуж илъэсхэр иджыри куэдрэ ди нэгу щIэтынущ. Премьер-лигэм 2006 гъэм гъатхэпэм (мартым) и 28-м япэу щригъэкIуэкIа зэIущIэм ди республикэр зэрыщыту пэплъэрт икIи а махуэм Налшык и «Спартак» стадионым IэпэдэIупIэ иIэтэкъым. ТIысыпIэ къызылъымысахэр жыгыщхьэхэм, топджэгу губгъуэр къызэрагъэнэху уэздыгъэхэр зыфIэлъ пкъохэм тесу зэIущIэм кIэлъыплъырт. Илъэсихрэ ныкъуэкIэ «Спартак-Налшыкыр» пщIэрэ щIыхьрэ иIэу яхэтыфащ къэралым и командэ нэхъыфI дыдэхэм, зэхьэзэхуэм еханэ увыпIэр иIыгъыу щиухаи къэхъуу. Абы нэсын папщIэ Налшык и «Спартак»-м гъуэгуанэ кIыхь икIи гугъу икIуат. 1959 гъэм мэлыжьыхьым и 28-м СССР-м футболымкIэ и «Б» классым щекIуэкIа зэхьэзэхуэм и япэ зэIущIэм щича япэ лъэбакъуэм лъандэрэ налшыкдэсхэм зэIущIэ 2766-рэ ирагъэкIуэкIат. Абыхэм ящыщу 476-р япэ дивизионым (лигэм) щыджэгуат.
Къэралпсо утыку зэрихьэрэ ди щIалэхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыхьыр лъагэу яIэтащ. Футболист ахъырзэманхэу Iэпщэ Александр, Туаев Къазбэч, Наурзокъуэ Юрэ, Ещтрэч Владимир, Лъэрыгу зэкъуэшхэу Викторрэ Къазбэчрэ, Мирзоев Виталий, КIурашын Олег, Биджиев Хьэсэнбий, Хьэпэ Заур, Исаев Щамил, Саркисян Альберт, Дзэмыхь Анзор сымэ, нэгъуэщI куэди къэрал псом къищынэмыщIауэ, хамэ къэралхэми щыцIэрыIуэщ.
Ди «Спартак»-ми текIуэныгъэ ин дыдэхэри иIащ. Къапщтэмэ, сыт и уасэт 1965, 1970 гъэхэм етIуанэ лигэм хэт командэхэм я зэхьэзэхуэм псоми щефIэкIыу РСФСР-м и чемпион зэрыхъуар! Сыт хуэдиз дэрэжэгъуэ къритат абы Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэм!
Зи цIэ къитIуа щIалэхэр, нэгъуэщI куэди Совет Союзым, иужькIэ Урысей Федерацэм и командэ нэхъыфIхэу Мэзкуу и «Спартак», «Динамо», «Локомотив», Тбилиси и «Динамо», Дон Iус Ростов и СКА, Баку и «Нефтчи», Донецк и «Шахтёр», Владикавказ и «Спартак-Алания» командэ лъэщхэм щыджэгуащ. Дэтхэнэ зы гупри ягъэбжьыфIэфынут ТыIэщ Хьэсэнбий, Настаев Щамил, Дерёмов Евгений, Бэч Руслан, Наурыз Басир, Гъубж Вячеслав, Трубицын Сергей… дэтхэнэм и цIэр къипIуэн?! НэхъыщIэIуэхэу ЛIыхъугу Арсен Къэзахъстаным и футбол чемпионатым и гъуащхьауэ нэхъыфIхэм ящыщ зыт, Нэхущ Руслан Урысей Федерацэм и щIалэгъуалэ командэм сыт щыгъуи ирагъэблагъэрт. Нобэ-пщэдей зи вагъуэхэр IупщIу къэблэнухэм хабжэрт Мэзкуу и «Спартак»-мрэ Урысей Федерацэм и ныбжьыщIэ командэ къыхэхамрэ я гъуащхьауэ Бажэ Амиррэ Франджым и «Марсель»-м щыджэгуну Iэ тезыдза Къэжэр Назиррэ.
Нэхъапэм ди футболист къыхэжаныкIхэм хамэ щIыпIэхэм я командэхэр ягъэбжьыфIэурэ къекIуэкIамэ, иджы дэ езым апхуэдэ гуп зэкъуэт лъэщ диIэ хъуат.
Гум зэи ихужынкъым ди «Спартак»-р премьер-лигэм зэрыкIуар щызэхэкIа 2005 гъэм щэкIуэгъуэм и 3-м Налшык и республикэ стадионым и джэгупIэ губгъуэм и курыкупсэм адыгэ джэгушхуэ къыщызэIузыха цIыху минхэм я нэгум илъа гуфIэгъуэр. Абы хуэбгъэдэфынур налшыкдэсхэр РСФСР-м и чемпион щыхъуа 1965, 1970 гъэхэрщ.
Щхьэзакъуэ ехъулIэныгъэхэр зиIэ щIалэхэри ди мащIэкъым. Апхуэдэщ, къапщтэмэ, адыгэхэм ящыщу япэу футболымкIэ къэралым и чемпион хъуа Iэпщэ Александр. Тбилиси и «Динамо»-м хэту СССР-м и дыщэ медалхэр абы 1964 гъэм зыIэригъэхьащ. Европэм и къэралхэм я кубокхэр зыIэщIэлъхэм я кубокыр къэхьыным папщIэ зэпеуэм хэту 1972 гъэм Мэзкуу и «Динамо»-м щыджэгуу финалым нэсащ икIи, Шотландием и «Глазго Рейнджерс»-м и гъуэр хигъащIэри, Совет Союзым и футболистхэм ящыщу абы япэу топ щыдигъэкIащ Ещтрэч Владимир. КъыкIэлъыкIуэ илъэсым адыгэ щIалэр хагъэхьащ Яшин Лев топджэгум щыхэкIыжым къызэрагъэпэща, дунейм и футболист нэхъыфI дыдэхэр зыхэта зэIущIэм. Гъуащхьэтет цIэрыIуэ Хьэпэ Заур фIэкIа Къэбэрдей-Балъкъэрым нэгъуэщI зы футболисти къихъуакъым командэ зэмылIэужьыгъуищым - Тбилиси и «Динамо»-м, Владикавказ и «Алания»-м, Мэзкуу и «Локомотив»-м - яхэту къэралитIым (Куржымрэ Урысеймрэ) плIэнейрэ я чемпион хъуауэ.
Адыгэ футболистхэм ящыщу иджыпсту нэхъ лъэщ дыдэр Натхъуэ Бибрэсщ. Журт лъэпкъым щымыщу абы и закъуэщ Израилым и командэ къыхэхам и капитан хъуфауэ нобэкIэ утыку къизышэр. Хамэ щIыпIэм къыщалъхуами, адэжь хэкум ар цIэрыIуэ щыхъуащ икIи Къэзан и «Рубин»-м, Мэзкуу и ЦСКА-м, иужькIэ Алыджым и «Олимпиакос»-мрэ АЕК-мрэ яхэту Европэм и къэрал куэдым я стадионхэм пщIэрэ щIыхьрэ щиIэу зыкъыщигъэлъэгъуащ. Иджы Сербием Iэпхъуауэ абы и «Партизан» командэм ехъулIэныгъэкIэ щоджэгу.
КуэдкIэ дызыщыгугъщ 2018 гъэм Ленинград областым и «Тосно» командэм хэту Урысей Федерацэм и кубокым и финалым щыдигъэкIа «дыщэ» топым и фIыгъэкIэ къэралым и футбол саугъэт нэхъ лъапIэхэм ящыщ зыр зыIэрызыгъэхьа Мырзэ Резуан. Ар иджы Мэзкуу и «Спартак»-м и гъуащхьэхъумэныкъуэщ, Хэкум и командэ къыхэхам ираджащ. Апхуэдэ пщIэ нэхъапэм зыхуащIар адыгэ щIалитIщ - Ещтрэч Владимиррэ (Совет Союзым) Хьэпэ Зауррэ (Урысей Федерацэм).
УнэцIэхэми ехъулIэныгъэхэми адэкIи къыпыпщэфынущ. Абыхэм зи пщIэр яIэтри, дэрэжэгъуэ зратри къызыхэкIа лъэпкъымрэ къэралымрэщ. Апхуэдэ щIыкIэкIэ, футболым и къарур къагъэсэбэпурэ, узыншагъэмрэ бэшэчагъымрэ гъащIэм хэпща мэхъу, щIэблэ лъэрызехьэ къытщIагъахъуэ, Iэпкълъэпкъым зезыгъэужь а джэгукIэ телъыджэр илъэс мин бжыгъэ ипэкIэ къэзыгупсыса пасэрей китай зауэлIхэм къапимыкIуэтыну.
Сурэтхэм: Европэм щынэхъ лъэщ дыдэу къалъытэу «дыщэ топыр» зыхуагъэфэща ди футболист цIэрыIуэхэу Яшин Лев, Блохин Олег, Беланов Игорь, Шевченкэ Андрей.
Украинэм щыщу саугъэт лъапIэр зыIэрыхьахэу Шевченкэ, Блохин, Белановыр.
ЖЫЛАСЭ Заурбэч.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "955.txt"
} |
Куржы усакIуэр адыгэхэм зэратетхыхьар
Пшавелэ Важэ ХIХ лIэщIыгъуэм псэуа куржы (грузин) усакIуэ нэхъ лъэрызехьэ, цIэрыIуэ дыдэхэм ящыщщ. Пшавелэ Важэ, ипэжыпIэкIэ зэреджэу щытар Разикашвили Лука Павел и къуэщ, 1861 гъэм бадзэуэгъуэм и 14-м Куржым щыщ Чаргали къуажэм къыщалъхуащ, 1915 гъэм мэкъуауэгъуэм и 27 (бадзэуэгъуэм и 10)-м Тбилиси дунейм щехыжащ.
Разикашвили унэцIэм и тхыдэр гъэщIэгъуэнщ. Ар къыщежьар XIX лIэщIыгъуэм и 40 - 50 гъэхэрщ. КъэхутакIуэхэм зэрыжаIэмкIэ, Пшавелэ и пасэрей лIакъуэхэр мохъейхэр жыхуаIэхэм ящыщыгъащ, ауэ зы къуаншагъэ гуэрым щхьэкIэ къызыхахуауэ щытащ. Важэ и пасэрей лIакъуэхэм ящыщ гуэр пащтыхь Ираклий ЕтIуанэм и IупэфIэгъухэм яхэтащ. 1850 гъэм члисэ тхылъым иратхащ Разикашвили унэцIэр япэ дыдэу къэзыщта Имедэ. Имедэ зауэлI цIэрыIуэу, лIы хахуэу щытауэ жаIэж. Имедэ и къуэхэм ящыщ Беро къуажэм и хъумакIуэ пажэхэм яхэтт, къызэрымыкIуэу пагэт икIи гуащIэт. ЗэраIуэтэжымкIэ, абы Пилашвили гуэрым и Iэр къыпиупщIыгъащ, ар Беро и щхьэгъусэм и бостей кIапэм зэрылъэIэса къудейм щхьэкIэ. Мис а лIы гуащIэм и щIэблэт Важэ и адэ Павел.
Важэ и ныбжьыр илъэси 10-м нэса нэужь, Телави дэт дин училищэм щIагъэтIысхьащ. Илъэс 16 ирикъуа нэужь, ныбжьыщIэр щеджащ Гори къалэм дэт, егъэджакIуэхэр щагъэхьэзыр семинарием. ЕджапIэм абы щызрегъэцIыху народникхэм я кружокым хэтхэр, ауэ куэдрэ яхэмыту къахокIыж, народникхэм я Iуэху еплъыкIэмрэ езым еймрэ зэрызэтемыхуэм къыхэкIыу. ЕджапIэм нэужьым Важэ егъэджакIуэу Эрцо къуажэм ягъакIуэ, ауэ, куэдрэ мылэжьауэ, къыIуахуж, егъэджакIуэм щхьэкIэ зыгуэрым бзэгу ехьри. 1883 гъэм Пшавелэ Бытырбыху макIуэ, щIэныгъэ нэхъыщхьэ зригъэгъуэтыну. Ауэ семинариер къэзыуха щIалэр университетым щIэтIысхьэну хуиттэкъыми, езыр-езыру кIуэурэ юридическэ факультетым 1884 гъэ пщIондэ щоджэ. АдэкIэ зэреджэн мылъку иIэтэкъыми, и хэкум къегъэзэж. Бытырбыху къикIыжа тхакIуэр хущIэкъуащ къэрал IуэхущIапIэ гуэрым лэжьапIэ увыну, ауэ ари имыгъуэту, Амилахвари пщым деж егъэджакIуэу мэув. А лъэхъэнэм къриубыдэу Важэ йогуакIуэ Небиеридзе Екатеринэ фызабэ ныбжьыщIэм икIи ар щхьэгъусэ ещI. 1896 гъэм Важэ Тонети къуажэм егъэджакIуэу макIуэ. Зи узыншагъэр мыщIагъуэж усакIуэр 1915 гъэм и мэлыжьыхьым Тбилиси мэIэпхъуэ, зригъэIэзэн мурадкIэ. И тхьэмбылым щIыIэ хохьэри, узым йолIыкI а гъэ дыдэм и мэкъуауэгъуэ мазэм.
Пшавелэ тхэн щыщIидзар 1881 гъэрщ. И тхыгъэхэр нэхъ зытриухуэу щытар къызэрыгуэкI цIыхухэм я псэукIэ, хабзэ, хьэл-щэнхэр, тхыдэр аращ. Бгырысхэм яхэсу къэхъуа, псэуа усакIуэр абыхэм я псэукIэм фIыуэ щыгъуазэти, ар и поэмэхэм куууэ къыщигъэлъэгъуэжащ. Псалъэм папщIэ, «Цацлобэ» поэмэм. Бгырыс лъэпкъхэм я плъапIэхэмрэ гугъапIэхэмрэ зыубгъуауэ къыщыIуэтащ «Гоготуирэ Iэшынрэ», «Стумар-Маслиндзели» поэмэхэм, нэгъуэщIхэми. Куржым и бгырысхэр мыхъуу, адыгэ бгырысхэрщ зытепсэлъыхьыр «ЛъыщIэж» тхыгъэшхуэр. Тхыгъэр зытегъэпсыхьар усакIуэм занщIэу псалъащхьэм деж къыщыдгурегъаIуэ, «Шэрджэс гъащIэм щыщ хъыбар» жиIэу кIэщIетхэри.
Тхыгъэм хыдолъагъуэ Пшавелэ адыгэхэм я хабзэр, зэхэтыкIэр фIыуэ ищIэу зэрыщытар, я лъэпкъым къыдекIуэкI хабзэхэр яхъумэу, нэмысымрэ щIыхьымрэ ямыгъэулъиин, хэкум и хуитыныгъэм щхьэкIэ сытри ялэжьыфыну щыта шэрджэсхэм я лIыгъэм зэрыригушхуэр, пщIэшхуэ зэрахуищIыр. Куржым и усакIуэшхуэм ди лъэпкъым иIа псэукIэр къызэрыщыхъум теухуа тхыгъэр ди бзэкIэ диIэныр щхьэпэу къэтлъытэри, ар адыгэбзэм къидгъэтIэсащ.
УЭРЭЗЕЙ Афлик, усакIуэ.
ЛЪЫЩIЭЖ
Шэрджэс гъащIэм щыщ хъыбар
1
Накъыгъэ мазэм и пщэдджыжьым
Уэгу лъащIэм щыщIэсыкIкIэ пшэхэр,
Къырыщхьэхэм, къиплъыкIыу жыжьэ,
Я пшэ-IэлъэщIхэр зытрахыр.
Къуршыжьхэр къоплъэ къэгубжьауэ,
Жэщ жейр пфIэщIынщ яримыкъуауэ.
Жьы Iэлри къопщэ, IэкIуэлъакIуэу
Къырхэм я щIакIуэр игъэныщкIуу.
Жьым игъэхъейуэ щхьэкIэ бацэр
Мэбауэ хуиту пыжьей чыцэр.
Бэуэху къыхехыр и Iубахъэм
Мы ди дунейм и уахътыншагъэр.
Къыр дзакIэ лъагэхэр щымауэ,
Къахоплъэ псынэ къащIэжауэ,
Пщащэ щхьэц кIыхь зэхэухуэнауэ
Къежэхрэ, къырхэр ягъэтхьэхуу,
Къытещэщэжу щIым псыпыхуу.
Къуршыжьхэ! Фыслъагъуху жыжьаплъэу,
Си гур къыщоуэ бгъэм, зэщIэплъэу!
КIэзызу къарууншэу си псэр,
АрщхьэкIэ сыкъэвдакъым гъусэу.
Къыздэвгуэшакъым фи Iущыгъэр,
Ди щIыгум къыфхилъхьа фи лIыгъэр.
ПсчэуIуу бгым къежэх къуршыпсыр
ЗиIуантIэу збложри, мэкIуасэ.
Iумылу кIэрыфщIахэм къуршым
Евгъафэри анэ быдзышэу,
КъэвутIыпщащи псыIэрышэу,
Къожэхыр джабэм нэшэкъашэу.
Къызэхуашэсыр цIыкIуи ини
Дамащхьэм тету я кхъуэщыныр,
ПсыхуэлIэр хуейщ ирагъэкIыну,
Псы сыхъэр нэкIу къэплъам щIакIэну.
А зэман дыдэм фэри, къуршхэ,
Аузхэм факъыдодыхьэшххэ,
Къызэхэфплъыхьу тафэ жыжьэр,
Фи псалъэмакъыр ивошажьэ.
Фатопсэлъыхь сабий гукъеуэм,
Ар зыми игу къызэремыуэм.
Жьы закъуэрщ ахэм я шу гъусэу,
Къугъ макъыр жыжьэ нагъэIусу,
Жыгеижь лъагэ щхьэкIэм фIэсыр.
2
И шыр ешами, и лъэр щIэщIэу,
Дэжащ шууейр бгы шытхым псынщIэу,
ИкIи, Алыхьым хуищIу фIыщIэ,
Къоплъыхыр бгым, аузым доплъэ,
Къелъагъур къуажэ къыщыхъуар.
Гур дэрэжэгъуэм зэщIигъаплъэу,
Хуоплъыхыр псэм и хъуахуэ хъуам.
ЦIыхухэм я закъуэкъым къуажэжьым
Шууейр сыт щыгъуи щIыхуэзэшыр,
Жыг тхьэмпэ къэс, къилъагъумэ жыжьэу,
Псэм уэрэд гуапэр щыхуегъэшыр.
ЛъыщIэж мураду и гужьгъэжьым
Щызэрихуащ ар куэдрэ къуршхэм.
И бийм къегъуэтри и лъэужьыр,
ЕщIэжыр ялъ абы и къуэшхэм.
Иджы, къигъэзэжащи лъахэм,
Бгы щыгум итщ и щIыхьым пэплъэу,
И нэгур гуфIэм зэлъыIуихыу,
Къамэ лъы защIэм и Iэр дилъэу.
Шууейм фIы дыдэу къыгуроIуэ -
ПщIэншэу къищтатэкъым и мэIур.
Шэрджэсым иIэт щIэгушхуэн,
Къуажэгъухэм щIыхь къыщIыхуащIын:
И уанэ къуапэм кIэрыщIауэ
Абы къахуехьыр бийм и Iэблэр.
А бийр къалъыхъуэхэрт куэд щIауэ
Къахуэмыгъуэту, зэрыжылэу.
Иджыри ящIэркъым къуажэгъухэм
Шууейм и зекIуэм кърикIуар.
Езы шууейми, зигъэщIагъуэу,
ИIуэтэжакIэкъым ищIар.
ЗауэлIым IэфIу псэм щегъафIэ,
Ауэ фIы дыдэу къыгуроIуэ,
Абы къыпоплъэ саугъэтыр:
Iэщэ-фащэ, шым я нэхъыфIыр -
ЗауэлIым сыт нэгъуэщI къыхуэтыр.
ИтIани псом я нэхъыщхьэжыр -
ЛIыфI я лIыфIыжу ар къокIуэжыр -
Апхуэдэу къалъытэнущ къуажэм -
Гугъу зэрехьар щагъэгъупщэжу.
ЛIы щIиукIар лъыщIэж бэлыхьщи -
Къыхуагъэгъунущ а гуэныхьыр.
3
Мес, Аслъэнбэч и унэ-лъапсэр,
И унэ уардэр, и быдапIэр.
КъызэращIэжрэ шэрджэсхэм,
Ар гущIэгъуншэщ, цIыху гъэбампIэу.
Къилъыхъуэ защIэщ бий Iэужьыр,
ЛъэмыкIыу псэуфын мамыру,
ЗэщIигъэплъэжурэ гужьгъэжьыр,
Къаугъэхэр кIэншэу игъэуэру.
КIуэ пэтми бэчыр нэхъ екIакIуэрт,
Хъуащ жаIэрт ар лъэпкъ епцIыжакIуи.
Хъушэ бэгъуахэм жэщи махуи
ЯтеплъэкъукIыркъым Аслъэныр.
Аркъэныр едзри Iэрыхуэу,
Бийм хулъэкIыжкъым IэщIэкIыну.
Ажалым къищынэмыщIауэ,
Ар зыщышынэн къэгъуэтыгъуейщ.
Зыми къыхуэщIэркъым щыкIауэ,
Апхуэдэу пщыр зыгъэнэпсейр.
Ар шэрджэс лъахэм щыпащтыхьу,
И жыIэм фIэкIыркъым зы цIыху.
И лIыукI гупхэр, зэрызехьэу,
ИкIахэщи хъийм, ямыщIэ псэху.
КъызэранэкIыу лъым и лъагъуэр,
Унагъуэ къэс ягъэщхьэжагъуэ.
Къаплъэн щылъхуу Къышырбий закъуэщ
Аслъэнбэчым хуэмыжыIэщIэр.
Куэд щIауэ хэкIкъым пщыр ныкъуакъуэм,
ЛIы инатыр хуэмыгъэIурыщIэу!
Сыт хуэдизрэ хэта Аслъэнбэч,
ЛъэкIым къытримыхьэжу шэч,
СампIэимыхьэр гъэр къищIыну,
Тезыр тIуащIэ трилъхьэну?!
Бейгуэл жыIэщIэ гупыр шууэ
Къызэхуишэсхэрэ зэдэууэ
КIэлъигъэпхъэрми гуащIэу бийм,
Мис, дыкIэлъос, жаIа къудейуэ
ЯIэщIэкIыжыфырт Къышырбийр!
Къышырбийми Iуэху и мымащIэ,
Езыр щтаучым хуэдэу гуащIэщ,
Мышынэу дэни къыщекIухьыр,
Къуажэгъухэм яригъэзу дзыхьыр:
- Сыт псоми Аслъэнбэчым и бжьыр
Фи пщэм щIыдэвгъэлъыр, ещхьу вым,
Фышынэу, зэщIэвмыхыу фи жьэр,
Сыт щIыхуейр бэлыхьхэр фэ вгъэвын?
Аркъэ, хуэфащэ-тIэ цIыху нэсым,
ГъэрыпIэм итым и мыхъурыр
Къыфтригъауэу къывипэсу,
Пщыр хуеймэ. Сыт апхуэдэ къыщIэвгъэхъур?
Е, хуитыныгъэр ффIэмыIэфIу
ДэвгъэхьэжакIэ хьэрэкъуакIэ,
Е, кIэнджэгу защIэкIэ зывгъафIэу,
ЛIыгъэм и шхуэIур футIыпщакIэ?
ЛIы хуэдэу фихьэ нэхъ зэуапIэм,
Нэхъ ффIэфI фитыну азэн джапIэм?
ЛIыукI сэ фэ зи гугъу фхуэсщIакIэр
Шым щымысхьыжу йопIэщIэкIыр.
Шур, тепыIэншэщи, хуопабгъэ
Щигъэгъуэзэнущ пщыр и лIыгъэм.
И щыхьэту зэрымылIыгъэншэм,
Абы хуихьынущ Iэблэ псэншэр.
Ауэ имыщIэ шууейм зэкIэ,
ИмыщIэ щIэщхъуу къылъыкъуэкIар,
ЗэщIипщытыкIыу тафи къуакIи,
Зылъыхъуар аракъым иукIар.
И фIэщ мэхъуж Демур: бийр ягъей,
И хьэдэр кхъэм щыщIалъхьэжакIэу,
АрщхьэкIэ, узыншэу Къышырбий
КъекIухь, пащIэкIэм щIэгуфIыкIыу.
Шэрэзыр, хуейм, трырешащIэ,
Къыхуэгъэшынукъым блэм гъущIыр.
4
МэкIуэщIыр махуэр, жьыбгъэ щIыIэр
Къожэхри бгым, толъадэр тафэм.
Дыгъэ нэбзийхэм къыр мыл пыIэр
Ныбжь щыгъуэ фащэкIэ щIауфэр.
ГуфIэгъуи, гуауи, нэщхъеягъуи
КъагъэувыIэнкIэ хэмызагъэу,
А зырщи иIэр дэрэжэгъуэу,
ХущIокъур уахътыншагъэ лIыгъэм.
Къуршыбгъэ лъэщхэм я бгы жьэгъурщ
Шэрджэс щхьэхуитхэм я унагъуэр.
ЩызокIуэр бгыхэм бгъэм ящIыгъуу,
Ар лIыхъужь нэсхэм я фIэигъуэщ.
Мы къуршыжь задэхэм я куэщIым
ЛIыхъужь дапщэ ирапIыкIар,
Хахуагъэм фIыщIэ лей щыхуащIу,
УIэгъэу дапщэ щагъэкIыжар?..
Апхуэдэ лIыхъухэр кIуэдыжыну
Хэт, и жьэм къекIуэу, хужыIэну!
Къыр лъабжьэм щIэт унэ мыиным
И пщIантIэкум къыщоувыIэ шур.
Иригъэшами и гъуэгуанэм,
Тыншыгъуэ къимылъыхъуэ псэм.
Гъэмахуэ пшыхьым уафэ лъащIэм
КъыщIэнэхукI мазэщIэу лыду,
ЩIы зытеувэр игъэхыщIэу,
ЗиIыгъщ абы, щIалэщIэу уардэу.
«Ей, унэм щIэсыр хэт? - и макъыр
ЕгъэIу хьэуар игъэкIэзызу, -
ЦIыхубз, уэ сэ сыкъэплъэгъуакъэ,
Мы си шыр сIых, зыхуей хуэгъазэ!»
Мисыр, иджы хъуащ игъуэ дыдэ
ЗэлъащIысыну зэрыжылэу
ИукIыу езы Къышырбий дыдэр,
Къызэрихьар абы и Iэблэр.
Иджы къуажэгъухэр лIым къыщытхъуу,
Хъунт батырыбжьэр кърагъахъуэм,
ЗауэлI шыщхьэмыгъазэ щIыхьыр
И унэм нобэ къыщIрехьэ!
ТIэкIу кIэщIиIэтэурэ IэлъэщIыр,
Адыгэ цIыхубз зэкIу ныбжьыщIэр
Гъэгъам уэсэпсыр къыпыткIуауэ
Пщыхъуну, бжэIум къиувауэ,
Щытщ къаплъэу, псалъэр бзу пшыналъэу
КъыпфIощI жыг щхьэкIэм къыпылъэлъу.
Е ещхькъэ ар нэбэнэушэу
Къырыщхьэм бгъэ шыр цIыкIу щыушэм?
Е жэнэт лъахэм щыблэ дыгъэм
И нуру ар къыдидзрэ бжэIум?
Сэшхуэдзэм идза мафIэ лыгъэу
Тридзэу нурыр лIым и мэIум?
Ещхь ар гъэмахуэ уафэгъуагъуэм
Тенджызым къыщиIэт толъкъуным?
ЛIыфI я лIыфIыжми зегъэщIагъуэ
Къеплъам апхуэдэ цIыхубзынэр!
ЦIыхубзым лIым хуеубыд лъэрыгъыр.
И афэ къыIихар иIыгъыу,
КIэлъоплъ ар хуэму зэрепсыхым,
Щым защIэу, и щхьэр ирихьэхыу.
Шы къэпщIэнтIам пщIэнтIэпс тхъурымбэ
Къыпыхур къыщилъагъум, фызым,
Iущащэ хуэдэ жэщ вагъуэбэр,
ДзыхьмыщIу и лIым зыхуегъазэ:
- Сыт къыплъихьар, шыщхьэмыгъазэ,
Щхьэ зыбукIыжрэ апхуэдизу?
Сыт зэрыпщIынур Къышыр лIыхъур,
КъуищIари сыт, сыт къыщIэплъыхъуэр?
ЦIыху дапщэм шыхэр зэблэфхъукIыу
Сыт щIауэ пщIэншэу ар къефхуэкIрэ?
Сыт пфIидыгъуар, е уи псэм къеIэу
Къыпщыхъурэ, къэпхьын хуэдэу и Iэр?
Иджы мыр пэжу уэ къызжеIэт,
Гужьгъэжьу сыт абы хувиIэр?!
- Фи щхьэцым фIэкIкъым фи акъылыр
Бзылъхугъэм, телъщи ар фи Iупэм.
ФымыщIэр, къытевгъалэу тIуалэу,
КъэфIуэтэжамэщ фи насыпыр.
Фэ къывэдаIуэмэ, цIыхухъум
ГъащIэр ихьынт гъуэлъыпIэр ихъуэу.
Абдеж къыдохьэ я гъунэгъур,
КъоупщI зекIуэлIым, игъэщIагъуэу:
- Укъэгуваи, сыт хъыбарыр,
ПщIэншэрызекIуэ уи къэкIухьыр
Е къэблэжьын плъэкIакIэ щIыхьыр?
- Сэ къэзгъуэтащ ар икIи сукIащ.
- Сыт жыпIэр? Уи насып къикIащ.
Ар дауэ хъуа къыпIэрыхьэнкIэ,
Уи ныбгъуэ хьэшым къибгъэхуэнкIэ?
- Жэщым сепщыхри я уэнжакъым,
Сытеуэщ, илъуи гъуэлъыпIэм,
ХэзукIыхьащ, къимыкIыу и пIэм.
Къызэхихами си щхъыщхъ макъыр,
Нэбэнэушэм и тэмакъым
Си къамэр схулъэкIащ дэслъэну,
Лъы пщтырыр кърезгъэкIутыну.
Абдежым и фызыр къыщыкIийм,
СыкъыщIэцIэфтри уафэхъуэпскIыу,
Зездзыжри шым, шы лъэгум хъуаскIэр
ЩIихыу жэщым сыхэлъэдэжащ,
Бжэн Iэлу къурш шытхым срижащ.
Лъэ макъыр къуажэм дикIутэжу.
Жэт си шыр, лъакъуэм щымысхьыжу.
Жылэ жеяр къыщыушыжым,
Къоувэ пхъэрыр си лъэужьым.
АрщхьэкIэ кIасэт, къысщIыхьэну
Абы Iэмал имыIэжынут.
КъыпызупщIакIэт бийм и Iэблэр, -
ГуфIэгъуэр и нэкIущхьэм щыблэу,
Демур ирегъэлъагъу гъунэгъум
Бий Iэблэу лъыпцIэр зыкIэрыгъуэр.
IэгуитIкIэ еубыдыжри и нэр,
Щхьэгъусэм зыкъыIуедз, мэшынэр.
Ауэ гъунэгъур, игъэщIагъуэу,
Ехъуапсэу йоплъыр къуентхъ шынагъуэм:
- Мыр телъыджащэкIэ тхьэ соIуэ,
Абы уищIынущ уэ цIэрыIуэ!
- Ей, фэ цIыхухъухэм,- жеIэ фызым, -
Сыт, фимыIэжу зы гу узи,
Лъы къыщIэфлъыхъуэр еш фымыщIэу,
Лъыуэ ягъажэр фыфIэмащIэу?
ЛIы хейм и Iэблэр къыщыслъагъум,
Сэ занщIэу сиубыдащ техьэгъуэм.
- Уэ къыпщыхъурэ сщIауэ къемызэгъ,
Е сыкъэплъытэрэ къанлыуэ?
Уэ куэдрэ сэ укъысхуэмыгъ,
Уи гур Къышыр щIэбгъэгъуу лейуэ!
Къышыри игъэтхьэджар, щхьэлъащIэ,
Уэ езым къэбжыт, уфIэмащIэ?
Вгъэжакъэ фызхэм нэпсхэр мызэу
Къэна сабийхэм щхьэ зеиншэу?
Ейщи иджы чэзур, фи гъыбзэр
Абы, фыхуитщи, хуэвгъэушэ!
Езым зилъытэжырт емынэу,
Зэрихьэрт лей, сампIэимыхьэт.
Иджы щреIу абы и унэм
Гъы макъыр, фызхэр зэщIэпыхьэу.
Къуэ угъурсызыр гум къыщIитхъыу
И анэ закъуэрщ гузэсэнур.
ЩIым тетыхункIэ гуауэ зысэм
Гукъеуэ хьэсэщ Iуихыжынур.
Апхуэдэм нэгъуэщIым и гуащIэр
Лъытэн хуеиххэу къыхуэмыщIэ.
Езым и псалъэрщ пхигъэкIынур,
МыдаIуэр бэлыхь хигъэпкIэнущ.
Уэри, мис, уэ фыз лъэпкъыншэм
ГущIэгъу залымым хубогъэшыр.
- ЦIыхухъухэ, псэлъэрей фыхъуауэ,
СывэдэIуэхункIэ напэр сфIос.
Апхуэдэ хэкум къимыхъуауэ
Щытхъугъар фэракъэ нобэм къэс:
«Зауэм Iухьамэ, Къышыр хуэдэу
Iэщэр зыгъабзэ гъуэтыгъуейщ.
Абы и лIыгъэр щапхъэ мардэ
Къытхуохъури, сыт щыгъуи дыдоплъей.
КIуэцIрещIыкIыр бийр курыхыу,
КъыпэщIэувэм и щхьэр пихыу.
Апхуэдэу гуащIэ, щхьэмыгъазэ
Хэкум къыщихъуэр зэзэмызэщ».
Иджы Аслъэн фыкъигъэутхъуэу,
ЛIым бзаджэу щыIэр хущIывотхъуэ.
Фыкъелъытэжри и бейгуэлу,
Сабийуэ пщым фыкъегъэделэ».
- ЦIыхубз, уэ мащIэщ къыбгурыIуэр,
Ущытхъуу, и цIэр бийм къыумыIуэ!
- Алыхьым щхьэкIэ гъэпщкIу а Iэблэр,
Абы сеплъыфкъым сымыдзыхэу.
И фIэщ хъужарэ ирипагэу,
ФIэфIщ Iейр игъэпIиину делэм!
- Уэ уеупщIам арат Аслъэным
Мы Iэблэм къыщIыхуикIым и нэр! -
Демур, къещтэжри Iэблэ псэншэр,
IуокIыжыр, щIехьэр ар я пэшым.
И фочым, бжым я гъусэу блыным
КъыфIелъхьэр, и гур ириину.
5
ЩIым жэщыр хуэму къыхуоIэгъуэ,
Къуажэм къэсащ и гъуэлъыжыгъуэр.
Ныжэбэ тыншу хэт хэлъынур,
Хэт жейр зи напIэм къемыкIуэнур?
Хэти и щIасэм и бэуэкIэм
ЩIэдэIуу, игъэудэIуу бакIэ,
Мэжей пщIыхьэпIэр иIэу мэIуу,
Уеблэм, адакъэр къыхуэмыIуэу.
ЗыщIеупщIэжри щIакIуэ кIапэр,
Демур зэтрелъхьэж и напIэр.
Жейм емызэгъыр и щхьэгъусэрщ,
ЦIыхубзым и псэр мэгузасэ.
Щэхуу къыщIопщри щIакIуэ щIагъым,
ЩыIэбэрабэу хъуреягъым,
Уэздыгъэ фагъуэр зэщIегъанэ,
Iэ псэншэр къыщилъыхъуэу блыным.
Гукъанэ ищIу, зы макъ гуэр,
Зригъэхузу жагъуэу гум,
Щымым къыхокIри къоIущащэ,
Нэпс пщтырыр къытригъэщащэу!
Макъ дэгуу къеIущащэр и псэм
Абы къыщохъур и нэIуасэу.
Сыту шынагъуэ а макъ щэхур,
Зы гуауэ гуэр къыхуэзыIуэхур.
Демур мэжей, пырхъыжу IэфIу.
БииIэ псэншэр гум щигъафIэу,
ИIыгъщ цIыхубзым, и Iэр дилъэу,
Къарур фIэкIуэду, фIыщIэщIэу и лъэр:
- Мыр сыт хьэзаб! Хэт мыр зи Iэблэр?!
Илъщ Iэпэм си анэм и Iэлъыныр,
Е, зэIыхьакIэу си акъылыр,
ЩымыIэ гуэр къилъагъурэ си нэм?!
И Iэгум телъщ мафIэс лъэужьыр,
Ар сэ фIы дыдэу соцIыхужыр.
Алъхъэст, си дэлъху! Ди сабигъуэм
Уи лIыгъэр сэ къысхуэбгъэщIагъуэу,
Уи Iэгум ипкъузэнти дэпыр,
ПIыгъынт, умыгъэхуадэу напIэр.
(КъыкIэлъыкIуэнущ).
ПШАВЕЛЭ Важэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "956.txt"
} |
ДУНЕЙМ ЩЫХЪЫБАРХЭР
УФ-м и Конституцэм щыубзыхуахэр ягъэзэщIэн папщIэ
Урысей Федерацэм Экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министерствэм игъэхьэзыращ щIыхуэхэр пенсэхэмкIэ ирагъэпшыныжу мыдэным, апхуэдэуи къытехуа къуэдыхэр лэжьапщIэм щыхагъэкIкIэ цIыхур псэун папщIэ нэхъ мащIэ дыдэу ягъэувауэ щыIэ мардэм хуэдиз ахъшэ иужьрейм къыхуэнэу щытыным теухуа законопроектхэр.
Иджыпсту зытет хабзэм ипкъ иткIэ, щIыхуэхэр япшыныжын щхьэкIэ узыхэIэбэ мыхъуу щыIэр социальнэ ахъшэу цIыхум хуагъэувахэм я закъуэщ. Псалъэм папщIэ, япIыжыну къащта сабийхэм ират пенсэхэм апхуэдэ щхьэусыгъуэкIэ ухэIэбэ хъунукъым, ауэ пенсэхэр яубыду цIыхум банкхэм къаIиха щIыхуэхэри, коммунальнэ Iуэхутхьэбзэхэм пэкIуэхэри хагъэкIыжыну хуитщ.
ЗаконопроектыщIэр къыхэзылъхьахэм я мурадщ узэIусэ мыхъуну хэхъуэхэу гъэбелджылауэ щыIэхэм я спискэм иджыри нэгъуэщIхэри щIагъуну. Абыхэм хагъэхьэнущ цIыхум жьыгъэкIэ, ныкъуэдыкъуагъэкIэ хуагъэува пенсэхэр, дзэм къулыкъу щызыщIахэм, хабзэхъумэ IэнатIэхэм пэрытахэм иратхэр, лэжьакIуэр сымаджагъэкIэ и IэнатIэм щыпэрымытыф зэманым пэкIуэу ират ахъшэр.
Законопроектыр зэхэзылъхьахэм зэраубзыхуамкIэ, пенсэхэм ущыхэIэбэ хъуну зыгуэрхэри къагъэлъагъуэ. Псалъэм папщIэ, псэупIэ-коммунальнэ IэнатIэм я щIыхуэ ятелъмэ, ялэжьа щIэпхъаджагъэм пэкIуэу зыгуэрхэр ятыжын хуеймэ, административнэ, суд къуэдыхэр къатехуамэ. Абы щыгъуэми хэIэбэ хъунукъым къэралым нэхъ мащIэ дыдэу щат пенсэм хуэдиз фIэкIа зрамытхэм я ахъшэм.
Я законопроектым лъабжьэ хуащIауэ зытрагъащIэр цIыхум социальнэ дэIэпыкъуныгъэ къэралым иритын хуейуэ УФ-м и Конституцэм къызэрыщыгъэлъэгъуарщ, пенсэм ухэIэбэным а хуитыныгъэхэр къызэрызэпиудырщ.
Кърымым зыщрагъэгъэпсэхунущ
Сирием щекIуэкIа, иджыри мыужьыхыжа зауэм бэлыхь хидзахэм защIэгъэкъуэным хуэунэтIа Iуэху щхьэпэ къыщыхалъхьащ Кърымым. Ар нэхъыбэу зэхьэлIар зауэм и гузэвэгъуэр зыгъэва сабийхэрщ.
«ЦIыху лажьэншэхэр зыхэхуа бэлыхьыр, зымащIэкIэ нэхъ мыхъуми, ящхьэщыхынырщ жэрдэмыр къыхэзылъхьахэм ди мурадыр, - жиIащ Экспортыр дэIыгъынымкIэ Ипщэ щIыналъэ центрым» и унафэщI, Iуэхур къезыхьэжьахэм я зэщIэгъэуIуакIуэ Серовэ Наталье.
Абы зэрыжиIамкIэ, Сириемрэ Кърымымрэ я лIыкIуэхэм иджыблагъэ Iэ щIадзащ туризм IэнатIэм щызэдэлэжьэным теухуа зэгурыIуэныгъэм. Абы щыубзыхуащ программэ зэмылIэужьыгъуэ куэд икIи ахэр хуэгъэпсащ къэралыр, абы и цIыхухэр щытыкIэ гугъум къишыным, гъащIэм лъэ быдэкIэ хэувэжыным, зи гур иудахэм гъащIэм и IэфIагъхэр зыхегъэщIэжыным хуэунэтIа Iуэхухэр.
- Ди цIыхухэр, япэхэм хуэдэу, иджыпсту зыгъэпсэхуакIуи нэгузыужьакIуи Сирием пхуэкIуэну къыщIэкIынукъым. Ди жагъуэ зэрыхъущи, абы уигу дахэ пхуэзыщIын, нэр зыгъэгуфIэн лъэпкъ зэкIэ щыплъагъунукъым. Ауэ а къэралым щыщхэр ди деж къэкIуэнущ загъэпсэхунуи, я нэгу зрагъэужьынуи, я узыншагъэр ирагъэфIэкIуэжынуи, - жиIащ Серовэм. - Ахэр гуп-гупурэ къедгъэблэгъэнущ, щхьэж зыхуэныкъуэ дэIэпыкъуныгъи ди деж щагъуэтынущ.
ПсапащIэ Iуэхур зэман кIыхьым тещIыхьауэ щытынущ. Абы IуэхуфIхэр къызэрырикIуэнум лъэныкъуитIми шэч къытрахьэркъым. Къэралыр и къэкIуэнумкIэ зыщыгугъ щIэблэм апхуэдэ IуэхутхьэбзэкIэ уахуэупсэныр Iуэхушхуэу къыщалъытэ Сириеми.
Нобэ
♦Бгыхэм я дунейпсо махуэщ
♦Танго къэфэкIэм и дунейпсо махуэщ
♦1802 гъэм император Александр Езанэм унафэ къыдигъэкIащ зэпымыууэ лэжьэну мафIэсгъэункIыфI IуэхущIапIэ Санкт-Петербург къыщызэгъэпэщыным теухуауэ. Абы лэжьэн щIидзащ 1803 гъэм и гъатхэм.
♦1815 гъэм Петербург къалэм щылажьэ Берже и заводым япэ урыс кхъухьыр щащIащ.
♦1946 гъэм ООН-м Сабийхэм защIэгъэкъуэнымкIэ фонд (ЮНИСЕФ) къызэригъэпэщащ.
♦1956 гъэм Мэлбахъуэ Тимборэ КПСС-м и обкомым и япэ секретару хахащ.
♦1972 гъэм иужьрейуэ Мазэм теуващ цIыхум и лъэ. Ар США-м и «Аполлон-17» кхъухьым исахэрт - Сернан Юджин, Эванс Роналд, Шмит Харрисон сымэт.
♦2008 гъэм, Солженицын Александр къызэралъхурэ илъэс 90 щрикъум ирихьэлIэу, къызэIуахащ абы и гъащIэм и къекIуэкIыкIам, и творчествэм, урысей, дунейпсо тхыдэм щиIыгъ увыпIэм теухуа сайт. Ар зи жэрдэмыр тхакIуэм и щхьэгъусэ Солженицынэ Натальет.
♦1843 гъэм къалъхуащ нэмыцэ бактериолог цIэрыIуэ, Нобель и саугъэтыр зрата Кох Роберт.
♦1856 гъэм къалъхуащ урысей политик, публицист Плеханов Георгий.
♦1913 гъэм къалъхуащ франджы актёр, тхакIуэ, сурэтыщI, скульптор Марэ Жан.
♦1918 гъэм къалъхуащ урыс тхакIуэ, жылагъуэ лэжьакIуэ, Нобель и саугъэтым и лауреат Солженицын Александр.
♦1922 гъэм къалъхуащ тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор Щхьэгуэш ШотIэ.
♦1922 гъэм къалъхуащ совет теннисист, актёр, спорт комментатор цIэрыIуэу щыта, УФ-м и цIыхубэ артист Озеров Николай.
♦1930 гъэм къалъхуащ актёр, УФ-м и цIыхубэ артист Светин Михаил (и цIэ дыдэр Гольцман Михаилщ).
♦1935 гъэм къалъхуащ КъБР-м и цIыхубэ сурэтыщI Абей Виктор.
♦1949 гъэм къалъхуащ актёр, УФ-м и цIыхубэ артист Щербаков Борис.
♦1953 гъэм къалъхуащ совет музыкант, уэрэджыIакIуэ, «Машина времени» гуп цIэрыIуэр къызэзыгъэпэща, УФ-м и цIыхубэ артист Макаревич Андрей.
♦1956 гъэм къалъхуащ КъБР-м мэкъумэш хозяйствэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Сэкрэк Владимир.
♦1967 гъэм къалъхуащ «Кабардинка» ансамблым и къэфакIуэ пажэу щыта, КъБР-м и цIыхубэ артисткэ Егъэн (Багъэтыр) Мадинэ.
♦1969 гъэм къалъхуащ Индием щыщ гроссмейстер, дунейм шахматымкIэ и епщыкIутхуанэ чемпион Вишванатан Ананд.
♦1982 гъэм къалъхуащ Осетие Ищхъэрэ - Аланием щыщ бэнакIуэ цIэрыIуэ, дунейм тхуэнейрэ и чемпион, 2004 гъэм Афины (Алыдж) щекIуэкIа Олимп Джэгухэм дыщэ медаль къыщызыхьа, УФ-м спортымкIэ щIыхь зиIэ и мастер Гацалов Хьэжмурат.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Махуэм хуабэр градуси 4 - 6, жэщым щIыIэр градуси 3 - 2 щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
Аслъэныр жьы хъумэ, хьэIуцыдзыр мэятэ.
Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "957.txt"
} |
ПсапащIэ ныбжьыщIэхэр
«2019 гъэм и волонтёр нэхъыфI» республикэ зэпеуэм щытекIуахэр иджыблагъэ ягъэнэIуащ.
Волонтёр гупхэр, IуэхущIапIэхэм я лIыкIуэу илъэс 14-м зи ныбжьыр фIэкIахэр хэту ирагъэкIуэкIа зэпеуэм и къалэн нэхъыщхьэр псапэ зыпылъ Iуэхум ди щIыналъэм зыщегъэубгъунымрэ абы нэхъыбэ къыхэшэнымрэщ.
Класс нэхъыжьхэм щеджэу школакIуэ 13 хэтащ а зэпеуэм. Ахэр республикэ зэпеуэм къыхыхьэн ипэкIэ, щхьэж зыщыщ щIыналъэм щрагъэкIуэкIа зэхьэзэхуэхэм я зэфIэкI щагъэлъэгъуащ.
Волонтёр зэпеуэм хэтхэм япэщIыкIэ зыкърагъэцIыхун хуейт къэпщытакIуэхэм, ахэр зыхэт гупым тепсэлъыхьын, IуэхуфIу ящIам, мы зэманкIэ зи яужь итхэм къызэхуэсахэр кIэщIу щагъэгъуэзапхъэт.
ГъэщIэгъуэну загъэхьэзырат ныбжьыщIэхэм. Пэжщ, ахэр зэхуэдэу гушхуауэ утыкум итакъым, ауэ нэхъыщхьэр а сабийхэр псапэ щIэным гурэ псэкIэ зэрыбгъэдэтырщ.
Зэпеуэм зэрызыкъыщагъэлъэгъуам елъытауэ, къэпщытакIуэхэм къыхагъэщхьэхукIахэм ящыщщ Нарткъалэ дэт лицей №1-м и волонтёр гупыр. Абыхэм я пашэ Тамбий Лоринэ жиIащ школакIуэ цIыкIухэр лIыжь-фызыжьхэм зэрадэIэпыкъур. Iуэхур нэхъ псынщIэ къащещI вайберым щащIа гуп щхьэхуэм, абдеж дэIэпыкъуэгъу хуэныкъуэ нэхъыжьхэм щытопсэлъыхь, ахэр зыIууэ лъэпощхьэпохэр зэрызэфIахыфыну IэмалхэмкIэ зочэнджэщ. Къыхэгъэщыпхъэщ, а гупым щIыналъэ администрацэм и лэжьакIуэхэм ящыщи зэрыхэтым и фIыгъэкIэ, Iуэхур нэхъ тыншу зэфIэха зэрыхъур.
Прохладнэ щIыналъэм хыхьэ Солдатскэ къуажэм щыщ волонтёрхэри нэхъыфIхэм ящыщу къыхагъэщащ. «Горячие сердца» гупым я унафэщI Насоновэ Янэ ТекIуэныгъэ Иныр илъэс 75-рэ зэрырикъум хуэгъэпса проект утыку кърихьащ. НыбжьыщIэхэм я мурадщ Хэку зауэшхуэм лIыхъужьыгъэ къыщызыгъэлъэгъуа я къуажэгъухэм я фэеплъу школым къедзылIа щIы Iыхьэм жыг щыхасэну.
Дзэлыкъуэдэс къуажэ (Дзэлыкъуэ щIыналъэ) щыщ, «Помоги ближнему» псапащIэ гупым хэт Маргъущ Миланэ жиIащ и лэжьыгъэр нэхъыбэу щIыуэпсым зэрехьэлIар. Абы хъыджэбзыр тезыгъэгушхуар илъэс зыбжанэ ипэкIэ зыхэта «Iуащхьэмахуэ къабзэ» Iуэхуращ. Миланэ жеIэ а Iуащхьэр зи дахагъыр кIэрыхубжьэрыху идзыпIэ зэращIар игу къызэреуар, икIи ар гъэкъэбзэным, щIыуэпсыр хъумэным я мыхьэнэр зыхуэдэр абдеж къызэрыщыгурыIуар.
Ещанэ увыпIэр Щоджэн Самирэрэ Насоновэ Янэрэ зэдагуэшащ, етIуанэр иратащ Маргъущ Миланэрэ Жабоевэ Лаурэрэ. «Къэбэрдей-Балъкъэрым и волонтёр-2019» цIэр зыхуагъэфэщар Тамбий Лоринэщ.
Маргъущ Миланэ
Тамбий Лоринэ
УРЫС Гюльнарэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "958.txt"
} |
Къэбэрдей-Балъкъэрым и тхьэIухудхэр
ЩэкIуэгъуэм и 26-м Налшык щекIуэкIащ тхьэIухудхэм я зэпеуэ «Мисс КБР-2019», «STARKBR» агентствэм къызэригъэпэщар.
Дахэхэм я нэхъ дахэжыр къыщыхаха а пшыхьым хъыджэбзхэм мазэ бжыгъэкIэ зыхуагъэхьэзырат. Къафэм, утыку итыкIэм хуагъэсам и мызакъуэу, фотосессие куэдым, къалэм и махуэм ирихьэлIэу удз гъэгъахэм я фестиваль екIуэкIами хэтащ ахэр.
Гухэхъуэт Профсоюзхэм я щэнхабзэ уардэунэм и утыкум къихьа хъыджэбз зэкIужхэм уахэплъэну.
ТхьэIухуд зэпеуэхэм я хабзэм тету ирагъэкIуэкIащ иджырейри. Утыку итыкIэ зэращIэр, къафэм зэрыхуэIэзэр, я акъыл жанагъыр, творческэ зэфIэкIхэр ягъэлъэгъуащ пщащэхэм.
Тынштэкъым, дауи, къэпщытакIуэхэм я къалэныр - зэпеуэм хэтахэр зэхуэфащэ зэхьэрхуэрэгъухэт. «Мисс «Генеральный спонсор», «Мисс «Инстаграмм» хъуар ДыщэкI Заринэщ, етIуанэ вице-мисс цIэр Мукаиловэ Минарэ фIащащ, япэ вице-миссыр Нэжыгуэ Эллэщ, япэ ищар, «Къэбэрдей-Балъкъэрым и тхьэIухуд-2019» цIэр зыхуагъэфэщар, Иуан Аленэщ.
ПЕЧОНОВЭ Наталье.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "959.txt"
} |
«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и пащхьэ щиIэ фIыщIэм папщIэ» орденыр Сэбаншы Р. Къ. етыным и IуэхукIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэралыгъуэр зэтегъэувэным къаруушхуэ зэрырихьэлIам икIи жылагъуэ лэжьыгъэм жыджэру зэрыхэтым къыхэкIыу «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и пащхьэ щиIэ фыщIэм папщIэ» орденыр етын Сэбаншы Розэ Къаншумэс и пхъум - «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и комсомолым и ветеранхэм я совет» жылагъуэ зэгухьэныгъэм щIыхь зиIэ и унафэщIым.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и
Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек
Налшык къалэ
2018 гъэм дыгъэгъазэм и 12-м
№194-УГ
Сэбаншы Розэ Къаншумэс и пхъур «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и комсомолым и ветеранхэм я совет» жылагъуэ зэгухьэныгъэм щIыхь зиIэ и унафэщIщ, «Горянка» газетыр къызэригъэпэщащ икIи абы и япэ редактор нэхъыщхьэу щытащ.
КъБКъУ-м и тхыдэ-филологие факультетыр, Краснодар крайм и парт школыр къиухащ. Комсомолым и Налшык къалэ комитетым и етIуанэ секретару, ВЛКСМ-м и Къэбэрдей-Балъкъэр обкомым и япэ секретару щытащ. Илъэс тIощIым щIигъукIэ профсоюзхэм я советым и Къэбэрдей-Балъкъэр областной советым и унафэщIу лэжьащ.
ГуащIэдэкI Бэракъ Плъыжь орденыр, «ЩIыхь Дамыгъэ» орденыр, КъБАССР-м и Совет Нэхъыщхьэм, КъБАССР-м и Президентым, КъБР-м и Парламентым я щIыхь тхылъхэр къратащ. ЦIыхубзхэм я «Горянка» газетым и унафэщIу 1993 - 2006 гъэхэм щытащ. Сэбаншы Розэ «Мэлбахъуэ Т. Къу. и блокнот цIэрыIуэхэр», «Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубзхэр» тхылъхэр къыдигъэкIащ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "96.txt"
} |
Къуажэ пхыдзахэми лъэIэсынущ
Иджырей техникэ IэмэпсымэхэмкIэ къызыхуэтыншэу зэщIэузэда автоклуб Бахъсэн щIыналъэм иратащ.
ИпэIуэкIэ дытепсэлъыхьауэ щытащ мыпхуэдэ автоклубыр тыншу концерт щат утыку ин е кинозал хьэлэмэт зэрыхъум. КъищынэмыщIауэ, а автоклубхэм щагъэлъагъуэ концертхэмрэ кинохэмрэ занщIэу ИнтернеткIи уеплъыфынущ.
Автомашинэр Бахъсэн щIыналъэм щратым, районым и унафэщIым и къуэдзэ Ахъуэбэч Андзор жиIащ мы автоклубым и фIыгъэкIэ артистхэм, щэнхабзэм и лэжьакIуэхэм я Iуэхур нэхъ тынш зэрыхъунур. Иджы ахэр лъэIэсыфынущ къуажэ пхыдзахэми.
«Культура» лъэпкъ проектым ипкъ иткIэ 2024 гъэ хъуху Урысей Федерацэм и хэгъэгу 74-м апхуэдэ автоклубу 600 иратынущ, муниципалитет минитIым ящыщ дэтхэнэми я нэхъ мащIэу зы автоклуб лъысу. Псори зэхэту а программэм сом мелардищ трагъэкIуэдэнущ.
Чылар Аринэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "960.txt"
} |
Ди гулъытэ хуэныкъуэхэм яхуэгъэзауэ
Ди къэралым и щIыпIэ куэдым мы махуэхэм къыщызэрагъэпэщ зи узыншагъэм сэкъат иIэхэм яхуэгъэза Iуэхугъуэхэр. Абыхэм ящыщщ Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и «Точка кипения» IэнатIэм щрагъэкIуэкIа, куэд къызэщIэзыубыдэ тест лэжьыгъэр. ЕджапIэ нэхъыщхьэр хъуащ Зи узыншагъэм сэкъат иIэхэм я махуэм ирихьэлIэ апхуэдэ Iуэхугъуэ щызэфIаха УФ-м и утыкуи 8-м ящыщ зы.
Жэрдэмыр къызыбгъэдэкIар КъБР-м Лэжьыгъэмрэ цIыхухэм социальнэу защIэгъэкъуэнымкIэ и министерствэращ. КъБКъУ-м и пресс-IэнатIэм хъыбар къызэрыдигъэщIамкIэ, ар жыджэру даIыгъащ еджапIэ нэхъыщхьэм и унафэщIхэм икIи къызыхуэтыншэу егъэкIуэкIыным я зэфIэкI ирахьэлIащ.
«Псоми ди зэхуэдэ Iэмалхэр» къэрал программэм хиубыдэ а жылагъуэ акцэм хэтыну, тестым пхыкIыну гукъыдэж зиIэхэр цIыху 250-м щIигъурт. Абыхэм яхэтт студентхэри, школакIуэхэри, егъэджакIуэхэри, дохутырхэри, цIыхухэм Iуэхутхьэбзэ щыхуащIэ IэнатIэхэм я IэщIагъэлIхэри. Интернетым и академия-дс.рф сайтым зыщрагъэтха нэужь, ахэр щагъэгъуэзащ тест лэжьыгъэр гъэзэщIэн зэрыхуей щIыкIэхэм.
Ар яублэн ипэ къихуэу къызэхуэсахэм псалъэ гуапэкIэ зыхуагъэзащ КъБР-м лэжьыгъэмрэ цIыхухэм социальнэу защIэгъэкъуэнымкIэ и министрым и къуэдзэ Романовэ Еленэ, КъБКъУ-м и ректорым и чэнджэщэгъу, факультет терапиемкIэ кафедрэм и унафэщI Iумэт Мурат, еджапIэ нэхъыщхьэм зэпIэзэрыту зиужьынымкIэ и кафедрэм и аналитик, клиникэ психолог Накуэ Алинэ, Шэджэм щIыналъэ сымаджэщым и дохутыр нэхъыщхьэм и къуэдзэ Абрэдж Ислъам, Зи нэм имылъагъухэм я республикэ библиотекэм и унафэщI Хьэмдэхъу Жаннэ сымэ. Ахэр тепсэлъыхьащ апхуэдэ жылагъуэпсо акцэм зи узыншагъэм сэкъат иIэхэм я дежкIэ мыхьэнэшхуэ зэриIэм, къэрал унафэщIхэм абы кърикIуэхэм набдзэгубдзаплъэу щыгъуазэ зыхуащIу ныкъуэдыкъуагъэ зыбгъэдэлъхэм зэрызэщIагъэкъуэнум.
А Iуэхугъуэхэрат тестыр (упщIэ - жэуап) егъэкIуэкIыным и мурад нэхъыщхьэри: ныкъуэдыкъуагъэ зыбгъэдэлъ цIыхухэр (я ныбжьым емылъытауэ) зыгъэпIейтей Iуэхугъуэхэр иджыри зэ наIуэ къэщIынырщ, ахэр гъащIэм тыншу хэзэгъэным, жылагъуэм зэрыхэтыфыным епха IэмалыщIэхэр къахузэIухынырщ.
«Точка кипения-Москва» утыкум онлайн IэмалымкIэ пыщIауэ екIуэкIащ КъБКъУ-м къыщызэрагъэпэща Iуэхугъуэр. Абы хэтахэм зы сыхьэтым къриубыдэу жэуап змылIэужьыгъуэхэр иратащ упщIэ 50-м. Ахэр ятеухуат ныкъуэдыкъуагъэ зыбгъэдэлъ цIыхухэм зэрахущытыпхъэ, зэрепсэлъапхъэ щIыкIэхэм, ахэр цIыху узыншэхэм нэхъ тыншу яхэзэгъэн щхьэкIэ лэжьыпхъэу къалъытэхэм, зи нэм фIыуэ имылъагъу, фIыуэ зэхэзымых цIыхухэм, хуиту къэзымыкIухьыфхэм яхуэтщIэфыну Iуэхутхьэбзэхэм, гулъытэм.
Тест лэжьыгъэр зэфIэкIа нэужь, абы хэтахэр ирагъэплъащ аутизм къызэузхэм зэрахущытыпхъэм теухуа фильм.
УФ-м и Правительствэм и нэIэм щIэту эксперт советым, ФедерацэмкIэ Советым Ныкъуэдыкъуагъэ зыбгъэдэлъ цIыхухэм я IуэхухэмкIэ и советым, УФ-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм деж щылажьэ Жылагъуэ советым хэт, зи нэм имылъагъухэмрэ зэхэзымыххэмрэ я псапащIэ фондым и пашэ Поликанов Дмитрий эфир занщIэкIэ лэжьыгъэхэр зэпкърихащ, жэуап пэжхэр къыхигъэщу.
Проектым хэта псоми абы щыхьэт техъуэ сертификатхэр иратыжащ.
ЖЫЛАСЭ Маритэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "961.txt"
} |
Топджэгум и адыгэ лъагъуэхэш
(Футболист Iэпщэ Александр и гъащIэм теухуа япэ Iыхьэ.)
Дыгъэгъазэм и 19-м ди республикэм щагъэлъэпIэнущ Совет Союзымрэ Урысей Федерацэмрэ футболымкIэ я чемпион, Къэбэрдей-Балъкъэрым физическэ щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Iэпщэ Александр къызэралъхурэ илъэс 80 зэрырикъур.
Топджэгум ди лъэпкъэгъухэм я деж зыщиужьынымкIэ мыхьэнэшхуэ дыдэ иIащ блэкIа лIэщIыгъуэм и 30 гъэхэм и кIэухым Къызбрун Езанэ (иджы ХьэтIохъущыкъуей) къуажэм къыщалъхуа Iэпщэ Александр и зэфIэкIым. Ар ящыщащ къэралым щекIуэкI зэхьэзэхуэм хэтын папщIэ 1959 гъэм япэ дыдэу ди республикэм къыщызэрагъэпэща «Спартак» (Налшык) футбол командэм хагъэхьахэм. Iэпщэ Александрщ зэи къэмыхъуауэ дэ тщыщу Совет Союзым и чемпион хъууэ 1964 гъэм «СССР-м спортымкIэ и мастер» цIэр къызыфIащар. Аращ Налшык и «Спартак»-м и пашэу щытар, къыкIэлъыкIуэ 1965 гъэм япэ дыдэу ди командэр Урысей Федерацэм и чемпион щыхъуам. А псоми къыхэкIыу дэ къэтлъытащ къыкIэлъыкIуэ ди къыдэкIыгъуищыр Iэпщэ Александр тедухуэну.
ЛIакъуэм къыпызыща ХьэтIохъущыкъуейм щыщ Шурэ
…Гъунапкъэншэт Iэпщэхэ я унагъуэм къихъуа гуфIэгъуэр. ГущIэгъуншэу и бынхэр ягъэкIуэда иужькIэ, Елджэрыкъуэ и къуэ нэхъыщIэ Ладин щIалэ къыхуалъхуат. Адэми адэшхуэми а махуэ лъапIэр я нэгу щIэкIакъым, ауэ шэч зыхэмылъращи, я псэр щыгуфIыкIащ я лIакъуэр хэзымыгъэгъуэщэжын щIалэ къазэрыщIэхъуам.
Къызбрун Езанэм (1920 - 2004 гъэхэм ХьэтIохъущыкъуейм а цIэр зэрихьащ) пэмыжыжьэу Бахъсэн ГЭС-р и гуащIэгъуэу щаухуэрт. Зи автономиер зэфIэувагъащIэ Къэбэрдей-Балъкъэр областыр абы бэкIэ щыгугъырт - электрокъарур яIэ зэрыхъуу унэхэм «Ильич и нурыр» къыщыблэнут, цIыху минхэр щылэжьэну фабрикэхэмрэ заводхэмрэ къызэIуахынут... Совет Союзышхуэм и щIыпIэ куэдым къикIа, лъэпкъ куэдым ящыщ IэщIагъэлIхэм гидроэлектростанцыр тхуаухуэрт. Абыхэм мымащIэу узыщрихьэлIэ «Шурэ» цIэр Iэпщэхэ я Iыхьлыхэм ящыщ гуэрым хуабжьу игу ирихьащ икIи къалъхуагъащIэм фIригъэщащ.
Iэпщэ Шурэ (Сашэ, Александр) къыщалъхуа илъэсым нэхъ къытеувыIэн хуейуэ къыщIэкIынщ. Дэфтэрхэм къызэрыхэщыжымкIэ, абы и адэ Ладин 1937 гъэм фокIадэм (сентябрым) и 29-м етIуанэу ягъэтIысащ икIи мазитху дэмыкIыу, мазаем (февралым) и 21-м, лъэхъуэщым илIыхьащ. Абы къыхэкIкIэ Iэпщэ Александр къыщалъхуар 1938 гъэм и гъатхэм нэхърэ нэхъ кIасэкъым. Ар дунейм къыщытехьауэ ирагъэтхауэ щыта 1939 гъэм дыгъэгъазэм (декабрым) и 19-р къыщIыхахам и щхьэусыгъуэр Тхьэм ещIэ, абы и Iыхьылхэм ар къыджаIэфакъым. Апхуэдэу щыт пэтми, къызэралъхуам и щыхьэт тхылъым итыр тегъэщIапIэ тщIынщ.
Анэми шыпхъу нэхъыжьхэми щIалэ цIыкIур щIым нагъэсыртэкъым. Абыхэм я гуфIэгъуэшхуэт, Ладин зэрыщIэхъуэпсауэ, пыIэ зыщхьэрыгъ цIыхухъу я унагъуэм къызэрихъуэжар. Пэжщ, егъэлеяуэ ягъэфIэнуи Iэмал яIащэтэкъым - гъащIэ гугъум ерагъкIэ хэпсэукIыфу арат. А псом ищIыIужкIэ куэдым хьэзаб мыухыжхэр къахуэзыхьа, цIыху мелуанхэр зыхэкIуэда Хэку зауэшхуэми мыгувэу къыщIидзащ. ИужькIи нэхъ тыншакъым - зауэм зэтрикъутахэр зэфIэгъэувэжын, гъащIэр зэтеухуэжын хуейт. Абыхэм жэщ-махуэ жамыIэу балигъхэри зи къарур зэпцIа къудей ныбжьыщIэхэри псэхугъуэ имыIэу телажьэрт. Мис апхуэдэу екIуэкIащ Iэпщэ Шурэ и сабиигъуэр.
Школым зэрыщыIа зэманри зэрыхъукIэ ягъэкIуащ. ЗэрахузэфIэкIкIэ ирагъаджэрт, зэрыхуейуэ щIэныгъэ зрагъэгъуэтырт. ГурыфIыгъуэр физкультурэм и дерсхэрт - абыхэм урикъухукIэ топ ущыджэгу хъурт. Футболыр апхуэдизкIэ сабийхэм фIыуэ ялъэгъуати, дакъикъэ зыбжанэ нэхъ мыхъуми къазэрыхудэхуэу хъыданыжькIэ куда «топыр» кърахуэкIырт.
Къызэралъхурэ цIыхухъу закъуэу Шурэ унагъуэм исащ. Абы ихь жэуаплыныгъэр игъэбагъуэрт. Хадэр къатIынуми, мэзым пхъэгъэсын кърашынуми, нэгъуэщI лэжьыгъэ хьэлъэ гуэр ягъэзэщIэнуми ар езым и пщэм къыдэхуэу къилъытэрт. КъищынэмыщIауэ, ищIэрт и анэми шыпхъухэми я щIэгъэкъуэну, къыщхьэщыжакIуэу зэрыщытын хуейр. И гъащIэр иухыхукIэ ар абы тетащ.
Унагъуэ Iуэхухэмрэ еджэнымрэ Шурэ зэман куэд къыхуагъанэртэкъым. АрщхьэкIэ апхуэдэ къызэрыхукъуэкIыу, и ныбжьэгъухэм я гъусэу ныджэм къыщыхутэрти топыр ирахужьэрт, уеблэмэ шхэн зэрыхуейр щыщыгъупщэж къэхъуу.
Курыт еджапIэр ехъулIэныгъэкIэ къиуха иужькIэ Iэпщэ Сашэ щIыщIэр къэзыIэтхэм я гъусэу Къэзахъстаным кIуащ. Зэрыкъэралу а Iуэхугъуэм зэщIищтат. Коммунист партым и ЦК-м и Iэтащхьэ къулыкъур а лъэхъэнэм зылъыса Хрущёв Никитэ псори къигъэгугъат щIыщIэхэр къаIэтрэ абыхэм нартыхурэ гуэдзрэ куэду щыхасэмэ цIыхухэр - ерыскъыпхъэкIэ, Iэщхэмрэ джэдкъазхэмрэ - мэкъумылэрэ IускIэ пэрыхьэту къызэгъэпэща хъуну. Саши гурэ псэкIэ а Iуэхугъуэр диIыгъащ икIи «ЩIыщIэр къызэриIэтам папщIэ» медалыр къыхуагъэфэщауэ къигъэзэжащ.
Iэпщэ Александр сыт щыгъуи унэгуу щытащ. Дэнэ кIуэми, куэдрэ щымыIэфу, ар и унэ къекIуэлIэжырт. Япэ дыдэу адэжь лъапсэр зэман кIыхькIэ ибгынэу Къэзахъстаным и губгъуэхэм къыщыхутам псом хуэмыдэу быдэу зыхищIащ Къэбэрдейм къыщигъэна и Iыхьлыхэр абы и дежкIэ хуабжьу зэрылъапIэр. Мазищ дэкIри, абы Къызбрун Езанэм къигъэзэжащ.
Шурэ и гъащIэм мыхьэнэшхуэ щиIащ и адэ къуэшым и къуэ Алий. Ар езыр зэрысабийрэ топджэгум дихьэхауэ зэфIэкI хъарзынэ зиIэ щIалэ Iэчлъэчт. Алийщ Шурэ Тырныуаз лэжьапIэ шахтым зыгъэувар икIи и къуэш нэхъыщIэм футболым хуиIэ фIылъагъуныгъэр зыхэзыщIэу езыр зыхэт щIыпIэ командэм хэзышар. АдэкIэ Iуэхум хэлъ щыIэт?! Къэбэрдейм щызэлъэщIысащ Тырныауз щыщ Шурэ и топ джэгукIэ телъыджэм и хъыбарыр. ИкIи Совет Союзым щекIуэкI зэхьэзэхуэм хыхьэну зэи къэмыхъуауэ 1959 гъэм ди республикэм Iэмал къыщратым зэхуашэса Налшык и «Спартак»-м ди лъэпкъэгъухэм ящыщу Наурзокъуэ Юрэ, Iэпщэ Александр, Лий Руслан сымэ ирагъэблэгъащ. Ахэращ адыгэхэр дэзыхьэх топджэгум и лъабжьэр зыгъэтылъар.
1959 гъэм мэлыжьыхьым (апрелым) и 18-р Къэбэрдей-Балъкъэрым и тхыдэм хыхьащ - ди республикэм и щIыхьыр зыхъумэ командэ япэ дыдэу къэралпсо утыку ихьащ. Совет Союзым футболымкIэ щекIуэкI зэхьэзэхуэм и «Б» классым Налшык и «Спартак»-м хьэрхуэрэгъу къыщыхуэхъуащ Кавказ Ищхъэрэмрэ Кавказ АдрыщIымрэ я гуп лъэщхэр. Ереван и «Спартак»-р, Грознэ и «Тэрчыр», Краснодар и «Кубань»-р, Кутаиси и «Торпедо»-р, Дон Iус Ростов и «Ростсельмаш»-р, Баку и «Нефтяник»-р, нэгъуэщIхэри налшыкдэсхэм я япэ ныкъуэкъуэгъухэм ящыщащ.
Зэхьэзэхуэр щIидзэным мазэ зыбжанэ иIэжу ди республикэм псалъэмакъыу щекIуэкIым я нэхъыбэр зытеухуар Налшык и «Спартак»-р къэралпсо утыку зэрихьэнурат. Совет Союзым и адрей командэхэм дыдейхэр дауэ ядэхъуну? «Спартак»-м хэт сымэ хагъэхьэнур? ДамыгъэукIытэну пIэрэ? Апхуэдэ упщIэхэр я куэдт футболым дихьэххэм.
Япэ зэIущIэр щекIуэкIыну махуэм, джэгум щIидзэным иджыри сыхьэт зыбжанэ иIэжу, цIыхухэр уэру Налшык и «Спартак» стадионым къекIуалIэу хуежьащ. Мы Iуэхугъуэшхуэм и хьэтыркIэ къалэм и промышленнэ IэнатIэхэм лэжьэгъу махуэр щагъэкIэщIащ, къуажэ, хозяйственнэ унафэщIхэм хэти автобусхэр, апхуэдэ зимыIэхэм хьэлъэзешэ автомашинэхэр хухахащ топджэгум кIуэну хуейхэр зэIущIэм ирихьэлIэн папщIэ. Дауи, стадионым IэпэдэупIэ имыIэу цIыхур из хъуат.
ЗэIущIэм и судья нэхъыщхьэм командэхэр губгъуэм кърешэ. Абыхэм щыту Iэгу хуоуэ стадионым ис цIыху минипщIхэр. Псом хуэмыдэу ахэр дэрэжэгъуэм къызэщIеIэтэ я лъахэгъухэу Наурзокъуэ Юрэ, Iэпщэ Александр, Лий Руслан сымэ я цIэр дикторым къыщриIуэкIэ.
А пщыхьэщхьэм ди «Спартак»-м япэ текIуэныгъэр къихьащ. Абы «Ширак»-р 2:1-уэ хигъэщIащ. Республикэм и щIыпIэ псоми къикIауэ стадионым щызэхуэса цIыху минхэм я дэрэжэгъуэр къыпхуэмыIуэтэнт. А гуфIэгъуэр абыхэм я унагъуэхэм, гъунэгъухэм, лъэпкъхэм, лэжьапIэхэм зэдахьат икIи топджэгум зэрыщыIамрэ зэIущIэр зэрекIуакIамрэ теухуа хъыбархэр щIэгъэтхъауэ яIуэтэжырт. Яхуэухыжыртэкъым «Спартак»-м хэт адыгэхэм ятепсэлъыхьыныр. Куэдым и гугъу ящIырт ермэлыхэм я гъуащхьауэхэм кIуапIи-жапIи езымыта Тырныауз щыщ щIалэщIэм. Хэти абы ШурэкIэ, хэти СашэкIэ еджэрт, ауэ абы зыми зригъэхъуэжыртэкъым - ар цIыхухэм фIыуэ ялъэгъуат.
ЯпэщIыкIэ Iэпщэ Александр гъуащхьэхъумэу «Спартак»-м хагъэхьащ. А IэнатIэр абы игу ирихьыщэу щытауэ пхужыIэнукъым. АрщхьэкIэ дзыхь къыхуащIа къалэныр къикIуэт имыщIэу игъэзащIэрт. Абы щыгъуэми нэрылъагъут ар ебгъэрыкIуэныгъэм къызэрыхуигъэщIар икIи къыщыхъу щыIэт къемыдэIуэжу и лъакъуэхэм ипэкIэ щахь. Апхуэдэ нэхъуеиншагъэм гъуэгу етын хуейуэ арат. Тренерхэми а Iуэхугъуэм гу лъамытэу къэнакъым - къыкIэлъыкIуэ илъэсым Налшык и «Спартак»-м и гъуащхьауэ хъуащ Iэпщэ Александр.
Ди командэм хэту Iэпщэм япэ топыр дигъэкIащ 1959 гъэм мэкъуауэгъуэм (июным) и 24-м. Абы теухуауэ газетхэм къытрадза тхыгъэхэм ящыщ зым дыкъыщоджэ: «Къэралым и чемпионатым и «Б» классым хэт командэхэм я зэхьэзэхуэм и япэ къекIуэкIыгъуэр иухащ. ЕтIуанэм щIидзэным ипэ къыхуэу Совет Союзым и кубокыр къэхьыным теухуа зэIущIэхэр ирагъэкIуэкIащ. Абы Налшык и «Спартак»-ри иджы хэтщ. Япэ дыдэ зэIущIэм ди щIалэхэм хьэрхуэрэгъу къахуэхъуащ Грузием и Кутаиси къалэм къикIа «Торпедо» командэ лъэщыр.
Мыхэр мэкъуауэгъуэм и 23-м зэIущIащ. АрщхьэкIэ текIуар яхузэхэгъэкIатэкъыми, къыкIэлъыкIуэ махуэм етIуанэу зэпэщIэувэн хуей хъуащ.
Аргуэрыжьти, етIощIанэ дакъикъэр хьэщIэхэм яхуэугъурлакъым. Iэпщэ Александр дахэ дыдэу топ яхудигъэкIащ. Мыгувэу Чистохваловым ар игъэбэгъуащ.
«Торпедо»-м бжыгъэр 2:1-м хуигъэкIуэну хузэфIэкIа пэтми, налшыкдэсхэр убыдыпIэгъуейт. ЯпэщIыкIэ «Спартак»-р 3:1-уэ япэ ищащ. КъыкIэлъыкIуэу Iэпщэм кърита топыр Костиным дигъэкIащ. КIэух бжыгъэр зыгъэувар Iэпщэ Александрщ. Ди щIалэхэр 5:2-уэ текIуэри, СССР-м и кубокым щIэбэнынухэм къахэнащ».
Чемпионатым ипкъ иткIэ Iэпщэр къыщыхэжаныкIар нэхъ иужьыIуэкIэщ. Тбилиси и щIыпIэ «Локомотив»-м щыдэджэгуу фокIадэм (сентябрым) и 9-м хэгъэрейхэм я гъуэр хигъэщIащ. Абы ирихьэлIэу ди щIалэхэм 0:4-уэ фIахьырт икIи Сашэ къигъэлъэгъуащ зэи и лъэр зэрыщIэмыхур икIи зэрызимытыр.
Налшык и «Спартак»-р союзпсо зэхьэзэхуэм япэу щыхыхьа 1959 гъэм Iэпщэ Александр джэгугъуэ 26-м щыщу 25-м хэтащ. Ар и щыхьэтщ командэщIэм абы и зэфIэкIыр къызэрыщалъытар. КъыкIэлъыкIуэ илъэсхэм Iэпщэм и Iэзагъым хэпщIыкIыу хигъэхъуащ. Сашэ къарууфIэм и мызакъуэу, ики техникэкIи лъэрызехьэт. Мыгувэу абы теухуа хъыбарыр ди къэралым и къалащхьэ Мэзкууи нэсащ. 1961гъэм екIуэкI зэхьэзэхуэм и гуащIэгъуэу Iэпщэ Александр ирагъэблэгъащ я зэфIэкIымкIэ дуней псом цIэрыIуэ щыхъуахэу Яшиныр, Царёвыр, Численкэ, Кесаревыр, Соловьёвыр, нэгъуэщIхэри зыхэт «Динамо»-м.
Яшиныр гъуащхьэтету, Iэпщэр ебгъэрыкIуэу
1961 гъэм екIуэкIа Совет Союзым и чемпионатыр Мэзкуу и «Динамо»-м, щабэу жытIэнщи, щIагъуэу къыщIидзакъым. Уей-уей жезыгъэIэ футболист цIэрыIуэ дыдэхэр щызэхуэса командэр турнир таблицэм и кIэух увыпIэхэм ящыщ зым къыщыхутащ. ИкIэщIыпIэкIэ хэкIыпIэхэр къэхутэн, Iуэхур гъэтэмэмыжын хуейт. Абы къыхэкIыу япэ къекIуэкIыгъуэр иуха иужькIэ зэхьэзэхуэр зэрызэпагъэуар къагъэсэбэпри, «Динамо»-р зыгъэлъэщыну къалъыхъуэу хуежьащ. Апхуэдэу къыщIэкIыфынур къалъытащ Налшык и «Спартак»-м и гъуащхьауэ Iэпщэ Александр. Арати, адыгэ щIалэщIэр «Б» классым и командэ къызэрыгуэкIым къыхашри, лигэ нэхъыщхьэм «вагъуэ защIэкIэ зэщIэбла» и гуп цIэрыIуэм хагъэхьащ. Абы и пщIыхьэпIи къыхэхуэнтэкъым Совет Союзым и командэ къыхэхам ираджэ сыт и лъэныкъуэкIи щапхъэу къилъытэ футболист гъуэзэджэхэм я гъусэу зэгуэр джэгупIэ губгъуэм къихьэну. АрщхьэкIэ апхуэдэу къэхъуащ. 1961гъэм екIуэкIа зэхьэзэхуэм и етIуанэ къекIуэкIыгъуэм Мэзкуу и «Динамо»-м и гъуащхьауэу щытащ Iэпщэ Александр. Командэ цIэрыIуэм и гъуэр ихъумэрт иужькIэ (1964 гъэм) Европэм и футболист нэхъыфIу къалъытэу «дыщэ топыр» зрата Яшин Лев.
Къэралым и къалащхьэм зэуэ къыщыхута Iэпщэ Александр «Динамо»-м хэзэгъэнымкIэ хуабжьу сэбэп хъуащ Яшиныр сыт щыгъуи ихъуэжыну хьэзыр Беляев Владимир. Сашэрэ абырэ зы къуажэм, Къызбрун Езанэм, къыщалъхуауэ къыщIэкIащ икIи ар къыщащIари щызэрыцIыхуари Мэзкуущ. А тIур, дауи, псынщIэ дыдэу зэныбжьэгъу хъуащ икIи псэухукIэ зэрыгъэпэжащ.
Къэралым и футболист цIэрыIуэхэм къахэхута Iэпщэ Александр тхыдэ къулей зиIэ «Динамо»-м псынщIэ дыдэу хэзэгъащ. Техникэ и лъэныкъуэкIэ къыдэджэгухэм къапикIуэтми, и зэфIэкI псори Iуэхум зэрыхилъхьэмрэ къикIуэт зэримыщIэмрэ и лъэр ягъэбыдащ. Тренерхэми футболистхэми абы дагъуэ къыщIыхуащIын щыIэтэкъым.
А гъэм екIуэкIа зэхьэзэхуэр «Динамо»-м епщыкIузанэ увыпIэм щыту иухащ. Япэ къекIуэкIыгъуэм адрейхэм куэдкIэ къазэрыкIэрыхуам закъригъэщIэжащ. Абы щыгъуэми къыкIэлъыкIуэ илъэсым мэзкуудэсхэм етIуанэ увыпIэр яубыдащ. ИкIи сытым хуэдэу Iэпщэ Александр и жагъуэ хъуат дыжьын медалыр кърату «СССР-м спортым и мастер» цIэр къыфIащын папщIэ джэгугъуитI къудей зэрыхуримыкъужар. АрщхьэкIэ псыхэкIуадэ хъуакъым Iэзагъ ин зыбгъэдэлъ тренер Якушин Михаилрэ къыдэджэгуа футболист цIэрыIуэхэмрэ я дерсхэр. Сашэ и техникэм хэпщIыкIыу хигъэхъуащ, джэгупIэ губгъуэм щекIуэкIхэри нэхъ зэпилъытэф хъуащ. КъищынэмыщIауэ, хамэ къэрал командэхэми яIущIэну Iэмал игъуэтащ. Абыхэм я гуащIагъыр чемпионатым узыщрихьэлIэм егъэпщэгъуейт.
И анэм дэщIыгъуу.
Сашэ и шыпхъухэм я набдзэт.
(КъыкIэлъыкIуэнущ).
ЖЫЛАСЭ Заурбэч.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "962.txt"
} |
МЭРЕМ ПШЫХЬ
Гупсысэр - псалъэкIэ
Псэм и лъахэ
ФIэщхъуныгъэкIэ зэщIэузэда и псэр иутIыпщу абы хиш лъагъуэмкIэ кIэлъыкIуэ, кIэлъыжэ, кIэлъеуэ зэпыту къыщIэкIынущ цIыхур зэрыпсэур. Гумрэ псэмрэ къабгъэдэкI гупсысэхэр, гурыщIэхэр нэхъыбэм щIызэтемыхуэри арагъэнущ. Псэм къимыгъэдэIуа, имыущия, и жыIэм щIэмыта гукъэкIхэр гу лъащIэм щIыщIотIысыкIыжри абы къыпкърокI. Гупсысэ жиIэмэ, псэм кIэлъыжэ гум къигъэщI, зэIуищэ псысэ хуэдэу къыпфIощI. А гупсысэм къежьапIэ хуэхъуа кIапэр гум щытришэкIэ, щIехъумэ, щIеуфэ. Къытепшыжу псэм епшэлIэну ущыхуежьэкIэ, уфIэфI-уфIэмыфIми, пфIызэхозэрыхь, уеблэмэ уигу къыщымыкIа дыдэм хуэзэу зэпыудынри зыхуэIуа щыIэкъым. КIэух зымыгъуэта гупсысэм, шэч хэмылъу, иIэр зы кIапэщ. ЕтIуанэр щигъуэтыр гур псэм лъэщIыхьа нэужьщ. Ауэ ар куэдрэ къэхъуу пIэрэ - гур псэм тыншу лъэщIыхьэныр? Апхуэдиз жэрагърэ псынщIагърэ зыбгъэдэлъ псэм зэхихыу пIэрэ гум къиIукI макъ гуэр, лъэIэсу пIэрэ къыбгъэдих нур, тридзэу пIэрэ зеиншафэм и ныбжь, зыхищIэу пIэрэ и щыщIэныгъэ? Дауи, языхэзымкIи зэдогуашэ ахэр, зэлъоIэс икIи зэрощIэ. Пэжщ, уафэгум хуэнэхъуеиншэ псэм зэм дыгъэм и куэщI щабэм зыщегъафIэ, зэм мазэ къуапитIым зыкIэрещIэри, щIылъэм къыхуеплъыхыу зыщIеупскIэ, зэми вагъуэхэм тхыпхъэщIыпхъэ къахещIыкI. Гукъыдэж зэригъуэтыххэуи, гум и лъахэм къегъэзэж - дахагъ куэдкIэ къыщети удын хьэлъэ къыщытехуи къыщыхъу лъахэм. И унафэр и IэмыщIэм илъыжу щхьэхуитщ, утIыпщащ ар. Абы елъытауэ сыт мыгъуэри и махуэ гу тхьэмыщкIэм? Зызыгъэцыджу зызэрызыгъэпщхьэжа цыжьбанэм хуэдэу, дуней къытехьэ имыIэу плIанэпэм зыдиубыдэжауэ дэсщ - къаплъи къыщIэплъи хэмыту. КъытегуплIэр и хьэлъэу, къытегуауэ и удыну йокIуэкI. КъегуэпэкIаIауэ зэрызыхищIэу, мы дуней псор къызэхилъэтыхьыным хуэдэу, дамэ къытокIэ. Ауэ къилъэткIэ «дамэ IэрыщIхэм» жыжьэ зэрамыхьыфынур фIыуэ къыгуроIуэжри, щIы хъурейм и къуэгъэнапIэ псоми тыншу лъэIэсыф псэм хъыбар ирегъащIэ. Мис апхуэдэ зэзэмызэхэрщ гур псэм щылъэщIыхьэр - дамэ щигъуэтырщ. Гъунэгъу дыдэ хуэхъуауэ щилъагъукIэ, псэм и гупэр къегъазэри, гум къиIущэщхэм щIодэIу, егъафIэ, еущий. Апхуэдэ дакъикъэхэращ гумрэ псэмрэ къабгъэдэкI псалъэхэр зэуIу щыхъур, къару щаIэр, къэуат щащIэлъыр, куцI щакIуэцIылъыр. Псысэ гъащIэми укъыщыхутэфынущ а дакъикъэм - гумрэ псэмрэ я гуащIэкIэ къагъэщIа псысэ дахащэм.
Дызытет щIы щхьэфэм ди нэм къыщыфIэнэ, ди гур хэзыгъахъуэ дахагъ псори хуэдищкIэ гъэбэгъуэжауэ уафэгум щымыIэу пIэрэ? Арыншамэ, цIыхупсэм и хэщIапIэм тепыIэ имыщIэу цIыхугур апхуэдизу щхьэ хуеIэрэ?
Жэмбэч Рабия.
ГушыIэ
Ар хуэдитI и уасэщ
Хьэжмурат зы щынэрэ зы мэлрэ ищэу бэзэрым тетт. Щынэм щIэупщIа гуэрым уасэр щыхуагъэлъагъуэм, фIэлъапIэ хъуауэ «Алло-уэхь», - жиIащ.
- Мыдрейм-щэ... - жиIэу щэхуакIуэр мэлым щекIуэталIэм:
- Ар «Алло-уэхьу» тIу и уасэщ, - итащ жэуап Хьэжмурат.
Щы… тIу
Дизкъуажэ гъуэгум жэщ къыщытехъуэри унэ гуэрым дыхьащ. ГъуэгурыкIуэр гуапэу ирагъэблагъэри…
- Япэ узрихьэлIэ шхыныфIщ, - жиIэурэ унэгуащэм кIэртIоф гъэва къытригъэуващ, бахъейр къыхихыу.
ФIыуэ мэжэлIа Дизкъуажэ кIэртIофхэр зэрыпсэууэ жьэдигъэтIысхьэу щIидзащ.
- Зэкъуэш дапщэ фыхъурэ? - къеупщIащ абы хэту бысымыр.
Асыхьэтым кIэртIоф жьэдэлъти, зэкъуэшищ зэрыхъур къигъэлъагъуэу, Дизкъуажэ и Iэпхъуамбищыр къиIэтат. АрщхьэкIэ кIэртIоф пщтырым и тэмакъыр ирисыхыу щыхуежьэм, псынщIэу и Iэпхъуамбэ ещанэр игъэпщкIужащ, «сэ сахыумыбжэ, къэнэжыр тIущ» жыхуиIэу.
Жылау Нурбий.
Фэ фщIэрэ?
КъэкIыгъэцIэхэр
Удзщабэ - овсяница
УдзIэпхъуалъэ - наперстянка
УдзIэфI - оносма кавказская
УIэгъэгын - портулак огородный
УIэгъэкI - очиток кавказский
УIэгъэтхьэмпэ - подорожник
Фэлъыркъэб - тыква-горлянка
Фонащэ - дыня посевная
ФопIытI - сорт дыни
Фоуку - василек бледно-желтый
Фоулъэ - псефеллюс
Фошыгъу жэгундэ - свекла обыкновенная
ФIарийтхьэмпэ - подорожник большой
ФIэрафIэ - калистегия заборная
Хывбанэ - татарник обыкновенный
ХывыкIэ - коровяк
Хывджэш - клещевина
Ху - просо посевное
Нэпсыншэ хъуа
Хъыбар
Ди хьэблэ дэсащ Жалдузхъан зи цIэ фызыжь. Ар Балъкъэрхэ я нысэт. И Iыхьлыхэри сабийхэри абы дызэреджэр ТIасцIыкIут. Пасэу фызабэу къанэри, ТIасцIыкIу икъукIэ гугъу ехьу ипIат быниплI: къуищрэ зыпхъурэ. Ахэр Iэдэбу, гъэсауэ къигъэхъуат, къуажэ школым щригъэджат. Хэку зауэшхуэр къыщыхъеям нэхъыжьищыр - ТIыбыш, Данунэ, Темыркъан сымэ - лэжьэн щIадзауэ IэнатIэ зырыз Iутт, нэхъыщIэ дыдэр, Iэбузер, епщIанэ классым щIэст.
Япэу зауэм яшащ ТIыбыш. Яшащ, и анэжьыр, и шыпхъур, и щхьэгъусэ Чэзибан сымэ кIэлъыгъыу, къэхъуар къызыгурымыIуэ и бын цIыкIуитIыр - Леонидрэ ФатIимэрэ - кIэлъыплъу. Абдеж щыщIидзащ ТIасцIыкIу нэпс щIигъэкIын. Унэм щIэсхэм закъримыгъэлъагъун щхьэкIэ е хадэм, е Iуэм ихьэрти абы щыгъырт, и гур пэщыху. ИтIанэ, и нэпсхэр илъэщIыжырти, «Ялыхь, зауэм кIуа си быныр къысхуэхъумэ», - жиIэу Iущащэурэ, унэм щIыхьэжырт.
ИтIанэ ираджащ къуэ курытыр - Темыркъан. «А-а-а, соунэхъу мыгъуэри! - жиIэри фызыжьым и гур фIэкIуэдыпащ. - Ялыхь, си къуитIыр хыумыгъэкIуадэу, узыншэу къысхуэхьыж...»
Куэд мыщIэу зыр зым кIэлъыкIуэу зэуапIэм къокIри анэм къыIэрохьэ щхьэкIуэ тхылъитI. Iыхьлы-благъэхэр щIыгъуу ТIасцIыкIу егъеиж и щIалэ нэхъыжьитIыр. Иджы ар тегужьеикIыпат школыр къэзыух и къуэ нэхъыщIэм - Iэбузер. «Умыгузавэ, ТIасцIыкIу, - къыжраIэрт абы гъунэгъу фызхэм, - нэхъыщIэм и гугъу, дауи, къащIынкъым, укъагъэнэнкъым уи хьэдэр щIэзылъхьэжын уимыIэу».
Гугъэрт фызыжьри. Хабзэ гуэр щыIэххэмэ, нэхъыщIэр дашынкъым, и ныбжьри абы нэсакъым. Къуажэ Советым кIуэри щIэупщIати, нэхъыщIэр зауэм ямыгъэкIуэн хуэдэу къыжраIат.
АрщхьэкIэ, зауэм щIидзэри илъэситI иримыкъуауэ, ираджащ нэхъыщIэри. Анэр гужьеяуэ Советым жати, ауи хъымпIар къащIакъым. «Нэмыцэр хэкум къизэрыхьащ. Хэт абы пэувынур, щIалэхэр анэ кIэ къуагъхэм къыкъуэднэмэ?!» - къыжраIащ. «Си къуитIыр фэстащ, ещанэм и гугъу фымыщI, Алыхь фиIэмэ», - лъаIуэрт фызыжьыр, арщхьэкIэ зыри къикIакъым. Яшащ Iэбузери зауэм, щIалэ дыдэу, и пащIэ-жьакIэр зэщIэува къудейуэ, гъащIэм и IэфIыр зыхимыщIауэ.
Къуажэм щызекIуэрт псалъэмакъ гуэрхэр. Зыкъомым жаIэрт Iэбузер езым фIэфIу зэуапIэм кIуауэ, и къуэшхэм ялъ ищIэжын папщIэ. НэгъуэщIхэм щэхуу зэраIуатэмкIэ, щIалэр унафэщIхэм ящыщ гуэрым и Iыхьлым и пIэкIэ ягъэкIуат. Дэтхэнэра пэжыр? СыткIэ къэпщIэн? Зыбзри зыдри къуажэ Советымрэ военкоматымрэт...
ТIасцIыкIу къыхуэнар пыхьэныращи, тхьэмыщкIэм уэру щIегъэкI нэпсыр. «Ялыхь, сыкъыумыужэгъужыпамэ, си нэхъыщIэр къысхуэхьыж, мы зауэ гущIэгъуншэм хыумыгъэкIуадэу!» - арат иджы тхьэ зэрелъэIур. Унагъуэм исхэми Iыхьлыхэми сыт жраIэми зэхихыркъым. И гур ешхыж, и къарур макIуэ, и фэм итыжкъым фызыжьыр. ЩIэхуэжыркъым унэм, дэхуэжыркъым пщIантIэм. ДокIри тетщ уэрам щхьэIум. Маплъэ и къуэхэр здэкIуа лъэныкъуэмкIэ, и IитIыр и бгъэм щызэридзауэ. И фIэщ хуэщIыркъым я щIалэгъуэу, я узыншыгъуэу, я псэугъуэ дахэу дэкIа и щIалэхэр дунейм темытыжу, мо уафэр, мы щIылъэр ямылъагъужу. КъыфIощI ахэр къэкIуэжу гъуэгу тету. Маплъэ ищхъэрэкIэ. Маплъэ и нэкIи игукIи.
Фызыжьыр зылъагъу и къуажэгъухэм я гур мэкъутэ, псалъэ дахэ къыжраIэ. КъыхуаIуатэ, уеблэмэ Iэбузер псэууэ, узыншэу зыгуэрым илъэгъуауэ...
Ауэ, мазэ зыкъом дэкIауэ, ТIасцIыкIу къыхуахь абы и щхьэкIуэ тхылъри. Уо, Алыхь, апхуэдиз хуэшэчыну-тIэ цIыхум?! Апхуэдиз дэхуэну фызыжь тхьэмыщкIэм и фэм?! Зэгуиудынукъэ абы и гур гуауэм?!
Игъеижащ и къуэ ещанэри ТIасцIыкIу. Игъеижащи - иджы нэпс иIэжкъым. ИIэжкъым зы нэпс ткIуэпс. Арагъэнщ «Нэпс щIегъэкI» жыхуаIэр. ЩIэкIащ и нэпсыр. Гъущащ и нитIыр. Хьэуэ - гъущIащ, игъащIэкIэ къэмыпсыIэжыну, игъащIэкIэ апхуэдэу щытыну...
Иджы ТIасцIыкIу щигъэтат гъыни. Гъыжыфыртэкъым. Хьэдагъэ кIуамэ, нэпс щIагъэжу, гъыуэ щыт цIыхубзхэм ябгъэдэувэрти еплъырт щыму. ИтIанэ яжриIэрт: «Зи насыпхэ, фэ иджыри нэпс фиIэщ, иджыри фогъыф. Куэд нэхърэ нэхъ къэсщтэнти нэпс къысхущIэкIыжу, сыгъыфу щытыжамэ... СлъэкIыж мыгъуэркъыми си къуэхэр згъеижыну...»
Зауэ нэужьым илъэс зыбжанэкIэ псэужащ Балъкъэр Жалдузхъан - ТIасцIыкIу. ЩIэхуэжтэкъым ар я унэ, дэхуэжтэкъым я пщIантIэ. Тетт, джэрэзу, уэрам щхьэIум. Пэплъэрт зауэм кIуа и къуэхэм. И фIэщ хъуртэкъым ахэр къэкIуэжу гъуэгу темыту.
ИтIанэ нэф хъупащ ТIасцIыкIу. КъытеункIыфIащ дунейр. Иджы, и псэр пытми, ар лIа пэлъытэт. «Язалыхь, псынщIэIуэу си увыпIэр къызэтыж! - елъэIурт ар Тхьэм. - Ялыхь, си къуэхэм щIэх ахърэтым сащыIугъэщIэж!»
Апхуэдэурэ и ажалыр къэсри, ТIасцIыкIу мащэм ирахьэхыжащ. А мащэри кIыфIт, абы и дунейм ещхьу.
Къагъырмэс Борис.
ПщIэну щхьэпэщ
ДжэдыкIэ пхъампэр зи сэбэпыр
Нартыху тхъафэм, щхьэцым къыщIэвыкIам и псым уефэмэ, тхьэмщIыгъумкIэ, жьэжьеймкIэ сэбэпщ.
* * *
Шэрджэсхэм джэдыкIэ ивыкIар яшхырейуэ щытакъым, нэхъ яшхыр джэдыкIэ пхъампэт. Ар сэбэпщ зи тхьэмбыл узхэмкIэ, щIыIэ зыхыхьахэм я дежкIэ.
* * *
Джэдкъаз фIагъэжар щызэпкърахкIэ Iэмал имыIэу джэдкъазыпщэм паупщIыж зы сантиметр хуэдиз. Ар пыумыупщIыу шыуаным иплъхьэмэ, унагъуэр псалъэмакъ хохуэ жаIэ.
* * *
Зи лъхуэгъуэ жэмым зэрыхуэсакъын хуейр: жэмыр лъхуэным мазитI-щы иIэжу къэшыныр щагъэт, сыту жыпIэмэ шэри шатэри дыдж, шыугъэ мэхъу. Апхуэдэ шэр зэпышу, пцIа хуэдэу щытщ, езы Iэщри гугъу йохь. ЯфIэгуэныхь мыхъуу, жэмыр къэзыш щыIэщ, уеблэмэ ямышхыу бэзэрым щащэу урохьэлIэ, ауэ апхуэдэу пщIыныр захуагъэкъым. Жэмым зигъэпсэхун хуейщ, зрамыгъэгъэпсэхумэ, жэмыр лъхуа иужь сымаджэ мэхъу - шэуэ къитри мащIэу, шатэ щIагъуи темыкIыу. Зыхуэсакъыу, зыхуей хуащIэу лъхуа жэмым и шэр куэдщ, къабзэщ, шатэфI токI. Жэмыр лъхуа нэужь махуищкIэ къаш шэр шкIэрышэ мэхъу. Iэмал иIэмэ, къашыр быдзитIырщ, адрейхэр мазэ-мазитIкIэ шкIэм къыхуагъанэ.
* * *
Матэкхъуейр жэмыр лъхуэуэ махуищ дэкIи иужькIэ къаша шэращ къызыхащIыкIыу щытар. Мыпхуэдэуи хахырт: лъатэпсыр шатэпскIэ зэIахырт, ар шэм хакIэжырти, абыкIэ матэкхъуей хахырт.
* * *
Хывышэм и тхъу гъэвэжар зэIымыхьэу мазитI-щыкIэ щытщ, щIыIапIэ ямыгъэувми.
* * *
Джэджьей, гуэгуш шыр цIыкIухэм бжьыныху, бжьын цIынэхэм я тхьэмпэр цIыкIу-цIыкIуурэ зэпагъэлъэлъри, хуэнщIейм хэпщауэ гъатхэм ирагъэшх. Абы витамин куэд хэлъщи, а шыр цIыкIухэр мысымаджэу, нэхъ къару яIэу къохъу икIи шхэрей мэхъу.
* * *
Зи лъхуэгъуэ хъуа жэмыр ирапхыркъым, зитхьэлэжынкIэ хъунущи.
Къубатий Борис.
Тхыгъэ кIэщIхэр
Бзэ
ЦIыхухэм къагупсыса, яухуа, зэрагъэпэща псоми бзэр ятокIуэж. Абы нэхърэ нэхъ Iэщэ лъэщрэ нэхъ IэщэфIрэ абы иIэкъым. Бзэм и сэбэпкIэ цIыху щхьэ куцIымрэ цIыху акъылымрэ яхэхъуащ, заужьащ, бзэм и фIыгъэкIэ цIыхур гупсысэфи, бэнэфи, текIуэфи хъуащ. Бзэм сыт хуэдэу иригъэфIэкIуа, сыт хуэдэу игъэтынша цIыхухэм я гуащIэдэкIыр.
Псалъэхэм дахэплъэжмэ, абыхэм дахэгупсысыхьыжмэ, сыту гъэщIэгъуэн куэд абыхэм къыджаIэфыну.
«И пыIэпхэр къыхуизудащ»
«И пыIэпхэр къыхуизудащ» - псалъэхэр сытым къытекIа, ар сыт зищIысыр? Япэм адыгэхэм хабзэу яIащ пцIы зыупсхэм е щэху зыIуатэхэм я напэр трахын щхьэкIэ, абы дзыхь къыхуамыщIыжын папщIэ, абы и пыIэпхэр фочышэкIэ пхахыу е дзасэкIэ пхагъэлыгъукIыу. «И пыIэпхэр къыхуизудащ» жиIамэ, «и напэр тесхащ» жиIэу къикIырт. 1841 гъэм къыдэкIа «Русский вестник»-м и етIуанэ томым абы щхьэкIэ мыр итщ: «Хамэ щэхур зыIуатэм и пыIэпхэр шэрджэсхэм пасэ зэманым пхрагъэлыгъукIыу щытауэ жаIэж.
Абы къыхэкIкIэ щэхур зэриIуатэм щхьэкIэ егиинумэ е ар ягъэикIэнумэ, «абы и пыIэпхэр пхыудащ» псэлъафэр жраIэу щытащ».
Тхъуэ лъэпкъ
Адыгэшыр лъэпкъитI хъууэ щытащ: зыр шагъдийт, адрейр тхъуэ лъэпкът.
Тхъуэр къызытекIар и фэракъым, атIэ щIагъапхъуэрэ къыжьэдакъуэжа нэужь, апхуэдизкIэ ар лъэщти, и кIэбдзитIымкIэ щIыр дитхъурт. Мис а зэрыдитхъум къыхэкIкIэ тхъуэ лъэпкъ фIащащ.
Хэку
«Хэку» псалъэм къикIыр «хы зэхуаку» жиIэу аращ. Ижьым адыгэхэм я щIыр хы ФIыцIэм къыщыщIэдзауэ Каспийм нэсу щытащ. Адыгэ хэкури аращ къызытекIар.
Шагъдий
Шагъдийр сытым къытекIрэ жыпIа? Абы къикIыр «шыгъэр лъэдийм щыIэщ» жиIэу аращ. Адыгэхэм япэм шыр мыпхуэдэу зэхагъэкIырт: шыр къагъажэурэ фIы дыдэу еша нэужь, абы и фIалъэм лъакъуэкIэ хущIэуэрт. Шы лъакъуэр щIэщIамэ, ар шагъдийуэ къалъытэртэкъым.
Теунэ Хьэчим.
НапэкIуэцIыр зыгъэхьэзырар ЩХЬЭЩЭМЫЩI Изэщ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "963.txt"
} |
ЛЪЫЩIЭЖ
(КIэлъыкIуэр. ПэщIэдзэр дыгъэгъазэм и 11-м итщ.).
Мыращ, Демур, къикIа уи кIэныр!
Ар дауэ ухъут, си дэлъху букIыныр?
Пхуэфащэщ уэри мо уэгушхуэм
Щыпхуэблэ вагъуэр ункIыфIыныр!
Иджы фIрелъ уи Iэблэр псэншэу
Уи бэчым и чэщанэ куэбжэм.
Нэлат узохыр гущIэгъуншэм.
ПхузэIусхынщ уи ахърэтыбжэр!
Демур мэжей, жэщщ хъуреягъыр.
Ажалым иIэкъым къэгъазэ,
Дэлъхум и Iэблэр къещтэр фызым,
КъыщIокIуэсыкIри щэхуу унэм,
ЗыщIегъэпщкIуэжыр жэщым и нэм.
ЩIихьауэ мажэ насыпыншэр,
И нэпсхэр гъуэгум фIытелъадэу.
Къышыр и унэмкIэ егъэшыр,
Игъеижыну и дэлъху хьэдэр.
Шыпхъум и нэпсым дэлъхум и псэр
ИгъэудэIункIэ хъунщ зы мащIэу.
Ар яукIащи икъукIэ пасэу,
ЛIы гъащIэ щIым къыщимыгъащIэу.
Шыпхъум и гуауэм дэнэщхъейуэ,
Мэщыгъуэ тафэр, бгыр мэщыгъуэ.
Дунейр иуфэми фыз нэпсым,
КъуэкIыпIэм пшэплъыр къызыпхоплъыр.
Гъуэгур хуипхъэнкIыурэ дыгъэпсым,
Акъужьри къырыщхьэм къолъэ.
Демур илъагъуркъыми фызыр,
Щхьэгъусэм йоджэ гужьеяуэ.
Гупсысэм псэм зрегъэхузыр,
ИмыщIэу щIыщIэкIар ар жьыуэ.
6
Блыщхьэ пщэдджыжьым, зэрихабзэу,
КъуэкIыпIэм пшэплъым зыщеукъэбзыр.
Жэщ кIыфIым иригъэша нэхур,
Зэгъэжу игу, къыхоплъэ махуэм.
Пшагъуэр топщыж щIым лъэужьыншэу,
Пшэ хужьым зыфIешыхьыр къуршым.
Къуршыбгъэм дамэхэр иIэту,
Хьэуар зэщIигъэзджызджа нэхъей,
Хэт Къышырбий и пщIантIэм дэту
КIийр, къэгубжьауэ, икIауэ хъийм:
- Хэт си адэжь и унэм къакIуэу
Си нэмысыр хэутэн зыщIар?
Сэ, дауэ, напэм къысхуегъэкIуу,
ЯжесIэну жылэм къысщыщIар?
Си хьэщIэр жэщым си хьэщIэщым
ЩIаукIыхьащ, текIащ си напэр.
НэгъуэщIыр, сэ къысхигъэгъуащэу,
ФIэзыгъэжам хузогъэфащэ!
Къэзмыгъуэтыфмэ а лIыукIыр,
Сыт сэ си Iэщэр къыщIесхьэкIыр?!
КъекIуэлIэжа къудейуэ унэм,
ЗекIуэщIэм хузэщIелъхьэ уанэр.
И гъуэгу гъуэмылэу щIакхъуэ Iыхьэ
Къэлътмакъым анэм къыхурелъхьэ.
Мэлыдыр Къышырбий и нитIыр,
И нэбжьыц Iувхэри холъэтыкI.
Шагъдийр, кIэбдзитIкIэ пщIантIэр итIу,
И шууейм и пащхьэм щоджэгукI.
И сэшхуэр дыгъэ бзийм пэлыду,
Ауз гъуэгу зэвым шур толъадэ.
ИIыгъщи тхьэ пэлъытэу сэшхуэр.
И ныбжьэгъу пэжу ирогушхуэ.
Къигъуэтыхун зылъыхъу лIыукIыр,
Ар кIуэнущ гъуэгум къытемыкIыу.
ЩыщIэупщIэнущ дэнэ щIыпIи,
Къигъуэтыхун и хъыбар кIапэ.
ИкIи иIэнукъым къэгъазэ,
Зыхуейм лIыукIыр хуимыгъазэу.
АрщхьэкIэ зыри къэмыхашэ,
ЗауэлIри гъуэгум темызашэ.
Щыгугъыу зы телъыджэ и гур,
ДиклокIэ еунэтI и гъуэгур.
Къаплъэн уIэгъэ къэгубжьауэ,
ГугъэфIхэр къыщхьэщыту жьауэу,
И шыбгъэм чыцэр зэгуигъэзу,
Ирожэ ар къурш лъагъуэ бгъузэм.
Къимыгъуэтауэ бий лъэужьыр,
ЩхьэщыкIыфынукъым и губжьыр.
Къелъагъур тету лъагъуэ бгъузэм,
Пыхьэу абы къыхуэкIуэ фызыр.
КъызэрыгуэкIкъыми щхьэлъащIэр,
Дахагъэ гуэри хущымыщIэ.
Иригушхуэнт нэхъ щIалэ уардэр
Мыпхуэдэ цIыхубз тхьэIухудым.
- КъызжеIэт, кхъыIэ, уэ цIыхубзым
Хэт зыхуэбгъэшыр бгъэIу уи гъыбзэр?
Уи нэпсыр пхуэмыубыду, дахэ,
Сыт къыщыплъыхъуэр мы ди лъахэм?
- Щхьэусыгъуэншэу зэи нэпсыр
КъиутIыпщкъым, уощIэр, цIыхум и псэм.
- Сыт къыпщыщIар, зумыусыгъуэджэу,
КъызжеIэт уи псэр зыгъэтхьэджэр?
Сыт нэ дахитIыр зыгъэпсыфыр,
НэкIу Iущхьэм нэпсыр щIызыщIифыр?
- ЗекIуэлI, уэ усцIыхукъым, къысхуэгъэгъу,
Сызэропсалъэр щыхьэтыншэу.
Терелэ нэсыхун нэхъ тыншу
СыкIуэну гъуэгур сыгъэлъагъу.
- Сэри езыр сыщыщщ Терелэ,
Къызэрызэджэри Дерилэщ.
Зэхэпхагъэни хъунщ си хъыбар.
- Фи жылэм хьэщIэ щаукIар
Ныжэбэ пэж? А хъыбар жагъуэр
НэсакIэщ дэри ди жылагъуэм.
- Пэжщ, яукIащ щIалэ бэлыхьыр,
Абы хуэфащэт сыткIи щIыхьыр.
И ныбжьэгъу пажэти Къышырбий,
КъэкIуат хьэщIапIэ абы и деж.
Къышыри ныбжьэгъуфIым щхьэкIэ
ХуэщIэнущ цIыхум хулъэмыкIыр.
Къилъыхъуэнущ зэи емышу
ЛIыукIыр, къихуэхун и хьэшым.
- Дэнэ щыIэ Къышырбий езыр?
- Ар Аслъэнбэч зэхэзехуэн
ИщIати, кIуэри зекIуэ жыжьэ
ЗыщигъэпщкIуащ хамэ щIыналъэ,
Аслъэнбэч пщыжьым и гужьгъэжьыр
УжьыхыжынкIэ гугъэу, пэплъэу.
Хэт, дахэ, жыIэт узыхуэгъыр,
Алъхъэсту пIэрэ? ЖыIэт пэжыр,
Ар уи Iыхьлыуэ е уи благъэу
Ара уи нэпсыр щIыщIэбгъэжыр?
- Гуауэшхуэщ, зекIуэлI, сэ си гуауэр,
Алъхъэст си дэлъхущ сэ, къыздалъхуауэ!
- Уэра Демурым и щхьэгъусэр,
Си ныбжьэгъуфIщ ар, къуэш къэсщIауэ!
ЦIыхубзым жеIэр, нэщхъеяуэ:
- ИщIэнщ Алыхьым ди хьэкумэр,
Демур мы махуэм щыщIэдзауэ
КъэслъытэжакIэщ си хьэрэму.
Си дэлъху лажьэншэр зыукIам
Сыхуейкъым и цIэр зыхэсхыну.
ЕпцIыжакIуэу сэ къысхущIэкIам
Сыхуейкъым и щхьэри слъагъуну.
Къэсынщ зэгуэр, и лъым си дэлъхум
ЩхьэкIэ жэуап щитыну махуэр.
- IэщIэукIащ зэрымыщIэкIэ,
Щыуащ жэщ кIыфIым насыпыншэр,
КъыхуэмыцIыхуу IэщIэукIэр.
Аращ сэ ар щIэзмыгъэкъуаншэр!
СоцIыху Демур, лIы щхьэмыгъазэу,
Си дзыхьыр сытымкIи езгъэзу.
КъонэщхъыфIэж Къышыр и нэгур,
Къищтауэ хъыбарыщIэр и гум:
Бийм щыIэкъым щIэлъыхъуэжыни,
Къэнар зы закъуэщ - лъыр щIэжынырщ!
Ауэ щхьэлъащIэ насыпыншэм
И пащхьэм зыри щыжимыIэ.
ЦIыхубзым гуауэм зыдигъэшу,
Iуэщхъу щIыкIэу, жьэр имыгъэувыIэ:
- Щыуауи ар? УмыщI уи фIэщ
Щыуагъэ си лIым IэщIэкIауэ.
Сыхуейт слъагъуну гуэныхьлыр
Джэбыным кIуэцIашыхьыжауэ.
Игъажэ нэхъ лажьэншэ лъыр,
НэхъыфIт езым зиукIыжамэ.
Абы къысхуехь си дэлъхум и Iэр,
ЗигъэлIу, зыкъысхуигъэщIагъуэу.
Терелэ дэнкIэ зыдэщыIэр? -
Нэхъ гъуэгу тэмэмыр сыгъэлъагъут.
- ЗанщIабзэу укIуэурэ, Iуащхьэжьым
УдэкIым, къуажэр къэплъагъунущ.
УнакIуэм, уиту си лъэужьым,
Сэ а жылагъуэм ухуэсшэнущ.
ЦIыхубзым щIыгъуу Къышырбий
ДокI Iуащхьэ щIихъумам жыгейм:
- Еплъыхыт модэ, мо бгы лъабжьэм
Зыгуэр щыплъагъурэ къыщыхужьу?
Ар Къышырбий и унэ блынырщ,
Унэ щIыбагъым къыщыщIэжыр псынэщ.
Ухуеймэ, укIуэ хъунущ занщIэу,
Гузави шыни зыхыумыщIэу,
Уемыгупсыс узыгъэхыщIэм.
Уэри уи дэлъху фIыуэ плъагъум,
Ар хремын Алыхь гущIэгъум,
КъыщыпщIэнкIэ хъунщ и хъыбар гуэр.
Гъуэгу махуэ, зэIухащ иджы уи гъуэгур!-
Ар жеIэри, зэгъауэ и гур,
Пещэжыр адкIэ шум и гъуэгум,
Нэщхъыцэу кърекъухыр пыIэр,
Губжьауэ пищIыкIыну Iэпэр,
Макъыншэу мэIущащэ Iупэр:
- КъесхуэкIакъым сэ абы и Iей,
СиукIыну сытым щхьэкIэ хуей
Гъуанэдэуэу, и гум сыт къысхуилъыр,
Апхуэдизу и лъыр къыщIысхуэплъыр?
ЗыIыгъ иджы, уэ, епцIыжакIуэ,
Сэ къозгъэщIэнщ абы кърикIуэр.
Си дежкIэ щIыхьыр псом нэхъ лъапIэщ,
Сыныщожьэнкъым къуэгъэнапIэм.
Лъы ищIэжыныр и хъуэпсапIэу,
Къышыр игъэбэуэжкъым бампIэм.
Ауэ, къыщыкIым зыгуэр и гум,
ЗызэлъыIуехыр мащIэу нэгум.
Ар хабзэщ - зилъ зымыщIэжыфым
Ираплъыр цIыхухэм лIыгъэншафэ,
Апхуэдэр ящIри хьэIупс,
Зыхагъэхьэн кърамыпэс.
Аузи тафи зэринэкIыу,
Шур мажэ, губжьым кърихуэкIыу,
И шы лъэ макъым джэрпэджэжу
Къуэ лъащIэ дэгухэр къыподжэжыр.
Джэрпэджэжыр къащIэрыуэу,
Къызэрохьэххэр мывэр къырым.
КъуэкIийм дахьэжу Iэуэлъауэр,
Шагъыркъым ахэр зыгъэятэр,
Къыр задэ нэкIур яуфэбгъуауэ,
Шууейм и губжьым ягъэбатэ.
Къохыжри бгым, лIыр губгъуэм йохьэ,
Ар псэгъэтыншу гум къыдохьэ.
Ауэ щыпсэукъым мыбы цIыхухэр,
Щамывэ щIыр, щамысэ жылэ,
Шынагъуэ гуэр я гум темыхуэу,
Ирахыр я щхьэр зэрыжылэу.
Гъэгъар мэкъупIэм къыщощхьэлъэ,
ЦIыху хьэдэщ гъэгъа лъабжьэм щIэлъыр.
Нэху щыми, жэщ хъухуи кIыфIыгъэр
Губгъуэ щхьэщыгум къыщокъугъыр.
Пшапэр зэхэуэм къэуш удзым
И бзийхэм кIыфIыр къызыпхадзыр,
Ар щымытам Алыхь Iэмыру,
Жеинхэт удзхэри мамыру.
ЖаIэжыр, пасэм мы аузым
Зы тенджыз псо итауэ лъыуэ,
Жэщ гуэрым къетIысэхри, мазэм
Зэрытенджызу ирифауэ.
Зэгуэр гъэмахуэу зауэ гуащIэ
ЩекIуэкIыгъащ мы щIыпIэ нэщIым,
Яхъумэу хэкур, емыблэу я псэм,
КъикIуэт ящIэжтэкъым шэрджэсым.
КъыщыщIэдзауэ а зэманым
Мыбдеж щогъагъэ мэз телъыджэ,
Гъэгъахэр къоблэ, я нэ джыджым
Плъыфэ телъыджэ щызэхаджэу.
Лъыгъажэ зауэм хэкIуэдахэр
А мэзым щIожеикI нэхъ IэфIу,
Бийм щахъума я лъахэ дахэр
Нэбэнэушэ жейм щагъафIэу
Нэхъыжьхэм ягу ихужкъым щIэблэ
ХэкIуэдэгъахэр а лъыгъажэм,
Зэман дэкIами, кърагъэблу
Абы я лIыгъэр яIуэтэжыр.
ЛIыжьхэм ядаIуэ щIэблэм папщэу,
Якъуз губжьауэ къамэ Iэпщэр.
7
ЗыкъызэщIещIэ нэхъри кIыфIым,
Жыгхэм я щхъыщхъри яудыгъу,
Жэщ кIыфIыр гъуэгум телъщи хуэфIу,
Нэм къыщIэIэбэр умылъагъу.
Зы шы тхьэкIумэ абрагъуэ
Къелъагъур лIыми, игъэщIагъуэу:
Къохутэр пащхьэм шу мыцIыху,
Кърехыр и сэламыр гуащIэу,
ЗреIэтыкI уанэгум мащIэу,
Къышырбий езыр щIоупщIэ:
- Хэт уи цIэр, хэтхэ уэ узейр?
Уитыж уэ щIалэр уи акъылым? -
Зэхыбоутэр губгъуэ хейр
Шы фIалъэкIэ, ар пфIэкъабылу.
- Сэ сы Демурщ, - хоIукIыр кIыфIым,
ХэпщIыкIыу макъыр мэкIэзыз, -
КъызжеIэт, уэ езыр ухэт,
Сыбгъэшынэнуи щхьэ ухэт?
- ЗэгъащIэ, пыбупщIами си Iэр,
Сызэуэфыну къару сиIэщ.
ЗыхуэщI иджы ди щIакIуэ кIапэм,
Деплъынщ къихьынум уи насыпым! -
ЗеIэтри Къышырбий и сэшхуэм,
Демурым и щхьэр къыпегъэхур,
Щхьэ пылъэтар, Iупэр пIэжьажьэу,
Хущхьа къыпфIэщIу хохуэр пабжьэм.
Щхьэншэ Iэпкълъэпкъым
хеIу сэ папцIэр,
ИреIэр плъыжьу лъым удзыпцIэр.
Зэбгъурелъхьэж Демур и IитIыр,
Лъыхъуащ ар пщIэншэу и щхьэгъусэм,
Иш пэжри щытщ, къихуа и нитIым
ЛъэмыкIыу къыщIэувэу нэпсыр,
Мэщыщ, гузавэм игъэхыщIэу,
ЛIыукIым шыбзэкIэ хуэхъущIэу.
Къышырым, зэхиуфэу напщIэр,
КъыфIэхуа и щхьэр къеIэтыжыр,
Тафи къуакIи зэпиупщIыу,
ДиклокIэ гъуэгум щыпещэжыр.
Жэщ кIыфIым сакъыу зыхиудыгъуэу,
Ар дохьэри Аслъэн и пщIантIэм,
Демурым и щхьэр зыфIэлъ бжэгъур
Щхьэгъубжэ лъабжьэм деж щыхетIэ.
Бийм ирищIащи хуэфэщэпсыр,
Нэхъ хуиту къобэуэжыр и псэр.
ИщIакъыми хэутэн и щIыхьыр,
Хъунущ техьэжми иджы гъуэгум,
Терелэ нихьэсыжу и щхьэр,
ДэтIысхьэжыну хуитщ и жьэгум!
8
ЗегъэIыхьшыхь Аслъэн пщыхьэщхьэм,
Шэнтиуэм исщ, къыфIэхуу и щхьэр.
Демур къихьыну хъыбарыфIым
Егупсысащи, къохъуж нэщхъыфIэ.
Демур къыкъуэкIкъым… Сыт къэхъуар?
Унафэ хуещIыр унэIутым:
- Яхыхьэ къуажэми, и хъыбар
Къэхь, зэгъащIэ и Iуэху зыIутыр.
Къосыж мыгувэу унэIутыр,
И пщышхуэм къритыжу гугъэ:
«Ар къэсыжакIэщ кIыфI зэхэтым,
Къихьауэ нэсу текIуэныгъэр.
ЛъэкIащ нэгъуэщIхэм ялъэмыкIыр,
Абы къелэжьыр сыткIи щIыхьыр,
Уи деж къэсынуи хуейт, арщхьэкIэ
ЛIыхъужьым зэкIэ хущIэмыхьэ.
- Демур къихьауи текIуэныгъэр?
Къышырхэ нобэ я хьэдагъэ?
Егупсысыжыт жыпIэм, щхьэпс!
- Тхьэр си щыхьэтщ, пцIы сымыупс,
Къышырбийм
ЗэпаупщIащ и къурмакъейр!
- Ар фIагъэжауи, абы щыгъуэ
Уэ къысхуэпхьащ хъыбар гуфIэгъуэ.
Тхьэм куэдрэ сэ усхуигъэпсэу,
Узот гуфIапщIэу дыщэ сом!
Демурым къыстехуащ и щIыхуи,
Си деж къэкIуэну псынщIэу фIуэху!
- АрщхьэкIэ, пщIэрэ, зиусхьэн…
Иджы ар дауэ ныбжесIэн?..
Демур и фызым, Тхьэм ирещIэ
И гум илъахэр а щхьэгъусэм,
Идыгъури Iэблэр, зым къамыщIэу
ЩIэкIуэсыкIащ ныжэбэ фызыр! -
Аращ цIыхубзыр угъурсызым!..
КIэлъыпхъэращ абы Демур!
- Сыт тщIэн атIэ, дежьэнщ иджыри
КъэхъункIэ хъунум зы телъыджэ.
Сэ шэч аргуэру къытызохьэ
Къышырым щымыIэжу и щхьэр!
9
Апхуэдэ щIэщхъу нэгъуэщI зыгуэрым
ТригъэхуэнкIи хъунущ и псэм,
Ауэ бгъэм къыщеуэхукIэ и гур,
Ар къыпхуидэнукъым адыгэм.
Демурым и щхьэр бжэгъум фIэлъу
Къагъуэтыжащ пщэдджыжь нэхулъэм.
ЗауэлIхэр щытхэт нэщхъей защIэу,
ЦIыхубзхэм гъуэгыр къызэфIащIэрт.
ПызыупщIар хэт и щхьэр щIалэм? -
Iыхьлы губжьахэм трагъалэрт.
Якъузми быдэу къамэ Iэпщэр,
Е мафIэ хъуаскIэр къыдэщэщу,
Зэрагъэшхами я дзэр пхъашэу,
Щыхьэту зыри къэмыхашэт.
Ауэ, зэхиуфауэ напщIэр,
Къахэплъэу щытт шэрджэс пащтыхьыр.
А зым и закъуэт зыхэзыщIэр
ПызыупщIар Демурым и щхьэр.
ДокIуей пащтыхьыр хуэму пырхъуэм,
ЦIыху гупым закъыхуещIыр ткIий:
- ЛIыукIыр пщIэншэу къыволъыхъуэ,
КъэзыукIар ар Къышырбийщ!
Абы къыпихри и бийм и щхьэр,
Кърилъхьэжауэ арщ фи пащхьэм,
Имыкъутэным щхьэкIэ хабзэр,
Жэщ кIыфIым къыщIэкIыжри мэзым,
Къыдыхьэфащ мышынэу къуажэм,
Иджы си Iуэхущ ар къэвгъуэтыжым!
10
ДэкIащ тхьэмахуэ, иджы цIыхухэр
ИIыгъыжкъым апхуэдизу губжьым:
КъащIа нэужь зытетыр Iуэхур,
Ар зи IэрыкIыр, зи Iэужьыр:
- А щIалэм бгъэдэмылъ къуаншагъэ,
Лъы ищIэжауэ аркъудейщ.
Хуигъэгъуфакъым бийм хьилагъэр,
Дэ тхуэдэ дыдэу щIалэр хейщ.
Ирихакъым зыми абы лей,
Е къытекIакъым ди лъэпкъ хабзэм -
Iуэхум кърикIуэрщ зэIузыбзыр
Хэт захуэу щытми, хэтми мысэр.
11
Дунейм зихъуэжыркъым и кIуэкIэм,
Зэм мэхъур жэщ, зэм нэху мэщыж,
Пшэ фIыцIэ хьэлъэхэм зэблэкIыу
Къыр дзахъэхэр зэщIатхьэщIэж,
Къожэхри псыхэр джабэ нэкIухэм,
Я псыхъуэ лъагъуэр пхашыр жыжьэ,
И псэр щыхэкIкIи нэпс къемыкIуэу,
ЕгъафIэ лъахэр зауэлI хъыжьэм.
Къалъхур сабий сыт щыгъуи хуэдэу,
ЩIым щыпсэуну, ехыжыну,
Я IейкIи, яфIкIи яхэмыдэу,
Зэман уахътыншэм ихьыжынущ.
Лъагъумыхъуныгъэр лъагъуныгъэм
Йозауэр махуэл лъэпкъ имыщIэу.
ЗиIэнкIэ хъунур уахътыншагъэ
Дунейм ущыпсэухукIэ щыпщIэрщ.
ЩIыIагъ, хуабагъым елъытауэ
Бгыми зещIыфыр фэзэхъуэкI.
Лэжьыгъэ гугъум и пщIэнтIэпсу,
Дунейм зэм зэхуехьэс уэсэпсыр.
Сыт ар ибгъэжкIи минрэ шыбзэм,
КъыщынэжынукIэ уэсэпсу?
Аслъэным и псэм бжьэ къэпщIауэ
Губжь къэукъубейр щызэрызохьэ,
ЩIыIуху и нитIым трищIауэ,
Зэплъ псори фIызэхозэрыхьыр.
ЩымыхъукIэ къамэр щIэгъэкъуэн,
Иджы бзаджагъэм хуейщ хуэкIуэн.
Жанщ къамэр, Iэпщэм щыхуэгъабзэм,
Ауэ йодзагуэкIыр цIыхум и бзэм.
ЖаIат пэж дыдэу ди нэхъыжьхэм:
«ТекIуэфкъым зыри цIыхум и жьэм».
ЦIыху цIыкIу, цIыху цIыкIуу насыпыншэ,
Ухъуа уэ апхуэдизу набгъэ,
Мо псэншэу мывэжь дзакIэ бзэншэм
Зы насып гуэркIэ ущыгугъыу?
12
КъыхуокIуэр лIыкIуэ Къышырбий.
Уеплъам зэтесщ, лIы бжьыфIэщ,
жьакIуэщ,
КъыщIэкIыжынкIэ хъуну бий,
ЖыпIэну жьэм къыпхуемыгъакIуэу.
Ауэ хьилагъкIэ ещхьщи блэм,
Къыуигъэжэх защIэурэ щытхъупсыр,
КъыпхиIуфынущ и шэрэзыр.
Мухьэмэд и щхьэцым хидзащ тхъугъэ,
Ялъытэр жылэм цIыху губзыгъэу,
Зэгъэпэщащ хъарзынэу мылъкукIэ,
И Iэщ лъэпкъыфIри мэбагъуэ.
Къышырбийм зыхуигъэщIагъуэу,
Къилъытэу жиIэу и ныбжьэгъуу.
Дыхьэну хуейщи и гум щIалэм,
И псалъэ IэфIхэр трегъалэ.
- УкIуэнущ, - жеIэр, умыгъуащэу,
УкъыщIэдэIум си чэнджэщым:
Узахуэщ уэ, Къышыр, уи лIыгъэм
Щыгъуазэщ псори. Зауэ гуащIэм
Щыбогъэбзэфыр адыгэ джатэр,
Бий къыплъихьам упимыкIуэту.
Ауэ, итIани, щхьэмыгъазэм
Уи Iуэхур узыхуейм хуэмызэ,
Уэ ущытыншкъым мы щIыналъэм,
Къылъыхъур мащIэкъыми уи лъым.
ГъэпкIауэ фочыр, хьэзыру къамэр
ПIыгъын хуейщ, укъыщIэкIмэ унэм,
Хьэлэлу пшхын уи щIакхъуэ Iыхьэр
Жагъуэгъухэм ухущIамыгъэхьэ.
Уи бийр къыптеуэу гъуанэдэууэ
ПихынкIэ хъунущ уи щхьэр зэуэ.
Зы уни щыIэкъым мы лъахэм
Уэ ущIэс хъуну умыдзыхэу…
- Мухьэмэд, нэгъуэщIым урилIыщIэу
Упсэум нэхъыфIу сэ сымыщIэ.
Сэ сыщышынэркым ажалым,
Ар зыщIэмылъ къытхэткъым зыри.
Къеуэн щыщигъэтыжми ди гум,
Дыгъэр икIынукъым уафэгум.
Уахътыр къэсами, и псэм къеджэу,
Ажалым хуэмылъэуджаджэрщ
Зыхэлъыр лIыгъэ, ещхьу дыгъэм
Къэзыгъэблэфыр и уэздыгъэр.
Хуитыжу и щхьэм, цIыху щхьэхуитырщ
Дунейм тетыфыр насыпыфIэу,
Арыншэм хэти лIа пэлъытэщ,
И дыгъэр занщIэу къытеункIыфIэу.
Псэуну и псэр пытыхункIэ
Дэ цIыхухэм ди пщэрылъ къалэнщ.
ЩIы фIыцIэм дыкъыщыхэкIакIэ,
Абыи дыщыщIалъхьэжынщ.
Арщ диIэжынур унафэщIу,
Къытхуимыдэну дыфэрыщIуи.
ДыкъыхэкIащи дрилIыщIэу,
Дыхыхьэжынущ дрилIыщIэу.
- Зыщыбодзей лIыщIэным лейуэ,
Уэ укIуэфынут псоми я пщэ,
Апхуэдэу куэдрэ жиIэрейуэ
Сэ зэхызох Аслъэнбэчыпщым.
(КъыкIэлъыкIуэнущ).
ЗэзыдзэкIар УЭРЭЗЕЙ Афликщ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "964.txt"
} |
Гъэсыныпхъэм епха шынагъуэхэмрэ абыхэм зэрызыщахъумэмрэ
Дыгъэгъазэм и 10-м Налшык къалэм дэт «Газпром газораспределение Нальчик» АО-м и унафэщIым и къуэдзэ - IуэхущIапIэм и инженер нэхъыщхьэ Тутыкъуэ Анзор яIущIащ журналистхэм. Ар тепсэлъыхьащ гъэсыныпхъэм епха шынагъуэхэмрэ абыхэм зэрызыщахъумэ щIыкIэмрэ.
Тутыкъуэм зэрыжиIамкIэ, 2019 гъэм къриубыдэу газым и зэранкIэ сымаджэщым щIэхуащ цIыху 41-рэ, цIыху 13 абы текIуэдащ.
- Шэч хэмылъу, ди гъащIэр куэдкIэ нэхъ тынш хъуащ газыр ди унэхэм зэрыщIашэрэ. Ауэ ар къызэрагъэсэбэп хабзэхэм уебакъуэмэ, сэбэпу пылъым нэхърэ нэхъыбэ и зэранщ. Псалъэм папщIэ, илъэсым зэ егъэплъын хуейщ газ Iэмэпсымэхэр зэрылажьэм. Гу лъывэзгъэтэну сыхуейт зы Iуэхугъуэм: «техникэм зэрыкIэлъагъэплъым папщIэ» жиIэу илъэсым зэ сом 1700-рэ ят цIыхухэм. Абы хиубыдэри, а Iуэхутхьэбзэм и мыхьэнэри, ахъшэ зыщIатри къагурымыIуэу, цIыхухэм псалъэмакъ къаIэт. Газымэ къыфщIихьэмэ, бжьамийм газ къыдихуу е гъуэзыр изыш Iэмэпсымэр тэрэзу мылажьэу, зыгуэрым фитхьэлэу къыфщыхъумэ, телефонкIэ 04-м фыкъопсалъэри, дакъикъэ бжыгъэм ди лэжьакIуэхэр фи деж нос. Абыхэм я къалэнщ газым епха ныкъусаныгъэхэр ягъэзэкIуэжыну, пкъыгъуэ гуэрхэр зэхъуэкIын хуейми, асыхьэту пкъралъхьэну. Апхуэдэ Iуэхутхьэбзэм цIыхухэм ахъшэ щIатыркъым, зэрахъуэкIа пкъыгъуэм и уаси къыIахыркъым. Ар псори а зи гугъу сщIа, илъэсым зэ ят сом 1700-м хеубыдэ. Пэжыр пэжщ, илъэсым зэ ар птырэ, уи гур зэгъауэ упсэумэ нэхъыфIщ, насыпыншагъэ къэхъу нэхърэ, - къыхигъэщащ абы.
УнафэщIым зэрыжиIащи, адэкIэ-мыдэкIэ хьэфэ бжьамийкIэ газыр къэдыгъуауэ къыхашурэ къэзыгъэсэбэпхэм къагурыIуэркъым абы и зэран къазэрекIынкIэ хъунур. Языныкъуэхэм къафIэIуэхуххэркъым гъуэзыр изыш Iэмэпсымэхэм я лэжьэкIэр, ар щIэзымыгъани зымыгъэувыххи щыIэщ уеблэмэ. КъищынэмыщIауэ, щIым щIэлъ бжьамийхэр улъиями, ахэр гъуанэ хъуауэ газ кърихуми ямыщIэххэу мэпсэу. Апхуэдэ газыр зэхуихьэсу къэуа нэужь, зэрыдгъэунэхуащи, цIыху хокIуадэ.
- Иужьрей мазэ-мазитIым республикэм къыщыхъуа гузэвэгъуэшхуэхэм сыфхутепсэлъыхьынут. Псалъэм папщIэ, щэкIуэгъуэм и 1-м Шэджэм щIыналъэм зыгуэрым щигъэуват псы зэрагъэхуабэ Iэмэпсымэ. Ар унагъуэр зей лIым езым зэригъэувыжам къищынэмыщIауэ, гъуэзыр изыш уэнжакъ щхьэщигъэувэну къыщыгъупщэри (арыншэу зы хьэкуи ягъэувыркъым!), зэрыунагъуэу гъуэзым итхьэлэ пэтащ. ЩэкIуэгъуэм и 5-м Каменкэ къуажэм Iугъуэм щитхьэлащ илъэс 16 фIэкIа мыхъуа пщащэр. Унагъуэр зейм абы етIуанэ къат къытрищIыхьыжат. Газым и лэжьакIуэхэм емыджэу, езым зэрыхищIыкIкIэ, етIуанэ къатым газыр дришейри, гъуэзыр изыш уэнжакъыр пкIэунэм къринащ, унащхьэм пхимышу. Арати, гъуэзыр зэтрихьэри, етIуанэ къатым щыжей пщащэ хьэщIэр абы иукIащ. Апхуэдэ дыдэу илъэс 17 зи ныбжь хъыджэбзыр гъуэзым щитхьэлащ Прохладнэ щIыналъэм хиубыдэ Солдатскэ къуажэм. Ди жагъуэ хъуащ, икIи дахуощыгъуэ дыгъэгъазэм и 2-м Шэджэм къуажэм къыщыуа газым и зэран зэкIа унагъуэм. ЗэрытщIэщи, унагъуэр зэрыщыту сымаджэщым щIэхуащ, унэр мафIэм исащ, сабиищым я нэхъыжьри лIащ. А псори къэмыхъунри хэлът илъэсым зэ ди лэжьакIуэхэр ирагъэблагъэу е ди лIыкIуэхэм жылагъуэр къыщызэхакIухькIэ, цIыхухэм куэбжэхэр ямыгъэбыдэу, дагъэхьэрэ я къалэныр ирагъэгъэзэщIатэмэ. Мис апхуэдэ гузэвэгъуэхэм Iущ дрихъупхъэт, ауэ, ди жагъуэ зэрыхъунщи, ди цIыхухэм къагурыIуэркъым къызыхуедджэр. ХъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэр къэдгъэсэбэпу, цIыхухэм захедгъэхыну дыхуейт: газыр зэрыкIуэ бжьамийхэр, ди унэхэр зыгъэхуабэ хьэкухэр зэрагъэувым я хабзэ яIэжщ. Апхуэдэ Iэмэпсымэхэр зыгъэувын, кIэлъыплъын хуейр а Iуэхум хэзыщIыкI IэщIагъэлIхэрщ. Гулъытэ хуэфщI абыхэм я лэжьыгъэм, газымэ къыфщIихьамэ, 04-м фыкъэпсалъэ, газыр хьэфIэ бжьамийхэмкIэ къыхэвмыш, фэ езым хьэкухэр вгъэувыну яужь фимыхьэ! - къыхигъэщащ Тутыкъуэм.
Фырэ Анфисэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "965.txt"
} |
Хы псэущхьэхэр мащIэ щохъу
Иужьрей зэманым псэущхьэ зэмылIэужьыгъуэхэр щIыпIэ-щIыпIэкIэ щокIуэдыж. ЩIыуэпсымрэ абы и хъугъуэфIыгъуэхэмрэ хъумэнымкIэ дунейпсо зэгухьэныгъэм и щIэныгъэлIхэм зэрыжаIэмкIэ, псыр фIей зэрыхъуам, кIэрыхубжьэрыхухэр зэрыхадзэм къыхэкIыу, бдзэжьейхэм кислород яхуримыкъуу холIыхьри, псы Iуфэм къытредзэж. А Iуэхум хэкIыпIэ гуэри имыIэу щыткъым, ауэ ар гъэзэкIуэжыным зэманышхуэ ихьынущ.
Къэпщытэныгъэхэм хэтащ къэрал 17-м я щIэныгъэлI 67-рэ. Абыхэм ягъэхьэзырыжа тхыгъэм къызэрыхэщымкIэ, Дунейпсо хым кислороду хэтым и бжыгъэм 1950 гъэ лъандэрэ кIэроху илъэс къэс. Псалъэм папщIэ, илъэс 70-кIэ узэIэбэкIыжмэ, Дунейпсо хым и щIыпIэ 45-м а Iуэхугъуэр нэхъ щынэрылъагъуу щытамэ, нобэкIэ кислород хурикъуркъым щIыпIэ 700-м щIигъум. Апхуэдэпс хэс бдзэжьейр зэтолIэ.
Сыт-тIэ псым кислородыр хэкIуэдыкIыным щхьэусыгъуэ хуэхъур?
Псом япэрауэ, цIыхум игъэс гъэсыныпхъэхэм къапиху гъуэз хьэлэр уэгум ихьа нэужь кислородыр еубыдри, псым хэшыпсыхьын хуейм хуэдиз лъысыжыркъым. Ауэ щыхъукIэ, псы щIагъым щIэс бдзэжьей лIэужьыгъуэхэр кислород яIэрыхьэркъыми, малIэ. ЗэрыжаIэмкIэ, псым фIэкIуэд кислородым и процент 50-р а Iуэхугъуэращ зэпхар. Мыдрей процент 50-р и ягъэщ хьэндыркъуакъуэцIэнлъым (водоросли). ЦIыхум хьэл мыгъуэ хуэхъуащ кIэрыхубжьэрыхур тенджызым хидзэныр. Псы фIейм, куэншыбым азот куэду зэрыхэлъым къыхэкIкIэ, хьэндыркъуакъуэцIэнлъыр псы щIагъым щобагъуэ. Дызэрыщыгъуазэщи, абы зиужьын папщIэ, кислород куэд «ешх». Аращи, бдзэжьейхэм армырми къемэщIэкI, апхуэдизу зыхуэныкъуэ кислородыр еубыд.
«Мы Iуэхугъуэр къызэтедмыгъэувыIэмэ, ди псэущхьэхэм ящыщу лIэужьыгъуэ зыбжанэ тфIэкIуэдыпэнкIэ шынагъуэщ. Абы и закъуэкъым, бдзэжьей зыщэхэм я Iуэхури екIэкIуэнущ. КIэщIу жыпIэмэ, дунейпсо экономикэр къызэIызыщIэн Iуэхугъуэщ мыр. Ари пщигъэгъупщэжыну щыIэщ иджыри зы шынагъуэ - кислородыр къызэмэщIэкI псым къеутIыпщ «парниковый эффект» жыхуэтIэр нэхъри къезыгъэбл гъуэзхэр. ЗэрытщIэщи, апхуэдэ гъуэзхэр уэгум ихьа нэужь, щIым къытепсэ хуабэм хьэршым иримыгъэгъэзэжу еубыдри, дунейпсо хуабагъэр дрегъэкIуей. Дунейр нэхъ хуабэ хъуху, мылхэри псынщIэу къоткIу. ЩIэныгъэлIхэм я къару къихь къамыгъанэу а Iуэхугъуэм йолэжь, ауэ зыми зихъуэжакъым, цIыхухэм я кIэрыхубжьэрыхум хэщIакъыми. Уеблэмэ 2018 гъэм «парниковый эффект»-м и зэран къызэрыдэкIам хуэдэу зэи зыкъыдигъэщIауэ къысхуэщIэжыркъым», - жеIэ Дунейпсо хыр хъумэнымкIэ зэгухьэныгъэм и унафэщI Эппс Минэ.
УнафэщIым и псалъэхэм щыхьэт тохъуэ Балтийскэ хым кислородыр мащIэ зэрыщыхъуар, абы къыхэкIкIи псэущхьэ лIэужьыгъуэ зыбжанэм а псыр зэрабгынар. А хым псэущхьэ зыхэмысыжу иIэм километр зэбгъузэнатIэу 70000 еубыд. ХьэндыркъуакъуэцIэнлъ зэмылIэужьыгъуэхэр щыбагъуэри, Балтийскэ хым и плъыфэри ихъуэжащ.
Фырэ Анфисэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "966.txt"
} |
Спортыр ипэ ирагъэщ
Тэрч щIыналъэ
Физическэ щэнхабзэмрэ спортымрэ Тэрч щIыналъэм зыщегъэужьыным теухуауэ КъБР-м къыщащта программэм ипкъ иткIэ зэхьэзэхуэ зэмылIэужьыгъуэу 40-м щIигъу ирагъэкIуэкIащ. Абы хэтащ я ныбжькIэ зэхуэмыдэу спортсмен 4500-рэ.
Спорт зэпеуэ нэхъ инхэм ящыщт волейболымкIэ, дзюдомкIэ, самбомкIэ зэхэта щIыналъэпсо зэIущIэхэр, «ТекIуэныгъэм и кубок» фIэщыгъэм щIэту гимнастикэмкIэ ягъэлъэгъуа зэфIэкIыфIыр, волейболымкIэ цIыхубз командэхэм я «Курп гъатхэ» зэпеуэр. Спортым зегъэужьыным теухуауэ Джылахъстэнейм лэжьыгъэфIхэри мы илъэсым къыщрахьэлIащ: Олимп мыхьэнэ зиIэ спорт школ Дейскэм дэтыр зыхуей-зыхуэфIхэмкIэ зэфIагъэхьащ. Абы трагъэкIуэдащ сом мелуан 11,5-м нэблагъэ. Апхуэдэу, Тэрч къалэ къыщызэIуахащ метр зэбгъузэнатIэ 800 зи инагъ спорт IуэхущIапIэ.
Прохладнэ щIыналъэ
ИлъэсыщIэм - лэжьыгъэфIкIэ
ИлъэсыщIэм ирихьэлIэу Прохладнэ щIыналъэм ухуэныгъэщIэхэр щатынущ: Солдатскэ, Прималкинскэ жылагъуэхэм сабий садыщIэхэр, Саратовскэм - фельдшерско-акушер IуэхущIапIэр хьэзыр щыхъунущ.
Дунейр къызэрыщIыIами емылъытауэ, лэжьыгъэм пащэ. Къапщтэмэ, Учебнэ жылэм дэт ЩэнхабзэмкIэ унэр къагъэщIэрэщIэжыныр и кIэм нос. Мы ухуэныгъэхэм къадэкIуэу, щIыналъэм котельнэу 11-р зыхуей щыхуагъэзэжащ. Район унафэщIхэм я егугъуныгъэкIэ Лесное къуажэ цIыкIум псы къыщIэшыпIэщIэ щаутIыпщащ. Абы и фIыгъэкIэ псымкIэ тыншыжащ илъэс куэд лъандэрэ гугъу ехьа жылагъуэдэсхэр.
Шэрэдж Дисэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "967.txt"
} |
Дунейм щыхъыбархэр
МКъУ-м и ректору иджыри илъэситхукIэ щытынущ
Ломоносов М. В. и цIэр зэрихьэу Москва дэт къэрал университетым и ректор Садовничий Виктор а къулыкъум иджыри илъэситхукIэ пэрытынущ. Апхуэдэ указым Iэ тридзащ УФ-м и Президент Путин Владимир.
Ректорхэм я урысейпсо зэгухьэныгъэм и президентым, щIэныгъэлI цIэрыIуэм илъэс 27-рэ хъуауэ, 1992 гъэм къыщыщIэдзауэ, ирехьэкI а IэнатIэр. И лэжьыгъэфIым папщIэ Садивничэм къыхуагъэфэщащ СССР-м, УФ-м я Къэрал саугъэтхэр, «Хэкум и пащхьэм щиIэ фIыщIэхэм папщIэ» орденым и нагъыщэ псори къратащ.
И ныбжьым емылъытауэ (мы гъэм и мэлыжьыхьым ар илъэс 80 ирикъуащ), ар и лэжьыгъэм хъарзынэу йохъулIэ, жылагъуэм пщIэ щиIэщ. Дауи, а псори къилъытауэ къыщIэкIынщ, Президентым а IэнатIэр профессорым, РАН-м и академикым аргуэру дзыхь щыхуищIым.
Дербент - Налшык гъуэгур
2030 гъэм ирихьэлIэу яухуэнущ Дербент - Налшык гъуэгур. Ар къыщыгъэлъэгъуащ «Автодор» къэрал компанием Урысейм гъуэгухэр щыщIыным теухуауэ зэхилъхьа, 2035 гъэм нэсыху пIалъэр къызэщIэзыубыда планым.
Илъэс пщыкIутхум къриубыдэу гъуэгуфIхэм километр мин 17,56-рэ къыхагъэхъуэну я мурадщ. Иджыпсту щыIэ гъуэгухэр и лъабжьэу Дербент - Мэхъэчкъалэ - Грозный - Налшык трассэр къызэIуахынущ. Абы Краснодар къыпикIухьынурэ М-4 «Дон» трассэм хыхьэнущ. Апхуэдэуи 2035 гъэ пщIондэ яукъуэдиинущ Самарэ - Саратов - Волгоград - Краснодар гъуэгущIэр.
Мы илъэсым къриубыдэу ягъэхьэзырынущ Сочэ - Джубгэ гъуэгур зэращIыну проектыр. IэщIагъэлIхэр хэплъэнущ автомобиль куэд щызэтрихьэ щIыпIэхэр «зыунэщIыну» гъуэгущIэхэр щIыным теухуа Iуэхуми - Таупсерэ Сочэрэ къапэзыкIухь трассэ щIыным.
Мелуаным щыщу зырщ
апхуэдэ насып зэуалIэр
Москва дэт Перинатальнэ центрым, Мухиным и цIэр зезыхьэм, щIалэ цIыкIуитIрэ хъыджэбз цIыкIуитIрэ зэуэ иджыблагъэ къащыхэхъуащ Бадар Аль Хашамирэ Шульц Ольгэрэ я унагъуэм.
Дунейпсо статистикэр щыхьэт зэрытехъумкIэ, сабииплI зэуэ дунейм къыщытехьэ куэдрэ къэхъуркъым - цIыхубз уэндэгъу мелуаным ящыщу зырщ апхуэдэ насып къызыхуихуэр.
Иджырей гуфIэгъуэр къызэуэлIахэу Бадар Оманым къикIащ, Ольгэ Урысейм щыщщ. Ахэр щызэрыцIыхуащ щылэжьа Хьэрып Эмират Зэгуэтхэм, иужькIэ унагъуэ хъуащ. Зэщхьэгъусэхэр щIэхъуэпсырт бын яIэнми, ар плIыуэ гъэбэгъуауэ Алыхьым къаритащ икIи я насыпыр кIэншэу къалъытэ. Сабийхэм Сарэ, Iэдэм, Аннэ, Назар фIащащ.
- Ди центрым сабииплI зэуэ зэи къыщалъхуакъым. Апхуэдэу щытми, а Iуэхум зэрыхуэфэщэнкIэ зыхуэдгъэхьэзырри, сабийхэр узыншэ цIыкIуу дунейм къытехьащ. Иджыпсту абыхэм дохутыр зырызыххэ егъэбыдылIауэ якIэлъоплъ. Я щытыкIэр тэмэмщ, - жеIэ центрым и дохутыр нэхъыщхьэ Извеков Александр.
Нобэ
♦1476 гъэм Инджылызым щыяпэу а къэралым тхылъ щытрадзащ. АбыкIэ Инджылызыр Европэм и адрей щIыналъэхэм лIэщIыгъуэ Iыхьэ плIанэм нэблагъэкIэ къакIэрыхуат. Япэ тхылъыр а къэралым къыщыдэзыгъэкIар типограф Кэкстон Уильямщ.
♦1642 гъэм Голландием щыщ, хым тету щIыпIэ-щIыпIэхэр къызэхэзыкIухь Тасман Абель къихутащ Новая Зеландия щIыналъэр зэрыщыIэр.
♦1742 гъэм Урысейм и пащтыхь гуащэ Елизаветэ Пётр и пхъум унафэ къыдигъэкIауэ щытащ журт псори къэралым ирагъэкIыну, иужькIи, сыт хуэдэ щхьэусыгъуэ ямыIами, ахэр кърамыгъэхьэжыну.
♦1920 гъэм Лъэпкъхэм я Лигэм Гаагэ къыщызэригъэпэщащ дунейпсо хеящIэ IуэхущIапIэ.
♦1926 гъэм Совет къэралыгъуэм щыяпэу абы цIыхуу исыр бжын щIадзащ.
♦1949 гъэм Налшык щекIуэкIащ КъАССР-м и цIыхубз ныбжьыщIэхэм я ХI республикэ съезд.
♦1971 гъэм Москва япэу щагъэлъэгъуащ «Джентльмены удачи» кинокомедиер. Ди къэралым щыпсэухэм нэхъыфI дыдэу ялъагъу фильмхэм ящыщ хъуащ ар.
♦1989 гъэм Совет Союзым и Либерал-демократие партыр къызэрагъэпэщащ. Абы и унафэщIу хахащ Жириновский Владимир.
♦1991 гъэм Украинэм ФутболымкIэ и федерацэ къыщызэрагъэпэщащ.
♦1991 гъэм Налшык щекIуэкIащ КъБР-м ис лъэпкъхэм я лIыкIуэхэм я съезд.
♦1996 гъэм ООН-м и секретарь нэхъыщхьэу хахащ Аннан Кофи.
♦2000 гъэм Европарламентыр арэзы техъуащ тутын къыщIэзыгъэкIхэм хуагъэув мардэхэр гъэткIииным теухуа законопроектым.
♦1797 гъэм къалъхуащ нэмыцэ усакIуэ, публицист, критик Гейне Генрих.
♦1873 гъэм къалъхуащ урыс усакIуэ, тхакIуэ, драматург, зэдзэкIакIуэ, критик Брюсов Валерий.
♦1903 гъэм къалъхуащ совет тхакIуэ, Ильф Илья и гъусэу къыдигъэкIа тхылъхэм цIэрыIуэ ирихъуа Петров Евгений.
♦1908 гъэм къалъхуащ актёр цIэрыIуэ, СССР-м и цIыхубэ артист Плятт Ростислав.
♦1927 гъэм къалъхуащ совет актёр, СССР-м и цIыхубэ артист Марков Леонид.
♦1930 гъэм къалъхуащ актёр, РСФСР-м и цIыхубэ артист Рыбников Николай.
♦1950 гъэм къалъхуащ уэрэджыIакIуэ, актрисэ, УФ-м и цIыхубэ артисткэ Сенчинэ Людмилэ.
♦1969 гъэм къалъхуащ хоккеист, дунейм щэнейрэ и чемпион хъуа, Олимп Джэгухэм дыжьын, домбеякъ медалхэр къыщызыхьа Фёдоров Сергей.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык уфауэ щыщытынущ. Махуэм хуабэр 1 градус, жэщым щIыIэр градуси 2 - 1 щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
Мыщхьэх дахащIэщ.
Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "968.txt"
} |
Дэфтэрым хоплъэ
Бахъсэн щIыналъэм и щIыпIэ администрацэм иджыблагъэ щедэIуащ щIыналъэм и бюджетыр 2020 гъэм, 2021 - 2022 гъэхэм зыхуэдэнум.
ЗэIущIэм хэтащ Бахъсэн щIыналъэм и прокурор Бэшорэ Аслъэн, щIыналъэ советым и депутатхэр, щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэм и къуэдзэхэр, жылагъуэ лэжьакIуэхэр, нэгъуэщIхэри.
КъаIэта Iуэхум теухуауэ къэпсэлъащ Бахъсэн щIыналъэм и щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэм экономикэмрэ финансхэмкIэ и къуэдзэ ПщыукI Мухьэрбий. Абы зэрыжиIамкIэ, 2020 гъэм щIыналъэм и хэхъуэр псори зэхэту сом мин 887047-рэ хъунущ, бюджет зэхуаку трансфертыр - сом мин 647538,3-рэ, щIыналъэм къигъэсэбэпыну зыхуеинур - сом мин 887047-рэ.
Бахъсэн щIыналъэм и Къэзыпщытэ-къэзыбж IэнатIэм и унафэщI Къардэн Адмир жиIащ дэфтэрыр Урысей Федерацэм и бюджет законодательствэм и жыпхъэхэм къызэрезэгъыр.
ЗэIущIэм къызэрыщыхагъэщамкIэ, бюджетыр щызэхагъэувэм гулъытэ хэха хуащIащ щIыналъэм и еджапIэхэм зегъэужьыным.
ЗэIущIэм хэтахэр проектым арэзы техъуащ икIи, зи гугъу ящIа Iуэхугъуэхэр къэлъытауэ, зи чэзу зэIущIэм япэ еджэгъуэу къыщащтэну зэгурыIуащ.
Улымбащ Лерэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "969.txt"
} |
КIуэкIуэ Казбек иригъэкIуэкIащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Наркотикхэм япэщIэтынымкIэ и комиссэм и зэIущIэ
КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ К. В. Правительствэм и Унэм щригъэкIуэкIащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Наркотикхэм япэщIэтынымкIэ и комиссэм и зэIущIэ. Абы хэтащ КъБР-м къегъэщIылIа федеральнэ инспектор нэхъыщхьэ Ткачёв Е. А., КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков А. ТI., министерствэхэм, ведомствэхэм, хабзэхъумэ органхэм я унафэщIхэр, къалэ, район администрацэхэм я Iэтащхьэхэр.
ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ «2020 гъэм нэсыху Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм узыншагъэр хъумэнымкIэ и IэнатIэм зегъэужьыныр» къэрал программэм наркотикхэм япэщIэтыным теухуа и программэ къуэдзэр гъэзэщIа зэрыхъум, апхуэдэу цIыхухэр наркотикхэм емыгъэтхьэкъуным хуэгъэзауэ ялэжьхэм.
ЗэIущIэр къыщызэIуихым щIыналъэм и унафэщIым къыхигъэщхьэхукIащ наркологие IуэхущIапIэхэр зыхуеину Iэмэпсымэхэмрэ мылъкумкIэ къызэгъэпэщыным теухуауэ республикэм лэжьыгъэ пыухыкIа зэрыщекIуэкIыр, наркотикхэм ятхьэкъуа сымаджэхэр гъэхъужынымкIэ дохутырхэм зыхуеину Iэмалхэр яIэ зэрыхъуар.
Апхуэдэу щыт пэтми нобэ къыздэсым гъэзэщIа хъуакъым республикэм наркологиемкIэ и диспансерым и химико-токсикологие лабораторэр иджырей IэмэпсымэхэмкIэ къызэгъэпэщыным теухуауэ зэхалъхьауэ щыта Iуэхухэр. Иджыпсту медицинэ къэхутэныгъэхэр зэрырагъэкIуэкI аппарат-программэ комплексыр сыт и лъэныкъуэкIи жьы хъуащ икIи нобэрей лэжьыгъэм къезэгъыжыркъым.
- Наркотикхэм япэщIэтынымкIэ республикэ программэр гъэзэщIа зэрыхъур нэхъ IупщIу къэзыгъэлъагъуэхэм ящыщщ хабзэм къемызэгъыу зэблагъэкI наркотикхэр, ар зэзыхьэлIэхэр нэхъ мащIэ зэращIыфыр.
Ауэ 2018 гъэм и япэ мази 9-м кърикIуахэм къызэрагъэлъагъуэмкIэ, апхуэдэ хабзэншагъэу къэхъухэр, балигъ мыхъуахэри зыхэтхэр иджыри егъэлеяуэ куэдыIуэщ. Район щхьэхуэхэм щыхэхъуащ наркотикхэм ятхьэкъуауэ пэублэ учётым ягъэувхэр. Абы и лъэныкъуэкIэ я Iуэхур нэхъ зэкIэлъымыкIуэщ Шэджэм, Аруан, Тэрч районхэм, Прохладнэ къалэм. Арэзы утёхъуэ хъунукъым наркотикхэм ятхьэкъуахэр гъащIэм хэзыгъэзэгъэж IуэхущIапIэхэм ящыщу къэрал унафэм щIэмытхэм зэрадэлажьэми.
Хабзэхъумэ органхэм хуагъэуващ наркотикхэр гъэпщкIуауэ зыщэхэр къыщIэгъэщыным егугъуну, наркотикхэр ди щIыналъэм къизышэхэр къэгъуэтынымрэ ахэр жэуапым ешэлIэнымрэ къарууэ яIэр хузэщIагъэуIуэну.
Гулъытэ хэха хуащIащ балигъ мыхъуахэм я зыгъэпсэхугъуэр зэрырагъэкIуэкIыр егъэфIэкIуэным, профилактикэ Iуэхухэр нэхъ жыджэру зэгъэпэщыным, абы и лъэныкъуэкIэ цIыхубэ хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэри Интернетри дэIэпыкъуэгъу къэщIыным.
- Наркотикхэм япэщIэтынымкIэ программэ къуэдзэр гъэзэщIа зэрыхъур лъэныкъуэ псомкIи къэдмыпщытэмэ, - жиIащ КIуэкIуэ К. В., - республикэм наркотикхэм щапэщIэтынымкIэ хэкIыпIэщIэхэри тэмэму къэдгъуэтыфынущ.
Зытепсэлъыхьа Iуэхум теухуа докладхэр ящIащ КъБР-м Экономикэ, жылагъуэ шынагъуэншагъэмкIэ и советым и секретарым и къуэдзэ - КъБР-м Наркотикхэм япэщIэтынымкIэ и комитетым и аппаратым и унафэщI Шевченкэ Ю. В., КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Хъубий М. Б., къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру КъБР-м щыIэ Ромашкин И. К., КъБР-м спортымкIэ и министр Хьэсанэ И. М. сымэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "97.txt"
} |
ХьэрычэтыщIэхэмрэ къулыкъущIэхэмрэ зэдэлэжьэн хуэдэу
УФ-м и Къэрал Думэм и депутат Марьяш Иринэ иджыблагъэ Москва къалэм щаIущIащ «Iуэху зезыхьэ Урысей» жылагъуэ зэгухьэныгъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щиIэ къудамэм и лIыкIуэ Гузеевэ Индирэ, Москва къалэмрэ Москва областымрэ сату-экономикэ IуэхухэмкIэ КъБР-м и Правительствэм и лIыкIуэу щыIэ Щэуей Альберт, «Горный край» жылагъуэ IуэхущIапIэм и правленэм и унафэщI Макаренкэ Дмитрий, хьэрычэтыщIэхэм ехьэлIауэ хабзэм къемызэгъыу уголовнэ Iуэху къемыгъэIэтынымрэ абыхэм зэфIагъэува я IэнатIэр къатезыхыну зи мурадхэмрэ ящыхъумэнымкIэ адвокат Ковалёв Денис сымэ.
ЗэIущIэм хэтахэр тепсэлъыхьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым хьэрычэт Iуэху мыинрэ курытрэ зиIэхэм къэралым зэрызащIигъакъуэм, абыхэм къыщIагъэкI хьэпшыпхэмрэ я Iуэхутхьэбзэхэмрэ ди щIыналъэм къищынэмыщIауэ нэгъуэщI хэгъэгухэми зэрыщрагъэкIыфыну щIыкIэм. Къапщтэмэ, Макаренкэ Дмитрий къызэхуэсахэр щигъэгъуэзащ «Горный край» IуэхущIапIэм хэтхэм зэфIагъэкI лэжьыгъэмрэ ахэр зыIууэ гугъуехьхэмрэ.
Ковалёв Денис жиIащ я IуэхущIапIэм зыкъызэрыхуагъазэ Iуэхухэр нэхъыбэм зытеухуар хьэрычэтыщIэхэм я хуитыныгъэхэр къызэрызэпаудыр зэрыарар, абы къыхэкIыу хьэрычэт Iуэхум епха жылагъуэ IуэхущIапIэхэм ядэлэжьэну зэрыхьэзырыр.
Гузеевэ Индирэ жиIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым къызэрыщызэрагъэпэщар Кавказ Ищхъэрэм шхапIэрэ хьэщIэщрэ къыщызэIузыхахэм я зэгухьэныгъэ. Ар зи жэрдэм хъуар Гузеевэращ, абы и мурадыр къыдаIыгъащ КъБР-м, Шэшэн Республикэм, Ставрополь щIыналъэм хьэщIэщ Iуэхум щелэжь цIыху зыбжанэм. Зэгухьэныгъэм лэжьэн зэрыщIидзэрэ ирегъэкIуэкI зэгъунэгъу щIыналъэхэр зыIууэ гугъуехьхэм щытепсэлъыхь зэIущIэхэр. Псалъэм папщIэ, Марьяш Иринэ зыхэта зэхыхьэм къыщаIэтащ зи гугъу тщIы щIыналъэхэм я зыгъэпсэхупIэхэм зэхуэдэу я лэжьыгъэр зэтеубла зэрыхъуну щIыкIэр.
Къэпсэлъам зэрыжиIамкIэ, зэгухьэныгъэр жыджэру хэтщ «Мастера гостеприимства» урысейпсо зэпеуэм. Абы Iэмал къарет я зэфIэкIым, я Iуэху къызэгъэпэщыкIэм хагъэхъуэну, апхуэдэуи туризмэм епха IэщIагъэхэм я пщIэр къеIэт. А зэпеуэм хэтыну ирагъэблагъэ зи лэжьыгъэм фIыуэ хэзыщIыкIхэри IэщIагъэлI ныбжьыщIэхэри.
ЗэIущIэм и кIэм Марьяш Иринэ къыхилъхьащ къаIэт Iуэхухэм дяпэкIэ нэхъ куууэ хэплъэн хуейуэ, хьэрычэтыщIэхэри къулыкъущIэхэри зэчэнджэщыфын хуэдэу.
КЪАНЩАУЭ Мэлычыпхъу.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "970.txt"
} |
ЛЪЫЩIЭЖ
(КIэухыр. ПэщIэдзэр дыгъэгъазэм и 11, 13-хэм итщ.).
ЩеIуэжыр Тхьэ: «Къышыр къысхуэкIуэм,
Сэ естыфынущ псалъэ быдэ,
Си быным ещхьу, семыщхьэкIуэу,
Сыхуэхъуфыну адэм хуэдэ,
СыткIи мамыру сыбгъэдэту,
Естынущ куэду саугъэтыр!»
ИтIанэ, цIыхухэм кърахьэкIыр,
Алыхьым ещIэ и пэжыпIэр,
Бийр къиувауэ ди ужь екIэ,
ИщIыну ди щIыр лъы гъэжапIэ.
Къезэгъкъым дэ дызэфIэнэжу
И гъуэгур бийм хуэтщIыну хуит.
Ди лъахэрщ нобэ псом я щхьэжыр,
Ар тхъумэжыным дыхэвгъэт.
ЗэвгъащIэ, нобэ хуэдэ махуэм
Дэтхэнэ зылIри куэд и уасэщ,
Мыпхуэдэ махуэм къыщонахуэ
Хэт ипэжыпIэкIи зищIысыр.
СылIщ жиIэу зыщхьэрыгъыр пыIэ
ЕIэнущ и псэм, къеIэм и нэм.
ЩымыIэ Хэкум нэхъ нэхъ лъапIэ,
Фызэкъуэувэу зылI и быну,
Бийр ифлIыхьыжмэ езым и пIэм,
Фхуэфащэщ лIыщ къыфхужаIэну.
Тэмэму мыр зыгурыгъаIуэ -
Аслъэнбэчыпщыр зэгупсысыр
Къыпэмылъэщу бийр ди мэIум,
Къулыкъу хуэпщIэныр арщ Шэрджэсым!
- Хъунщ-тIэ, сыкIуэнщ сэ пщым и деж,
Хуитщ илэжьыну зыхуей дыдэр,
Езым зыхуищIыр гукъыдэж,
Сэ, дауэ щытми, си зэхуэдэщ.
Къышыр щIэхъуэпскъым саугъэтым,
ХуэбзафIэу зыгуэр тIэкIу къезытым.
Ялъагъур цIыхухэм сызищIысыр,
Сыт хуэдэу щытми си нэмысыр
Си гугъэщ схуэIыгъыну къекIуу,
НэхъыфI къысфIощIыр пщым деж сыкIуэм.
КъысхужаIэнкIи хъунущ цIыхухэм:
«ИкIащ акъылым Къышырбий!»
Зытезмыгъахуэу пщым и щIыхуэ,
СыкIуэнущ сэ абы и дей.
Сыхъункъым зэи хабзэкъутэ,
СIыгъынщ нэхъыжьхэм я уэсятыр.
КъысхуикIыу щытми емынэр,
Ныбжьэгъуу сыщIыхьэнщ и унэм,
Къыхуегъэзэгъмэ и щIыхьым,
ЖреIэ къыщIещакIуэр си щхьэм!
Къэсауэ щытми си ухыгъэр,
Хэутэн сищIыну иIэ лIыгъэ?
ПцIыр игъэкIуэну хабзэм и щхьэ,
КъыхуегъэкIун абы и щIыхьым?
- Фызэбиями пщымрэ уэрэ,
ПфIэмыщI Аслъэн укъигъэпцIэну!
Пэжщ, къощэкIуащ уэ Аслъэнбэч,
Ауэ мыбыкIэ умыщI шэч -
ХущIегъуэжащ ар ищIэгъахэм,
Псэ къабзэу къихьыжауэ тобэ,
Пхуэхъунущ ныбжьэгъу пэж ар нобэ.
И хэкур псоми я нэхъ лъапIэу
КъызэрилъытэмкIэ шэсыпIэ
Сиувэфынущ, къызэдаIуэ,
БжесIахэр пэжу Тхьэ пхузоIуэ!
ЖьакIэхум жиIэхэм пцIы хэлъу
Къышырым къэмыкIа и гущхьэм,
ЛIыжьым фоупс къыIурылъэлъым
Нэхъыбэр зэхэщIауэ щхъухьу.
- Хъунщ, ди нэхъыжь, сэ къызгуроIуэ,
Абы щхьэкIэ лейуи Тхьэ умыIуэ.
Си натIэм илъу къыспэщылъым
Сэ сыхьэзырщи сыIущIэну,
Тхьэм жиIэмэ, мыгувэу си лъэр
Сэ нэсхусынщ Аслъэн и унэм.
ЗэгъащIэ, сэ сыщымышынэ
Абы хэслъхьэнкIэ хъуным си щхьэр!
- Къыпхухъу тхьэразэ, ди пащтыхьым
Хуэсхьынущ сэ хъыбар гуфIэгъуэр!
Ущыт узыншэу, уи гущIыхьэр
Зыщыгъэгъупщи, гъуэгу нытехьэ!
- Гъуэгу махуэ уэри, лIыжь Iумахуэ!
Ирегъэжьэжри лIыжь пцIыупсыр,
Къышыр мыпхуэдэу йогупсысыр:
- Зыкъришэжу ифI, щытхъупскIэ
СигъэIулэн ищIамэ гугъэу,
Сеплъынкъэ сэри сыкъэмыскIэу,
Пщышхуэм къылъыкъуэкIыну лIыгъэм! -
ПащIэкIэм жагъуэу щIогуфIыкIыр,
Зэрышхыу дзэр зэтрекъузэ,
Къаплъэн, щэкIуэным нэр къыхуикIыу,
Ежьа пфIэщIыну зыкъегъазэ.
Пэплъащ жэуапым ар гупсэхуу,
Щхьэм Iуэхухэр щызэригъэзахуэу.
«СыкIуэнщ, - жи, - си щхьэр мынэхъапэ,
Хуэхъуну щытмэ, ар си лъахэм щхьэпэ».
ИкIи къыщIегъэувэ нэгум:
Бийр къытеуауэ Шэрджэс хэкум,
Зыхуэзэу хъуар зэтригъасхьэу,
Дыгъужь ныбаджэу зихущыхьу,
Езыми кърихауэ джатэр,
Бийм лIэн-къэнэну япэщIэту.
13
- Сыт къезыхуэкIыр а лIыжь кхъахэр? -
Зыгуэрым и гур игъэмыгъуэу,
Ирегъэжьэжри гъунэгъур, -
Къышыр и анэр нэщхъеяуэ,
ЩIоупщIэ, къуэм зыхуигъэзауэ:
- Ар къысхуищIащи пщышхуэм лIыкIуэ,
Аслъэным секIужыну сокIуэ.
- КъыбгурыIуэжрэ жыпIэр, щIалэ?
КхъыIэ, апхуэдэу умыделэ,
ЖыIэзыфIэщ сабий
Зыкъыщыбгъэхъуу уэ уи бийм.
Ар бзаджэщ блэуэ, хьилэшым
ТхьэкIумэкIыхьу узыщIешэ.
Ар хуейкъым зыкIи мамырыгъэ,
Къыпэлъэщакъыми уи лIыгъэм,
И ныбгъуэхьэшыр къегъэIэгъуэ,
Уриубыдэну дыгъужьыгъуэм.
Мыгъуагъэ кIэншэр зи IэрыкIыр
Гузавэ пфIэщIрэ хэкум щхьэкIэ?
Псалъэ дыгъэлхэм нэр къыщапхъуэу,
ДэIуэгъу си жыIэм ухуэмыхъум,
НэхъыфIщ псэр уи IэкIэ хэпхыжым -
КъедаIуэ зы лъэIу пхузиIэжым:
- А Iуэху мыщхьэпэм зыхуэбгъэпсым,
Уэ япэщIыкIэ хэх мы си псэр,
Залымым уекIужа иужькIэ
Сэ псэууэ самылъагъужыным щхьэкIэ.
- Илъэс куэдкIэ зэтеплъхьа уи унэр
Къэпкъутэжыныр тынш, си анэ?
Укъинэжами лъапсэ нэщIым,
Пхуэухуэжынущ ар щIэрыщIэу,
Ауэ зэ пфIэкIуэдамэ напэр,
Бгъуэтыжыххэнукъым и кIапи.
Сэ, хуейми, среух си гъащIэр,
Апхуэдэ хьэлъэ сыщрещIэ!
СфIощIыжыр гъащIи схуэмыфащэу,
Сыпсэумэ, зыми сыщымыщу.
Бийр къеныкъуэкъумэ си куэбжэм,
НэгъуэщI сыт сщIэну къысхуэнэжыр?
Зэуэну пемыжьэфым бийм,
Сыт и мыхьэнэжыр Къышырбийм?
Хэт сытхэр сэ къысхужиIами,
ЗыкъуэзгъэпщкIуэжмэ къуэгъэнапIэм,
Сыт хуэдиз гъащIэ сыпсэуами,
КъэсIэтыфынукъым си напIэр.
НэхъыфIщ сищтэжмэ кхъэ мащэм,
СхужаIэ нэхърэ хуэмыфащэу
Дунейм тетащ а Къышырбий,
ЛIы хуэдэу пемыжьэфу бийм.
Шынэкъэрабгъэ сакъыфIэщIу,
Къысхуагъэфащэмэ IэлъэщIыр.
Псэууэ сыкъинэми ди унэм,
ИтIанэ сыт сщIэжынур, нанэ?
IX
Аслъэн и пщIантIэ нэбэнэушэр
Пщэдджыжьым дыгъэм щыдэушым
Къыдохьэ зы шу зэкIуж гуэр,
Шэч гуэри къимыхьэжу гум,
Йопсыхри, йоджэ унэIутым,
МыпIащIэу щытщ бжэщхьэIум тету,
КъыщIэкIыхункIэ зыгуэр унэм,
УнэIутитIым Iахри и шыр,
Ягъэзэгъэну бомкIэ яшэр,
Ирагъэблагъэ унэм хьэщIэр,
КъыхуэбзэIэфIу, щхьэщэ ящIу,
Ирашэ хэгъэрейм и пащхьэ.
Абыхэм щхъухь къыхузэхащIэу
Къышырым къэкIыркъым и гущхьэ.
Абдеж, ящыгъыу афэ джанэ,
ЕIэн хьэзырхэу къамэ жаным,
ПсынщIэу къыщIохьэхэри унэм,
Къаухъуреихьыр пщылI зыбжанэм.
Абыхэм къамэр къыщхьэщахьэ,
Хьэзырхэу паупщIыну и щхьэр!
Къышырыр щытщ зы цIутI жимыIэу,
Къэщтауэ къамэми емыIэу,
ПфIэщыну зы къыфIэмыIуэхуу,
Унэкум итщ ар къыр къутахуэу.
ХуэщтэIэщтаблэу къоуэ и гур,
Гукъеуэ нэпсым игъэтхытхыу.
ПщылIхэр зауэлIым тозэрыгуэ,
ЛIы закъуэр быдэу зэкIуэцIапхэ.
Мывэ къутахуэ Къышырбий
Щытщ зэрыщыму, ягъэщIагъуэ
Гузавэ, шынэ е нэщхъей
И нэгум зэрырамылъагъуэр.
Ар щхьэдэплъыхыурэ сэрейм,
ЙодаIуэр цIыхубз гуэр зэрыгъым,
ИкIи къелъагъур Къышырбий -
КъокIуэр Аслъэн, и бий нэрыгъыр.
- Уихуа, дыгъужьыр си къапхъэным,
Сэ зыми зыри щIэзмыгъакIуэ.
Иджыри жылэм сахэпхьэну,
ЯжепIэу сэ сыепцIыжакIуэу,
Е, си ажалыр къэбгъэсыну
Ди Iуэхур щIакIуэ кIапэм хуэкIуэм?!
КъызэпщIэфынур сыт, хьэ щылъху?
Къэпщтэнщ плъэмыкIыу уэ си пщыгъэр!
Къыспэлъэщын мы уафэ щIагъым
КъыщыбгъуэтынкIэ умыгугъэ!
Зыкъэумысыжыт, икъукIэ бзаджэу
Уитшакъэ нобэ ныбгъуэ хьэшым?!
ПщIэздзэнщи мафIэ, мафIэ лыгъэр
Дрихуеинщ нэсыхукIэ дыгъэм,
ЩIым щыщ сщIыжынщ уи мафIэ сахуэр,
Абы укъелмэ, сэ си Iуэхуи!
Къышырыр зимыгъэхьэкъувыкъуу
Къопсалъэ:
«Уэ къысхуэщIэж си зы лъэIу закъуэ,
ИкIи абыкIэ къызэт псалъэ:
ЩумыгъэIуну Шэрджэс хэкум
Уэ нобэ зепхьэ напэншагъэр
Ди хабзэу тхъумэм хуэдэу нэкум,
ЗрытезбгъащIэр уэ хьэдагъэ!
Ди лъэпкъыжь хабзэу ди щIэиныр
Дэ щIэддзыж хъунукъым ди унэм -
Уи бийми, къыхуипхыныр къамэ
Къезэгъкъым, хьэщIэу къыпхуэкIуамэ!
Ажалым сэ сыхуэмыдзыхэ,
Ауэ цIыхугъэ Шэрджэс лъахэм
ЩыземыкIуэжу умыгъэIу, -
Ар щхьэщэ сщIыуэ, сынолъэIу.
Апхуэдэу хъумэ, егупсысыт,
Уи бынми сыт я натIэ хъунур,
Дыхэбдзэжам нэхъыфIт мафIэсым,
ПхужаIэжынукъэ итIанэ?!
Дэ къыддокIуэкIыр нэгъуэщI хабзи,
Лъы ягъэжамэ, лъы ящIэжу,
Уи нэм къеIам уеIэжу и псэм
КъокIуэкIыр цIыхум зэращIэжрэ,
ФIы зылэжьам хуащIэжыр фIыгъуэ,
Гуапагъэр куэдкIэ ягъэбагъуэу.
- ЗэгъащIэ мыр, зищIысым хабзэр
Хуезгъэджэжыну пщылI лIакъуэншэр
Сэ къыстемыхуэ, сэрщ зи шыбзэм
ЩIагъэкIыр хэтми захуэр, къуаншэр.
ТхьэмыщкIэр куэдрэ фымудафэ,
Аслъэнщ а псори зи унафэр!
X
- Къышыр ихуащ ди пщышхуэм и хъым, -
Щызэбграх нэхулъэм къуажэм,
Ар ягъэщIагъуэу, пIащIэ-тхъытхъыу,
ЦIыху цIыкIур мэхъур зэхэзежэ.
ЦIыху зэщIэвар, хьэхэм я къугъыр,
Сабийм я гъуэгыр зэхохьэжыр,
Ауэ къырыщхьэхэм къуршыбгъэм
Къыщалъэтыхь, къэмытIысыжу.
Къуаргъхэм я закъуэщ хьэдэ хуэплъэу,
Жыг тхьэмпэ Iувхэм къапхрыплъыр.
ЯфIэкIуэдауэ я тепыIэр,
Дэтхэнэ зыри хуейщ къищIэну:
«Ар дауэ ухъут, Аслъэн и жыIэм
Къышыр - губзыгъэт едэIуэну?!
Иджы лIыхъужьым сыт къыпэплъэр,
ИщIыну Аслъэнбэч щхьэпылъэ
Куэд щIауэ и лъыр къызыхуэплъыр?
ГуфIэгъуэ батэр и гум щызу
Аслъэным цIыхухэм захуегъазэ:
- Фыкъаплъэт мыдэ, хьэкIэкхъуэкIэр
Сэ си къапхъэным къиубыдакIэщ!
Сыхуейщ тефлъхьэнуи фэ тезырыр -
СапIэимыхьэм арщ хуэфащэр -
ЦIыху къэскIэ чищэ вгъэхьэзыр,
Зы къытеднэнкъым, телъми фищэ!
Алыхьым къищынэмыщIауэ,
НэгъуэщI и жыIэ щIэмытыну
ЗигъэлIыхъужьу тхьэ щиIуакIэ,
Пхъэдакъэжь мафIэр кIэщIэщIауэ,
КъыхуэгъэкIуэн хуейщ хьэ укIыкIэр!
Къызэхуахьэс пхъэ гъурыр куэду,
Iугъуэшхуэм уафэ псор екудэр,
Жьэражьэщ мафIэр, мафIэ бзийр
Уафэгум нэсыхун докIуей.
ЦIыху цIыкIум яфIэгъэщIэгъуэну
Нартыхуу зрагъэлыгъуэнум
Къышырыр, поплъэ тепыIэншэу.
ЛIыхъужь гъэрыр,
Хьэзаб къыпэплъэр псэм зыхищIэу,
Iэдэбу хоплъэ мафIэ гуащIэм,
Псэм щыщIэр зым къримыгъащIэу.
Аслъэн къыIуохьэр ауаныщIу,
КъыжеIэр: - Плъагъурэ, Къышырбий,
Уи деж къэсынущ мафIэ бзийр,
КъызжеIэт уэ иджы мы зыр,
УкIыкIэм уищIрэ арэзы?
- АтIэ, содэр а щхьэ пылъэкIэр,
Сыарэзыщ ухыгъэ хъуамкIэ,
Хъугъами ар нэхъ шынагъуэж,
Сэ зыми сыхущIемыгъуэж.
Псэм къыщIихьын гуэныхь злэжьакъым,
ЗызгъэпщкIуу щтапIэ сихьэжакъым.
- Къэгъанэ, хъунщ, зумыгъэделэ,
Псалъэ дыгъэлхэм тумыгъалэу,
Iичрам къэпхьыжмэ, уи къуаншагъэр
Згъэгъуну укъызогъэгугъэ!
- КъысхуэкIуэу щытми кIуэдыкIейр,
Щхьэр щызгъэщхъынкъым хьэм и дей!
- УлIэным и пэкIэ инатым
Арат уэрэд дебгъэдэIуатэм!
- ФедаIуэт жиIэм, гъакIуи унэм
КъысхущIегъэхыт шыкIэпшынэр.
КъыщIехыр пшынэр унэIутым,
Иретыр ар лIыхъужь инатым.
Гугъуи дехьыпэу и Iэ пхар
Трегъэзагъэ пшынэ налъэм,
НапщIэ зэхэуфам къыщIэплъу,
ЦIыху гуп къызэхуэсам яхоплъэ,
Яхидзэу нитIкIэ мафIэ лыгъэр:
Къышыр лIыгъэншэу фи мыгугъэ! -
Ираудами фи гур бийм,
Фэрщ гъащIэр щIитыр Къышырбий.
ЗэщIэдиями фи псэр мылу,
Къыдэвыжынщ ар си ажалым!
МэпIэнкI пхъэ гъурыр, мафIэ бзийм
ЕIэтыр Iугъуэ фIыцIэр мэзу
Уафэгуми, хуэмыхьу Iугъуэр,
Пшэм зыхегъапщкIуэ лIым хуэщыгъуэу.
ЦIыху цIыкIур, я нэр тедияуэ,
Йоплъ Къышырбий, умэзэхауэ.
ЛIыхъужьым и Iэр пшынэ налъэм
Ирожэ, нитIыр жыжьэ маплъэ.
Сэх лъагэм адэкIэ цIыхубзым
ГущIыхьэу къыщегъэшыр гъыбзэр.
Къышыр лIыукIхэм щащIым гъэр,
Арат абыкIэ къыщыгъар.
ИщIакъым хэтми ар Къышыр,
Ауэ зыхещIэр гукIи, псэр
КъонэщхъыфIэжри зымащIэу,
И макъыр лъэщу лIым ешэщIыр,
ЩхьэдэIухыжу уафэ гъунэм,
ЕгъэIу пшыналъэр шыкIэпшынэм.
Пшыналъэм еуэм и Iэр пхами,
Уэрэд къришыр и щхьэм хуиту
Уэгум докIуейри, хэту пшэхэм,
ЦIыху цIыкIум уэру къахуоIухыр.
1
«Iужажэм, былымаблэм щхьэкIэщ
КъыщIигъэщIар мы дуней гъащIэр:
Дахуэж цIыху пэжыр хьэрэкъуакIэ,
ЦIыху Iейр щIагъапщкIуэ я кIэ къуащIэм.
Мы щIым тетыхукIэ лIыхъужь нэсым
Тыншыгъуэр ищIэркъым зищIысыр!»
2
«ЛIыхъужьыр хэкум темыхьэлъэ,
Ар лъахэ къамэщ, лъахэ мэIущ.
Къэрабгъэм и кIэ къуащIэм къуэсым
Къуищэнущ хэкур, ептмэ уасэр.
Гуэныхьхэр къытехуащи мину,
ИгъащIэкIэ хуэмыпшыныну,
Зи хэкум епцIыжа шейтIаным
ЦIыхуфIыр хэутэн ищIынущ
Езым къитхъуным щхьэкIэ ахъшэ,
ЩымыIэ мылъку, ар щымэхъашэу.
Дэ лъахэм папщIэ лъыр дгъэжэху,
Е дещэр дэ, е дыкъещэху.
Дунейм тетынри фIэигъуэу
Хэку зэрисыфыр согъэщIагъуэ!»
3
«Адэжьхэм тхузэхалъхьа хабзэрщ
Сэ зэрызгъэкIыр гъащIэр шыбзэу.
Бгырысым зэи лIым и щIыхьыр
Дыщэм и усэу пэримылъхьэ.
Сэ сышэрджэсщ, си шэрджэсыпсэр
Си Шэрджэс лъахэращ зи гъусэр.
Мо бгыжь лъагэхэрщ, мэзыжьхэрщ,
Ахэм щыушэ къуалэбзурщ
Си шыкIэпшынэр зыхуэзур.
Бгырысыр зыщ зыщымыгъуазэр:
Жыхьэнымэм хадзэнур хэт,
Жэнэтым ягъэкIуэнур хэт?»
4
Игъэлъэгъуэну лIыгъэ хуейр
Йохутэ куэдрэ лIыгъэ щIапIэ.
Ажалми къыхуэмыгъэланджэрщ
Шэрджэсыр лIыхъужь нэскIэ зэджэр.
Къэзылъхуа лъэпкъым псэр лъэгущIыхь
ХуэзыщIым кIуэдыркъым и щIыхь!
Абы, щIалъхьэжми и Iэпкълъэпкъыр,
И щапхъэр хуэлэжьэнущ лъэпкъым!
ПцIыупсыр, лъэпкъым епцIыжакIуэр
ИрекIуэдыж и лъабжьэр дэкIуэу!
Блэм блащхъуэжьейщ къришыжынур,
Шыд шыщIэщ шыдым къилъхужынур.
Жызум къыпымыкIэну пыжьым,
Удз дахэу гъагъэркъым ежьужьыр!»
XI
Щызэхуэсауэ Iуву пщIантIэм,
ЙодаIуэ щIалэхэр уэрэдым,
Яхэтщ Аслъэнми и къуитIыр,
Теплъызэу я нэр мо лIы уардэм.
МэпIэнкIыр мафIэр, мафIэ бзийр
ЩхьэщолыдыкIыр цIыху зэхэтым,
Псэхэхри щхьэгум къыщыхуарзэу,
Къышырым и Iэр къыхуеший.
Есар жимыIэу псалъэ лей,
Лейр хуимыгъэгъуу зэи бийм
Шынагъуэу зэуэ хокIиикI:
- ЛIыгъэр фэри фи нэгу щIрекI!
КъыхоIэбыкIри мафIэ гуащIэм,
Къепхъуатэр Аслъэнбэч и бынхэр,
Быдэу щIекъузэри блэгущIэм,
ЗыхегъэпщкIуэж мафIэ емынэм.
Аслъэн къыфIэIуэхуакъым быныр,
ЩIэпхъуакъым ар къригъэлыну,
ИщIакъым пщыр игъэунэхуну,
Къышырым ахэр кърищIэну.
КъокIий Къышырыр, мафIэм здисым:
- Аращ уи лIыгъэр здынэсыр!
ЖиIа къудейуэ Къышырбий,
Ар егъэпщкIужыр мафIэ бзийм.
А сыхьэт дыдэм цIыхубз гуэр
Къахожри мо гуп зэрызехьэм,
МафIэ гуащIэшхуэм хохьэ псынщIэу.
ЦIыхубзми щIонэ а мафIэсыр,
КъацIыхур Демур и щхьэгъусэр,
Алъхъэстым ар и шыпхъу нэхъыщIэрт.
Зеуалэу Iуврэ фIыцIэу Iугъуэр,
Уэгум докIуейри уафэ лъащIэр
Хьэдэмэ гуащIэкIэ егъэнщIыр.
КIэлъоплъыр цIыхухэр ягъэщIагъуэу,
Я пщышхуэр, зы къыфIэмыIуэхуу,
Зэреплъыр щыму хьэдэ сахуэм.
XII
ЕтIуанэ махуэм и пщэдджыжьым
И хьэдэр къалъэгъуащ фызыжьым.
Дыгъуасэ къэсри бауэбапщэу
КъыхищыпыкIрэ мафIэ яжьэм,
ЩIалэм и къупщхьэхэр кIэ къуащIэм
КIуэцишыхьыжу хэсащ Iугъуэм,
Ауэ къыкъуоури жьыбгъэр гуащIэу,
Щрекъухьыжыр сахуэр губгъуэм.
Илъэгъуа псор гущIэгъуншагъэу,
ЩIыгум щызекIуэр залымыгъэу
Хуэмыхьыжыххэу адкIэ псэм,
Фызыжьым зыхеIужри сэр,
Уахътыр и гъащIэм къыхуегъэсыр.
XIII
Сыт и хъыбарыр Аслъэнбэч?
Игъахъэр сыт? Сыт и псэукIэ?
И пщыгъэм къытримыхьэжу шэч
Зэрыпсэуам хущIегъужакIэ?
Пщышхуэм и Iуэхум теухуауэ
ЦIыхухэм яIуатэр гъэщIэгъуэнщ:
Къыхэмыхуауэ и пщIыхьэпIэм,
Ар узым хиубыдат гъуэлъыпIэм,
И натIэ хъуар и фIэщ хуэмыщIу,
ДыгъапIэ уэсым ещхьу жэщIырт.
ЩIэхъуэпст ажалыр къыщысынум,
ЕлъэIурт тхьэ - къэгъэс нэхъ псынщIэу,
КъыщIихьэрти мафIэ сырымэ,
И псэр ахърэтымкIэ хуэпIащIэрт.
Ишхын къихьамэ унэIутым,
Губжьауэ къэхъурт бауэбапщэ,
Тепщэчыр, кIийуэ, IуигъэкIуэтырт:
«Мыбы блэ бзаджэ щызопщыпщэ!»
Гуэныхьыр тхьэм къыщIимыгъакIуэу,
Акъылым пщыр ирихуагъэнущ.
КъыщIэупщIэну зыгуэр къакIуэм,
ТекIиеу къыщIехужыр унэм:
«ЗбгъэдэкI! Сэ зыми сепцIыжакъым!»
Зыдрахьэхыу псыежэххэм,
Зым зыр къыпищэу макIуэ гъэхэр,
ЦIыху гъащIэм къыщыхъу гуауэ куэдым
Къыхэплъэу дунейр, сыт щыгъуи хуэдэу.
ЗэзыдзэкIар
УЭРЭЗЕЙ Афликщ.
ПШАВЕЛЭ Важэ
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "971.txt"
} |
ТекIуэныгъэмрэ щхьэхуитыныгъэмрэ я мыхьэнэр ящымыгъупщэу
КъБР-м и Парламентым иджыблагъэ щытепсэлъыхьащ ТекIуэныгъэ Иным и щIэинхэм.
ЗэIущIэм хэтащ Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт, КъБР-м ис муслъымэнхэм я дин IуэхущIапIэм и унафэщI Дзасэжь Хьэзрэталий, КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм и унафэщIым и къуэдзэ - КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм щIыпIэ унафэхэр зегъэкIуэнымкIэ и IэнатIэм и унафэщI Сарбашевэ Светланэ, Налшык къалэ округым и благочиннэ Бобылёв Валентин, депутатхэр, республикэм и министерствэхэм, районхэм я щIыпIэ администрацэхэм я лIыкIуэхэр, дин, жылагъуэ лэжьакIуэхэр, еджапIэ нэхъыщхьэхэм я унафэщIхэр, КъБР-м и Парламентым и ЩIалэгъуалэ палатэм хэтхэр, нэгъуэщIхэри.
КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ зэIущIэр къыщызэIуихым къыхигъэщащ ТекIуэныгъэ Иныр къызэрытхьрэ илъэс 75-рэ щрикъу махуэр гъэлъэпIэным илъэс ныкъуэ хуэдиз фIэкIа зэримыIэжыр.
- ЕтIуанэ Дунейпсо зауэр зэриухам и щыхьэту къэтхьа ТекIуэныгъэм цIыхубэр гукIи псэкIи щхьэхуит къищIыжат. Ди къэралым щыпсэухэм я дежкIэ гуфIэгъуэ махуэхэм ящыщу ар нэхъ лъапIэщ, ТекIуэныгъэм абы уасэшхуэ щIатауэ щытащи. Лъэпкъыр адэкIэ щIэпсэун, щIэпэгэн ТекIуэныгъэт ар! - жиIащ Егоровэ Татьянэ. - Ди жагъуэ зэрыхъунщи, нобэ псынщIэу зызыужь дунейм тхыдэр гъэунэхуныгъэ мытыншхэм пэщIегъэувэ, ар яхъуэжыну хэту. СызэреплъымкIэ, зыми хуэмыдэу, Урысейм щыпсэухэрщ жэуаплыныгъэшхуэ зи пщэ къыдэхуэр тхыдэм, Хэку зауэшхуэм и къекIуэкIыкIам и пэжагъыр яхъумэнымкIэ. Абы елъытауэ щытынущ ди щIэблэм и къэкIуэнур.
Егоровэм жиIащ къэралым и цIыхухэр зыпхыкIа а зэман нэхъ хьэлъэхэм иджырей щIалэгъуалэр фIыуэ зэрыщымыгъуазэр, къэрал щхьэхуэхэм тхыдэр къызэрекIуэкIам пцIы халъхьэну зэрыхэтым, щIэблэр зэригъэщхьэрыуэр.
- ЩIалэгъуалэр хэкупсэу, тхыдэм щыгъуазэу къэгъэхъуным ехьэлIауэ нобэ лэжьыгъэшхуэ зэфIагъэкI ар зи къалэнхэм къищынэмыщIа, жылагъуэ лэжьакIуэхэми, цIыхубэми. Ди къалэныр зыщ - щIэблэм я тхыдэр егъэщIэнырщ, - пищащ Егоровэм. - Абы и лъэныкъуэкIэ дызыгъэгушхуэ Iуэхущ «Полк уахътыншэм» хэтхэм я бжыгъэр илъэс къэс нэхъыбэ зэрыхъур. Мыхьэнэшхуэ иIэщ зэхэуэ гуащIэхэр щекIуэкIа щIыпIэхэм хъыбарыншэу щыхэкIуэда зауэлIхэр къэзылъыхъуэжхэм ирагъэкIуэкI лэжьыгъэми. Ди лIыхъужьхэм я фэеплъыр тхъумэнырщ, тхыдэр зыщыдмыгъэгъупщэнырщ ди къалэныр ТекIуэныгъэ къэзыхьахэм къащIэхъуахэм.
- Зыщыдгъэгъупщэ хъунукъым Хэку зауэшхуэм хиубыда цIыхухэр нэхъ ипэкIи гъэунэхуныгъэ мытыншхэм (революцэмрэ абы кърикIуамрэ) зэрыпхыкIар. Гугъуехьхэм къызэфIимыгъащIэу ахэр къэгъуэгурыкIуащ Хэкум, я къэкIуэнум хуаIэ лъагъуныгъэм и хьэтыркIэ. Аращ ахэр хахуэу бийм щIыпэщIэтыфар, - жиIащ Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт. - Сыт хуэдэ ехъулIэныгъэми улъэзыгъэIэсынур унагъуэм илъ, гъунэгъум, ныбжьэгъум яхуиIэ лъагъуныгъэращ, гурыщIэ къабзэ цIыхум зэрыхэлъращ. Хэку зауэшхуэм и зэманым зауэ IэнатIэм щызэбгъурыуват динкIи зыщыщ лъэпкъкIи зэмыщхь цIыхухэр. Ахэр нэхъри зэкъуигъэуващ ТекIуэныгъэ Иным.
Хэку зауэшхуэм и тхыдэр зэзыхъуэкIыну хэтхэм я гугъу щищIым, къэпсэлъам къыхигъэщащ апхуэдэ цIыхухэр я тхыдэм, я блэкIам куууэ зэрыпымыщIар икIи я щхьэм фIэкIа нэгъуэщI зэрамыгъэлъапIэр. Абы щыгъуэми ди къэралым щыпсэухэм я дежкIэ «ТекIуэныгъэр лъэпкъпсо лъапIэныгъэщ», - дыщIигъуащ Феофилакт.
Дзасэжь Хьэзрэталий къыхигъэщащ ТекIуэныгъэм и махуэшхуэр тхыдэм и фэеплъ къудей мыхъуу, абы и мыхьэнэр къытщIэхъуэ щIэблэм я деж зэрынэхьэсыпхъэр.
- Ди япэ итахэм я лIыгъэмрэ хахуагъэмрэ, зэрызэкъуэтамрэ я псэ зэремыблэжамрэ, апхуэдэуи я Хэкур фIыуэ зэралъэгъуам къытхуихьащ нобэ зи гугъу тщIы ТекIуэныгъэ Иныр. Бийр лъэрызехьэми, зауэ нэхъ гущIэгъуншэм дыщыпэщIэтыфащ, аращ нэхъыщхьэр. ТекIуэныгъэр щIэину къытхуэзыгъэнахэм я фэеплъыр тхъумэн хуейщ, - жиIащ Дзасэжьым.
Зауэм, лэжьыгъэм, IэщэкIэ зэщIэузэда къарухэмрэ хабзэхъумэ IэнатIэхэмрэ я ветеранхэм я Налшык къалэ жылагъуэ зэгухьэныгъэм и унафэщI Абдуллаев Мустэфа къызэхуэсахэр щигъэгъуэзащ щIалэгъуалэр хэкупсэу гъэсэнымкIэ я IуэхущIапIэм иригъэкIуэкI лэжьыгъэм.
РАН-м и Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ центрым и щIэныгъэ-егъэджэныгъэ IэнатIэм и унафэщIым и къалэнхэр зыгъэзащIэ, тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор Абазэ Алексей жиIащ тхыдэр «къратхыкIыжыну» щIыхэт щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэхэм зэращыщыр Совет Союзыр зэрыпхъуакIуэхэм зэратекIуамрэ бийр зэрырахужьэжамрэ я мыхьэнэр ягъэлъэхъшэну мурад зэраIэр.
Iуэхум теухуауэ зэIущIэм къыщыпсэлъащ Сабий творчествэмкIэ «Дыгъэпс къалэ» академием и унафэщI Iэрыпщ Мурат, ПащIэ Бэчмырзэ и цIэр зезыхьэ республикэ сабий библиотекэм и унафэщI Хьэту Светланэ, «Полк уахътэншэ» урысейпсо Iуэхур республикэм щызэзыгъэуIу Битокъу Маринэ, КъБР-м и Парламентым и ЩIалэгъуалэ палатэм щэнхабзэмрэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм ядэлэжьэнымкIэ и комиссэм и унафэщI Ашэбокъуэ Дамирэ.
ЗэIущIэм и кIэухым архиепископ Феофилакт щIыхь тхылъхэр яритыжащ сабийхэмрэ щIалэгъуалэмрэ ядэлэжьэнымкIэ «ЕгъэджакIуэм и лIыгъэ» урысейпсо зэхьэзэхуэм и щIыналъэ Iыхьэм щытекIуахэм. ЯгъэлъэпIахэм ящыщщ Тэрч къалэм и курыт еджапIэ №3-м и егъэджакIуэхэу Жылэхьэж Аксанэрэ ХьэкIуащэ Маринэрэ.
БАГЪЭТЫР Луизэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "972.txt"
} |
ЛIыхъужьхэр ягу къагъэкIыж
Урысей гвардие
Хэкум и ЛIыхъужьхэм я махуэшхуэр щагъэлъапIэм ирихьэлIэу Урысей гвардием и къудамэу Звёзднэ жылагъуэм щыIэ дзэ частым и лэжьакIуэхэр, а къуажэм и курыт еджапIэм щIэсхэр ящIыгъуу, хуеблэгъащ я лэжьыгъэр ягъэзащIэу хэкIуэдахэм я унагъуэм.
ЕджакIуэ цIыкIухэр щыхьэщIащ майор Золотарёв Юрий, лейтенант нэхъыщхьэхэу Мельников Виктор, Мальцев Константин, Гоженкэ Вячеслав сымэ, капитан Цыганенкэ Сергей, прапорщик нэхъыщхьэхэу Герасимов Евгенийрэ Гурдзибеев Ахъмэтрэ я унагъуэхэм. НыбжьыщIэхэм кърагъэлъэгъуащ лIыхъужьхэм я сурэтхэр, я лэжьыгъэм папщIэ къыхуагъэфэща нагъыщэхэр. Урысей гвардием и лэжьакIуэ, а лIыхъужьхэм ядэлэжьа, ахэр зыцIыхуахэм ягу къагъэкIыжащ дэтхэнэри цIэрыIуэ, гукъинэж зыщIа Iуэхугъуэхэр.
ЕджакIуэхэм бысымхэм фIыщIэ хуащIащ, фэеплъ зэмылIэужьыгъуэхэри тыгъэ хуащIащ апхуэдэ лIыхъужьхэр зыщапIа унагъуэхэм.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "973.txt"
} |
Джатэжьей Асанэ дыщэр къехь
ЕхъулIэныгъэ
Ди къэралым и щыхьэр Москва иджыблагъэ щекIуэкIащ «WORLD RAW PAWERLIFTING» (WRPF) чемпионатыр. Абы хэтащ УФ-м и щIыналъэ 76-м, хамэ къэрал 40-м ящыщ атлет нэхъ лъэщхэр. Зэхьэзэхуэм ехъулIэныгъэ лъагэ щызыIэрызыгъэхьахэм ящыщщ КъБКъУ-м и студенткэ Джатэжьей Асанэ. Ар «Становая тяга» зэпеуэ лIэужьыгъуэм щытекIуащ икIи дыщэ медалыр къыхуагъэфэщащ.
«Сокольники» щыIэ Конгресс-гъэлъэгъуапIэ центрым къыщызэрагъэпэща а зэхьэзэхуэ иным спортсмен мини 3-м щIигъу хэтащ. «Урысейм пауэрлифтингымкIэ и зэгухьэныгъэм», WRPF-м я федерацэхэм къыхалъхьа жэрдэмым ипкъ иткIэ зэхашащ зэпеуэр. Абы зыкърагъэхьэлIат Урысейм, Австралием, Бельгием, Инджылызым, Израилым, Испанием, США-м, Тыркум, Финляндием, нэгъуэщI къэрал куэдми къикIа спортсменхэм. Абыхэм яхэтащ бзылъхугъэ 200-м нэс. КъБКъУ-м ПедагогикэмкIэ, психологиемрэ физкультурэ-спорт егъэджэныгъэхэмкIэ и институтым и «Физическэ щэнхабзэ» къудамэм и 1-нэ курсым щеджэ Джатэжьей Асанэ цIыкIум зэфIэкI лъагэ къыкъуэкIащ.
- ЗыIэрызгъэхьа ехъулIэныгъэм хуабжьу сыщогуфIыкI, арщхьэкIэ абдеж сыкъыщыувыIэну си мурадкъым, - жеIэ Асанэ. - СпортымкIэ дунейпсо классым и мастерым и Iэзагъым сынэсыну си гугъэщ.
Асанэ и тренер Гъубж БетIал зэрыжиIэмкIэ, пщащэм зэфIэкIышхуэ бгъэдэлъщ, абы ехъулIэныгъэ иIэу зыкъыщегъэлъэгъуэф къарур зи лъабжьэ спорт лIэужьыгъуэхэм. Мас-рестлингымкIэ спортым и мастерым и кандидат, пауэрлифтингымкIэ спортым и мастер Джатэжьейр и зэфIэкI щригъэплъыжыну и мурадщ сумомкIэ зэхьэзэхуэхэми. Апхуэдэурэ екIуэкIмэ, Асанэ етIанэгъэ Урысей чемпионатми хэтынущ.
ЗэфIэкI лъагэ зыбгъэдэлъ хъыджэбзым дохъуэхъу и мурадхэр къехъулIэну, и цIэр фIыкIэ жыжьэ Iуну.
ЖЫЛАСЭ Маритэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "974.txt"
} |
Дунейм щыхъыбархэр
Сыхьэт 20-м щIигъукIэ уэгум итыфхэр
Кхъухьлъатэхэм къемытIысэхыу гъуэгуанэ кIыхь дыдэхэр зэрызэпачыфрэ куэд щIащ. Апхуэдэу щытми, кIуэ пэтми нэхъыбэ мэхъу уэгум сыхьэт бжыгъэ нэхъыбэкIэ итынымкIэ зэпеуэ кампаниехэр. Псалъэм папщIэ, Австралием щыщ «Куантэс» авиакомпанием иджыблагъэ хузэфIэкIар телъыджэ пщымыхъункIэ Iэмал иIэкъым. Абы и «Boeing 787-9 Dreamliner» кхъухьлъатэр уэгум сыхьэт 19-рэ дакъикъэ 16-кIэ итащ.
США-м и Нью-Йорк къалэм икIыу Австралием и Сидней лъэта а рейсым къэхутэныгъэ мурад иIащ - кхъухьлъатэм ису цIыхум гъуэгуанэ кIыхь зэпичыныр абы и узыншагъэм зэрезэгъыр зэхагъэкIыну хуейт. Кхъухьлъатэм зэ Iэтыгъуэм къыхуэщтэну цIыху 280-м я пIэкIэ а рейсым лъэтар 49-рэщ икIи абы нэгъуэщI хьэлъи иралъхьакъым. ЦIыху нэхъыбэрэ хьэлъэрэ къыщIамыщтар гъэсыныпхъэр зэрагъэзэхуэн, къемытIысэхын щхьэкIэщ.
Кхъухьлъатэм исхэм я узыншагъэр зыхуэдэр къапщытэу, я щытыкIэм кIэлъыплъу ящIыгъуащ дохутырхэр. Апхуэдэуи абыхэм я нэIэ тетащ цIыхухэм яшхми, щыжеин хуей зэманми. А псом нэмыщI, кхъухьлъатэм исхэм я Iэпкълъэпкъыр щыс зэпытым зэщIимыгъэнэн щхьэкIэ, абыхэм зрагъэукъуэдиящ. Аэробусыр зэIэпахыу зэрагъэкIуащ пилотиплIым. Абыхэми чэзууххэурэ я щхьэхэм энцефалограммэхэр трахащ.
«Куантэс»-р дунейм цIэрыIуэ щыхъуащ гъуэгуанэ нэхъ жыжьэхэр зэпычынымкIэ. 2018 гъэм къыщыщIэдзауэ абы егъэзащIэ КъухьэпIэ Австралием и Перт къалэм икIыу Инджылызым и щыхьэр Лондон кIуэ рейсхэри. Ари дуней псом щынэхъ кIыхь дыдэ уэгу гъуэгуанэхэм хабжэ - цIыхухэр сыхьэт 17-м нэблагъэкIэ уэгум итщ. А зэманым къриубыдэу абыхэм Iэмал яIэщ сыхьэтийкIэ жеинуи, кино зыбжанэ еплъынуи, тхуэ-хэ хуэдизрэ шхэнуи.
А рейсым ипэкIэ гъуэгуанэ нэхъ кIыхь дыдэ зэпызычауэ къалъытэр «Singapore Airlines»-м игъэзэщIа, Сингапурым икIыу Нью-Йорк кIуа кхъухьлъатэрщ. А авиакомпаниерщ дунейм щынэхъ кIыхь дыдэ уэгу гъуэгуанэ зэпызычауэ щыIэр зыгъэзэщIари - Гонгконг - Лондон маршрутыр, километр мин 21,6-рэ хъур. Абы и «Boeing 777-200»-р сыхьэт 22-рэ дакъикъэ 40-кIэ уэгум итащ.
Авиакомпание лъэрызехьэхэр абыкIи къэувыIэнукъым - абы шэч къытумыхьэми хъунущ. ЩIэ гуэрхэм зезыпщытыну, дунейм и телъыджагъэхэр нэсу зыхэзыщIэну хуейхэр къызэрыдахьэхыным, цIыхухэр арэзы зэращIыным ахэр зэрытелэжьэнур шэчыншэщ.
2020 гъэм махуи 118-кIэ
зыдгъэпсэхунущ
Урысейм цIыхухэм лэжьапIэ IэнатIэ яIэнымкIэ и къэрал къулыкъущIапIэм къищтащ дызыхуэкIуэ 2020 гъэм дызэрылэжьэнумрэ зэрызыдгъэпсэхунумрэ теухуа махуэгъэпсыр. А IуэхущIапIэм и унафэщIым и къуэдзэ Шкловец Иван зэрыжиIамкIэ, цIыхухэр нэхъ мащIэрэ лэжьэнущ, махуэшхуэхэмрэ ахэр зыгъэпсэхугъуэ махуэхэм щытехуэм деж зэрагъэIэпхъуэмрэ къыхэкIыу.
ЩIышылэ, гъатхэпэ, мэлыжьыхь, накъыгъэ, мэкъуауэгъуэ, щэкIуэгъуэ мазэхэм хеубыдэ лэжьэгъуэ тхьэмахуэ нэхъ кIэщIхэр. ЗэраубзыхуамкIэ, илъэсыщIэм и япэ тхьэмахуэм лэжьэгъуэу хэтынур махуитI къудейщ - зэкIэлъыкIуэу махуи 8-кIэ зыдгъэпсэхунущ. КъыкIэлъыкIуэ зыгъэпсэхугъуэ кIыхьхэр мазаем хуозэ - Хэкум и хъумакIуэм и махуэм и щIыхькIэ махуищкIэ зэкIэлъыкIуэу дыдэсынущ - цIыхухэр щылэжьэнур мазаем и 25 - 28-хэрщ. ЦIыхубзхэм я дунейпсо махуэр щагъэлъапIэ гъатхэпэм и 8-р зыхиубыдэ тхьэмахуэми дызэрылэжьэнур махуиплIкIэщ. Накъыгъэм и 1 - 5-хэм, 9 - 11-хэми цIыхухэр дэсынущ - Гъатхэмрэ лэжьыгъэмрэ, ТекIуэныгъэм Иным я махуэхэр ягъэлъэпIэнущ. Урысейм и къэралыгъуэм и махуэ мэкъуауэгъуэм и 12-м и саулыкъукIэ цIыхухэр дэсынущ а мазэм и 12 - 14-хэм. ЦIыхубэ зэкъуэтыныгъэм и махуэ щэкIуэгъуэм и 4-р бэрэжьейуэ тохуэри, абыи зэпеуд лэжьэгъуэ тхьэмахуэр - махуитIкIэ дылэжьэнурэ зы махуэкIэ дыдэсынущ, аргуэру махуитIкIэ долажьэри, щэбэтымрэ тхьэмахуэмрэ зыдогъэпсэху.
Псори зэхэту махуэшхуэхэр 26-рэ, зыгъэпсэхугъуэ махуэхэр 92-рэ, ягъэкIэщIа лэжьэгъуэ махуэхэр 5, лэжьэгъуэ махуэхэр 243-рэ мэхъу. Псори зэхэту цIыхухэм махуи 118-кIэ загъэпсэхунущ.
Нобэ
♦Iэпхъуэшапхъуэм и дунейпсо махуэщ. ООН-м и Ассамблее Нэхъыщхьэм 1990 гъэм дыгъэгъазэм и 18-м унафэ къищтащ Iэпхъуэшэпхъуэн хуейуэ къызыхудэкIа дэтхэнэ зы лэжьакIуэми абы и унагъуэм исхэми я хуитыныгъэхэр хъумэным, абыхэм къащхьэщыжыным теухуа унафэм.
♦Урысейм къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и органхэм езыхэм я шынагъуэншагъэмкIэ и къудамэхэм я махуэщ
♦Урысейм и ЗАГС IуэхущIапIэхэм я лэжьакIуэхэм я махуэщ
♦Хьэрыпыбзэм и махуэщ
♦Молдовэм и полицэм и лэжьакIуэм и махуэщ
♦1865 гъэм США-м и Конституцэм халъхьащ зэгъэзэхуэжыныгъэ. Абы пщылIыгъэр щымыIэж ищIырт.
♦1876 гъэм Петербург щекIуэкIащ Урысейм щыяпэ политикэ демонстрацэр.
♦1940 гъэм къащтащ фашистхэр СССР-м къызэрытеуэнум теухуа «План Барбаросса» жыхуиIэр.
♦1958 гъэм дунейм щыяпэу США-м щаутIыпщащ связыр къызэгъэпэщыным хуэлэжьэну спутникыр.
♦1921 гъэм къалъхуащ СССР-м и цIыхубэ артист, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь Никулин Юрий.
♦1930 гъэм къалъхуащ медицинэ щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор Жамборэ Хьэсэнбий.
♦1930 гъэм къалъхуащ режиссёр, сурэтыщI, теленэтынхэр езыгъэкIуэкIыу, Урысей телевиденэм и академием и академикыу, «Сыт? Дэнэ? Дапщэщ?» нэтын цIэрыIуэм и къызэгъэпэщакIуэу щыта Ворошилов Владимир.
♦1931 гъэм къалъхуащ медицинэ щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессору щыта Къущхьэбий Виктор.
♦1934 гъэм къалъхуащ совет къухьлъатэзехуэ-космонавт, Совет Союзым тIэунейрэ и ЛIыхъужь Волынов Борис.
♦1939 гъэм къалъхуащ УФ-м щIыхь зиIэ и сурэтыщI, КъБР-м и цIыхубэ сурэтыщI, Урысейм ХудожествэхэмкIэ и Академием, Испанием и сурэтыщIхэм я академием, ЩIДАА-м я академик КIыщ Мухьэдин.
♦1940 гъэм къалъхуащ политик, жылагъуэ лэжьакIуэ, физико-математикэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор, РАЕН-м и академик, УФ-мрэ КъБР-мрэ щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, КъБР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат Федченкэ Людмилэ.
♦1946 гъэм къалъхуащ США-м щыщ кинорежиссёр, сценарист цIэрыIуэ, продюсер, «Оскар» саугъэтыр щэнейрэ зыхуагъэфэща Спилберг Стивен.
♦1958 гъэм къалъхуащ экономикэ щIэныгъэхэм я кандидат, «Линкор» дунейпсо компанием и генеральнэ унафэщIым и къуэдзэ Щоджэн Iэуес.
♦1957 гъэм къалъхуащ урысей актёр, уэрэджыIакIуэ, Урысей Федерацэм щIыхь зиIэ и артист Скляр Игорь.
♦1963 гъэм США-м щыщ актёр, продюсер, «Оскар» саугъэтыр зрата Питт Брэд и ныбжьыр илъэс 56-рэ ирокъу.
♦1973 гъэм къалъхуащ урысей фигурист икIи гъэсакIуэ, УФ-м спортымкIэ щIыхь зиIэ и мастер, Олимп Джэгухэм дыжьын медаль къыщызыхьа, дунейпсо чемпион Авербух Илья.
♦1984 гъэм къалъхуащ журналист Щоджэн Мурат.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык уэфIу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градуси 7 - 11, жэщым градуси 2 - 3 щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
Адэм имылъэгъуа къуэм елъагъу.
Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "975.txt"
} |
Iейм щахъумэн мурадкIэ
Республикэм мафIэсым пэщIэтынымкIэ-къегъэлынымкIэ и IуэхущIапIэм щекIуэкIащ илъэсыщIэпежьэ зэIущIэ. Абы кърагъэблэгъат «Золотой орешек» сабий-сад №25-м и гъэсэн цIыкIухэр.
«Къэбэрдей-Балъкъэрым мафIэсым пэщIэтынымкIэ-къегъэлынымкIэ и IуэхущIапIэ» къэрал кIэзонэ IэнатIэм мафIэс къэмыгъэхъунымкIэ и инструкторхэм ИлъэсыщIэ махуэшхуэхэм и пэ къихуэу ирагъэкIуэкI апхуэдэ лэжьыгъэ, сабий IуэхущIапIэхэм я гъэсэнхэмрэ школхэм щеджэхэмрэ псейхэр щагъэщIэращIэкIэ, ИлъэсыщIэ зэхыхьэ щрагъэкIуэкIкIэ, мафIэм хуэсакъын зэрыхуейр гурагъэIуэн мурадкIэ.
Уае Дадэмрэ абы и дэIэпыкъуэгъухэмрэ, сабийхэм дэджэгу хуэдэурэ, гурагъэIуащ уэздыгъейхэм, абыхэм пащIэ цIуугъэнэхэм, бенгал мафIэхэм уахуэмысакъмэ, къэхъункIэ хъунур, жраIащ ИлъэсыщIэ махуэшхуэ Iуэхухэр щекIуэкIкIэ сакъын зэрыхуейр. Садым и гъэсэн цIыкIухэм къащIащ мафIэм ехьэлIа къуажэхьхэр, итIанэ ахэр ирагъэплъащ «Маша и медведь» мультфильмым.
ИлъэсыщIэр хъурэ фIыуэ ялъагъу Уае Дадэм и саугъэтхэр щымыIэу?! ЦIыкIухэм иратащ IэфIыкIэхэр, пазлхэр, мафIэсым зыщыхъумэнымкIэ чэнджэщрэ «01» зытет шар гъэпщахэмрэ. Сабийхэр зыщыгуфIыкIа а тыгъэхэр къабгъэдэкIащ «Россельхозбанк»-м и унафэщIхэм, «Жако» IэфIыкIэ фабрикэм и администрацэмрэ Налшык къалэм Граждан зыхъумэжыныгъэ IуэхухэмкIэ, къэхъукъащIэ хьэлъэхэмкIэ, мафIэс шынагъуэншагъэмкIэ и центрымрэ.
ЗэIущIэ гуапэм хэтащ КъБР-м и Парламентым и депутатхэу Пащты Борисрэ Къардэн Мурадинрэ. Абыхэм фIыщIэ хуащIащ зэхыхьэр къызэзыгъэпэщахэм.
Мыпхуэдэ Iуэху щхьэпэхэр ирагъэкIуэкIынущ дыгъэгъазэм и 26 пщIондэ.
Сурэтхэр Холлаевэ Марзият трихащ.
Дыгулыбгъу Жантинэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "976.txt"
} |
МафIэс къэмыхъун папщIэ
Фысакъ
ИлъэсыщIэ, Хъуромэ махуэшхуэ зыгъэпсэхугъуэхэм къыщыхъу мафIэсхэм нэхъыбэу щхьэусыгъуэ яхуэхъур пиротехникэ мыхьэнэншэмрэ ар тэмэму къызэрамыгъэсэбэпымрэщ. ЩIымахуэ зыгъэпсэхугъуэ махуэхэм сымаджэщхэм къыщIохутэ мафIэс фэбжь зыгъуэта сабийхэмрэ балигъхэмрэ. ЗэрыжытIащи, апхуэдэ къэхъукъащIэхэм я щхьэусыгъуэр я инагърэ лъэщагъкIэ зэмылIэужьыгъуэ петардэхэр, «бомбочкэхэмрэ» ракетницэхэмрэ зэрыхуэмысакъырщ. Иужьрейм шынагъуэ нэхъыбэ пылъщ: къэлыда хьэрэкIытIэр фэтэрым, лоджием, унэм е къуэдзэщым щIэлъэтэнкIэ икIи абы мафIэс, мылъку хэщIыныгъэшхуэ кърикIуэнкIэ мэхъу. Нэхъ шынагъуэр цIыхухэм фэбжь хахынырщ.
Къэтхьынщ щапхъэхэр. 2008 гъэм мыр Тэрч щIыналъэм къыщыхъуащ. Илъэситху хъу сабийр, абы и анэмрэ и анэ дэлъхумрэ ящIыгъуу, пщIантIэм дыхьащ хьэрэкIытIэ ягъэуэну. Япэу яутIыпща 11-р тэмэму зэфIэкIащ. Иужьрейм здиунэтIамкIэ зыIэзыбжьэу зихъуэжри, сабийм и джабэ ижьырабгъум зыхиукIащ. Пиротехникэ Iэмэпсымэр цIыкIум и тхьэмбылым нэсыным зы сантиметрщ иIэжар. Сабийр къригъэлащ абы щыгъын Iув зэрыщыгъам.
2017 гъэм щIышылэм и 1-м налшыкдэс щIалэр щIыбым къыщIэкIащ къищэхуа петардэхэр къигъэуэну. АрщхьэкIэ, тэмэму хузэтемыублэу къыIэщIэуащ. Абы и IитIми фэбжь ягъуэтащ, сымаджэщым ямышэнкIэ Iэмал имыIэу.
2019 гъэ. Шэджэм районым хыхьэ къуажэм щыпсэу, илъэсих зи ныбжь сабийр уэрамым кIуащ хьэрэкIытIэ драгъэуейм еплъыну. АрщхьэкIэ къехъулIакъым уэгур зыгъэдахэ мафIэхэм защигъэнщIыну: я гъунэгъухэм яутIыпща хьэрэкIытIэм къыпыхуа хъуаскIэр и нэ сэмэгум къыщIэхуащ. Абы тхьэмахуэ зэхуакукIэ къыщеIэзэн хуей хъуащ сымаджэщым.
Пиротехникэр къащэхуныр икIи ИлъэсыщIэ махуэшхуэхэм къагъэсэбэныр къызэтебгъэувыIэфынукъым. ИтIани, дыхуейт Iейм щытхъумэну: япэрауэ, апхуэдэ хьэпшыпхэр къыщыфщэхукIэ я фIагъым феплъ, етIуанэрауэ, тетхам феджэ, фысакъ.
Дыщогугъ ди чэнджэщхэм фыкъыщIэдэIуну. Ауэ ахэр уэим фщIырэ зыгуэр къэхъужыкъуэ хъумэ, зэвмыгъэтIылъэкIыу къевджэ мафIэсым и хъумакIуэхэр «01» (стационар телефонхэмкIэ), «101» е «112» (жып телефонхэмкIэ).
Къэбэрдей-Балъкъэрым мафIэсым пэщIэтынымкIэ-къегъэлынымкIэ и IуэхущIапIэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "977.txt"
} |
ПащIэ Бэчмырзэ и щIыхькIэ
Адыгэ усыгъэм и лъабжьэр зыгъэтIылъа, джэгуакIуэ Iэзэу щыта ПащIэ Бэчмырзэ къызэралъхурэ илъэси 165-рэ зэрырикъур Налшык дэт Музыкэ театрым дыгъэгъазэм и 16-м Iэтауэ щагъэлъэпIащ.
А Iуэхум хэтащ КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм, Парламентым, Правительствэм я лIыкIуэхэр, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий, ПащIэ Бэчмырзэ и пхъурылъху, адыгэ лъэпкъыр зэрыгушхуэ композитор, усакIуэ ХьэIупэ ДжэбрэIил, Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм къикIа хьэщIэ лъапIэхэр, нэгъуэщIхэри.
КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министрым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Къумахуэ Мухьэдин зэIущIэр къызэIуихри, ПащIэ Бэчмырзэ и гъащIэ гъуэгуанэр къызэхуэсахэм кIэщIу ягу къигъэкIыжащ. Бэчмырзэ и тхыгъэхэм лъэпкъым дежкIэ яIэ мыхьэнэ лъагэм, абы лъэпкъым хуищIа IуэхуфIхэми тепсэлъыхьащ ар.
Иужьрей адыгэ джэгуакIуэм теухуауэ псалъэ дахэ куэд щыжаIащ а пшыхьым. Псом хуэмыдэу къызэхуэсахэм ягу ирихьащ Бэчмырзэ и IэдакъэщIэкIхэм ди республикэм и артист пажэхэр екIуу къызэреджар.
Сурэтыр Къарей Элинэ трихащ.
Щомахуэ Залинэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "978.txt"
} |
IэмалыщIэхэр къагъэсэбэпу
Налшык дэт къалэ клиникэ сымаджэщ № 1-м зи тхьэмщIыгъур лышх узыфэм иубыда сымаджэр операцэ щащIащ иджырей IэмалыщIэр япэу къагъэсэбэпу.
Операцэр ирагъэкIуэкIащ Семашкэ и цIэр зезыхьэ Гъуэгу клиникэ сымаджэщым радиохимие Iэмалхэр къагъэсэбэпурэ узыр къыщахутэ икIи щеIэзэ и къудамэм и унафэщI Дохъушокъуэ Германрэ Налшык дэт къалэ клиникэ сымаджэщ №1-м онкологиемрэ малоинвазивнэ хирургиемкIэ и къудамэм и унафэщI Балъкъэр Беслъэнрэ.
Зи тхьэмщIыгъур лышх узыфэм иубыда сымаджэр Дохъушокъуэм и унафэм щIэту рентген-кIэлъыплъыныгъэкIэ химиоэмболизацэ ящIащ.
Химиоэмболизацэр - ар лышх узыфэм зэреIэзэ Iэмалщ. Шыкъырым екIуалIэ лъынтхуэхэр зэхуещIри, адэкIэ зэуэ химиотерапие хущхъуэхэр ирахьэлIэ. А хущхъуэ гуащIэм Iэпкълъэпкъ псом зыхимыгуашэу, зылъыIэсын хуей щIыпIэм зэрынахьэсыфырщ апхуэдэ IэзэкIэм и фIагъыр. Абы къищынэмыщIауэ, апхуэдэ Iэмалым шыкъырым екIуалIэ лъыр къегъэувыIэри, хигъахъуэркъым, лышх къуэпсыр еукI.
Операцэ ящIа сымаджэм и щытыкIэр хъарзынэщ, Ар сымаджэщым къыщIатхыкIыжащ, ауэ иджыри абы дохутырхэр кIэлъыплъын хуейщ.
ЩхьэщэмыщI Изэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "979.txt"
} |
КIуэкIуэ Казбек еджэнымкIи спортымкIи ехъулIэныгъэшхуэ зиIэ школакIуэхэм паспортхэр яритащ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек Урысей Федерацэм и цIыхум и паспортыр КъБР-м и Правительствэм и Унэм щаритащ республикэм и школакIуэхэу еджэнымкIэ пашэхэм, апхуэдэу урысей, щIыналъэ олимпиадэхэмрэ спорт зэхьэзэхуэхэмрэ къыщыхэжаныкIахэм.
Урысейм и гражданин цIэр щIыхьышхуэщ, абы къыдэкIуэу жэуаплыныгъэ ин зыпылъщ, къыхигъэщхьэхукIащ КIуэкIуэ К. В. Паспортыр, гъащIэм и документ нэхъыщхьэр къыщыватыр техуащ ди къэралым и Закон Нэхъыщхьэр - Урысей Федерацэм и Конституцэр къызэращтэрэ илъэс тIощIрэ тхурэ щрикъум. Абы щыубзыхуащ Урысейм и иджырей къэралыгъуэм и мурад нэхъыщхьэхэр икIи апхуэдэ мурадщ цIыхур, абы и хуитыныгъэхэмрэ щхьэхуитыныгъэмрэ. Нобэ фэращ ди Хэкум и къэкIуэнур. Абы къыхэкIыу, сыт хуэдэ гъуэгу къыхэвмыхми, ди къэралыр фIыуэ флъагъуу фыщыт, нэхъыжьхэм я уэсятыр вгъэзащIэ, фи лэжьыгъэкIэ, фи ехъулIэныгъэхэмкIэ ди республикэр, ди къэрал иныр вгъэбыдэ, абыхэм я ехъулIэныгъэхэр вгъэбагъуэ.
ЦIыкIухэм я лъэIукIэ КIуэкIуэ Казбек ахэр Правительствэм и Унэм къыщришэкIащ. ИужькIэ шей Iэнэм бгъэдэсу щызэпсалъэм щIыналъэм и унафэщIым цIыкIухэм яхуиIуэтащ езыр дэзыхьэх Iуэхухэр, къэкIуэну зэманым зытелэжьэну мурадхэр. КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэр школакIуэхэм ехъуэхъуащ узыншагъэ быдэ, ехъулIэныгъэ яIэну икIи фэеплъ тыгъэхэр яхуищIащ.
КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "98.txt"
} |
Мысост Артур и фэеплъу
Хэкум и ЛIыхъужьхэм я махуэшхуэмкIэ ехъуэхъуну УФ-м и Гвардием и лIыкIуэхэр щыIащ 2005 гъэм жэпуэгъуэм и 13-м и къалэн игъэзащIэу хэкIуэда, милицэм и старшина Мысост Артур и адэ-анэ Лудинрэ Хужьпагуэрэ я деж.
Урысей гвардием КъБР-м щиIэ IуэхущIапIэм и лэжьакIуэхэм, хабзэ дахэ яхуэхъуауэ, илъэс къэс ягъэлъапIэ Хэкум и ЛIыхъужьхэм я махуэр икIи хабзэхъумэ IуэхущIапIэхэм я лэжьакIуэу зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэдахэм я адэ-анэхэм фIыщIэ хуащI.
- Артур зыхэта гупыр отделым къызэрыдэкIыу, щIэпхъаджащIэхэр къахэуэу щIадзэри хабзэхъумэхэр ирагъэкIуэтыжат. ИхъуреягъкIэ зэхэуэт, мафIэст. ИкIуэтыжа экипажым лагъым къыхадзэри, ар къыщыуэм Мысостыр къыдидзащ зыщагъэбыда щIыпIэм. Арыххэуи, автоматыр къытраунэщIащ, - игу къегъэкIыж ведомствэм щIэмыт хъумакIуэхэм я ветеран, Урысей гвардием и ветеранхэм я щIыналъэ IуэхущIапIэм и унафэщIу щыта, полковник Хужьокъуэ Руслан.
Жэпуэгъуэм и 13-м игъэлъэгъуа хахуагъэм папщIэ Мысост Артур ЛIыгъэм и орденыр къыхуагъэфэщащ. Абы и цIэр фIащащ Зэрэгъыж дэт курыт еджапIэмрэ уэрамхэм ящыщ зымрэ.
Фырэ Анфисэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "980.txt"
} |
Тбилиси «Апшелавэ» къыщыфIащат
Тбилиси и «Динамо»-м хэту. 1964 гъэ
(Iэпщэ Александр и футболист гъащIэм теухуа етIуанэ Iыхьэ)
Къэралым и щыхьэрым топджэгу насыпыр щимыгъуэту Iэпщэ Александр Къэбэрдей-Балъкъэрым къигъэзэжащ икIи Налшык и «Спартак»-м къыхыхьэжащ. АрщхьэкIэ абы зэрыхагъэтар зы илъэс закъуэщ.
ЕхъулIэныгъэшхуэхэр имыIэ пэтми, налшыкдэсхэм футбол командэ лъэрызехьэ къызэрагъэпэщат. Мэзкуу и «Динамо»-м къикIыжу къахыхьэжа Iэпщэ Александр игъэлъэща гупым и зэфIэкIыр здынэсынур куэдым наIуэ ящищIащ къэралым и лигэ нэхъыщхьэм и командэ пашэхэм ящыщ Баку и «Нефтянник»-м драгъэкIуэкIа зэныбжьэгъугъэ зэIущIэм. Псалъэм къыдэкIуэу къыхэдгъэщынщи, абы хыхьакIэт Налшык и «Спартак»-м и япэ топыр къэралпсо зэхьэзэхуэхэм щыдэзыгъэкIа Туаев Къазбэч.
Iэпщэр зи пашэ ди щIалэхэр абы щыгъуэм бжыгъэшхуэ дыдэкIэ, 7:1-уэ, текIуат. А зэIущIэм Сашэ къыщыхэжаныкIам къищынэмыщIауэ, Iэзэу ярита топхэр дагъэкIыну яхузэфIэкIат и джэгуэгъухэу Орлов Юрийрэ ТыIэщ Хьэсэнбийрэ.
Яшин Лев, Численкэ Игорь сымэ, нэгъуэщI футболист цIэрыIуэхэм я гъусэу джэгуауэ Мэзкуу къикIыжагъащIэ Iэпщэ Александр къызыхыхьэжа гупым пщIэшхуэ щиIэт. Ар командэм и капитану занщIэу хахащ.
Iэпщэр зи пашэ Налшык и «Спартак»-м щысхьырабгъу имыщIэу и хьэрхуэрэгъухэр хигъащIэ хъуащ. Езы Александри щIэх-щIэхыурэ топхэр дигъэкIырт. 1963 гъэм абы и хьэрхуэрэгъухэм я гъуэр 10 хигъэщIэну хузэфIэкIащ. Япэ хет-трикри (зы зэIущIэм топищ щыдигъэкIыныр) къехъулIащ, жэпуэгъуэм (октябрым) и 6-м Новороссийск и «Цемент»-м щыIущIам.
Апхуэдэ джэгукIэфIыр гулъытэншэ хъуфынутэкъым. ИкIи 1964 гъэм и пэщIэдзэ дыдэм Тбилиси и «Динамо»-м къикIа хьэщIэм Iэпщэм зыкъыхуигъэзащ. Мэзкуу къыщыдэлэжьа Якушин Михаил куржыхэм я командэ нэхъыщхьэм и тренер нэхъыжьу ягъэувати, адыгэ щIалэр къригъэлъыхъуэжауэ арат. ХьэщIэр къызытекIухьари гурыIуэгъуэт - я щIыпIэм къыщалъхуахэм фIэкIа зыхэзымыгъэхьэ ди гъунэгъухэм Iэпщэр зыдагъэджэгуну ирагъэблагъэрт. Ар хуабжьу щIыхьышхуэт езы Iэпщэ Александр дежкIи, адыгэхэм папщIи.
А лъэхъэнэм Тбилиси и «Динамо»-р ягъэбжьыфIэрт Месхи Михаил, Метревели Славэ, Калоев Заур, Сечинавэ Георгий, Баркая Владимир, Яманидзе Шота сымэ, нэгъуэщI футболист гъуэзэджэхэм. Абыхэм уадэхъун папщIэ «щIыр натIэкIэ бвэн хуейт», уи къаруми, зэфIэкIми, зэманми ущымысхьу. Iэпщэ Александр ар хузэфIэкIащ.
Зэхьэзэхуэм иджыри зыхуагъэхьэзыру Леселидзе щыIэу Якушиным Iэпщэм теухуауэ тхьэмахуэм зэ къыдэкI «Футбол» газетым мазае (февраль) мазэм къытригъэдзащ: «Ар къыпэщытыр кIуэцIрызытхъ гъуащхьауэ лъэщщ». Мыгувэу ардыдэм къытехуащ СССР-м щIыхь зиIэ и тренер Севидов Александр ди щIалэм хужиIа псалъэхэр: «…Тбилисидэсхэм я гъуащхьауэхэм Iэпщэр зэрахыхьэм ахэр иригъэфIэкIуэнущ. Ар езэш зымыщIэ, дэнэкIи къыщыхутэ гъуащхьауэ Iэзэщ, и зэпIэзэрытыныгъэм къыпхуимышыну. Джэгур дауэ екIуэкIми, Iэпщэм и лъэр зэи щIэхуркъым икIи и къару псори абы хелъхьэ. Iэзагъ нэхъ лъагэ яIэу къыдэджэгухэм Iэпщэм я дзыхь кърагъэзмэ, псоми я фейдэ хэлъынущ».
1964 гъэм СССР-м щекIуэкIа зэхьэзэхуэм и япэ джэгугъуэм щегъэжьауэ Тбилиси и «Динамо»-м и футболистхэм дыщэ медалхэм ерыщу щIэбэнын щIадзащ. Дэтхэнэ зэIущIэми абыхэм я дежкIэ мыхьэнэшхуэ иIэт. ИгъащIэ лъандэрэ хэтам хуэдэу, гупым хъарзынэу хэзэгъащ Iэпщэ Александр. Ар куржыхэм фIыуэ ялъэгъуащ икIи езыхэм ящыщ зым хуагъадэу «Апшелавэ» къыфIащащ.
1936 гъэм щыщIэдзауэ Совет Союзым футболымкIэ и чемпионатыр ирагъэкIуэкIащ. АрщхьэкIэ куржыхэм абы зэи дыщэ медалхэр къащыхуэхьатэкъым. 1939, 1940, 1951 и 1953 гъэхэм чемпионыгъэр зыIэрагъэхьэным къахуэнэжар зы лъэбакъуэ закъуэт, ауэ етIуанэ увыпIэм къыщынащ. А псом ищIыIужкIэ Тбилиси и «Динамо»-м иджыри хэнейрэ дыжьын медалхэр къыхуагъэфэщат. Чемпион хъун папщIэ абы щыджэгухэм къахуэт щымыIэм хуэдэт: адрейхэм зэи яхузэфIэмыкIыну техникэ лъагэ, псынщIагъ гъуэзэджэ, щхьэмыгъэзагъэ… Апхуэдэу щыт пэтми, футбол Олимпым и лъагапIэр я хъуэпсапIэ къудейуэ къэнэжырт. АдыгэлI бэлыхь Хьэшыр Чылар Iуащхьэмахуэ и щыгум узэрыдэкIын хуей щIыкIэр адрейхэм зэрыригъэлъэгъуам хуэдэу, куржыхэри хуэныкъуэу къыщIэкIынут чемпионыгъэм и гъуэгур яхуэзыгъэлъэгъуэну щIалэ. Апхуэдэу къыщIэкIащ Къэбэрдейм щалъхуа икIи щапIа Iэпщэ Александр. Ерыщагъ ин хэлъу ар къаруушхуэкIэ сыт щыгъуи зэребгъэрыкIуэр куржыхэм я Iэзагъ лъагэм щIыбгъужмэ, я хьэрхуэрэгъухэм я сыт хуэдэ зыхъумэжыныгъэри кIуэцIратхъын хуейт. Ар фIы дыдэу къыгурыIуэрт нэхъапэми Мэзкуу и «Динамо»-м къыщыдэлэжьа Якушин Михаил. Чемпион хъун хуейуэ къалэн къыхуагъэува иужькIэ, 1964 гъэм и пэщIэдзэм тренер телъыджэр япэу зыхущIэкъуахэм ящыщщ Iэпщэр и командэм къришэлIэныр.
Адыгэ щIалэм и джэгукIэр нэхъапэми футболым дихьэххэми IэщIагъэлIхэми хуабжьу ягу ирихьырт. Абыхэм яфIэгъэщIэгъуэнт Iэпщэм и къарууфIагъымрэ, дапхуэдизу и хьэрхуэрэгъухэр лъэщми, къызэримыкIуэтымрэ. АрщхьэкIэ а фIагъ псоми унэтIыныгъэ тэмэм езытын тренер щыIэн хуейт. Языныкъуэхэм гъуащхьэхъумэу ягъэувырт, адрейхэм техникэкIэ и Iэзагъым Iэмал имыIэу хигъэхъуэн хуейуэ къыпаубыдырт. ИкIэщIыпIэкIэ текIуэныгъэхэр зыIэрызыгъэхьэну хущIэкъу тренерхэм зэмани Iэмали яIэтэкъым Iэпщэм елIэлIэну, абы и лъэщагъыр къагурыIуэу къагъэсэбэпыну. А Iуэхугъуэ мытыншыр зыхузэфIэкIар Якушин Михаилщ. Ари етIуанэ пэрыхьэгъуэм. И къарур къызэрикъуэлъыкIым папщIэ Iэпщэр Мэзкуу IэщIыб щащIами, мыгувэу Тбилиси къыщыхуэщхьэпащ.
Я хьэрхуэрэгъухэм джэгум щебзэджэкIынрэ техникэ и лъэныкъуэкIэ къапэщытхэр къыдэзымыгъэплъынрэ куржыхэм сыт щыгъуи я куэдт. АрщхьэкIэ абыхэм гъуэгур яхузэIуихын хуейт къару лъэщ зиIэ, къикIуэт зымыщIэ футболист гуэрым. Гъуащхьауэ цIэрыIуэхэу Метревели Славэрэ Баркая Владимиррэ апхуэдэ яхуэхъуащ Iэпщэ Александр. Куржы футболистхэм я вагъуэбэм адыгэ щIалэр дэгъуэу хэзэгъащ.
Дауи, Iэпщэр Тбилиси щIрагъэблэгъар я командэр къэралым чемпион хъун папщIэ дэIэпыкъуэгъу яхуэхъун хуейуэ арат. ИкIи абы лъэкI къигъэнакъым. Iэпщэ Александр яхэлъадэурэ, джэгум и кIыхьагъкIэ бэлыхь куэд зытригъэлъ хьэрхуэрэгъухэм я гъуащхьэхъумэхэм зэIущIэм и кIэухым я лъакъуэхэр зэблахыжыф къудейуэ арат. Апхуэдэ щытыкIэр куржыхэм Iэзэу къагъэсэбэпырти, текIуэныгъэр зыIэрагъэхьэрт.
1964 гъэм зэхэта чемпионатыр Тбилиси и «Динамо»-м фIы дыдэу къыщIидзащ икIи япэ къекIуэкIыгъуэр Мэзкуу и «Спартак»-м япэ увыпIэр дигуэшу иухащ. АдэкIэт бэнэныгъэм и гуащIэгъуэр. Нэхъ лъэщым дыщэр и Iэрылъхьэт. Ар къалъытэри,куржыхэм я тренерыр яхъуэжащ. 1962 гъэм и кум щыщIэдзауэ Тбилиси щылажьэ Якушин Михаил и пIэкIэ ирагъэблэгъащ нэхъ цIэрыIуэж икIи зэфIэкI нэхъыбэ зиIэ Качалин Гавриил. Абы текIуэныгъэр зэрызыIэрагъэхьэ щIыкIэр фIы дыдэу ищIэрт - арат СССР-м футболымкIэ и командэ къыхэхар нэхъапэм зэи къэмыхъуауэ (иужькIи къыхутегъэзэжакъым) 1956 гъэм япэщIыкIэ Олимп Джэгухэм, иужькIэ, илъэсиплI дэкIауэ, Европэм (абы щыгъуэм «Европэм и кубок»-кIэ еджэрт) и чемпион зыщIар. Апхуэдэ зэхъуэкIыныгъэхэм къагъэлъагъуэрт Тбилиси и «Динамо»-р къызэримыкIуэтынур икIи дыщэ медалхэм ерыщу зэрыщIэбэнынур.
Куржыхэм сыт щыгъуи футболист гъуэзэджэхэр къахэкIырт. Абыхэм джэгум щIэщыгъуагърэ хьэлэмэтагърэ халъхьэрт. Футболым ирипсэухэри куэду яхэтт. Арат цIыху мелуанхэм ахэр фIыуэ щIалъагъур икIи куржы командэр чемпион хъуну щIыщIэхъуэпсыр. Иджы Тбилиси и «Динамо»-р зэи хуэмыдэжу абы пэгъунэгъу дыдэт. АрщхьэкIэ къэхъужар сыт? Зэхьэзэхуэм и кIэух зэIущIэм ирихьэлIэу «Торпедо»-р зы очкокIэ япэ ищащ. Абы къыхэкIкIэ я стадионым иужьу къыщрагъэблагъэ Киев и «Динамо»-м текIуэмэ, мэзкуудэсхэм дыщэр яIэрохьэ.
…Джэгум и кIэух дакъикъэхэр йокIуэкI, бжыгъэр 1:1-щ. Мис абдежым судьяр тогушхуэри, украин командэм и гъуэм пенальти еуэн хуейуэ къегъэув. Метр пщыкIузым бгъэдохьэ «Торпедо»-м и гъуащхьауэ нэхъ Iэзэ дыдэ Иванов Валентин. Абы топыр дигъэкIмэ, и командэр чемпионщ.
Ивановыр и къару къызэрихькIэ пенальтим йоуэ. Гъуэм и плIанэпэ дыдэм кIуэ топыр, къаплъэным хуэдэу зедзри, «Динамо»-м и гъуащхьэтет Банниковым къещтэ. Мэзкуудэсхэм я лъэр щIохури, я щхьэр фIаубыдыкIауэ губгъуэм щотIысэх.
Хэгъэрейхэр Киев къикIа «Динамо»-м зэрытемыкIуэфам къигъэлъагъуэрт, зэхьэзэхуэр иуха пэтми, чемпион хэт хъуами зэхэмыкIауэ. Мэзкуу и «Торпедо»-мрэ Тбилиси и «Динамо»-мрэ очко зэхуэдиз яIэу зэпеуэр зэфIэкIати, япэ увыпIэр зыхуэфащэр абыхэм я зэпэщIэтыныгъэ щхьэхуэм щаубзыхун хуейт.
«Дыщэ зэIущIэр» лъэныкъуитIми я пэIэщIэ щIыпIэм щегъэкIуэкIыпхъэт. Бжьыхьэм и кIэухыу зэрыщытым къыхэкIыу, сыт щыгъуи дунейр щыхуабэ Узбекистаным и къалащхьэ Ташкент абы папщIэ къыхахащ.
Совет Союзым и щIыпIэ псоми икI телеграммэхэр «дыщэ зэIущIэм» хэтхэм хуагъэхьырт. Нэхъыбэр Къэбэрдейм къикIыу, ахэр къыIэрыхьэрт Iэпщэ Александри. Благъэхэм, Iыхьлыхэм, ныбжьэгъухэм, топджэгум дихьэх цIыху къызэрыгуэкIхэм къатхырт ар зыхэт командэм текIуэныгъэр къызэрихьынур я фIэщ зэрыхъур икIи абы папщIэ лъэкI къимыгъэнэну трагъэгушхуэрт.
ЗэIущIэр щекIуэкIыну ягъэува пIалъэр псынщIэ дыдэу къэсащ. 1964 гъэм щэкIуэгъуэм (ноябрым) и 18-м «Пахтакор» стадионыр бжьэ къэпщIам хуэдэт. Абы къекIуэлIа цIыху мин 70-м щIигъум загуэшат зэпэщIэува Тбилисирэ Мэзкуурэ я командэхэм дэщIхэу. Ахэр къызэрымыкIа щIыпIэ къэралым иIэжу къыщIэкIынтэкъым. Яхэтт абыхэм ди республикэм щыщхэри.
«Дыщэ зэIущIэр» зи нэгу щIэкIахэм нобэми ягу къэгъэкIыж «Динамо»-мрэ «Торпедо»-мрэ сыт и лъэныкъуэкIи зэхуэфащэ зэхьэрхуэрэгъуу зэрызэпэщIэтар. Псоми къагурыIуэрт мы зы джэгугъуэ закъуэм лъагэ дыдэу узэриIэтыфынур икIи ар къызэхъулIэнур тIум языр зэрыарар.
Хухаха сыхьэтрэ ныкъуэм текIуар зэхамыгъэкIыфу (1:1-уэ иухат), къыщIагъуа зэманым футболистхэр джэгупIэ губгъуэм къыщихьам щIыр къратхъуну хьэзырт. АрщхьэкIэ Датунашвили Илья дигъэкIа топым псынщIэ дыдэу я хьэрхуэрэгъухэр игъэупщIыIуащ. Абы иужькIэ мэзкуудэсхэм я лъэр щIэхуащ икIи аргуэру иджыри топитI драгъэгъэкIащ. Арати, 4:1-уэ Тбилиси и «Динамо»-р текIуащ. Куржыхэр япэ дыдэу Совет Союзым и чемпион хъуащ!
Джэгур зэриухам и щыхьэту зэIущIэм и судья нэхъыщхьэ Рубенис Микелис (Ригэ щыщщ) и кIэфийр зэригъэIуу, Тбилиси и «Динамо»-м дэщIхэр мин зыбжанэ хъууэ губгъуэм къилъэдащ. Куржыхэм япэ дыдэу чемпионыгъэр къахуэзыхьа я лIыхъужьхэм абыхэм IэплIэрэ барэ хуащIырт, къапхъуатэурэ щIаупскIэрт, драдзейрт.
Азие Курытым икIа хъыбарыфIыр аддэ жыжьэу щыIэ Кавказ АдрыщIми напIэзыпIэм нэсащ. Куржыхэм я шыгъупIастэ Iэнэр узэдауэ хьэзырыххэти, шагъыр пIащIэхэр яIэщIэту хъуэхъу кIыхьхэр ирашэжьащ. Нэху щыхукIи къыкIэлъыкIуэ махуэхэми ахэр увыIакъым. Языныкъуэхэр гуфIэгъуэ Iэнэм къыщыбгъэдэкIар жэщыр сыхьэтитIым ирихьэлIэущ - Тбилиси и «Динамо»-м и футболистхэр зэрыс кхъухьлъатэр къыщытIысыжам цIыху минхэр аэропортым щызэхуэсат. Абыхэм я лIыхъужьхэр щIым намыгъэсу ирахьэжьащ. А Iуэхугъуэ телъыджэхэр псэухукIэ куэдрэ IэфIу игу къигъэкIыжащ лъагэу яIэта, хъуэхъу щхьэхуэ зыхужаIа чемпионхэм ящыща Iэпщэ Александр.
Куржыхэр сыт щыгъуи гуапэу икIи IэфIу адыгэхэм къытхущыта гъунэгъу лъэпкъ телъыджэщ. Абыхэм фIыр зэи ящыгъупщэркъым. Ящыгъупщакъым Iэпщэ Александр я текIуэныгъэм хуищIа хэлъхьэныгъэри. Ар куржыхэм къуэшым хуэдэу ялъэгъуат. Тбилиси и «Динамо»-м къыщыдэджэгухэр Сашэ щалъхуа Къызбрун Езанэм щIэх-щIэхыурэ щыхьэщIэрт.
Iэпщэ Александр куржыхэм зыпащI щымыIэу фIыуэ ялъагъурт. АрщхьэкIэ абы аргуэру Налшык къафIигъэзэжащ. Тбилиси, Мэзкуу, Ереван, Киев щызэрызехьэ стадион инхэм зыщыIущIэ къэралым и командэ лъэщхэмрэ Чехословакием, Польшэм, Бирмэм, Вьетнамым я футболистхэм ядригъэкIуэкI джэгугъуэ хьэлэмэтхэмрэ я пIэ иригъэуващ и Iыхьлыхэмрэ ныбжьэгъухэмрэ сыт щыгъуи щилъагъуфыну Къэбэрдей-Балъкъэрыр.
Куржыхэм ар зыкъомрэ къаутIыпщакъым. АрщхьэкIэ я Апшелавэ и мурадыр зэрыбыдэр хьэкъыу щапхыкIым, сыт ящIэнт? Псом хуэмыдэу гур хэзыгъэщIт Тбилиси и «Динамо»-м къыдыхэтхэм сэлам щарихыжар - куэдым я нэпсхэр къафIекIуат.
Совет Союзым и чемпион зэрыхъурэ илъэс 50 зэрырикъур 2014 гъэм куржыхэм Iэтауэ ягъэлъэпIащ. Абы и хьэщIэ нэхъ зыпэплъа дыдэхэм ящыщт Iэпщэ Александр и унагъуэр: и щхьэгъусэ Риммэрэ и бынхэу Ладинрэ ФатIимэрэ.
Апшелавэ йобгъэрыкIуэ.
Iэпщэм и унагъуэр Куржым щагъэлъапIэ. 2014 гъэ
Жыласэ Заурбэч.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "981.txt"
} |
Байрон джордж и усэхэр
Бгырысым ещхьу
Къуршхэр къыщызэхэскIухьым, ещхьу бгырысым,
Сыхэтащ, Моруен, уи бгыщхьэми телъ уэсым.
Зблэжурэ аузым дэлъадэрт псыхэр,
Си лъабжьэм гуартэу щIэкIуэсыкIырт пшэхэр.
Псэр гуэныхьлы имыщIакIэу щIэныгъэм,
Къуршыжьхэм хуэдэу игъэбатэу лIыгъэм,
Уи лъагъуныгъэр къыщигъаблэу и жьэгум,
Укъинэжащ, си Мэри дахэ, си гум!
СщIэртэкъым зэреджэр лъагъуныгъэм...
Абы сыткIэ щыгъуэзэнт сабийр?
Ауэ ноби бгъэм къыщыукъубейр
А гурыщIэ дыдэхэм я лыгъэрщ!
Аргуэру сызыщIишэу зы къэмынэу,
СыкъимыкIыжыфу и къэпхъэным!
ФIыуэ слъагъуми къырыщхьэ нэщхъейхэр,
НэгъуэщI дахагъэт гур щIэхъуапсэр.
Сыпсэут хьэрэмыгъэншэу, тыншу си псэр,
Къыщимылъыхъуэу гъащIэм ямылей.
Псынэпсу къабзэти гупсысэр,
ЗыпщимыгъэнщIыжу уи гъусэт!
Сыкъэтэджырти нэхущым, сщIыгъуу си хьэр,
КъэскIухьт, зы бгыщхьэм сикIым, адрейм сихьэу,
Е, толъкъунхэр бгъэгум къытрикIэу,
Диипс уэрым сызэпрысыкIырт.
Псы Iуфэм сыщыжейм нэбэнэушэу,
Къаджэрт Iэхъуэм и бжьамийр, сыкъигъэушу.
Бжьэпэ лъагэм къелъэтэхырти уи теплъэр,
КъызбгъэдэтIысхьэрт, лъыр къызэщIигъаплъэу.
Укъригъэхутати си пащхьэм,
Псэм зыхуигъэщхъырт, фIыщIэ хуищIу, ди Тхьэм!
СыщIэкIри унэм, гъуэбжэгъуэщу
КIуэдыжахэщ нэкъыфIэщIхэр, бгыхэр, си щIалэгъуэр,
Сыхуэлэжу, схунущ сэри абы я лъагъуэр.
Илъэс блэкIахэм я гукъэкIыжырщ
Иджы насыпуи къысхуэнэжыр.
КъытфIэщIми гъащIэр хъуауэ нэхъ гуфIэгъуэ,
Дэрэжэгъуэ зыри хэзмылъагъуэ,
БлэкIахэм я дахагъэрщ псэм нэхъ къищтэр;
ГугъапIэр сIэщIэхуами, гукъэкIыжхэр
къобэуэжыр ноби,
Сигу диижами илъщ уи теплъэр хуабэу!
Слъагъуну пIэрэ пшэм хэбжьахъуэ бгыщхьэр?
Гум къокIыжыр Колбин бгы иныжьыр,
Зыщигъэуардэу къуршхэм я курыкупсэм.
Слъагъужыну пIэрэ тенджыз гъуджэр,
Нэр ихьэхуу иджыри къызэджэу?
Сщыгъупщакъым, Мэри, уи плъэкIэ телъыджэр!
Уи плIэм дэубгъуа уи щхьэц толъкъуныр
Пщэдджыжь пшэплъ дыщафэу къызэщIэнэу,
УкIытэхыу уи нэкIу дыхьэрэныр
СлъэкIкъым нэгъуэщI гуэрхэм хуэзгъэдэну!
ДыщызэIущIэу щыта махуэм
КъагъэзэжынкIи хъуну нахуэу,
Бгыхэр, я плIэрылъу я уэс цейр,
Къыхыхьэжыну япэм ещхьу ди дунейм?
Аргуэру ахэращ щIэлъынур си нэм,-
Мэри сыщыхуэзэн блэкIа зэманым?
Хьэуэ! Есхыжынщ сэлам Моруен щIэрыщIэу!
Узыншэу, бгыжьхэу уэсым дэщIэращIэ!
Си ауз лъахэм щызгъуэтыжынукъым тыншыпIэ:
Мэри, ущыпсэурщ схуэхъуфынур хэщIапIэ!
1807 гъэ
Къагупсысахэм я пшыналъэ
Таурыхъхэм, пщIыхьхэм я пащтыхь гуащэ,
Сабий гуфIэгъуэхэм я анэ,
Жэщ пщIыхьхэм щыщIоупскIэ гущэр,
Сабийм къибгъэхуу и хъуэпсэнэр!
СызыщIишэжкъым сэ уи хъуапсэ тхъэгъуэм,
ИсхыжакIэщ и Iэхъулъэхъур щIалэгъуэм!
Таурыхъ телъыджэхэм я щэхум
Иджы щыпсэур Пэжым и нахуэрщ!
Си сабиипсэ къабзэр щыпсэуа пщIыхьхэу
Щыкуэдым хур пщащэхэр, тхьэхэр,
Я плъэкIэхэр пцIы зыхэмылъ нэхутхьэхуу,
Тепщэныгъэр щаIыгъыу къэгупсысахэу
Плъыфэ нэхъ дахэ дыдэкIэ хуэпахэм.
Пщащэ гуфIэкIэхэр хуэхейщ хьилагъэм,
Я зыIыгъыкIэм хыумылъагъуэу щхьэпсыншагъэ!
Ауэ сощIэ: ар къыпфIащауэ аркъудейщ!
Гупсысэр пшэ адрыщIым къишыжыни хуейщ.
Пиладэ хуэдэу иумыгъэзу дзыхь ныбжьэгъум,
ЦIыхубзыр Тхьэ пэлъытэу умылъагъуу!
Зэрызихамэр уафэ тхьэхум
Хур пщащэхэм щыхаш уджпыхур,
ЗэрытхьэIухудым хуэдэ къэпсу
А пщащэхэр зэрыпцIыупсыр,
Я щхьэ закъуэм фIэкI зэрамылъагъур,
Ди фIэщ тщIыну игъуэ хъуащ, ныбжьэгъу.
ХуэсщIати уи пащтыхь башым пщIэ нэхъапэм,
Тобэ къызохьыжыр, сыуэ напэр.
Иджы уи псалъэ IэфIхэм сахуэдэгущи,
ГугъапIэ нэпцIхэм сахьыжыфкъым уэгум!
ЖыIэзыфIэщу сыдихьэхт уи плъэкIэм, сызыщIишэрт,
Си гугъэу щIэгъэпщкIуауэ абы пэжыр,
Къэзубыдырт уи щатэ гухэщIыр,
СыкъигъапцIэурэ уи нэпс фэрыщIым.
Сужэгъуауэ пцIыIуэпцIышхэм я Iумэтыр,
Къызобгынэр сэ уи пащтыхь тахътэр.
Мыбы щытепщэр ФэрыщIыгъэщ,
Ар пхулъэкIынырщ къабжыр лIыгъэу!
Къагупсысхэр ягъэбатэри тенджызу,
Нэпс фэрыщIхэр абы хагъэжабзэ
Иджыри зэрыкуэдыр гуауэр
Уи тахътэм ящигъэгъупщауэ!
ГулыцIым, фIыцIэ защIэу и щыгъыныр,
Кипарисыр пыIэу щхьэрытIагъи,
Ирещыгъуэ пщIыгъуу фэрыщIыншэу,
ГущIэгъум псэхэр хуигъэушу!
Диади къеджи хуэгъэщыгъуэ
ФIэкIуэдам къэгъэзэжыншэу:
КIуэдыжащ абы я Iэхъуэ цIыкIур,
МафIэу къызэщIэплъауэ нэкIур,
Щытами и бжьамийр игъэушэу,
КъыIэщIэужагъуэри уи тахътэр,
Ибгынащ, ирихри нэлатыр.
Хур хъыджэбзхэ! КъывэмыхьэлъэкIыу
А псоми нэпс хущIэвгъэкIыну флъокIыр
Нэгум щIэвмыгъэкI гурыщIэ IэфIым
Зыхевгъэсхьэжу и мафIэм!
Сэри, фызыбгынам фыкъысхуэщыгъуэу,
Нэпс схущIэвгъэкIыну, фигу къысщIэгъуу.
Къэзлэжьагъэну сэ уэрэдус ныбжьыщIэм
Сэламехыж уэрэдым и гурыщIэр?
Догуэ! Къэблэгъащ уахъты IэубыдыпIэншэр,
Сожьэж, лъэпкъ щхьэмыгъазэ, узыншэу!
Къыщызолъагъу щыхупIэр мыжыжьэу
Фи ажалыр къыщысынум ежьэу.
ФыкърехьэкIыр гъуэжькуийм и архъуанэм,
Фхуэмыушэжу гъащIэм и псынэр.
НэкъыфIэщI къэгупсысахэм я уахътыр
Къэзыгъэсынур фи дамэ къутэрщ.
1807 гъэ
* * *
А лъэхъэнэм имыIэми фIэщыгъэ,
МыкIуэдыжыну стелъщ и дамыгъэр.
Си гурыщIи, си хъуэпсапIи, си гупсыси,
Зэрыщыту лъагъуныгъэрт зыхуэусэр!
Лъагъуныгъэм теухуауэ псалъэ
КъыщызжепIам уэ япэ дыдэ,
Псэр зыгъэпIейтея гухэлъыр
Слъэгъуащ сэ уи гум зэримыдэр.
Сытым хуэдэу гуауэм сигъэхыщIэт
Сыщибгынэжым уи лъагъуныгъэм
КъыпфIэмыIуэхуу хъуэпсапIэм и гугъэр
ЩIысIэпыпхыфыр къысхуэмыщIэу!
Зы закъуэщ сызыгъэудэIужыр:
А махуэ IэфIхэр зэрыщымыIэжыр
ЖыпIащи уи гум къызэреуэр,
Гуауэр къысфIощI нэхъ кIащхъэ хъууэ.
Аращ, уIэфIщ икIи убзаджэщ,
ПхуэмыщIынуми щIэрыщIэу лъагъуныгъэ,
Псори пхуэзгъэгъуну сыхуреджэ
Дакъикъэ закъуэм бдэслъагъужа гуапагъэм.
Аргуэру зызолъытэжыр насыпыфIэу,
Гужьгъэжьри къеблыжыну сыхуэмей,
Зэман блэкIауэ къысщыхуам зи нэфIыр,
Уэ сэр фIэкIа, нэгъуэщIым уримейт!
1808 гъэ, мэкъуауэгъуэм и 10
Уэ унасыпыфIэм
УнасыпыфIэм - сэри згъуэтын хуейщ насып,
Псалъэ IэфIхэр си гупсысэм къыпхуещып.
Уи гъащIэ натIэм гур зэрыкIэрыпщIэр
НэгъуэщIу схузэхъуэкIкъым сыт сымыщIэм.
Уэщхьыркъабзэу насыпыфIэщ къыхэпхар,
Ауэ сэракъым а насыпыр зылъысар!
Сыт хуэдэу фIыщэу уилъагъуми нэгъуэщIым -
СхулъэкIкъым ар бий кIэруфIыцI сымыщIу!
Зэгуэпым, губжьым кIыфI сщащIат дунейр
Япэ дыдэу щыслъэгъуам къэплъхуа сабийр:
Ауэ гуфIэжу Iэуар къыщызбгъэдыхьэм,
СлъэкIакъым псэми нэми ар хуэзмыхьу.
СлъагъухункIэ и адэм зэрещхьыр,
Фыгъуэ жагъуэм къызжьэдишми «Iыхьыр»,
И плъэкIэр къыпачауэ узэрейм
СлъэмыкIыу хузигъэщIырт пщIэ сабийм.
Узыншэу! БдэслъагъухукIэ уи насыпыр,
Жагъуэ пщыхъун жиIэфынукъым си Iупэм.
Ауэ сыпсэухукIэ ппэгъунэгъуу... , Мэри, сощIэ
Къэлыдыжынущ щIэрыщIэу гурыщIэр.
ЩIалэгъуэ делэгъуэм и щхьэпсыгъэр
Зэтес илъэсхэм ящIыжын си гугъэу,
Псэр згъэудэIуж сфIэщIами акъылыншэм,
Гур, япэм ещхьу, къоуэ жагъыныншэу.
Дызэхуэзащ. Уи зы псалъэм е уи плъэкIэ закъуэм
Традзэфынущ гум мыхъужын дыркъуэ.
Ауэ мы меданым къызыкъуэсхри лIыгъэ,
ПщызбзыщIыфащ си гущхьэм телъ уIэгъэр.
Куэдрэ укъиплъащ си нэгум ткIийуэ,
Къэплъэгъуагъэнущ зэрыжар ар мывэу,
УхунэсагъэнкIи хъунщ къибджыкIыну
Абы си гущIэм игъэвыр.
Сыфхуейкъым! Фыбзэхыж гукъэкIыжхэ,
ЩIалэгъуэм и жэнэт пщIыхьхэ, фыкIуэдыж!
Дэнэ кIуа илъэсхэр? Сигу, уэри ахэм яхэшыпсыхьыж!
Е, къэувыIапи, къеуэн щыгъэтыж!
1808 гъэ, щэкIуэгъуэм и 2
* * *
1
Хьэуэ, сахуейкъым псалъэ дыджи,
БлэкIам и псалъэ IэфIхэм я акъужьи,
СапыIуожыр абыхэм я ныджэм,
Я уэрэд къагъэIухэм сахуэжьажьэу.
А уэрэдхэр зэхилъхьащ блэкIа зэманми,
СлъэкIынукъым щIэрыщIэу згъэIужыну.
Нэхъапэм Iурт зэдэууэ а пшыналъэр,
ЕдаIуэм и гухэлъыр зэщIигъаплъэу.
2
Зэпыудащ шыкIэпшынэм и налъэр.
ИмыгъэIужу гур зыгъэшэрашэ псалъэр.
ДэкIами абы лъандэм зэман Iэджэ,
Техьэгъуэ хуэшым и тхьэгъушыр гъащIэм къоджэр.
Хуэшым гъащIэр хишри сыхъужакIэщ хьэдэ,
ЗэманыфI дэкIами абы лъандэм
Къигъэтэджыжу аргуэру уи теплъэр,
КъэIуж хуэдэу къысщохъур пшыналъэр.
3
Мэужьыхыж аргуэру псори, ауэ
Ди махуэфI блэкIахэм я пшынауэу
КъэIу уи макъым щIэдэIуну хуейуэ кIэншэу
Си псэр малъхъэдису зыщIыбошэр.
Солъагъу пщIыхьэпIэу - укъэпсэужауэ!
А пщIыхьэпIэм уи макъ щыушэм
КъызжаIэр къэсщIэн си гугъэу, сыкъэушым,
Зэхэсхыр кхъэ кIыфIымкIэ къиIукI тхьэгъушырщ.
4
Тирза, нахуапIэ е пщIыхьэпIэ,
Ухъуащ си дежкIэ хъуэпсапIэ -
КIуэжауэ уафэ нэз щIэплъыпIэу
Нэхъ куу зыщищIым уафэ лъащIэм.
Ещхьу борэн жьапщэм кърихуэкIым,
Бэлыхьхэми бэIутIэIухэми япхыкIыу
КIуэфырщ, ноби хуэхъуу гъуэгугъэлъагъуэ,
Зыщымыгъупщэр жэщкIэрэ къыхуэблэ вагъуэр.
Эвтаназие
Ирехъу нэхъ пасэу е нэхъ кIасэу -
КъыкIэлъыкIуэнурэ си псэм,
КъыщIыхьэнущ Ажалыр си унэм,
СынолъэIур абы щыгъуэ къыступIэну
Псори пщызыгъэгъупщэж шхыIэныр.
ЩIэиным щIэхъуэпс хьэ гуп нэпсейр
ЩIэвмыгъэхьэххэ лIам и дей.
Си хьэдэм къыщхьэщысу тхьэджэу,
Нэпс зыгъэжэни фыкъемыджэ.
СытырекIыж мы щIым Iэуэлъауэншэу,
КIыфIым сыхрехьэж псалъэмакъыншэу.
СымыгъэпIейтейуэ ныбжьэгъур,
Зэпызуду абы и гуфIэгъуэр.
Уэри, Лъагъуныгъэ, умыпыхьэу,
Лъагъуныгъэ IэмыркIэ бгъуэта къарур,
Тыгъэ лъапIэу сэри къызитар Алыхьым,
СкIэлъыпсэунухэм яIэрыгъэхьэ.
Си нэгум щIэгъэт, си Псатхьэ,
Уи гуфIэкIэр, хэтыхункIэ си псэр.
Нэхъ кIэщхъэнущ уз къысщхьэщыхьэр,
СыIуплъэхункIэ си гум и щIасэм.
Уэри ухьэзырщ укIуэдыжыну ещхьу гъащIэм,
Уи нэ телъыджэм къыщIэж нэпсым,
Зы меданкIэ къигъэпцIэнщи псэур,
Иужь дыдэу иуIэнщ гурыщIэр.
Среужьыхыж си закъуэпцIийуэ,
Гъыбзэншэу, нэпсыншэу.
Ди гъащIэ тIэкIур гъуэбжэгъуэщщи,
Хошыпсыхьыж илъэсхэм я жэщым.
Къоблагъэ псоми ди уахътыр,
Зэманым дигъэпIащIэ зэпыту:
«Чэзур къэсащ, Ажалыр егъэблагъэ!»
Арати - екIэрэхъуэкIакIэщ гъащIэр.
СыздэкIуэжынум - узэрыщымыIэр сощIэ -
Уэ къэбухакIэщ дуней бэлыхь защIэр.
Жыжьэжкъым а махуэр, ажалым и хуэшым
Дыщриджэнур, дымыщIэу дыздишэр.
Къэбжыжи къэбгъэщIар махуэ насыпыфIэу
КъэпщIэнщ, умыпсэуххэмэ, зэрынэхъыфIыр.
1812 гъэ
Зэманым деж
Зэман! Гъатхи, гъэмахуи, щIымахуи
гъуэбжэгъуэщу,
Уи дамэхэм телъу блыбох махуэлыншэу,
Уащымысхьыххэу псэхэр тыбошэ
Щхьэжагъуэ гъуэгуанэу уизышэм кхъэ мащэм.
Тыншкъым Зэманым натIэм къритха си гъащIэр,
Ар нэгъуэщIым тезгъэхьэлъэм, хъунущ тIуащIэ.
Уи закъуэмэ, нэхъ уполъэщ гугъуехьым -
ПщIэжу уи хьэлъэ нэгъуэщIым зэримыхьыр!
Ягъэхуабэу си гур, си псэр сэр
щхьэкIэ ягъэбауэу,
Сщхьэщахыу хьэлъэр, къыздагуэшу гуауэр,
КъысщIыбгъугъауэ хъуар зэрысIыпхыжрэ
Сопсэу, гугъуехьхэм сащымышынэжу.
ЩремыщIэ ахэр дэрэжэгъуэ!
Сэ къыстегуплIэ, сумыгъахуэу нэ плъэгъуэ!
Къызэптыфынуи, степхыжынуи сызыпэплъэр
Илъэсхэрщ, нэщхъеягъуэм ягъэщхьэлъэу.
Гугъуехь стехьэлъэм сщегъэпсынщIэ
Сызэрыбгъэувэ пщылIыпIэр,
НасыпыфIэм я закъуэщ зыхэзыщIэр
УзэрыблэкIыр напIэзыпIэу!
ЗэрыкIуэдыжыр зэхэщIыкIыр гъуэбжэгъуэщу
Пшэ фIыцIэ хьэлъэу щхьэрырелъ ди гъащIэм:
Абы ди гъатхэр хуигъэкIуэфми жэщым,
ХуэгъэкIуэщIынкъым жэщкIэ ди гум щыщIэр!
Си хъуреягъым нэщхъеягъуэр щыбэу,
Си акъылыр щыщIиуфэжми пшагъуэм,
Жыжьэу къызэдэхащIэу и нурыбэр,
Дыгъэм стрихурт жэщым и техьэгъуэр.
Ауэ ужьыхри дыгъэм и къэблэныр,
Махуэхэр, илъэсхэм я бжыгъэр
Къибж къудейуэ къэнэжащ Зэманыр.
Мыхьэнэ гуэри имыIэжми гугъэм,
ЕсагъэпщIэу сохь сщащIа къалэныр.
КIэух теплъэгъуэм и Iэужьыр
Уэ плъэкIыжынкъым зэпхъуэкIыну:
Ауэ кърикIуэм уи лъэужьым
Уэ птелъа бжьырщ теплъхьэжыфынур!
Ущымышынэу гуэныхь упшынынум,
Солъагъу пIурылъыну гуфIэкIэр,
Бэлыхьхэр щIэблэм къыхуэбгъанэу
Кхъэ щIыIэм ущрахьэхыжкIэ!
1812 гъэ
Си псэр нэщхъейщ
Си псэр нэщхъейщ, сохыщIэ,
Пшынауэ, пшынэр къызэфIэщIэ,
Уи пшынэ Iэпэхэм зэрылъэлъу
КъысхурагъэIу жэнэтым и пшыналъэ.
ГугъапIэхэр, хэмыкIыпамэ я псэр,
Къыщигъэушыжынущ абы си бгъэм,
Нэ дияхэм къащIэнамэ нэпсыр,
КъэткIужынущ къещэщэхыу щыгъэу.
ИреIэл гухэщIу а пшыналъэр.
СфIэфIкъым гуфIэгъуэм имыIэжмэ пIалъэ!
Сыхуейщ нэпсхэр къыщIэжыну, пшынауэ,
Зэгуимыудыпэ щIыкIэ си гур гуауэм.
ГуауэкIэ кудащи гум и лъащIэр,
Куэд щIауэ ар егъэвыр зым къимыщIэу.
Иджы къыщыпкIыу хъуащи щыз,
Хуэмыхьыжу ажал щхъухьу ез.
1815 гъэ
Уэ уогъ
Уогъыр уэ, уи нэпс ткIуэпсхэр
Нэбжьыц кIырхэм толыдыкIыр псыпсу,
Пщэдджыжь епэрым къыпыткIуж уэсэпсыр
Тогъэщащэ щIым налкъутналмэсу.
УпыгуфIыкIмэ, уи гуфIэкIэм
Дыщэри щIохъукIыр фагъуэ.
Уи нащхъуэм къыщIих мафIэ хъуаскIэм
Егъэнэхур гум къекIуалIэ лъагъуэр.
Пщыхьэщхьэм пшэхэм ядз пшэкIэплъыр
ТращIыкIам я лейщ уи теплъэм.
Дыгъэри икIауэ уэгум,
Жэщ кIыфIым хуит хуэхъуауэ щIыгур,
Къыщхьэщыгъуалъхьэмэ псэм пшагъуэр,
Пшагъуэр треху уи зы Iуплъэгъуэм.
Къухьэжми бгыхэм дыгъэ тхъуэплъыр,
Псэм щыбогъаблэ нэхущ пшэплъыр.
1815 гъэ
Къысхуэгъэгъу
ЩыIащ зэман - ахэр фIыуэ зэрылъагъурт,
Ауэ зэбгъэдашахэщ я жэгъуэгъухэм;
Пэжыныгъэр, лъагъуныгъэр икIри я гум,
ЯпэIэщIэу Iэпхъуэжахэщ уэгум.
Я дэрэжэгъуэри хъуащ уэхбзэх,
Къэгъазэ имыIэжыну щIэх.
ЩIалэгъуэм имыгъэщIэращIэм,
Щыпсэугъуейуэ быркъуэшыркъуэщ гъащIэр.
ЗэпэщIэхауэ псэун хуей гупсысэм
Хегъэшыпсыхь щхъухьпсыхьым ахэм я псэр...
Ауэ яIэщIэужэгъуа гъащIэм
Щагъуэтыжынукъым щIэрыщIэу
НэщI хъуа псэхэр зэрагъэудэIун.
Зэпэщхьэхуэу щхьэж и гуауэр ихьыжын,
УIэгъэ къытехуар игъэкIыжын -
НэгъуэщI а тIуми ялъэмыкIыжын.
КъыритI зэкъуиудауэ щыблэм
ПфIэщIынхэу щытщ нэщхъеирилэу,
Толъкъунхэр уэру къажьэхэлъэу,
Шынагъуэу щыблэр къахуэдалъэу.
Къатошхэ уэшх, уэр къатощащэ,
Гъэмахуэ уэгъуи, щIымахуэ ткIыбжьи
ЯгъэкIуэдыфкъым и лъэужьыр
Лъагъуныгъэ зэгуэр зэхуащIам
Нэпкъыжьэу гум щриупщIар.
Колридж. Кристабел
Къысхуэгъэгъу - апхуэдэу тхухихам ди гъащIэм,
Къысхуэгъэгъу, мы щIым сытетыхун,
ГущIэгъу жыхуаIэ къысхуумыщIми,
Узгъэбиину си гум темыхуэн.
Си фIэщи схуэщIкъым къэгъэзэншэу
КIуэда гурыщIэ IэфI пхэлъар,
Пщыгъупщэжауэ уи псэр тыншу
Си IэплIэм жейуэ зэрилъар!
Щыплъагъугъатэмэ уи пщIыхьым
Си лъагъуныгъэу гум щыушэр,
УщIегъуэжынут, уи гум щIыхьэу,
Къызэрыбгъэнам ар жэуапыншэу.
Уи удын хьэлъэ къызэбдзар
ЩIренэхукI гуфIэкIэм нур къидзам:
Хамэ насыпкIэ къащэхуа щытхъур
СощIэ, уи гуапэ зэрымыхъур.
Хуейми, лажьэншэу срагъэмысэ,
Си къуаншагъэр сэ сощIэж зищIысыр,
Си IитI зыфIэфIхэм IэплIэ къуашэкIыну,
Дауэ ялъэкIын уэ уаукIыну?
ЩIы уи фIэщ! Гухэлъым и мафIэр
Ягъэужьыхын илъэсхэрщ зыфIэфIыр;
Гур зыкIэрыпщIа гум къыкъуичыну
Губжьым я нэхъ инми лъэмыкIыну.
Уэ иджыри пхъумэр а гухэлъырщ,
Сэ гухэщIырщ къысхуэнэжыр фарзу,
Гупсысэ хьэлъэм си псэр зэрегъалъэ -
Иджы дыпсэунущи зырызу.
А гупсысэ хьэлъэм пхуелъытын
Дунейм ехыжам нэпс хуракIутыр?
Иджыри дэ дытетми дуней нэхум,
Зэпэщхьэхуэу дыIущIэнущ къэунэху махуэм.
И Iуэрвэрым узыIэпишэу
УщедэхащIэкIэ дипхъу цIыкIум,
Хъарып тхьэмыщкIэр щIэадэншэр
ЖепIэфрэ, уи жьэм къыпхуегъэкIуэу?
Сабий нэхутхьэхум ба щыхуэпщIкIэ,
Къиубыдмэ, щыбгъэпщкIу уи плъэкIэр,
Уигу къэгъэкIыж насыпкIэ къыпхуэупсэу,
Уи лъагъуныгъэр зи жэнэтыр и псэм.
Абы и адэ IэщIыб пщIам
Ещхь гуэрхэр къыхэплъагъуэрэ сабийм,
Гур нэхъ ину къеуэу зыхэпщIам,
А гум и къеуэкIэр сэращ зейр.
УщыгъуэзэнкIи мэхъур си къуаншагъэм,
Ауэ сыт хэпщIыкIрэ си делагъэм?
Си гугъапIэ псори хуэлэжауэ,
Мэщэщэж уи ужьым иувауэ.
Схуэмыхъуу сфIэбгъэIэса си псэм
Пагагъэр фIэкIуэдауэ, нэху имылъагъужу,
ЗыпхуищIати, бгъэIулауэ, гъусэ,
УсIэщIокIри, псэми себгынэжыр!
Къэхъуну псор къэхъуакIэщ - псалъэр лейщ,
Сэр нэхъ пщIэншэрыпсалъи гъуэтыгъуейщ:
Дэ къыдэдэIуэжыркъым гухэлъыр,
Гъунапкъи хуэбгъуэтыфкъым ар зыхуэплъэм.
Къысхуэгъэгъу, къысхуэгъэгъу!
УсIэщIэкIащи, си гур мэгъу,
Насыпу къысщыхъу псори сфIэкIуэдауэ,
Аргуэру сызэрылIэжынур дауэ?
ЗэзыдзэкIар УЭРЭЗЕЙ Афликщ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "983.txt"
} |
Урысейм и дыщэри зыIэригъэхьат
Мэзкуу и «Динамо»-м къыдыхэта ди лъахэгъу гъуащхьэтет цIэрыIуэ Беляев Владимир дэщIыгъуу.
(Iэпщэ Александр и футболист гъащIэм теухуа ещанэ Iыхьэ)
Тбилиси и «Динамо»-м хэту Совет Союзым и чемпион хъуауэ икIи «СССР-м спортымкIэ и мастер» цIэ лъапIэр къыфIащауэ Iэпщэ Александр къыкIэлъыкIуэ илъэсым Къэбэрдей-Балъкъэрым къигъэзэжащ. IэщIыб хуэщIакъым абы ехъулIэныгъэм и гъуэгум тезыша Налшык и «Спартак»-р.
Урысей Федерацэм щIыхь зиIэ и тренер Чихрадзе Дмитрийрэ абы и дэIэпыкъуэгъу Котов Юрэрэ 1965 гъэм ирихьэлIэу гуп лъэщ къызэрагъэпэщат. «Б» классым и 4-нэ зонэм абы ипэ ит илъэсым еплIанэ увыпIэр зэрыщиубыдам ди «Спартак»-м нэхъ къалэнышхуэжхэр зэрыхузэфIэкIынур къыбгуригъаIуэрт. Зи пщIэмрэ зэфIэкIымрэ хуабжьу лъагэ Iэпщэ Александр къахыхьэжа иужькIэ налшыкдэсхэр узыпэщIэмытыфын къару лъэщ хъуащ.
ПэщIэдзэ зэIущIиплIми щытекIуэри, «Спартак»-м занщIэу бжьыпэр иубыдащ икIи зэхьэзэхуэр иухыхукIэ ар иутIыпщакъым. Зэпеуэр зэфIэкIыным иджыри зыкъом иIэжт, налшыкдэсхэм япэ увыпIэр къызэрахьар наIуэ щыхъуам. Абыхэм къызэранэкIат Куржым, Армением, Урысей Федерацэм я командэ 19, Баку, Кировабад, Сухуми, Батуми, Мэхъэчкъалэ, Ставрополь, Новороссийск, Орджоникидзе (иджы Владикавказ) я гуп лъэщхэр яхэту. Налшык и «Спартак»-р ипэкIэ игъэкIуатэрт абы и капитан Iэпщэ Александр.
АрщхьэкIэ, зыхэта гупым япэ увыпIэр къыщахьакIэ Iуэхур зэфIэкIатэкъым. Зыхэхуа зонэм щытекIуахэм Iэмал яIэт Урысей Федерацэм щынэхъ лъэщхэр щызэхагъэкIыну зэхьэзэхуэм зыкъыщагъэлъэгъуэну. Зэпеуэр IыхьитIу зэщхьэщыхат. Япэм командэхэр финал ныкъуэм гупиплIу щагуэшащ, дэтхэнэми щырыщ хэту. Ахэр щекIуэкIыну яубзыхуат Калининград, Саратов, Армавир, Налшык.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалащхьэм ди командэм нэмыщI къыщызэхуэсат Сыбырым щынэхъ лъэща Омск и «Иртыш»-мрэ Томск и «Торпедо»-мрэ. Ахэр тIорытIэ зэдэджэгуу, гупым щытекIуар зэхагъэкIын хуейт, иужькIэ кIэух зэпеуэм ар ягъэкIуэн папщIэ.
1965 гъэм щэкIуэгъуэм (ноябрым) и пэщIэдзэм Къэбэрдей-Балъкъэрыр зэрыщыту футболым итхьэкъуауэ къыпщыхъурт. Дэнэ щIыпIи щекIуэкI псалъэмакъхэм я нэхъыбэр зытеухуар Урысей Федерацэм и командэ нэхъ лъэщхэр Налшык зэрыщызэIущIэрт икIи ди «Спартак»-р абыхэм зэрахэтырт. Джэгухэр щекIуэкIыну махуэхэм республикэм футболым щыдихьэххэр хэти хьэлъэзешэ машинэкIэ, хэти автобускIэ, хэти шууэ, хэти лъэсу Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалащхьэм къекIуалIэрт. «Спартак» стадионым IэпэдэупIэ имыIэжу цIыхур изт. Абыхэм къахуэгъэсыртэкъым ди щIалэхэр джэгупIэ губгъуэм къыщихьэну дакъикъэхэр.
ЗэIущIиплIми щытекIуэри, Налшык и «Спартак»-м зыхэта гупым япэ увыпIэр щиубыдащ. АдэкIэ кIэух зэпеуэм хэтыну абы Iэмал игъуэтащ. Ар Налшык щыIэну щытраухуам, зэрыреспубликэу хуабжьу щыгуфIыкIащ. КъызэгъэпэщакIуэхэм къызэрымыкIуэу ягу ирихьат финал ныкъуэ зэхьэзэхуэхэр ди деж зэрыщекIуэкIа щIыкIэр, цIыхухэр изу стадионым къызэрекIуалIэр.
Зэпеуэм и мыхьэнэр зэрыдэуеяр къалъытэри, топджэгум дихьэххэр нэхъыбэжу къекIуалIэу хуежьащ. ЗэIущIэм щIидзэным иджыри сыхьэт зыбжанэ иIэжу ахэр «Спартак» стадионым из хъурти, темыпыIэжу зыдэщIхэм пэплъэхэрт. ЦIыху мин тIощIым щIигъу къызэхуэсыныр а махуэхэм мардэт.
ДжэгупIэ губгъуэм къихьэ футболистхэм гурэ псэкIэ зыхащIэрт жэуаплыныгъэшхуэ я пщэ къызэрыдэхуэр. Iэпщэ Александр ахэр тригъэгушхуэурэ «Фымыгузавэ!» яжриIэ хабзэт. Абы и псалъэр къызыгурыIуэр гупым къыдыхэт и лъэпкъэгъухэу ТыIэщ Хьэсэнбийрэ Щэрмэт Валерэрэ я закъуэтэкъым. Ар зэхащIыкIырт куржы Гогибедашвили Заур (иужькIэ Хьэмгъуокъухэ я малъхъэ хъуам), осетин Джиоев Владимир, украинхэу Николаенкэ Владимиррэ Дьяченкэ Юрэрэ, урысхэу Алдышев Анатолий, Давыдов Игорь, Литвинов Борис, Красиков Геннадий, Кривошеев Анатолий, Ильин Валерэ, Ивановский Юрэ, Малютин Владимир, Шаповалов Анатолий, Першин Валерий сыми. Ахэращ япэ дыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыхьыр футболымкIэ зыIэтар икIи Урысейм и дыщэ медалхэр къытхуэзыхьар.
Я зы хьэрхуэрэгъуи ди щIалэхэм къапэхъуфынутэкъым! Абы щыхьэт техъуащ Урысей Федерацэм и чемпионатым и кIэух зэIущIэхэр. ЯпэщIыкIэ Саратов и «Сокол»-м, къыкIэлъыкIуэу Уфа и «Строитель»-м топ щырыщ жэуапыншэу худагъэкIащ. Аркъудейм «А» классым (иужькIэ япэ лигэ хъужам) щыджэгуну Налшык и «Спартак»-м хуитыныгъэ къритырт. АрщхьэкIэ, дыщэм щыщIэбэныну иужь дыдэ зэIущIэр налшыкдэсхэм къапэщылът. Ахэр иджыри къэс псоми ефIэкIа Къэзан и «Рубин» командэ лъэщым дэджэгун хуейт. ТекIуэр Урысей Федерацэм и чемпионт.
Я хьэрхуэрэгъу тIурытI хагъэщIарэ, бжьыпэр зэдагуэшу Налшык и «Спартак»-мрэ Къэзан и «Рубин»-мрэ кIэух зэIущIэм ирихьэлIащ. Топ дагъэкIахэмрэ къыхудагъэкIахэмрэ зэрызэхущытым Iэмал къитырт, зэпэщIэтыныгъэр зэрытемыгъэкIуауэ иухми, налшыкдэсхэм япэ увыпIэр яубыдыну. АрщхьэкIэ, абы егупсысыр мащIэ дыдэт. Стадионым изу къекIуэлIа цIыху мин тIощIым щIигъур зыщIэхъуэпсыр зыдэщI «Спартак»-м и текIуэныгъэрат. Ар кIэух телъыджэ хуэхъунут дэрэжэгъуэ куэд къезыта, 1965 гъэм екIуэкIа зэхьэзэхуэхэм.
Ди щIалэхэр зэрыщыгугъауэ къыщIэкIащ. А пщыхьэщхьэм 3:1-уэ Къэзан и «Рубин»-р хигъащIэри, Налшык и «Спартак»-р, зэи къэмыхъуауэ, Урысей Федерацэм и чемпион хъуащ.
Стадионым къекIуэлIа цIыху мин тIощIым щIигъум я гуфIэгъуэр пхуэмыIуэтэжынт. Зытеса газетхэм мафIэ пагъэнауэ абыхэм ягъэдалъэрт. 1965 гъэм щэкIуэгъуэм (ноябрым) и 20-м и пщыхьэщхьэм «Спартак» стадионыр щIыб мафIэшхуэм зэщIищтауэ къыпщыхъурт. Топджэгум дихьэххэм апхуэдэу ягъэлъапIэрт ди щIалэхэм япэу къытхуахьа текIуэныгъэ иныр. Езы футболистхэми, зы къару къахуэмынэжу ешами, насыпыфIэу Урысей Федерацэм и чемпион лентIхэр, дыщэ медалхэр, спортымкIэ мастер къызэрыфIащам щыхьэт техъуэ удостоверенэхэр гуфIэжу къыIахырт. Абыхэм яхэтт илъэс етIуанэ хъуауэ апхуэдэ дэрэжэгъуэр къызэхъулIэ Iэпщэ Александр. Нэгъабэ ар Совет Союзым и чемпион хъуат, иджы Урысей Федерацэм и дыщэр зыIэригъэхьат. Iэпщэм текIуэныгъэрэ насыпрэ къызыхуихьар Тбилиси и «Динамо»-м и закъуэтэкъым, атIэ хуэугъурлат зыгъэса Налшык и «Спартак»-ми.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалащхьэм щрагъэкIуэкIа финал ныкъуэмрэ кIэух зэIущIэхэмрэ хыхьэ джэгугъуиблми, адрейхэм куэдкIэ зэрефIэкIыр нэрылъагъуу, ди щIалэхэр щытекIуащ. Налшык и «Спартак»-м и лъэщагъыр наIуэ къыпщищIырт абыхэм япкъ иткIэ и хьэрхуэрэгъухэм топ 21-рэ зэрыхудигъэкIамрэ зы топ закъуэ фIэкIа къызэрыхудамыгъэкIыфамрэ.
ЖыIэн хуейщ 1965 гъэр Къэбэрдей-Балъкъэрым и футболым зэрыхуэфIар. Ди командэм щыджэгухэмрэ абы дэщIхэмрэ апхуэдизу быдэу щызэрыубыда, щызэрыIыгъа, ди гугъэмкIэ, афIэкIа зэи щыIакъым. Пэжщ, щыIащ 1970 гъэр - Налшык и «Спартак»-р етIуанэу Урысей Федерацэм и чемпион щыхъуар. Зэи гум имыхунщ 2005 гъэм и бжьыхьэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэр япэ дыдэу къэралым и гуп нэхъыщхьэм щыхыхьамрэ ар абы илъэсихрэ ныкъуэкIэ зэрыхэтамрэ. Абы щыгъуэми, япэ текIуэныгъэ иныр къыщахьа I965 гъэр зыми хуумыгъэдэфынщ. Ар зэи пщыгъупщэнукъым икIи къыкIэлъыкIуа ехъулIэныгъэхэм я лъабжьэ быдэщ.
Урысейм и футбол Олимпым дэкIуеифа Налшык и «Спартак»-м дэщIхэр 1966 гъэми текIуэныгъэ инхэмкIэ щыгугъырт. Ди щIалэхэм япэ дыдэу зыкъыщагъэлъэгъуэнут «А» классым и етIуанэ гупым. Совет Союз къэралыгъуэшхуэм щекIуэкI футбол зэхьэзэхуэм мыхьэнэкIэ етIуанэу щыщыт зэпеуэм налшыкдэсхэм къащыпэщIэтынут хуабжьу зэфIэкI лъагэ зиIэ «Жальгирис» (Вильнюс), «Текстильщик» (Ивановэ), «Кубань» (Краснодар), «Даугава» (Ригэ), «Локомотив» (Тбилиси), «Тэрч» (Грознэ), «Ростсельмаш» (Дон Iус Ростов) командэ лъэщхэр, нэгъуэщIхэри. Зэныкъуэкъуныгъэ хьэлэмэт икIи гугъу къапэщылът ди щIалэхэм. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, абы ирихьэлIакъым Iэпщэ Александр. «Спартак»-м и щIэгъэкъуэн нэхъыщхьэр и къару илъыгъуэу командэм хэкIыжащ. Волгоград дэт Физическэ щэнхабзэмкIэ институтым щIэтIысхьати, абы Iэпхъуащ, щIыпIэ «Трактор»-м хыхьэри. Ари, дыдейхэм хуэдэу, «А» классым и етIуанэ гупым хэтти, Iэпщэр зэрыхашар ди щIалэхэм хуагъэгъуакъым, а гъэм тIэунейрэ хагъащIэри.
КомандэщIэм хэзэгъакъым адыгэ щIалэр. «Трактор»-м и фащэр щыгъыу зэIущIэ пщыкIубл фIэкIа хэмытауэ, Налшык къигъэзэжащ. Хэт ищIэнт ар иужьрей дыдэу?
1967 гъэми ди «Спартак»-р «А» классым и етIуанэ гупым щыджэгуащ. Командэм къыхыхьат ди щIыпIэм къыщалъхуа икIи щагъэса щIалэщIэхэу Санэшокъуэ Владимир, Ашэбокъуэ Руслан, Лъэрыгу Виктор, Мирзоев Виталий сымэ. НэгъуэщI щIыпIэхэм къикIыжри къахыхьэжат Сыжажэ Валерэрэ Iэпщэ Александррэ. Тренер нэхъыщхьэри яхъуэжат. Налшык и «Спартак»-р Урысей Федерацэм и чемпион зыщIа икIи «А» классым и етIуанэ гупым зыша Чихрадзе Дмитрий, ипIэкIэ Холодков Серафим ягъэуват. АрщхьэкIэ хъуэпсапIэхэр нахуапIэ хъуакъым.
Iэпщэ Александр и дежкIэ Налшык и «Спартак»-м хэту иужьу иригъэкIуэкIа зэхьэзэхуэ хъуащ а илъэсым щыIар. 1967 гъэм мэлыжьыхьым (апрелым) и 9-м СССР-м и кубокыр къэхьыным ипкъ иткIэ зэхаубла зэпеуэм Фергана и «Нефтяник»-м худигъэкIа топри фIыуэ илъагъу командэм иужь дыдэу хузэфIигъэкIа IуэхугъуэфIт.
Футболист IэщIагъэр Iэпщэм 1968 гъэм Краматорск и «Авангард»-м къыщиухащ. ИкIи джэгугъуи 8-м топи 4 щыдигъэкIыну хузэфIэкIами, къафIыхэкIыжащ. Топджэгур IэщIыб ищIыну иджыри зэрыпасэр тренерхэми, къыдэджэгухэми, ныбжьэгъухэми, топджэгум дихьэххэми къыжраIа пэтми, къахуэгъэдэIуакъым. Абы ищIэрт пэщIэдзэ зиIэм кIэухи къызэрыпэплъэр икIи, и чэзур къэсмэ, зы щIыпIэм укъыщаужэгъухукIэ упэмыплъэу, гъащIэр хъуэжын зэрыхуейр. Александр быдэу и фIэщ хъурт топджэгу губгъуэм къимыхьэми, ищIэн гъунэжу зэригъуэтынур. Абы къыпэплъэрт зыкIи мынэхъ зэшыгъуэ икIи и къару, зэфIэкI псори зрихьэлIэну тренер, гъэсэныгъэ лэжьыгъэ хьэлэмэт. 1970 гъэм Налшык и «Спартак»-м хэту абы зы зэIущIэ закъуэ иригъэкIуэкIыжащ. Апхуэдэу футболым дихьэххэм сэлам гуапэ ярихыжащ.
Джэгун иуха иужькIи Iэпщэ Александр футболым пэIэщIэ хъуакъым. Абы и Iэзагъымрэ зэфIэкIымрэ щIэблэщIэм яхипщащ. Къэбэрдей-Балъкъэрым ЩIэныгъэ IуэхухэмкIэ и министерствэм олимп щIэблэ гъэхьэзырынымкIэ и сабий-ныбжьыщIэ школым и директору лэжьащ. ИужькIэ Налшык и «Спартак»-м и тренер нэхъыщхьэуи щытащ.
ГущIыхьэщ и ныбжьыр илъэс щэ ныкъуэм щIигъуа къудейуэ Iэпщэ Александр дунейм зэрехыжар. Ауэ нобэми цIыху минхэм ар IэфIу ягу илъщ. Къыщалъхуа ХьэтIохъущыкъуей къуажэм и уэрамхэм ящыщ зым, къызэригъэпэща икIи зи унафэщIу щыта Налшык дэт Топджэгум щыхуагъасэ сабий-ныбжьыщIэ спорт школ хэхам и цIэр зэрахьэ, илъэс къэс и фэеплъ зэхьэзэхуэ ирагъэкIуэкI.
Урысейм и чемпион Налшык и «Спартак»-р.
Чемпионым и дамыгъэхэр къыщратыжым. 1965 гъэ
Жыласэ Заурбэч.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "984.txt"
} |
Мэрем пшыхь
ФщIэн папщIэ
Кавказ расэ
Инджылызыбзэм «цIыху хужьхэр» мыхьэнэр къикIыу XVIII лIэщIыгъуэм къыщыщIэдзауэ нобэм къэс щIэныгъэ фIэщыгъэцIэу къигъэсэбэпыр «кавказ (Caucasian) расэ» терминырщ.
Америкэм и цIыху хужьхэм тхыгъэкIэ къызыхэкIар къагъэлъэгъуэн хуей щыхъукIэ, ноби къыхах «кавказ» фIэщыгъэцIэр. Абы щыгъуэми гу лъытапхъэщ езы Кавказым и цIыхухэри а псалъэр къэзыгъэсэбэп хамэ къэралхэри Iуэхум и къежьапIэ дыдэмрэ и мыхьэнэмрэ нэсу зэрыщымыгъуазэм.
«Кавказ расэ» терминыр япэ дыдэу 1795 гъэм нэмыцэ щIэныгъэлI, антропологием и лъабжьэгъэтIылъу ялъытэ, Гёттинген университетым и профессор Блуменбах Иоганн Фридрих къигъэсэбэпу щIидзащ.
«ЦIыху хужь» псалъэхэр япэ къыхэзылъхьар Блуменбах Гёттинген и лэжьэгъу Мейнерс Кристофорщ. «Кавказ расэ» терминыр Мейнерс и цIэм езыпх щIэныгъэлIхэри щыIэщ.
Блуменбах ящыщщ цIыхухэр расэкIэ япэ дыдэу зыгуэшахэм («ЦIыху лIэужьыгъуэхэм ятеухуауэ», 1795). ЩIэныгъэлIым къызэрилъытэмкIэ, «Кавказ щIыналъэм цIыху лIэужьыгъуэхэм я нэхъ дахэ дыдэр къегъэщIыр». XVIII лIэщIыгъуэм и кIэм Блуменбах цIыхухэр я теплъэмрэ я Iэпкълъэпкъ зэхэлъыкIэмрэ теухуауэ лIэужьыгъуитхуу игуэшащ: кавказ е хужь, монгол е гъуэжь, малай е кхъуэщыныфэ, эфиоп е фIыцIэ, американ е плъыжь.
Блуменбах, Кавказым щыпсэухэм я щхьэ къупщхьэхэр иджа нэужь, етх: «ЩыIэщ расэ хужь, европэ цIыхухэр зыхыхьэр. А расэм кавказ расэкIэ еджэн хуейщ, сыту жыпIэмэ а расэм хиубыдэхэм ящыщу нэхъ къабзэ дыдэр икIи пасэрей дыдэр кавказ щIыналъэм щыпсэу лъэпкъхэрщ». НэгъуэщIу жыпIэмэ, щIэныгъэлIым къызэрилъытэмкIэ, адрей расэ псоми (Европэми Азиеми я цIыхухэри хиубыдэу) я къежьапIэр Кавказырщ, ахэр къызытекIар абы ис лъэпкъхэрщ. Апхуэдэуи, абы зэрыжиIэмкIэ, илъэсищэ, мин бжыгъэхэм къриубыдэу Европэм и цIыхухэр расэ зэхуэмыдэхэм яхэзэрыхьурэ, зэхъуэкIыныгъэхэр ягъуэтащ, икIи расэ хужьыр къабзэу къыщызэтенар Кавказ щIыналъэрщ.
Блуменбах, а зэманым псэуа щIэныгъэлIхэми ещхьу, шэрджэс цIыхубзхэм я дахагъэ къызэрымыкIуэм гулъытэ лей хуищIащ икIи кавказ расэм хыхьэхэм ящыщу ахэр нэхъ дахэ дыдэу къилъытащ.
Канадэм и иджырей щIэныгъэлI, Гарвард университетым бзэщIэныгъэхэмкIэ доктор щыхъуа, Канадэ дэт Макмастер университетым и профессор, Кавказыр, адыгэбзэхэр джынымкIэ IэщIагъэлI Джон Коларуссо шэрджэсхэм ятеухуауэ мыпхуэдэу етх: «Шэрджэсхэр я цIыхубзхэм я дахагъэмрэ я цIыхухъухэм я хахуагъэмкIэ цIэрыIуэт. Я теплъэкIэ шэрджэсхэм я нэхъыбэр европэ цIыхухэщ, къуэкIыпIэ щытыкIэ мащIэ гуэрхэри щахэлъи щыIэщ. Шэрджэс куэдыр зи нэхэр щIыху щхьэц сырыхухэщ, абы щыгъуэми адрейхэм кавказ цIыхухэм я зэхуэдэ щытыкIэхэри зыхэлъхэри яхэтщ: я фэ хужьыбзэм щхьэц фIыцIэр щIыгъуу. ЦIыхубзхэми цIыхухъухэми Iэпкълъэпкъыр лантIэу икIи уардэу щытыным гулъытэ хуащIырт, икIи ноби къуажэ куэдым зи ныбжьыр хэкIуэта цIыху узыншэхэр дэсщ, абыхэм ящыщ куэдым я ныбжьыр илъэсищэм щIигъуащ». («Прометей шэрджэсхэм ящыщщ», 1987).
XIX лIэщIыгъуэм псэуа нэмыцэ щIэныгъэлI цIэрыIуэ Гегель Г.В.Ф. нэгъуэщI щIэныгъэ лэжьакIуэ куэдым хуэдэу, «кавказ расэ» терминыр къигъэсэбэпырт: «Тхыдэр ипэкIэ зыгъэкIуатэр кавказ расэм и закъуэщ» («Псэм и философие», 1817).
Американ щIэныгъэлI, лъэпкъхэр джынымкIэ америкэ щIэныгъэм и къызэгъэпэщакIуэ Мортон Самюэль Джордж зэреплъымкIэ, расэхэм я къежьапIэр зэтехуэркъым (ЦIыху лIэужьыгъуэхэр», 1854). Мортон пщIэшхуэ зиIэ щIэныгъэлIт, абы и теориехэри егъэлеяуэ цIэрыIуэт. Блуменбах антропологие псом и лъабжьэгъэтIылъу ялъытэмэ, Мортон американ антропологиер зэфIигъэувауэ ябж. ЦIыхухэм я акъылым и зэфIэкIхэм тещIыхьауэ, щIэныгъэлIым расэ иерархием теухуа гупсысэ къыхилъхьауэ шытащ. А иерархием расэхэм мыпхуэдэ увыпIэхэр щагъуэтащ: кавказ цIыхухэр ищхьэм, цIыху фIыцIэхэр и лъабжьэм, адрей расэхэр зэхуакум. Абы нэмыщIыжкIэ, пасэрей Египетым къыщагъуэта щхьэ къупщхьэхэр иджа нэужь, Мортон ахэр Кавказым ейуэ, Египетым зыкIи пымыщIауэ къилъытащ.
Дунейм и япэ цIыхухэр Кавказым къыщежьэу къэзылъытар краниологие къэхутэныгъэхэм я закъуэкъым, атIэ бзэщIэныгъэм, уеблэмэ генетикэм ехьэлIауэ США-мрэ Канадэмрэ я еджагъэшхуэхэри апхуэдэ гупсысэм хуэкIуащ. Профессор Джон Коларуссо зэрыжиIэмкIэ, зыкIи зэмыпха къэхутэныгъитIым (Канадэм и Макмастер университетымрэ США-м и Гарвард университетымрэ) япкъ иткIэ, дуней псом тет лъэпкъхэм щыщу индоевропей геныр нэхъыбэ дыдэу зыхэлъу къалъытар адыгэхэрщ. Коларуссо «Голос Америки» хъыбарегъащIэ IэнатIэм и урыс IуэхущIапIэм ирита интервьюм зэрыщыжиIамкIэ, генетикэ къэхутэныгъэм куэдкIэ япэ къихуэу абы къихутащ зэман жыжьэм индоевропейхэм (урысхэм, славянхэм, инджылызхэм, алыджхэм, итальянхэм, н.къ.) я бзэр адыгэхэр, убыххэр, абазэхэр зэрыпсалъэм пэгъунэгъуу, уеблэмэ техуапэу. Индоевропейхэр Кавказым ис адыгэхэм екIуэлIэжу къилъытэу, щIэныгъэлIыр мыпхуэдэ гупсысэм хуэкIуащ: «щэнхабзэрэ лъыкIэ дунейм цIыхуу тетыр дызэпхащ».
Езы «кавказ» е «расэ хужь» терминым и гугъу пщIымэ, ахэр нобэ къэгъэсэбэпыным ехьэлIауэ еплъыкIэ зэхуэмыдэхэм урохьэлIэ. Апхуэдэу американ университетым антропологиемкIэ и егъэджакIуэ Мукхопадхьяй Кэрол къызэрилъытэмкIэ, а терминыр къэгъэсэбэпыным «щIэныгъэ расизм» икIи «расэхэр езыр-езыру къызэрыунэхум, цIыху гуп щхьэхуэу кавказ расэм ехьэлIахэр адрей гупхэм ефIэкIыным теухуа гупсысэ пхэнжыр» кърокIуэ. Абы къыхэкIыуи, «кавказ цIыху», «цIыху хужь» терминхэр нобэрей США-м къыщыгъэсэбэпэныр расизмым и нэщэнэу къыщалъытэ щыIэщ.
Абы и лъэныкъуэкIэ гъэщIэгъуэнщ нэгъуэщI еплъыкIэр: «кавказ расэ» терминыр Америкэм убгъуауэ къызэрыщагъэсэбэпым и щхьэусыгъуэщ расист термину къалъытэ «хужь» псалъэм нэхърэ цIыхум и фэм емылъыта икIи щIэныгъэ псалъэу щыт «кавказ» терминыр нэхъ къызэращтэр (Пэинтер Нелл: «ЦIыху хужьхэм «кавказ цIыхукIэ» щIеджэр», 2003).
Урысейм и еджапIэ ищхьэм сызэрыщеджа зэманым къриубыдэу зэи «кавказ расэ» терминым срихьэлIакъым. Хамэ къэрал, нэхъ тэмэму жыпIэмэ, Лондон къалэм зи гугъу тщIы Iуэхугъуэм зыкIи емыкIуалIэ упщIэм теухуа магистр лэжьыгъэм ехьэлIа литературэм щыгъуазэ зыщыхуэсщIым, зи фэр хужь цIыхухэм псоми «кавказ расэкIэ» зэреджэм нэIуасэ сыхуэхъуащ.
Шэч хэмылъу, сыт хуэдэ зэхэгъэжыныгъэри (ирехъу ар расэ, лъэпкъ, дин, ныбжь е нэгъуэщI) нобэрей зэманым къезэгъыркъым. Тхыдэр тхащ икIи къэгъазэ зимыIэщ. ЦIыху хужьхэм фIыцIэхэр щагъэпщылIу щыщыта зэманри блэкIам къыщынащ. Ауэ цIыхухэр къызыхэкIа и лъэныкъуэкIэ зэрагуэшыр иджыри къогъуэгурыкIуэ.
Дунейм цIыхуу тетым я къежьапIэр зыщ, икIи абы щыхьэт тохъуэ щIэныгъэ къэхутэныгъэ бжыгъэншэхэр, мы лэжьыгъэм зи цIэ къыщиIуахэри хэту. Зыщыбгъэгъупщэ хъунукъым: зэщхьэщыкIыныгъэ нэрылъагъухэм емылъытауэ, дэ псори дунейм дрицIыхущ, ди лъабжьэхэр зыуэ икIи благъагъэкIэ дызэпхауэ.
Мэремыкъуэ Элеонорэ.
Iуэху еплъыкIэ
Бзэ, сыту куэд пхузэфIэкIрэ!
Бзэр - псэм и мылъку гъэтIылъыпIэщ, лIэщIыгъуэ куэдкIэ цIыхум зэхуихьэсам и хъумапIэщ. Хьэуэ, ар ахъшэкъым, мывэ лъапIэкъым. Абы и лъапIагъэр нэгъуэщIщ: макъамэу зэхэпх псалъэхэрщ, уэрэду къэIу псалъэ пычыгъуэхэрщ. Лъагъуныгъэм, ныбжьэгъугъэм, губжьым я псалъэхэрщ. ЩIэныгъэм, щэнхабзэм я псалъэхэрщ. Абы нэмыщIу Iущыгъэ ин зыщIэлъ жыIэгъуэхэрщ, псалъэжьхэрщ, пэж куэд къэзыIуатэ гушыIэ хъыбархэрщ. АдэкIэ къеббжэкIмэ, уи гум хыхьэ усэхэрщ, уэрэдхэрщ, тхылъ Iущхэрщ. Ар псори бзэм и мылъкущ.
ХамэщI щыпсэу цIыхум и дежкIэ сыту гуфIэгъуэшхуэ и анэдэлъхубзэр зэхихыныр! Зы анэбзэ псалъэм и къару илъщ уигъэхъужыну, уи гур къиIэтыну, уи гъащIэр гуфIэгъуэ ищIыну.
Бзэ, сыту куэд пхузэфIэкIрэ! УмыцIыхуар ныбжьэгъу къыбощIыф, цIыхухэр зэкъубогъэувэф, лъэпкъым къару ин хыболъхьэ. Ауэ, махуэ къэс бзэр къигъэсэбэпми, цIыхухэм къахокI абы хуэфащэ пщIэ хуэзымыщI, хамэбзэм къыхэкIа псалъэ куэдкIэ зыкудэ. Абы къыдэкIуэу, лъэпкъым и мылъку хъумапIэм хадз уасэшхуэ зиIэ, лIэщIыгъуэ мымащIэ зи ныбжь Iущыгъэхэр. И нэхъыбэм цIыхум и бзэр игъэлъэпIэн щыщIидзэр хамэщI къыщыщыхутэм дежщ.
Уи щIыгур къытеуэу ар зыубыдахэр хэкум къыщихьэкIэ, япэрауэ, бзэр ягъэкIуэдыным и ужь йохьэ. Сыт щхьэкIэ? Бзэр щымыIэмэ, лъэпкъри щыIэкъым. Нэхъ лъапIэу иIэр трахри, и щIыгум хамэр тепщэ щохъу. Бзэр зыфIэкIуэда лъэпкъымрэ псэншэ, лъапсэншэ цIыхумрэ зэщхьщ.
Зи анэдэлъхьхубзэр зыфIэкIуэда лъэпкъыр щIэщIыкI зимыIэ унэм ещхьщ. Жьыбгъэ къепщамэ, унэр зэтощахэ. Бзэншэ хъуа лъэпкъым щыщ цIыхухэри зэбгрощэщ.
Анэдэлъхубзэ! Лъэпкъым урипсэщ Уэ! ИгъащIэкIэ укъыддэгъуэгурыкIуэнущ, лIэщIыгъуэхэм щIэблэхэр пхрыпшынущ утхуэхъумэмэ, гууз-лыуз пхудиIэмэ.
Къэбэрдей Дисэ.
ЖыIэгъуэхэм къарыкIыр
Си анэм зэрыжиIэу сумыщIу, си фызым зэрыжиIэу сыщI
ЩIалэ гуэрыр шэсу дэкIыху:
- Ди Тхьэ, си анэм зэрыжиIэу сумыщI, си фызым зэрыжиIэу сыщI, - жиIэрт.
- Сыт апхуэдэу щIыжыпIэр? - жери еупщIащ щIалэм и гъусэр.
- Анэ мыгъуэр гумащIэщи, сежьамэ, сыкъэмысыжыну фIощI. Абрэджхэм сыкъаукIыу, хьэм сашхыу, псым ситхьэлэу жеIэри щысщ. Си фызым хъугъуэфIыгъуэхэр къысхуихьынурэ къэкIуэжынущ жеIэри, гуфIэу къыспоплъэ, - жиIащ щIалэм.
Уи благъэр бий пщIымэ, уи бийм благъэ хуэхъунщ
Зы дыгъужьрэ зы мэлыхъуэхьэрэ зэгъусэу къакIvхьу бажэм щилъагъум игъэщIэгъуащ, ябгъэдыхьэри еупщIащ:
- Мыр сыт гъэщIэгъvэн, игъащIэ лъандэрэ фызэбийщ. Иджы ныбжьэгъу фызэхvэхъуныр сытым къыхэфха?
- АтIэ, мыдэ къэдаIуэ, - жиIащ хьэм.- Мы си гъусэ дыгъужыр сэ схъvмэ мэлым ныхэлъадэри зы мэл ирихьэжьащ. Ар къыщезгъэнэнv си лъэ къызэрихькIэ сыкIэлъыщIэпхъуат, ауэ сылъэщIыхьакъым. Абы щхьэкIэ лажьэ симыIэу мэлыхъуэр Iейуэ къызэуати, абы и бийм благъэ зыхуэсщIащ.
Ухэныпэ нэхърэ, лъэпхъуамбыщIэ
Зы унагъуэ гуэрым хьэщIэ къахуэкIуати, ныш яукIар къанэ щымыIэу хьэщIэхэмрэ хэгъэрейхэмрэ яшхри зэбгрыкIыжащ. Лэпсым къыхэнауэ зы лъэпхъуамбыщIэ закъуэ нысэм къигъуэтыжауэ егъуу здэщысым, и гуащэжьым къилъагъури:
- Аркъым, нысэ, лыр псори Iэнэм тумылъхьэу уи Iыхьэ къэбгъанэртэкъэ, лъэпхъуамбыщIэм сыт къыпхуищIэн? - жиIащ.
- ХьэщIэхэм я eмыкIy къэдмыхьамэ, сэ сыхэнакъым. Ухэныпэ нэхърэ лъэпхъуамбыщIэри Iыхьэщ, - жиIащ нысэ губзыгъэм.
ГъэщIэгъуэнщ
Аргъуейхэм дзэ яIутщ
♦Японием щыIэ уэрамхэм цIэ зэрахьэркъым.
♦Адакъэм и пщэр химышмэ, и макъым зыри къикIынукъым.
♦Хьэмбылухэм гуитху яIэщ.
♦Фламингор илъэс 80-кIэ мэпсэу.
♦Шамбырыр (Бамбукыр) зы жэщ-махуэм сантиметр 91-кIэ хохъуэ.
♦Джэдум и тхьэкIумэм псантхуэ 32-рэ хэлъщ.
♦Кенгуру нэхъ инхэр метри 9-кIэ малъэ.
♦Мыщэ хужьхэр шхын щылъыхъуэм и деж километр 700-кIэ псым есыфынущ.
♦Пшэхэр махуэм нэхъ лъагэщ жэщым нэхърэ.
♦Пылхэр махуэм сыхьэтитI жейуэ аращ.
♦Тэрэкъанхэм ямышхыр нащэм и закъуэщ.
♦Джэдхэр кIыфIым шхэркъым.
♦Аргъуейхэм дзэ яIутщ. МикроскопкIэ уеплъмэ, дзэ 22-рэ къыпхуэбжынущ.
♦Мысырым уафэхъуэпскI щыщыIэр илъэс 200-м зэщ.
♦Обь псым псыуэ 150 000-рэ къыхолъадэ.
♦Блэр илъэсищкIэ жеифынущ.
♦Бжьэм лъатитI иIэщ, зыр фом щхьэкIэ, адрейр шхыным щхьэкIэ.
ЦIыкIухэм папщIэ
Мыщэ-бжьахъуэ
(шыпсэ)
Зи щхьэр къыхуэмыIэту къыдыхьэж къуэр зылъэгъуа анэм «аргуэру…», - жиIащ, и щхьэ хуэпсэлъэжу. И къуэр къыщIыхьэжри, зэрыкъуаншэр ищIэжырти, анэм къемыплъыфу къызэбэкъуа бжэщхьэIум къыфIэкIакъым.
Анэр, ауи зыкъримыгъащIэу, жьы щIэту, щылъэтри:
- Шэджагъуашхэр хьэзырщ, тIэкIу уедзэкъэну, Лъэбыцэжьей? - щIэупщIащ.
- Хьэуэ, ма, иужькIэ, - жиIэри и пэшымкIэ щIыхьэжащ.
- Хъунщ, нэху, - кIэлъыпсэлъащ анэр къуэм.
ЩIалэр блыным щIыбкIэ кIэрыгъэщIауэ къудамэ цIынэр зэрылъ унэ лъэгум щетIысэхащ. И фIалъэ лъакъуитIымкIэ и щхьэр фIиубыдыкIыжри иутхыпщIащ:
- Аргуэру лэжьапIэм сыкъыIукIыжащ. Щхьэ мыр- гуэрым сыщымызэгъарэ? ЛэжьапIэ дапщэ схъуэжар икIи схъуэжынур? Дотэ сыт жысIэу сыIуплъэну? Ди анэми сыкъыгурыIуакIэщ. Ари сфIэгуэныхьщ. Ауэ сэри сакъыгурыIуэн хуейщ. ЛэжьапIэхэм сыкъыщIыIукIыжыр сыщхьэхынэу, сымылэжьэфу аракъым. АтIэ, си псэм къищтэркъыми аращ. Сэ сыхуейщ лэжьыгъэм дэрэжэгъуэ къызитыну. СыздыIутахэм зыри апхуэдэ яхэтакъым. Дотэ дауэ ар къызэрыгурызгъэIуэнур? Узыхуейр сыт хуэдэ лэжьапIэ жиIэми, сыт жесIэнур? Сэр дыдэм сщIэжыркъым. Ауэ къызгурыIуар зыщ: мэз дохутыри, жыггъэкIи, мэзхъуми сыхъунукъым…
- Уи адэр къоджэ, - къыщIэплъащ пэшым анэр.
Лъэбыцэжьей къыщIэкIри адэм и пащхьэм щыму иуващ. Адэри хоплъэ, абы къызэрыщIидзэн псалъэ игъуэтыркъым.
- Узыхуейри къыбгурыIуэж си гугъуэкъым, щIалэ… - жиIащ абы, тэлайкIэ хэплъэу щыса иужькIэ. - Сылэжьарэт, жыпIэрэ, пIалъэкIэ нэхъ мыхъуми бжьахъуэу яхуэлажьэ. Бжьэпщым сыхуэзати…
- Мыщэр бжьахъуэуи? - къыжьэдэхури щIалэр щIегъуэжащ.
- Бжьахъуэу, уэлэхьи, бжьахъуэу. Лъапэ-лъэдакъэ пщIыуэ укIуэнщ ари… Уи гугъи уэ! - губжьат мыщэжьыр. - Сэ сымэз пащтыхь къуэдзэ щхьэкIэ, уэ умылажьэу пщыIэм ущIэсыну ара? Нэху здэщым бжьэхэм ялъэIэс.
ЕтIуанэ махуэм щIалэр дзыхьмыщIурэ бжьэхэм яхыхьащ. Езы бжьэхэри зэщIэвэри, абы и хъуреягъыр мыарэзыуэ къалъэтыхьу хуежьащ. АрщхьэкIэ бжьэпщыр къащыхэлъэтыкIым, псори зэщIэсабырэжащ.
- Уэра пащтыхь къуэдзэм къытхуигъэкIуар? - щIэупщIащ ар.
- НтIэ, сэращ, - щтэIэщтаблэщ щIалэр.
- Дызэдэлэжьэнщ-тIэ, - къыфIигъэкIакъым бжьэпщми.
Гъатхэ зэманти, бжьэгъажэм и гуащIэгъуэт. Бжьэ къэпщIхэм матэщIэ яхуэщIын, жьы хъуахэр зэгъэпэщыжын хуейт. ПщIэнтIэпсыр ирикъуэкIыу мыщэ щIалэ бланэр махуэ псом лэжьащ. Бжьэ Iэщынхэми яхэплъэри, игу яхуэзэгъауэ къахэкIыжащ. Абыхэм бжьыхьэм бжьэтелъхьэкIэ яхуэсакъати, уащIыхуэгузэвэн щыIэтэкъым.
- Мыщэр бжьахъуэ ящIрэ-тIэ? - къыбгъэдэлъэтащ абы зы бжьэ цIыкIу.
- Зэрыплъагъущ, - къыпыгуфIыкIащ нэжэгужэу Лъэбыцэжьей. Абы къыгурыIуакIэт нэху здэщым гуфIэу, и лъэр щIым нэмысу лэжьакIуэ бжьэхэм къазэрыхыхьэнур.
Мэлей ФатIимэ.
НапэкIуэцIыр зыгъэхьэзырар НэщIэпыджэ Замирэщ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "985.txt"
} |
Бэлагъы Къантемыр и лъагапIэ
Фильмым роль нэхъыщхьэхэр щызыгъэзащIэ артистхэмрэ продюсерымрэ (ижьырабгъумкIэ щытыр Бэлагъы Къантемырщ).
Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ режиссёр ныбжьыщIэ Бэлагъы Къантемыр «Оскар» дунейпсо саугъэтым хуокIуэ.
Урысейм и режиссёр цIэрыIуэ Сокуров Александр и гъэсэн адыгэ щIалэр «Оскар» дунейпсо саугъэт лъапIэр зыхуэгъэфэщэну къалъытахэм хабжащ. Гулъытэ лей зыгъуэта «Дылда» фильмыр зытеухуар Ленинград и зауэ нэужь лъэхъэнэ гугъухэрщ. Роль нэхъыщхьэр зыгъэзащIэ Ия зенитчицэу Хэку зауэшхуэм хэтащ. УIэгъэ хьэлъэм и ужькIэ абы и унэ егъэзэж икIи медсестрауэ госпиталым лэжьэн щыщIедзэ. Фэбжь хьэлъэ зытелъ Ия зимыщIэжу щIэх-щIэхыурэ къытохуэ. Апхуэдэ къытехуэгъуэхэм ящыщ зым гузэвэгъуэ къыIэщIощIэ – илъэсищ зи ныбжь сабийр IэщIокIуадэ. Зауэр еухри, Пашэ (аращ абы зэреджэр) и анэр фронтым къокIыж… Фильмым и кIыхьагъкIэ къыхощ зауэм цIыхубэм къахуихьа насыпыншагъэ инхэмрэ ахэр зыпхыкIын хуей хъуа гугъуехьхэмрэ.
«Дылда»-р Бэлагъым и япэ лэжьыгъэкъым. ФощIэж Канны нэсауэ щыта «Теснота» фильмым дунейпсо критикхэр хьэщыкъ ищIауэ зэрыщытар. «Дылда»-р Урысейм къыбгъэдэкIыу «Оскар» саугъэтым и «шорт-листым» хагъэхуащ. Абы къыдэкIуэу, хамэ къэрал фильм нэхъыфIхэм хабжэным щIэбэнынущ европей къэралыгъуэхэм къабгъэдэкIауэ иджыри 7, Корея Ипщэмрэ Сенегалымрэ яйуэ зырыз.
«Оскар»-м щIэбэнынухэм яхэтщ урыс режиссёр Бронзит Константин «Ар космосыншэу псэуфынукъым» зыфIища и мультипликационнэ фильмри. Бжьыпэр зыубыдхэм я цIэр къыщраIуэну дауэдапщэшхуэр 2020 гъэм мазаем и 9-м Голливуд и «Долби» театрым щызэхэтынущ.
Мы махуэхэм «Комсомольская правда» газетым къытехуащ Къантемыр теухуа тхыгъэ, сурэт щIыгъуу.
ЖАНХЪУЭТ Зузэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "986.txt"
} |
ИлъэсыщIэ псейм фезыгъэблагъэхэм фахуэсакъ
ИлъэсыщIэ псейм фрагъэблагъэу интернеткIэ билет зыщэхэм хуэсакъыпхъэу къет Роскомнадзорым. Апхуэдэхэм яхэтщ хабзэм къемызэгъыу паспортым щIэупщIэ, ар къагъэсэбэпурэ, иужькIи бзаджагъэ зылэжь куэд.
Махуэшхуэм иращIэкI илъэсыщIэ псейм цIыху ирагъэблагъэу билет зыщэхэм яхэтщ паспортым, банк картэм, электрон пощтым, хэщIапIэм щIэупщIэхэр. Абы къыдэкIуэу, езы IуэхущIапIэхэм я лэжьыгъэм теухуауэ зыри зыщIыпIи щагъэлъагъуэркъым, зыхуахьэс информацэри хэIущIыIу ямыщIыну укъагъэгугъэркъым.
Роскомнадзорым ди цIыхухэр къыхуреджэ интернет-щапIэхэмрэ цIыхухэмрэ я зэгурыIуэныгъэр зыгъэбыдэ тхылъхэм щIэупщIэну, сакъыну. Урысейм и хабзэхэм къызэрагъэувымкIэ, апхуэдэ тыкуэнхэм я къалэнщ я хуитыныгъэхэм теухуа тхыгъэ я сайтым илъыну, дэтхэнэ зы щэхуакIуэми абы щыгъуазэ зыщищIын хуэдэу. Армырамэ, интернет-тыкуэнхэм хабзэр къызэпауду аращи, административнэ жэуапым ирашэлIэнущ.
Зи гугъу тщIы хабзэншагъэм хуэдэ фрихьэлIамэ, Роскомнадзорым и сайтым фыкъатхэ.
Роскомнадзорым и хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "987.txt"
} |
Ахэр тщыгъупщэ хъунукъым
ТекIуэныгъэ Иныр илъэс 75-рэ щрикъум ирихьэлIэу
Теленэтынхэр езыгъэкIуэкI Якубович Леонид иджыблагъэ фильм трихащ фашист зэрыпхъуакIуэхэм хахуэу япэщIэта кхъухьлъатэзехуэ цIыхубзхэм ятеухуауэ. Абы «Комсомольская правда» газетым и упщIэ зыбжанэм жэуап иритащ.
Кхъухьлъатэм ба хуищIырт
- Леонид, нэмыцэхэр а хъыджэбзхэм «жэщтеуэ удкIэ» къеджэрт. СеритI хъу уи лэжьыгъэм фIэпщар нэгъуэщIщ: «Тщымыгъупщэжынухэр. Авиаполк уахътыншэхэр». Сытыт фильмыр тепхыну уигу къэзыгъэкIар?
- Ди деж нэхъыбэ щыжаIэ 1812 гъэм екIуэкIа зауэм теухуауэ. Абы щыгъуэми, Хэку зауэшхуэр щащыгъупщэжу хуежьащ. Мы зэманым ягъэув фильмхэр пэжым пэжыжьэу къыпщохъу. Ахэр гукъинэжу щыткъым, япэрейхэм хуэдэу. Си адэр фронтым щыIащ, танкыдзэхэм хэтащ. ИкIи апхуэдэ фильмхэм щеплъкIэ къызэIыхьэрт, и плIэхэр сысу. Си анэр къыIулъадэрт: «Зумыгъэхъейуэ щыс!» Аркъэ стэкан ныкъуэ къритырти, телевизорыр игъэункIыфIырт. Иджы апхуэдэу укъызэщIэзыгъэплъэну фильмхэр щыIэжкъым.
- Сыт щыгъуэ фильмыр тепхыну уигу къыщыкIар?
- 1995 - 1997 гъэхэм я зэхуакурщ. Минск сыкIуат зэфIагъэувэжа ПО-2 кхъухьлъатэм сеплъыну. Абы щыIэт иджыри псэу кхъухьлъатэзехуэ цIыхубзхэм ящыщ зыр. И цIэр сщIэжыркъым. Жьыгъэр къызэрехьэлъэкIыр зыхэпщIэрт. Ауэ кхъухьлъатэр зэрилъагъуу къэщIэрэщIэжащ, гъатхэм удзыр къызэрыгъагъэм хуэдэу дахэ хъужащ. Илъэс плIыщIкIэ нэхъ щIалэ хъужа хуэдэт. Зэи сигу ихужынукъым ар кхъухьлъатэм зэрепсэлъар! Илъэс куэдкIэ имылъэгъуа и щIасэм хуэза фIэкIа пщIэнтэкъым, Iэ дилъэрт, ба хуищIырт. Сэ си нэпсхэр къысфIекIуат. Инструкторым ар кхъухьлъатэм иригъэтIысхьащ. ПО-2-р уэгум зэрита сыхьэт ныкъуэр абы и мызакъуэуи сэри си гъащIэ псокIэ сигу къинащ. Мис абы щыгъуэ мурад сщIащ фильм тесхыну.
- А кхъухьлъатэ дыдэрат уи фильмым хэбгъэхьар?
- Хьэуэ, сэ нэгъуэщI ДОСААФ-м и аэроклубым щысхузэпкъралъхьащ. Зэгуэр а кхъухьлъатэр ящIауэ щытащ пионерхэм зэхуахьэса ахъшэмкIэ. Зэпкърыхауэ ашычхэм ярылът, и моторым тетхат «Сталиным и цIэкIэ щыIэ завод». Пэжщ, пкъыгъуэ зэмылIэужьыгъуэхэр зэрахъуэкIын хуей хъуащ. ЩэкI зытеубгъуа кхъухьлъатэр къебудыхыну хуабжьу гугъут. Сэ абы и дамэхэм топышэхэмкIэ сеуащ. Шэхэр япхыкIырт, арщхьэкIэ, гъуанэ иIэми, кхъухьлъатэхэр зэрыщытауэ къанэрт.
Абы упэлъэщынутэкъым
- Апхуэдэ машинэм зебгъэсэну гугъут?
- Гугъу дыдэт. Зи IэщIагъэкIэ кхъухьлъатэзехуэ сэ иджыри къэс къызгурыIуэркъым илъэсиплIкIэ апхуэдэ машинэ ису зэрызэуэфар, абы щыгъуэми, зэи мыувыIэу. Сэ сыцIыхухъу узыншэщ, арщхьэкIэ сыхьэтищ-плIы хуэдизкIэ уэгум сита нэужь сезэшырт. Мыр къызыщыгъэхъут: кхъухьлъатэм зы сыхьэтым километри 100 - 120 и псынщIагъщ, жьыр уи нэкIум къоуэ, рацэр япэ илъэсым щыIэххакъым. Аэродромхэри щыIэтэкъым. Дунейр уэтIпсытI щыхъу гъатхэмрэ бжьыхьэмрэ кхъухьлъатэхэр къагъэтIысын папщIэ пхъэбгъухэр ягъэтIылъырт. Ауэ цIыхубзхэр щылъатэр жэщкIэрэт. Абыхэм уатетIысхьэфыни хуейтэкъэ?! Уэздыгъэ къалъэгъуамэ, фашистхэр къэуэнут. Арати, пхъэбгъухэм шэху уэздыгъэ цIыкIухэр трагъэувэрт. Ахэр щыплъагъур метритхукIэ щIым пэгъунэгъу ухъуа иужькIэт.
- НэгъуэщIу жыпIэмэ, укъэтIысыжын къудейр лIыгъэшхуэт!
- Абы щыгъуэми, хъыджэбзэхэр зы жэщым 15 хуэдизрэ лъатэрт. ИпэжыпIэкIэ кабинэхэм къикIыртэкъым. Абы щышхэрти, шей, щIакхъуэ, кхъуей хуахьырт. Ахэр IэщIагъэлIу щытами зыгуэрт: хъыджэбз цIыкIухэм аэроклуб къауха къудейт. Мис апхуэдэхэр зэпымыууэ мафIэм хэтт. Я насыпти, апхуэдэ кхъухьлъатэ цIыкIур къебудыхыну хуабжьу гугъут. Абы папщIэ, моторым е кхъухьлъатэзехуэм утехуэн хуейт. ЗэрыжаIэмкIэ, зы ПО-2 нэхъ мыхъуми къезыудыха нэмыцэхэм жор орденыр иратырт. Минск и деж зэхэуэ хьэлъэхэр щекIуэкIащ. Хъыджэбз куэд хэкIуэдащ. Зауэр ауэ жыжьэуи цIыхубз IэщIагъэкъым. ИхъуреягъкIэ фIейщ, лъыщ, кIыфIыгъэщ. А псоми хэлъхьэж зэпымыууэ уи псэр дзапэкIэ зэрыпIыгъыр. Си щхьэр яхузогъэщхъ абыхэм. СхузэфIэкIамэ, дэтхэнэми «Совет Союзым и ЛIыхъужь» цIэр фIэсщынт.
Зэрыщыту къапщтэмэ, зи гугъу сщIы полкым хэтащ цIыхубз 230-рэ. Абыхэм ящыщ языныкъуэхэр Москва ТекIуэныгъэм и махуэм и пэ къихуэу щызэхуэсу щытащ Театр Иным и гъунэгъуу. 2019 гъэм зыри къэкIуакъым. Дэ къытхуэнэжар абыхэм я фэеплъыр тхъумэнырщ. Дэ дыхуиткъым ахэр зыщыдгъэгъупщэну.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "988.txt"
} |
Путин Владимир журналистхэм жэуап ярет
Къэрал къулыкъущIапIэхэм
УФ-м и Президент Путин Владимир и 15-нэ пресс-конференц иныр эфир занщIэкIэ махуэку кIуам екIуэкIащ. Къыхэгъэщыпхъэщ мы Iуэхугъуэм хуащI гулъытэр гъэ къэс нэхъ ин зэрыхъур. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, мыбы къыщоIу упщIэ - жэуап купщIафIэхэмрэ Президентым и гупсысэ гъэщIэгъуэнхэмрэ, къыщызэхуос урысей, хамэ къэрал журналистхэр, федеральнэ, щIыналъэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэхэр. Дунейпсо сату центрым щекIуэкIа зэIущIэшхуэм телевиденэм, радиом, газетхэм, журналхэм, агентствэхэм, интернет порталхэм я лэжьакIуэу 1895-рэ хэтащ. Эфир занщIэр къагъэлъэгъуащ Япэ каналым, «Россия 1», «Россия 24», «НТВ» телеканалхэм, къатащ «Маяк», «Вести FM», «Радио России» радиостанцхэм. УпщIэхэм жэуап щаритым Урысейм и цIыхухэр нэхъ зыгъэпIейтейуэ къыщIэкIар къэралым и экономикэ щытыкIэращ, псэупIэ-коммунальнэ Iуэхутхьэбзэхэм, медицинэ хуэIухуэщIэхэм, къэралкIуэцI, къэралщIыб политикэм ехьэлIахэрщ журналистхэр нэхъыбэу зыщIэупщIар.
НэщIэпыджэ Замирэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "989.txt"
} |
Урысей Федерацэм и Конституцэр илъэс 25-рэ зэрырикъум теухуа гуфIэгъуэ зэхыхьэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ Урысей Федерацэм и Конституцэр илъэс 25-рэ зэрырикъум и щIыхькIэ Кремлым щекIуэкIа гуфIэгъуэ зэхыхьэм.
Абы кърагъэблэгъат Правительствэм и лэжьакIуэхэр, ФедерацэмкIэ Советым, Къэрал Думэм, гъэзэщIакIуэм, суд властым я щIыналъэ, федеральнэ органхэм, дин, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм, щIэныгъэмрэ егъэджэныгъэмрэ я IуэхущIапIэхэм я лIыкIуэхэр.
Къызэхуэсахэм я пащхьэ къыщыпсэлъащ Урысейм и Президент Путин Владимир.
Властым и хэкIыпIэ закъуэр икIи суверенитету щытыр цIыхубэщ икIи абыхэм я фIэфIыныгъэкIэ къызэращтам къыхэкIыу, къыхигъэщхьэхукIащ къэралым и Iэтащхьэм, Конституцэм шэч къызытумыхьэжын къару игъуэтащ.
КонституцэщIэр хэкIыпIэ нэхъыщхьэ хъуащ 90 гъэхэм щыIа политикэ гугъуехьхэмрэ граждан зэпэщIэтыныгъэмрэ къызэнэкIынымкIэ икIи абы ди щIыналъэр зэкъуэту къигъэнащ, къэралыгъуэмрэ суверенитетымрэ игъэбыдащ. «А лъэхъэнэ гугъум ди къэралым и блэкIар, ди адэжьхэм я фэеплъыр лъэныкъуэ иригъэзакъым, атIэ ахэр и лъабжьэу и суверенитетыр, демократие хабзэхэм тет къэралыгъуэр игъэбыдащ», - жиIащ Путин В. В.
ЦIыхубэм я пащхьэ къралъхьэн папщIэ Конституцэм и проектыр щагъэхьэзырым жыджэру хэлэжьыхьащ щIыналъэхэм, политикэ партхэм, жылагъуэ зэщIэхъееныгъэхэм я лIыкIуэхэр.
Президентым къыхигъэщхьэхукIащ Конституцэр, абы и Iыхьэ псори урысей правовой системэм и лъагапIэу, апхуэдэу ди зыужьыныгъэм и лъабжьэу зэрыщытыр: «Дэ къэрал щIыб политикэр нэгъуэщIхэм дахуемыплъэкIыу идогъэкIуэкI икIи абы и хабзэхэмрэ фIыгъуэхэмрэ щIэгъэкъуэн къэтIщIурэ иджырей гугъуехьхэр зэрыдэдгъэкIыну Iэмал къыдолъыхъуэ. Дэ къыдгуроIуэ а хабзэхэм ди зыужьыныгъэм и мызакъуэу, дуней псом и къэкIуэнум и дежкIи мыхьэнэшхуэ зэраIэр».
КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "99.txt"
} |
ЦIыху нэхъыбэ драгъэхьэх
Туризм
Урысей Федерацэм, абы и зы Iыхьэу щыт Кавказ Ищхъэрэм бгы-лыжэ туризмэм зэрызыщиужьым ехьэлIа Iуэхухэм я гугъу щащIащ Минводы къалэм иджыблагъэ щекIуэкIа, «Кавказым инвестицэхэр хэлъхьэн» зыфIаща бизнес-форумым.
Абы щызэрихьэлIахэр тепсэлъыхьащ бгы-лыжэ индустрием хыхьэ унэтIыныгъэ нэхъыщхьэхэм ящыщу нэхъ зыщехъулIэхэм, дяпэкIэ зыхуэныкъуэну къалъытэхэм. «Кавказ Ищхъэрэм и курортхэр» ООО-м и унафэщI ТIымыжь Хьэсэн къызэхуэсахэр щыгъуазэ ищIащ щIыналъэм щIэрыщIэу къыщыунэхуж курортхэм бизнесым тещIыхьа я Iуэху бгъэдыхьэкIэр зыхуэдэмрэ халъхьа мылъкум и зегъэкIуэкIэщIэм къарикIуахэмрэ.
Зэхыхьэ зэIухам и лэжьыгъэм хэтащ ди къэралым «Газпром», «Шерегеш», «Кант», «Нечкино», «Воробьёвы горы» и бгы-лыжэ зыгъэпсэхупIэхэм, «Фишер», «Спортивная держава» эксперт зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр, федеральнэ, щIыналъэ властым щыщхэр, Кавказ Ищхъэрэм зиужьыным хуэгъэзауэ къызэрагъэпэща «Ростуризм», «Кавказыр зэгъэлъагъу» институтхэм, нэгъуэщI абы хуэдэхэм щылажьэ IэщIагъэлIхэр.
Фигу къэдгъэкIыжынщи, дызэрыт илъэсым и фокIадэм къыдэкIащ ди къэралым туризмэм мы и унэтIыныгъэм 2035 гъэ пщIондэ зыщиужьынымкIэ лэжьыпхъэхэр къыщыгъэлъэгъуа унафэр.
«Абы теухуауи къыжыIэпхъэщ, Урысейм и бгы-лыжэ зыгъэпсэхупIэхэр, зыр адрейм ехьэехуэ щхьэкIэ, зэныкъуэкъу-зэпэщIэувэжу зэрыщымытыр. Ар икIи дызыгъэгуфIэщ. Сыту жыпIэмэ, ди къэрал псор къэтщтэнщи, нобэ цIыхухэм «Архъыз» зыгъэпсэхупIэр нэхъ зэгъыу къалъытэмэ, пщэдей хуэдэм «Iуащхьэмахуэ» курортыр нэхъ къыхахыжынщ, уеблэмэ, Кавказыр къыдогъанэри, Сахалин нэс кIуэну гукъыдэж зыщIхэми дарихьэлIэнщ», - щыжиIащ а зэхыхьэм ТIымыжь Хьэсэн.
ЗэIущIэм къызэрыщыхагъэщамкIэ, мы зэманым Урысейм лыжэрэ сноубордкIэ къыщызыжыхьым я бжыгъэр щыпсэум я проценти 3-м нэблагъэ къудейрщ. Адрей процент 97-м щыщхэри апхуэдэ зыгъэпсэхукIэм дебгъэхьэхын папщIэ, абыхэм яфIэтелъыджэ хъун фестивалхэр, зекIуэ гъэщIэгъуэнхэр, зэпеуэ зэмылIэужьыгъуэхэр къызэгъэпэщыпхъэщ.
КЪУМАХУЭ Аслъэн.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "990.txt"
} |
Дунейм щыхъыбархэр
Куржым гурыIуэжыным и телъхьэщ
УФ-м НэгъуэщI къэрал IуэхухэмкIэ и министерствэр и телъхьэщ Урысеймрэ Куржымрэ я цIыхухэр кхъухьлъатэкIэ зэкIэлъыкIуэ хъужыным. МИД-м и унафэщIым и къуэдзэ Руденкэ Андрей апхуэдэу жиIащ «Демократие зэщIэхъееныгъэ – Куржы зэкъуэт» партым и унафэщI Бурджанадзе Нино иджыблагъэ щепсэлъам.
Лъэныкъуэхэр тепсэлъыхьащ урысей-куржы зэхущытыкIэхэм, ахэр егъэфIэкIуэжыным хуэунэтIауэ щыIэ Iэмалхэм. Руденкэ къыхигъэщащ Куржым хуиIэу щыта зэныбжьэгъугъэ зэхущытыкIэхэр зэфIэгъэувэжыным Урысейр зэрителъхьэр, абы авиазэпыщIэныгъэхэм пыщэжынри хэту. Мыхьэнэшхуэ иIэщ Тбилиси УФ-м дэлэжьэным хуэунэтIауэ ичын хуей лъэбакъуэхэм нэхъ куууэ егупсысыным, нэхъ жэуаплыныгъэ пылъу а Iуэхум бгъэдыхьэным.
«УзэщыIеиныр зы мыхьэнэншэми къыхокI, ауэ абы и ужькIэ узэгурыIуэжыныр нэхъ гугъущ, зэман куэди токIуадэ. Урысейр нэгъуэщI хэкухэм я къэрал кIуэцI политикэ Iуэхухэм зэи хэIэбэркъым. Дэ дрителъхьэщ Куржыми, зэрыщыту КавказщIыб щIыналъэми цIыхухэр мамыру щыпсэуным, зэпIэзэрытагъ щыIэным», - къыхигъэщащ МИД-м и лIыкIуэм.
Краснодар кIапсэкIэ зекIуэну метро щащIыну къыхалъхьэ
УФ-м щыщу ущыпсэуну нэхъ тынш къалэу къалъытащ Краснодар (Бжьэдыгъукъалэ). Апхуэдэу жаIащ щIыналъэхэм зэрызаужьыр зэпэзылъыт «Урбаника» къэхутакIуэ институтым иригъэкIуэкIа къэпщытэныгъэхэм хэтахэм.
Кранодар крайм и щыхьэрым иужьрей илъэси 10 - 15-хэм фIы дыдэу зиужьащ, абы псэупIэхэри егъэлеяуэ щылъапIэкъым, щIыуэпсри цIыхум и Iэпкълъэпкъым хъарзынэу йозэгъ, жаIэ зэупщIахэм
Нэхъ щыпсэугъуафIэ къалэ нэхъыфIитхум апхуэдэу хабжащ Сургут, Санкт-Петербург, Тюмень, Калугэ къалэхэри. Москва а рейтингым щиIыгъыр 52-нэ увыпIэрщ. Абы и щхьэусыгъуэр ди къалащхьэм псэупIэхэри ерыскъыри икъукIэ зэрыщылъапIэрщ, ику иту къахь лэжьапщIэм елъытауэ.
Краснодар иджыпсту икъукIэ псынщIэу зехъуэж, унэщIэхэр щащI, IуэхущIапIэхэр къыщызэIуах. Апхуэдэ зыужьыныгъэм адэкIи къызэрыпащэнум шэч къытозымыгъэхьэщ абы теухуауэ иджыблагъэ хэIущIыIу хъуа хъыбарыр - Краснодар щащIыну я мурадщ кIапсэ гъуэгукIэ зекIуэ метро.
Уэрамым щыгъэува пкъохэм кабинэхэр фIэдзауэ ящIыну метром станцибгъу иIэнущ. Къалэм абы и ухуэныгъэм тригъэкIудэнущ сом мелард 11 хуэдиз икIи илъэсиплIым къриубыдэу а лэжьыгъэр яхузэфIэкIыну къалъытэ. Къалэм стратегие зыужьыныгъэмкIэ и советым къыхилъхьа жэрдэмыр куэдым шыпсэу къащохъу, ауэ мэрием щылажьэхэм я фIэщу жаIэ абы и Iуэху зэрызэрахуэр. ЦIыхухэм гурагъаIуэ кIапсэ гъуэгукIэ зекIуэ метром и ефIэкIыныгъэхэр. Краснодар и Iэтащхьэ Первышов Евгении ядиIыгъащ а мурадыр.
Крайм и къалащхьэм иджыблагъэ щыIащ «Doppelmayr» компанием и лIыкIуэхэр. А компаниер зэрылажьэ илъэси 125-м къриубыдэу къэрал 90-м щигъэуващ хьэлъэ зэрагъэIэпхъуэ апхуэдэ кIапсэ гъуэгуу мин 14,5-м щIигъу. Апхуэдэхэр щищIащ УФ-м, Боливием, США-м, Колумбием, Инджылызым. ЦIыху минхэм ахэр яфIэтыншу къагъэсэбэп.
«Дунейм и къалэ зэмылIэужьыгъуэхэм кIапсэ гъуэгухэр туристхэм Iуэхутхьэбзэ ирыхуащIэ къудей мыхъуу, жылагъуэ транспортуи щагъэлажьэ. Иджыпсту щыIэ Iэмалхэр къэбгъэсэбэпу апхуэдэ метрокIэ зы сыхьэтым цIыху миниплIым къыщыщIэдзауэ миниблым нэс къыпхуешэкIынущ, - жиIащ Краснодар къалэм Стратегие зыужьыныгъэмкIэ и советым экономикэмкIэ и комитетым хэт Горобец Евгений. - Абы ефIэкIыныгъэ зыбжанэ иIэщ. Псалъэм папщIэ, апхуэдэ гъуэгу букъуэдииныр куэдкIэ нэхъ пудщ автомобиль е гъущI гъуэгу пщIыным нэхърэ. И гугъу умыщIыххэ щIыщIагъ метром мылъкуу текIуэдэнур зыхуэдизым».
КъимыдэкIэ, абы къыхигъэщащ икъукIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ нэгъуэщI зы Iуэхуи - гъуэгухэм къыщыхъу автомобиль зэжьэхэуэр куэдкIэ нэхъ мащIэ хъунущ. Абы и щапхъэхэр щыгъунэжщ апхуэдэ метрохэр щылажьэ къалэхэм. Аращи, Краснодар и унафэщIхэр а Iуэхум тегушхуауэ яужь ихьауэ жыпIэ хъунущ.
Нобэ
♦ЦIыхухэм я зэкъуэтыныгъэм и дунейпсо махуэщ
♦УФ-м Къэралым шынагъуэншагъэ къыщызэгъэпэщынымкIэ и органхэм я лэжьакIуэхэм я махуэщ
♦Белоруссием, Армением, Къыргъызым Къэрал, лъэпкъ шынагъуэншагъэмкIэ я органхэм я лэжьакIуэхэм я махуэщ
♦1699 гъэм Пётр Езанэм Iэ тридзащ Урысейм ИлъэсыщIэр щыщагъэлъапIэ махуэу щIышылэм и 1-р гъэувыным теухуа унафэм. Нэхъапэм ар фокIадэм и 1-м трагъахуэу щытащ.
♦1706 гъэм сыхьэтибгъум Москва Кремлым и Спасскэ чэщанэм япэ дыдэу къыщеуащ абы щагъэува сыхьэтыр. Тхьэгъуш 33-рэ зыхэт а сыхьэтыр Пётр Езанэм Голландием щригъэщIат.
♦1792 гъэм США-мрэ Канадэмрэ пощткIэ зэпыщIа хъуащ.
♦1828 гъэм Канадэмрэ Урысей империемрэ дипломатие зэхущытыкIэхэр яку дэлъ хъуащ.
♦1883 гъэм Ниагарэ псыкъелъэм деж щаухуащ япэ лъэмыж кIэрыщIар.
♦1917 гъэм ВЧК-р (Урысейпсо чрезвычайнэ комиссэр) къызэрагъэпэщащ. Абы и унафэщIу ягъэуват Дзержинский Феликс.
♦1920 гъэм ВЧК-м хэту къызэрагъэпэщащ хамэ къэралхэм щылэжьэным хуэгъэпса къудамэ. Абы и къалэн нэхъыщхьэр тIасхъэщIэх лэжьыгъэрт.
♦1934 гъэм Мордовие АССР-р къызэрагъэпэщащ.
♦1938 гъэм СССР-м и ЦIыхубэ комиссархэм я советым унафэ къыдигъэкIащ лэжьакIуэхэр IэнатIэ щыувкIэ я къулыкъур, щыува зэманыр, я лэжьыгъэм пыщIа нэгъуэщI-къинэмыщIхэр къыщагъэлъэгъуэну тхылъхэр къахузэIухыным теухуауэ.
♦1963 гъэм ФРГ-м щыпсэухэр хуит ящIащ Берлин блыныр зэпаупщIу, я Iыхьлыхэм я деж зы махуэкIэ щыхьэщIэн папщIэ ГДР-м кIуэну.
♦1971 гъэм Франджым къыщызэрагъэпэщащ «Дохутырхэм гъунапкъэ яIэкъым» дунейпсо зэгухьэныгъэр.
♦1999 гъэм Китайм и щIыналъэм хагъэхьащ Макао хытIыгур, 1987 гъэм зэращIылIауэ щыта зэгурыIуэныгъэм ипкъ иткIэ Португалием къритыжар.
♦Адыгэпщ, урысеидзэм полковникыу къулыкъу щызыщIа ХьэтIохъущокъуэ Исмэхьил-Бей къызэралъхурэ илъэс 259-рэ ирокъу.
♦КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист, публицист ГъуаплъащIэ Заудин и ныбжьыр илъэс 75-рэ ирокъу.
♦ТхакIуэ, журналист, «Iуащхьэмахуэ» журналым жэуап зыхь и секретару щыта ХьэIупщы МуIэед къызэралъхурэ илъэс 67-рэ ирокъу.
♦Урысей журналист, политолог, тхыдэ щIэныгъэхэм я кандидат Медведев Сергей и ныбжьыр илъэс 53-рэ ирокъу.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык уэфIу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градуси 8 - 11, жэщым градуси 2 щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
Абрэмывэ вагъэгъэкIуэдщ.
Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "991.txt"
} |
Едгъэжьэж илъэсым къытхуихьа дэрэжэгъуэхэр
Япэ Iыхьэ
2019 гъэр Къэбэрдей-Балъкъэрым и спортсменхэм яхуэфIащ. А илъэсым абыхэм къахэкIащ дуней псом, Европэм, Урысей Федерацэм щытекIуахэр, уеблэмэ, Олимп Джэгухэр щымыIами, и дыжьын медалыр зыIэрыхьари. Ахэр фигу къэдгъэкIыжынщ.
Олимпиадэм и дыжьын медалыр Махуэ Билал къратыж
Илъэсым и пэщIэдзэ щIышылэ (январь) мазэм хъыбар гуапэ къытхуихьащ: 2012 гъэм Лондон щекIуэкIа Гъэмахуэ Олимп Джэгухэм щызыIэригъэхьа дыжьын медалыр Дунейпсо Олимп комитетым (МОК) къытрихыжащ Куржым (Грузием) щыщ бэнакIуэ Модзманашвили Давит икIи ди бэнакIуэ цIэрыIуэ Махуэ Билал къыхуагъэхьыжащ.
ДИ НЭГУМ къыщIэдвгъэгъэхьэжыт абы щыгъуэм къэхъуар: 2012 гъэм шыщхьэуIум (августым) и 11-м и пщыхьэщхьэщ. Гъэмахуэ Олимп Джэгухэр и гуащIэгъуэу Инджылызым и къалащхьэ Лондон щокIуэкI. БэнэкIэ хуитымкIэ килограмми 120-м нэс зи хьэлъагъхэм я зэпеуэм финалым кIуэн папщIэ щызэпэщIэуващ ди лъахэгъу Махуэ Билалрэ куржы спортсмен цIэрыIуэ Модзманашвили Давитрэ. Зыр адрейм къыпимыкIуэту пелуанхэр зоныкъуэкъу, щIыр ягъэхъей жыпIэну.
Япэ Iыхьэр Билал нэхъ къохъулIэри, 1:0-у япэ йощ. МащIэу загъэпсэхуу къихьэжа иужькIэ, Модзманашвили «къощIэрэщIэж» икIи, ди щIалэр къыхигъэзыхьу щIедзэри, бжыгъэр зэхуэдэ ещIыж. Арати, зэрызэбэныну хухаха зэманыр зэфIокI. 1:1-р зэрытемыгъэкIуауэ къыпщыхъунущ, арщхьэкIэ спорт бэнэкIэм и хабзэхэр нэгъуэщIщ - апхуэдэм и деж иужьу очко къэзыхьар трагъакIуэ.
Модзманашвили Давит гуфIэщауэ долъей. Махуэ Билал и лъэр щIэхуащ - игъащIэ лъандэрэ зыщIэхъуэпса икIи куэдым хуэфащэу къалъытэ Олимпиадэм и дыщэ медалыр IэщIэкIащ.
Илъэсихым щIигъу дэкIын хуей хъуащ абы щыгъуэм къэхъуа хьэрэмыгъэр наIуэ къэхъун папщIэ. А зэманым, 2012 гъэм и шыщхьэуIум, Махуэмрэ Модзманашвилирэ допинг къэпщытэныгъэ драгъэкIуэкIащ, адрейхэми хуэдэу. 2019 гъэм и пэщIэдзэращ Дунейпсо Олимп комитетым хъыбар щызэбгригъэхар куржы щIалэм и къарумрэ зэфIэкIымрэ хэзыгъахъуэ хущхъуэхэр зэрызэрихьэлIар къызэрыщIагъэщам къыхэкIыу Лондон къыщихьа дыжьын медалыр къытрахыжу, абы «хигъэщIа» Махуэ Билал къратыжын зэрыхуейм ехьэлIауэ. Бетэмал, а хьэгъэщагъэр занщIэу наIуэ къащIыфатэмэ…
Къэхъуам къыпхуегъэгъэзэжыфынукъым, ауэ Махуэ Билал апхуэдэ щIыкIэкIэ Олимп чемпионыгъэм зэрыхуэкIуэ гъуэгум къытрамыгъэкIуэтамэ, финалым щыIущIэнут иужькIэ Модзманашвили хигъащIэу ещанэу Олимп Джэгухэм щытекIуа, Узбекистаным и цIэкIэ банэ Таймазов Артур (2008, 2012 гъэхэм къихьа дыщэхэр итIанэ абыи трахыжащ, допинг къызэригъэсэбэпам къыхэкIыу). Билал а осетин щIалэм зэрытекIуэфынур къигъэлъэгъуат Олимпиадэм и пэ къихуэу зэхэта дунейпсо чемпионатым и финалым. Таймазовыр щытридзэри, Махуэр абы ещанэу чемпион щыхъуат.
Домбеякъ медалыр дыжьынымкIэ яхъуэжри, захуагъэр мащIэу Дунейпсо Олимп комитетым щызэфIагъэувэжащ. АрщхьэкIэ абы Махуэ Билал дэрэжэгъуэ къритакъым. «Куэд щIауэ зэхызох Модзманашвили допинг зэрихьэлIауэ къызэрыщIагъэщар. Абы щыгъуэми иджыпстуи гуфIэгъуэ лъэпкъ зыхэсщIакъым, - къыджиIащ Махуэ Билал, - Пэжщ, сэ къызатыжынущ Олимп Джэгухэм я дыжьын медалыр… Ауэ Олимпиадэ-2012-м и дыщэ медалыр пщэдей къызатми, си дежкIэ зыми зихъуэжынукъым. Дэ алэрыбгъур пщIэнтIэпскIэ щIэдгъэнщIыр дыщагъэлъапIэм и деж лъагапIэм дытету ди гимныр къызэреуэращ. Лондон апхуэдэу щыщытакъым икIи мыхьэнэшхуэ иIэкъым 2012 гъэм къэсхьахэм ящыщу си гъэтIылъыгъэхэм яхэлъынур дыжьынми домбеякъми».
Зыкъомрэ зигъэхъужа иужькIэ Махуэ Билал иджыблагъэ лъэ быдэкIэ утыку къихьэжащ. 2020 гъэм Токио щекIуэкIыну Гъэмахуэ Олимп Джэгухэм хэтыну абы зегъэхьэзыр. Хэт ищIэн, абы захуагъэ нэсыр щызэфIэувэжу адыгэ щIалэм спортым щиIэ и хъуэпсапIэ нэхъыщхьэр къыщехъулIэнкIи хъунщ.
БищIомрэ ЗакIуиймрэ Дунейпсо кубокыр къахь
Гъатхэпэм Якутск къалэм щекIуэкIащ бэнэкIэ хуитымкIэ Дунейпсо кубокыр къэхьынымкIэ зэхьэзэхуэ ин. Хэгъэрейхэм къищынэмыщIауэ, США-м, Тыркум, Ираным, Японием, Кубэм, Монголием, Куржым я командэ лъэщхэр къызрихьэлIа зэпеуэм Урысей Федерацэм и гуп къыхэхам текIуэныгъэр къыхуэзыхьахэм яхэтащ адыгэ щIалэхэу ЗакIуий Анзоррэ БищIо Тимуррэ.
ЦIЫХУ минищ зыщIэхуэ Якутск и «Триумф» спорткомплексым гъатхэпэм и 16-мрэ 17-мрэ IэпэдэIупIэ иIэтэкъым. Абы щызэхагъэкIащ бэнэкIэ хуитымкIэ Дунейпсо кубокыр 2019 гъэм зыIэрыхьэну гуп къыхэхар. Урысей Федерацэм и щIыхьыр зыхъумэнухэм хагъэхьат ЗакIуий Анзоррэ (килограмм 70-м нэс зи хьэлъагъхэм я зэпеуэм хэтащ) БищIо Тимуррэ (килограмм 74-м нэс). Адыгэ щIалэхэр я зэIущIэ псоми щытекIуащ икIи илъэси 8 дэкIауэ Дунейпсо кубокыр ди къэралым Iэрагъэхьэжащ.
Зыхэта «А» гупым ди командэм япэщIыкIэ 9:1-уэ Кубэм къикIахэр щыхигъэщIащ. КъыкIэлъыкIуэу 8:2-уэ Японием ефIэкIащ. Ещанэм Тыркум щхьэкъэIэтыгъуэ къудей иритакъым - 10:0. Арати, япэ увыпIэр иубыдри, финалым кIуащ.
КIэух зэIущIэм ди бэнакIуэхэм хьэрхуэрэгъу къащыхуэхъуащ «Б» гупым щынэхъ лъэща Ираным и командэ къыхэхар. АрщхьэкIэ абыи Урысей Федерацэм къыпигъэувыфа щыIэкъым. Дыдейхэр 9:1-уэ текIуащ икIи ебланэу Дунейпсо кубокыр ди къэралым къыхуахьащ. Абы ипэкIэ апхуэдэ ехъулIэныгъэхэр Урысей Федерацэм щиIащ Мэзкуу (1992, 2010 гъэхэм), Стиллуотере (Инджылызым, 1998 гъэм), Красноярск (2007 гъэм), Владикавказ (2008 гъэм), Мэхъэчкъалэ (2011 гъэм) къалэхэм щекIуэкIа зэпеуэхэм.
Ещанэ увыпIэр лъысащ Японием и командэ къыхэхар 6:4-уэ хэзыгъэщIа Америкэм и Штат Зэгуэтхэм я бэнакIуэхэм.
ПлIэнейрэ дунейпсо чемпионхэр
Накъыгъэм (майм) и 31 - мэкъуауэгъуэм (июным) и 1 махуэхэм Санкт-Петербург къалэм IэпщэрызауэмкIэ щекIуэкIа зэхьэзэхуэ иным еплIанэу дунейпсо чемпион щыхъуащ Беслъэней Нурмухьэмэдрэ Мырзэкъан Азэмэтрэ.
«ИЩХЪЭРЭ къалащхьэм» щызэхэта V дунейпсо чемпионатым кърихьэлIат къэрал 37-м щыщ спортсмен 200-м щIигъу. Килограмм 80-м нэс зи хьэлъагъхэм я зэпеуэм пашэныгъэр щиубыдащ Урысей гвардием ди республикэм щиIэ управленэм и лейтенант Беслъэней Нурмухьэмэд (мы гъэм и щIышылэм ар ещанэу дунейпсо чемпион хъуат). Абы и пашэныгъэм зыми шэч къытригъэхьакъым икIи къыпэщIэува псоми нэрылъагъуу ефIэкIащ. Уеблэмэ, дыщэм щыщIэбэна кIэух зэIущIэм хьэрхуэрэгъу къыщыхуэхъуа, Белоруссием щыщ щIалэри 14:4-уэ хигъэщIащ.
ЗыкIи нэхъ хуэмыхуакъым Мырзэкъан Азэмэти. Килограмм 90-м нэс зи хьэлъагъхэм я зэпеуэм абыи и хьэрхуэрэгъухэм гугъэ лъэпкъ къахуигъэнакъым. Финалым адыгэ щIалэр щефIэкIащ къэзахъ пелуаным.
Беслъэней Нурмухьэмэдрэ Мырзэкъан Азэмэтрэ ягъасэ Мамхэгъхэ Хьэчимрэ Iэдэмрэ. Иджы тIури еплIанэу дунейпсо чемпион зэрыхъуари абыхэм куэдкIэ я фIыщIэщ. Псалъэм къыдэкIуэу къыхэдгъэщынщи, нобэр къыздэсым зэхэта апхуэдэ зэхьэзэхуитхум ящыщу иужьиплIым Нурмухьэмэдрэ Азэмэтрэ дыщэ медалхэр я хьэлъагъхэм щызыIэрагъэхьащ. Ахэр зримыхьэлIар япэ дыдэ дунейпсо чемпионатращ.
Фигу къэдгъэкIыжынщи, Беслъэнеймрэ Мырзэкъанымрэ Iэпщэрызауэм текIуэныгъэ ин дыдэхэр къыщызыхьа спортсмен гъуэзэджэхэщ. Ахэр Урысей Федерацэми, Европэми, Азиеми, ЩIы хъурейми мызэ-мытIэу я чемпионхэщ, Дунейпсо кубокыр зыIэрызыгъэхьахэщ. А ехъулIэныгъэхэм къапэкIуэу «СпортымкIэ щIыхь зиIэ и мастер», «Дунейпсо классымкIэ спортым и мастер» цIэ лъапIэхэр къыфIащащ.
Мырзэкъан Азэмэтрэ Беслъэней Нурмухьэмэдрэ я къару илъыгъуэщ икIи дяпэкIи я текIуэныгъэхэмкIэ дэрэжэгъуэ куэд къыдатыну дыщогугъ.
Мырзэ Резуан къэралым и гуп къыхэхам ирагъэблагъэ
Илъэс тIощIрэ тхурэ дэкIауэ Урысей Федерацэм футболымкIэ и командэ къыхэхам адыгэ щIалэ мы гъэм ирагъэблэгъащ. Евро-2020 кIэух зэпеуэм кIуэнухэр къыщыхах зэIущIэхэу мэкъуауэгъуэм (июным) и 8-мрэ 11-мрэ Саранскрэ Новгород Ищхъэрэрэ щекIуэкIынухэм ираджат абы щыгъуэм Тулэ и «Арсенал»-м и гъуащхьэхъумэныкъуэ Мырзэ Резуан.
ДИ ЛЪАХЭГЪУ Мырзэ Резуан иужь лъэхъэнэм урысей футболым и цIэр фIыкIэ щыIуащ. Ар Бахъсэн къыщалъхуащ, и ныбжьыр илъэс тIощIрэ хым итщ. Топ джэгуным Налшык зыщыхуигъэсащ, ауэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэ нэхъыщхьэм хэту зэрыджэгуар зы зэIущIэ закъуэщ. АдэкIэ и насыпыр къыщилъыхъуэу ди къэралым и щIыпIэ куэдым къыщыщIидзащ. Премьер-лигэм хэт Дон Iус Ростов и командэм иджыпсту ейщ, ауэ бэджэнду абы иритауэ Тулэ и «Арсенал»-м щыджэгурт. Адыгэ щIалэм зыкъомкIэ и фIыгъэщ, зэи къэмыхъуауэ, а гупыр Урысей Федерацэм щынэхъыфIхэм ящыщ зы хъууэ Европэм и Лигэм зэрыхэтар.
Куэдым ящIэж нэгъабэ ТекIуэныгъэ Иным и махуэшхуэр щыдгъэлъэпIа накъыгъэм и 9-м Къалэ-лIыхъужь Волгоград (нэхъапэм Сталинград) щызэхэта Урысей Федерацэм и Кубокыр 2018 гъэм къэхьынымкIэ екIуэкI зэхьэзэхуэм и кIэух зэIущIэр. Ди лъахэгъу Мырзэ Резуан абы щыдигъэкIа «дыщэ» топым и фIыгъэкIэ къэралым и футбол саугъэт нэхъ лъапIэхэм ящыщ зыр Iэрыхьащ а лъэхъэнэм зи щIыхьыр ихъума Ленинград областым и «Тосно» командэм.
Кубокымрэ дыщэ медалхэмрэ къратыну утыку къыщрашами, Мырзэ Резуан къихьащ адыгэ нып щхъуантIэм щIэту икIи и Iэпкълъэпкъым ар къешэкIауэ гуфIэгъуэр иIэтащ. Абы дэрэжэгъуэ къритащ ди лъэпкъэгъу псоми. Мы гъэми нэхъ жаныж хъуащ бахъсэн щIалэр. Мызэ-мытIэу ар зэхьэзэхуэм къыщыхэжаныкIащ икIи Красноярск и «Енисей»-м и гъуэр гъатхэпэм абы апхуэдизу дахэу хигъэщIати, премьер-лигэм и етIощIанэ джэгугъуэм щынэхъ телъыджэу къалъытащ.
Дауи, а псоми адыгэ щIалэм гулъытэ хэха топджэгум дихьэххэмрэ IэщIагъэлIхэмрэ къахуригъэщIащ. Абы и щыхьэтщ Урысей Федерацэм и командэ къыхэхам и тренер нэхъыщхьэ Черчесов Станислав ар гупым зэрыригъэблэгъар икIи мыгувэу тлъагъуну дыщыгугъырт къэралым и щIыхьыр ихъумэу европэпсо утыку къихьэну. АрщхьэкIэ зэкIэ къехъулIакъым. ИужькIэ, гъэмахуэм, Мэзкуу и «Спартак»-м хыхьэри, абы и лъэр щригъэубыдыхукIэ гулъытэншэ хъуащ.
Мырзэ Резуан ипэкIэ Урысей Федерацэм и балигъ командэ къыхэхам иджыри къэс ирагъэблэгъар зы адыгэ щIалэ закъуэщ. 1994 гъэм апхуэдэ пщIэ игъуэтащ Владикавказ и «Алания»-м хэту къэралым и чемпион хъуауэ щыта гъуащхьэтет цIэрыIуэ Хьэпэ Заур.
Махуэ Билал.
БищIо Тимуррэ ЗакIуий Анзоррэ.
Беслъэней Нурмухьэмэдрэ Мырзэкъан Азэмэтрэ я гъэсакIуэ Мамхэгъ Iэдэм я гъусэу.
ЖЫЛАСЭ Заурбэч.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "992.txt"
} |
Лъэхъэнэ псоми я усакIуэ
Гёте И. В., Шиллер Ф., Дессинг Г. Э. хуэдэ цIыхушхуэхэм ящIыгъуу зи цIэр къраIуэ нэмыцэ усакIуэ, прозаик, критик икIи публицист Гейне Генрих Дюссельдорф щыщ журт унагъуэм 1797 гъэм къыщалъхуащ. Унагъуэ еджапIэм, франджыбзэкIэ щрагъаджэ лицейм щIэсащ. Ахэр къиуха нэужь, ныбжьыщIэм и гугъащ коммерцэ Iуэхум хыхьэну. ЯпэщIыкIэ Майн Iуфэ Iус Франкфурт, етIуанэуи Гамбург къалэхэм и зэфIэкI щеплъыжащ, ауэ зыри къикIакъым.
ИужькIэ Бонн, Геттинген, Берлин къалэхэм щеджащ. А зэманым ар дехьэх Гегель и лэжьыгъэхэм икIи 1825 гъэм Геттинген къегъэзэжри, хабзэмкIэ доктор мэхъу. 1823 гъэм Пруссием журтхэм цIыхум и хуитыныгъэ псори къыщытраха нэужь, Гейне а къэралым и бий нэхъ жагъуэ дыдэхэм ящыщ зы мэхъу икIи езым хуэдэ и лъэхъэнэгъу зыкъомым ящIыгъуу лютеранствэр къещтэ.
Диныр зэрихъуэжам сэбэпынагъ гуэри Гейне къыхуихьакъым, сыту жыпIэмэ властыр зыIэщIэлъхэр нэхъ зыгъэгубжьыр абы зэрихьэ диныртэкъым, атIэ и тхыгъэхэрт.
Гейне нэхъ гулъытэшхуэ зыхуищIхэм ящыщт литературэр. Бонн щыщыIам ныбжьыщIэм Шлегель А. В. зригъэцIыхури, и лекцэхэм едэIуащ. Берлин щыкIуам ар зэфIэкIыфI къэзыгъэлъагъуэ литератору къацIыхуакIэт икIи Рахили фон Энзе и литературэ кружокым хыхьащ. Гейне и япэ усэхэр 1817 гъэм къытрыригъэдзащ, «Усыгъэхэр» зыфIища и япэ тхылъыр 1821 гъэм къыдэкIащ. 1823 гъэм къытрадзащ «Лирическое интермеццо» усэ гупыр.
Университет нэужьым Гейне и гугъащ юрист лэжьыгъэм зритыну, ауэ литературэр нэхъ къыхихыжащ.
«Гъуэгуанэ сурэтхэр» зыфIища тхылъиплIым я япэ Iыхьэм ехъулIэныгъэшхуэ къыщыхуихьым, усакIуэм зэрыпсэун литературэкIэ къилэжьу щIидзэри, абы зритыпащ. А лъэхъэнэм Гейне куэд къызэхикIухьащ: щыIащ Инджылызым, Италием. Абыхэм я фIыгъэкIэ игъэхьэзыращ «Гъуэгуанэ сурэтхэм» къапызыща тхылъхэр.
Гейне и усэ куэдым макъамэ щIалъхьащ Ф. Шубертрэ Р. Шуманрэ.
1830 гъэм бадзэуэгъуэм екIуэкIа революцэм и ужькIэ Гейне тогушхуэ Германием иIэпхъукIыну икIи 1831 гъэм накъыгъэм Париж макIуэ. Франджым абы къыщецIыху иужькIэ щхьэгъусэ хуэхъуа, усэ куэди зыхуитха Кресанс Эжени Мирэ. 1841 гъэм а тIур зэрышащ.
1835 гъэм Пруссием и рейхстагым унафэ къищтащ езыхэм я Iуэху еплъыкIэщIэхэр «Германие ныбжьыщIэм» къыщыхэзылъхьэ зыкъомым я тхыгъэхэр къытрадзэну хуимыту. Апхуэдэ авторхэм ящыщт Гейне. Берн Л. Париж щызэхуишэса революционер-реформатор гупым яхыхьа нэужькIи, Гейне Пруссием и властым езэгъакъым.
1840 гъэм Гейне газет лэжьыгъэм зретыжри, «Всеобщая газета»-м тредзэ Париж и псэукIэм теухуа тхыгъэ куэд. А тхыгъэхэр зэхелъхьэж, «Лютеция» фIещри, тхылъ щхьэхуэу къыдегъэкI. Ар усакIуэм и иужьрей журналист лэжьыгъэт, адэкIэ Гейне и творчествэм увыпIэ нэхъыщхьэр усэхэм щаубыд. Абы и щыхьэтщ «Атта Тролль», «УсэщIэхэр» тхылъхэр, нэгъуэщIхэри зэкIэлъхьэужьу къызэрыдэкIар.
И унагъуэм къихъуэу хуежьа псалъэмакъ мыщхьэпэхэм Гейне сымаджэ йохъукIри, 1848 гъэм пIэхэнэ мэхъу. Ауэ узым хузэфIэкIакъым Генрих тхэныр IэщIыб иригъэщIыну. Узым къыхигъэзыхьыху, ар нэхъри ерыщ екIуэрт. Абы и щыхьэтщ усакIуэр дунейм ехыжа нэужь къыдагъэкIа «Романсеро», «1853 - 1854 гъэхэм я усэхэр» тхыгъэхэр.
Гейне 1856 гъэм мазаем и 17-м Париж и Монмартр кхъэм щыщIалъхьащ.
Нобэ фи пащхьэ идолъхьэ Гейне Генрих и усэхэм хэчыхьауэрэ къыхэтхыу адыгэбзэм къидгъэтIэсахэр.
УЭРЭЗЕЙ Афлик.
* * *
ГукIэ сайдэхащIэрт хъыджэбз ныбжьыщIэхэм,
Епэрхэр, пшыналъэхэр, пщащэ дамэхухэр псэм и щIасэт.
СфIэIэфIт Iупэ пIырыпIхэр, я псалъэ щIэращIэхэр,
Уэрэд нэщхъейхэм зыIэпашэрт си псэр.
Къэгъэзэжыншэу бзэхыжахэщ хъуэпсапIэхэр,
ФIыуэ слъэгъуари хэшыпсыхьащ пщIыхьэпIэм.
ГурыщIэ пIейтеярщ къэнар си гъусэу,
ХуэжыIэдаIуэу си псэм иус усэм.
Уэрэд зеиншэ, къызэщIэрыуэж!
Къэлъыхъуэж щIалэгъуэм и пщIыхьэпIэр -
Си усэр нэкъыфIэщIхэм я джэрпэджэжщ,
Ещхьу жыжьэу ба хуэсщIа Iупэ пIырыпIым.
* * *
Зыслъагъужащ пщIыхьэпIэу: си мыхьэлу
Щыгъын щIэрыпскIэ зысхуэпауэ сегугъуу,
Сыкъыхэхутати зыкъизыххэм я балым,
Къахэслъэгъуащ яхэту фIыуэ слъагъур.
«Уэ унысащIэ? - соупщIыр, хуэсщIу щхьэщэ, -
Тхьэм жиIэ, а къалэным ухуэфащэу».
Си гур хэузыкIми сыздеупщIым,
Ар зы мэскъалкIи пщащэм къезмыгъащIэу.
Сыпэмыплъэххауэ, пщащэм
И нэ телъыджэм нэпсыр къыщIощэщыр.
Нэщхъей дыдэу ирихьэха напIэм
ЩIокIуэдэжри, мэбзэхыж пщIыхьэпIэр...
Насыпым и вагъуэу
Къысхуэлыд нагъуэ!
Махуэм - нахуапIэу,
ПщIыхьэпIэу - жэщым
Къысхуэвупс пцIыхэр
Си фIэщ фощIыфыр.
* * *
Слъэгъуащ пщIыхьэпIэу щIалэ пакъэ гуэр,
ЗэщIэупсарэ, зэщыхуэпыкIауэ,
КъысхуэмыщIэу зищIысыжу и гугъэр,
КъригъэцыцыкIыу и бгъэр.
Ар хуэму зблэкIырт, игъэкIауэ щхьэр,
ДыхумэкIэ гъэпскIами къэптал хужьыбзэр,
Си гум жиIэрт псэр зэрыфIыцIабзэр.
Зэ еплъыгъуэкIэ къыпфIэщIми дахэкIей,
Мыхьэнэншэт лъагъугъуейуэ игу нэпсейр.
Тепсэлъыхьыфми дахэу лIыхъужьыгъэм,
Къэгъуэтыгъуейт езым хуэдэу къэрабгъэ.
«Ар хэтми пщIэрэ? - пщIыхьэпIэм и Iиблисыр къызоупщI, -
Уи натIэм илъыр нэрылъагъу зыщыщI!
Пхутесхащи уи къэкIуэнум телъ тепхъуэр,
Еплъи, егупсысыж къызэрыпщыхъум!»
Нэчыхь тхыпIэу зи нэхур гъунэгъум
ЩIалэ пакъэм бгъэдишащ сэ фIыуэ слъагъур,
«Дыарэзыщ!» - щыжаIэм тIуми зы жьэу -
ШейтIан гуфIахэр зэрызохьэ хьэжьэражьэу.
* * *
А лъагъуныгъэм зыпыIуздзырт, ещхьу делэм,
Сыхэлъадэу жэщ уэлбанэрилэм.
СыпIащIэрт сыблэкIыну кхъэ Iуащхьэжьу
Нур лыдхэр къысхуэзыгъаблэм жыжьэу.
Мазэ зэщIэдиям и бзий псэншэхэр
Тоджэгухь пшынауэм и кхъащхьэ даущыншэм:
«ТIэкIу зыIэжьэт, къуэш», - мазэ бзийм сыкъегъэувыIэ,
Пшагъуэ тхъуари къотэджыкIыр мащэжь щIыIэм.
КъызоцIыхужыр шыкIэпшынауэр:
КъикIыжри мащэм, кхъащхьэм къытетIысхьауэ,
Iэпэ гъущIахэр шыкIэпшынэ налъэм
Дилъэурэ, дэгуу егъэIур пшыналъэр:
«ШыкIэпшынэ, илъэс блэкIахэм я уэрэдыр
Къыхэдзи, гъэтыншыж сигу зэгуэудыр.
БампIэр илъми абы къызэщIэплъэу,
Среджэр мелыIычым уафэ пшэплъым,
ШейтIанми бэлыхькIэ сызэщIибгъэу -
А псоми зэреджэжыр лъагъуныгъэщ».
Макъамэм и пшыналъэр зэрыужьыхыу,
Мащэхэм я кхъащхьэр зэтрахыр,
Хьэдэ къупщхьэхэр къокIыжри, зэрызехьэу
Хьэдрыхэ уджкIэ пшынауэр къафыхьыр:
«Ей, лъагъуныгъэ, уи удыгъэм
Дрихьэхауэ щIым и щIагъым,
ДыщIэлъами куэдрэ даущыншэу,
Дыкъегъэушыжыр уи тхьэгъушым!»
НэджэIуджэ гупым зэрызехьэу
Пшынауэр къафыхь, къалъэтыхьыр,
Гыз макъыр дыхьэшх делэм хошыпсыхьыр.
ШыкIэпшынауэ къэгубжьам и пшыналъэр
Нэхъри ерыщу зэролъэлъыр:
«ЛIыгъэ фхэлъщ, фыкъафэ, феуэ Iэгум!
Гъуэрыгъуэххэу сыщIэвгъэплъ фи лъэгум!
Фыкъегъэтэджыж си макъ телъыджэм,
Сэри даущыншэу махуэ Iэджэ,
Гъуэм къипщыну темыгушхуэ дзыгъуэу,
Мащэ кIыфIым сисащ зызудыгъуу.
Феуэт, щIэфIэтэжи дэрэжэгъуэр.
Уэрэд къыхэвдзэт, дэ тхьэкIумэ лей
Тхэту слъагъукъым, ахэм дахуэмей!
Хедгъэсхьэжри зэманым ди щIалэгъуэр,
Делагъэ Iэджи тIэщIэкIахэщ ди жьы хъугъуэм,
ГурыщIэ гуащIэм гу зэщIэплъар илыпщIырт.
Иджы къреIуэтэж дэтхэнэ зыми
Сыт хуэдэ гуауэ и щхьэм къылъысами,
Зыхуэпабгъэу иIа хъуэпсапIэр,
Зыхэлъа шыгъушыпсыпIэр,
КъэкIуа зэрыхъуари мы щIыпIэм».
Шынагъуэу макъыр игъэгъуагъуэу,
Зы хьэдэ къупщхьэ къыхотэджыкIыр пшагъуэм:
«Сыщытащ дэрбзэрым срикъуэдзэу,
СIыгъыу лэныстэр, мастэ пэбдзыр,
ЛэныстэкIэ Iэзэу къыхэзбзыкIыр
IэкIуэлъакIуэу мастэмкIэ издыкIыу.
Мастэ иIыгъыу зэгуэрым
КъыщIыхьащ и пхъур дэрбзэрым.
И плъэкIэ закъуэм, мастэм ещхьу,
ЗыкъыхеукIэ щысхьыншэу си гущхьэм».
ЗэщIодыхьэшхэ хьэдэ къупщхьэхэр, абы щIэнакIэу,
Нэщхъей дыдэу етIуанэр а гупым къахокIыр:
«Шиндерганнэ, Орландинэ,
Карл Моор, Ринальдинэ -
Ахэрат щхьэр яхуэзгъэщхъыу,
Сытым щыгъуи къызытесхыр щапхъэ.
Си лъагъуныгъэми, уеблэмэ
Ахэрат гъуэгугъэлъагъуэу щысхуэблэр;
Хъыджэбз тхьэIухудым и теплъэм
Гухэлъ мафIэр къызэщIигъаплъэрт.
Ар фIыуэ слъагъурт сынэщхъейуэ, сыгууэщIу
И жэуапхэм къыщакъутэкIэ си гущIэр,
Псэ ешыкъуар, кIэзызу си Iэпэр,
СфIиIэбэу щIидзащ нэгъуэщIхэм я жыпым.
Хьэл мыгъуэ схуэхъуар щызыхэзмыным,
Властым щIидзащ сигъэшынэу.
ИрислъэщIыжыну и нэпсыр зэшыгъуэм,
Бэлътокухэрат нэхъыбэу къэздыгъур.
Сыкъаубыдри, къызамыту кIуапIи жапIи,
Лъэхъуэщ кIыфIыр схуащIащ увыIэпIэ.
Сыкърагъэлыну си емынэ узым,
Егугъупэу абы къыщызэIэзэрт.
ХъумакIуэхэм страмыгъэкIми я нэр,
Щызбгынакъым лъэхъуэщми хъуэпсэныр.
Лъагъуныгъэм игъэплъызу си нэр,
Сыздэщысым, къысхуокIуэри Ринальдэ и ныбжьыр,
Си псэр езым щIыгъуу ирешажьэ».
ЗэщIодыхьэшхэри хьэдэ къупщхьэхэм я джэгур,
КъахокI ещанэр, зэщIэцIэлауэ и нэгур:
«ЩIасэлI пажэхэм я ролхэр згъэзащIэу,
КъысфIащауэ сценэм и пащтыхь,
ЖысIэрейт «Си дахэ!», си гурыщIэр
ТхьэIухудхэм яхуэсщIу лъэгущIыхь.
Сы-Мортимерт, къыспэхъун щымыIэу,
ГурыщIэ пщтырыр Марие хуэIулэу.
Ауэ пщащэм и гур къысхуэщIыIэт,
КъыгурымыIуэу си гухэлъыр зэрыхуэблэр.
СыкIийрт куэдрэ, а узыр схуэмышыIэу:
«Тхьэ пэлъытэу си Марие!» - жысIэу.
Си ролым хэмытми апхуэдэу,
Къамэр гущхьэм хэсIужащ куу дыдэу».
Хьэдэ къупщхьэхэр зэщIодыхьэшхэ ауану,
Иджы абыхэм къахокIуэт еплIанэр:
«Профессорым, къиувауэ псэлъапIэм,
ЖиIэ делагъэм сигъэжеяуэ, солъагъу пщIыхьэпIэ.
Си дежкIэ минкIэ нэхъ тхъэжыгъуэт
КъыщыскIухьыну хадэм, абы и пхъур сщIыгъуу.
КъысхудэгуфIыкIырт пщащэр щхьэгъубжэм
Епэр гъэгъауэ, мелыIыч тхьэхуу,
Гудзакъэншэу къыпысча гъэгъар зэрыхуэлэжым
Сеплъырт, зыкIи ар къысфIэмыIуэхуу.
Есхащ нэлат къулей щыкIахэм,
ЦIыхубзхэми есхри нэлат,
Псоми я фалъэм щхъухь яхухэскIахэт -
Арэзыуэ къысщытхъуащ Ажалыр:
«Гурыхьщ, си къуэш, къэбгупсыса Iэмалыр!»
Абы и жэуапу мэдыхьэшх хьэдэ къупщхьэхэр,
Етхуанэр къахокIуэт, кIапсэ кIапэ къелэлэхыу и щхьэм:
«Зигъэпэкъыу шагъырым зыдефэм,
Зыщытхъужт егъэлеяуэ графыр:
«ЩIэмылъ щымыIэу бейщ си унэ уардэр,
Бгъуэтынукъым сипхъу тхьэIухудым хуэдэ»,
Сыхуейкъым зыкIи сэ уи унэ уардэм,
Уипхъу тхьэIухудыр сиIэ закъуэм, псори содэ.
IункIыбзэ етакIэ ихъумэрт графым ахэр,
ТемыплъэкъукIыу къэрэгъулхэр, хьэхэр.
Зыщахъумэр ахэр сэрмыра нэхъей,
Сэх лъагэм си пкIэлъейр изоупсей.
Сыдохьэ пщIантIэм, и щхьэгъубжэм тхьэIухудым
Сыщыбгъэдыхьэм зэхызохыр зыгуэр шхыдэу:
«Сыт къыщыплъыхъуэр графым и унэм?
И хъугъуэфIыгъуэм - хуеижщ езы зиусхьэныр!»
Си лъакъуэр еубыд къэгубжьа зиусхьэным,
Къызэхуожэсыр унэIутхэр! Сыт схуэщIэнур?
«СыдыгъуакIуэкъым сэ, ахъшэ къэзмылъыхъуэ -
Сыхуейуэ аращ сыхуэзэну графым и пхъум!»
ПщIэншэу куэдрэ сайлъэIуащ, сыкIиящ сэ,
Ауэ псынщIэу къагъэхьэзыращ я кIапсэр.
Дыгъэр къыщIэкIащ, къухьэжащ махуищкIэ,
Сэ щхьэпылъапIэм сыфIэлъщ, жьым сыщIиупскIэу».
ЗэщIодыхьэшхэ хьэдэ къупщхьэхэм я джэгур,
КъахокI еханэр, зы щхьэ гуэр илъу и Iэгум:
«Лъагъуныгъэм кърисыкIыу си гущхьэр,
Фоч къасщтэри сыкIуащ а махуэм мэзым.
Къуаргъыжьыр си щхьэщыгум щыуфэразэт,
КIийуэ: «Палъэнущ и щхьэр!»
«КъыщызукIынщи зы тхьэрыкъуэ мэзым,
Хуэсхьынщ фIыуэ слъэгъуа хъыджэбзым», -
Ар си гуращэу, сыпхокI мэзым жыжьэ,
Къэслъыхъуэр чыцэ Iувым къыщызэжьэрт.
«Хэт абдеж щыбзэрабзэр? Тхьэрыкъуэ?
ТIуней къэзукIынуи ирокъури.
Фочыр хьэзыру сабгъэдэпщхьэм щэхуу,
Къызолъагъур си тхьэрыкъуэ пщэхур.
Си лъагъуныгъэр! ЩIыгъущ нэгъуэщIым
IэплIэ гуащIэ дыдэхэр зэхуащIу...
Фочауэ, мис иджы ублэмыукI, -
КIакхъур щIызочри, пщащэр къызоукI!
УкIкIэ ящIауэ си хьэкумэр,
ЩхьэпылъапIэм сашэрт хуэму.
Къуаргъыжь гуэрыр щоуфэразэ си щхьэм:
МэкIий ерыщу: «Палъэнущ и щхьэр!»
Хьэдэ къупщхьэхэр мэдыхьэшх зэрыгъэкIийуэ,
Иджы я пащхьэм къиуващ езы пшынауэр:
«Куэд щIауэ фIыуэ ялъэгъуащ си уэрэдыр,
Ар Iэджэри жесIащ си тхьэIухудым.
Ауэ,
Гу жэуапыншэр щыкъутам и деж,
Пшыналъэ налъэри зэпоудыж».
Я дыхьэшх макъым игъэзджызджу уэгур,
Хьэдэ къупщхьэхэм щIадзэж аргуэру джэгум.
Жэщыбгым и хъыбарегъащIэу
Члисэм къыщеуащ сыхьэтыр ину.
ШейтIан джэгум хэтахэу умыщIэу,
Хьэдэ къупщхьэхэр дэгъуэлъхьэжахэщ бэнхэм.
* * *
Бгыхэр, аузхэр, чэщанэхэр
Къоплъэр Рейн и псы гъуджэм.
Псори къысхуэлыду цIуугъэнэу,
Кхъуафэжьейм сыпыIуешыр ныджэм.
Соплъ, дихьэхащи джэгуным,
Дыжьыну мэпсыпсыр толъкъуныр.
Псэм щыукъубей гурыщIэр
КъыщIосыкIыжыр псы лъащIэм.
Уигъэгушхуэу, узыIэпишэу
Зэрыкъабзэ мы псыр, зэрынэху!
Псы лъащIэ кIыфI пхыплъыпIэншэм
Ажал къыдэжьэм зыщегъэпсэху.
И уафэр нур нэIурыту,
КIыфI зэфэзэщу и лъащIэр,
Псым къыхощ абы и сурэтыр:
И нэр къащхъуэрэ, гуапэу, дахащэу,
Хуэзгъэдэн дунеишхуэм темыту!
* * *
ЕпэрхэмкIэ, шыкIуртIымщэху къудамэкIэ
ГъэщIэрэщIа тхылъылъэ хуэсщIынут си тхылъым.
ФIыуэ слъагъум и зыхуэпэкIэу
Згъэдахэнт и бэныр си пшыналъэм.
Дапщэщ щыщIэслъхьэжынур лъагъуныгъэр?
ПIейтеиншагъэм и епэр къэгъагъэр
Псэухэм я удзу щыкIынщ абы и кхъащхьэм.
Сэ мащэ лъащIэ псыIэращ си Iыхьэр.
Мыбы щожэщI уэрэдхэм я пшыналъэр,
ЩокIуэщIыр Этнэ и вулкан къэкъуалъэу.
Къришырт гум щIэщыгъуэу а уэрэдыр,
Насып хъуаскIэхэр къысхипхъэу зэщIэлыдэу.
Ахэр щыужьыхащ мыбдежым псэншэу, фагъуэу,
Диижауэ, щIихъумауэ пшагъуэм.
Къэблэжынущ аргуэру я лыгъэр,
Хидзэжмэ и хъуаскIэр Лъагъуныгъэм.
Щыукъубеижынщ гухэлъыр бгъэм,
Къигъэзэжынщи зэгуэр лъагъуныгъэм!
Дэ тпэжыжьэ дыгъэм и щIагъ щIэт щIыналъэм
Нэсынщи, уэри къэплъагъунщ си тхылъыр.
КъиIукIыжынщ уэрэдыр гум и хьэпсым,
Псалъэ дияхэм хидзэжу мафIэ гуащIэр,
ЗыхищIэнщи а пшыналъэр уи псэм,
КъыбгурыIуэнщ си узыр, лъагъуныгъэр, гъащIэр.
УЭРЭЗЕЙ Афлик.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "993.txt"
} |
Хъуажь Iэминат: ДяпэкIи дызэдэлэжьэну ди мурадщ
Ди хьэщIэщым
2019 гъэр дигу къызэринэжыну зы Iуэхугъуэу адыгэм къыдэхъуащ ди щIыналъэм адыгэ фильм зэрыщытрахар. Адыгэ Республикэм гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ ЕмкIуж Андзор триха кином лъабжьэ хуэхъуам, ар Урысей псом зэрыщагъэлъэгъуам, цIыхухэм къазэрыщыхъуам теухуа тхыгъэхэр ди газетым къытеддзащ. Иджы а Iуэху дахэр режиссёрым дигъэпсынщIэу дэлэжьа продюсерыр ди хьэщIэщым къедгъэблэгъащ, фильм техыным и щэхухэм, абы цIыхубэм я дежкIэ иIэ мыхьэнэм, кавказ кинор зыхуэдэм, нэгъуэщIхэми тедгъэпсэлъыхьыну. Экономикэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор Хъуажь Iэминат и гуапэу ди упщIэхэм жэуап къаритащ.
- Iэминат, Адыгэ Республикэм егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министр къулыкъум упэрыту укъэсцIыхуащ сэ илъэс зыбжанэ ипэкIэ, иджы Адыгэ къэрал университетым ущолажьэ. ЕмкIуж Андзор триха «Невиновен» фильмым и продюсерхэм ящыщ зы дауэ узэрыхъуар?
- Фильмым дынэсын ипэ, абы пэублэ хуэхъуа зы Iуэху бжесIэнут, Замирэ. Фэри фощIэ Андзор АР-м и Лъэпкъ театрым зэрыщылэжьар. Абы щигъэува «ЛъыщIэж» (Гарсиа Лорка, «Кровавая свадьба») спектаклращ режиссёр ЕмкIуж Андзор къызэрысцIыхуар. Япэ теплъэгъуэм щегъэжьауэ гурыIуэгъуэт, спектаклыр зыгъэува цIыхум бгъэдэлъ зэчийм и куууагъымрэ гъуазджэр зэрызыхищIэ щIыкIэмрэ. Нэхъ гъэщIэгъуэныжт испано-адыгэ макъамэр зэрызригъэкIуар, ар дахэу утыку къызэрырихьар. Сэ зэи сезэшыркъым а спектаклыр зэрытелъыджэр жысIэну, си мызакъуэу, ар щагъэлъэгъуа республикэ псоми, здаша фестивалхэми апхуэдэу къыщалъытащ.
Зэман дэкIа нэужь, Андзор иджыри зэ срихьэлIащ. Иджы кино трихыну зигъэхьэзырырти, сценарийр къызитри сригъэджащ, си еплъыкIэр къищIэну хуейуэ. Тхыгъэм сыздеджэм, Андзор и Iуэху бгъэдыхьэкIэр си нэгу къыщIэзгъэхьэрти, кинор кино лъэщ зэрыхъунум шэч къытезмыхьэу сыхъуащ. Сэри сыанэти, анэм и образращ япэ сызыубыдар. ЩIалэгъуалэм сащыхэткIэ, сащыдэлажьэкIэ, гъуэгу пхэнж техьа щIалэм и гъащIэр сфIэгъэщIэгъуэн мыхъуу къэнэнт?! Абы щIэлъ гупсысэ нэхъыщхьэр дэ махуэ къэс студентхэм яжетIэращ, ди бынхэр зыхуэдущийращ. Сэ къызгурыIуащ жьэрыIуатэу щIалэгъуалэм ябгъэдэтлъхьэ гупсысэр Андзор и киномкIэ зэредгъэлъагъуфынур. Мамырыгъэм, зэгурыIуэныгъэм, шыIэныгъэм, лъэпкъ зэныбжьэгъугъэм укъыхуезыджэ теплъэгъуэхэр къызыхэщ сценарийр кино щIын зэрыхуейм сэри срителъхьэ хъуащ. ЯпэщIыкIэ чэнджэщэгъуу, экономисту сыдэлэжьащ «Кавказфильм» студием. Ауэ проектым нэхъри зиукъуэдийри, продюсер къалэнри згъэзэщIащ.
- Уи IэщIагъэкIэ, щIэныгъэкIэ упэIэщIэ пэтми, утегушхуащ щэнхабзэм лъэбакъуэщIэ щыпчыну…
- Иджы япэу апхуэдэ Iуэху иужь сихьэу аращ, пэжу. Илъэс зыбжанэ ипэ кино тезых гупым садэлэжьэну къызжаIамэ, си фIэщ хъунутэкъым. Ауэ ноби сыхущIегъуэжыркъым тыншу щымыта а лъэбакъуэр зэрысчам. Пэжщ, урысей кином и зэхэлъыкIэр, ар тепхыным, пхыбгъэкIыным пыщIа гугъуехьхэр куэд мэхъу. Языныкъуэхэм деж укъегъэуIэбжь лэжьыгъэ IуэхукIэ зызыхуэбгъазэ цIыхухэм, IуэхущIапIэхэм я гупсысэкIэм, еплъыкIэм. Кином ущеплъкIэ, абы и щIыбагъ къыдэлъ псор зыми и нэгу къыхущIэгъэхьэнукъым, сэри срихьэлIа нэужькIэщ къыщысщIар абы пыщIар зыхуэдизымрэ лэжьыгъэу ирахьэлIэмрэ. ИтIани, ар хуабжьу удэзыхьэх Iуэхущ.
- Абы и лъэныкъуэкIэ сыноупщIыну сыхуейт, сыт уи дежкIэ нэхъ гугъуу хэлъар узыпэрыхьа Iуэхум?
- Творчествэм и лъэныкъуэкIэ къыщIэддзэнщи, ар зэман, къару, зэфIэкI куэд зытекIуадэ Iуэхущ. Кинор къалэ зыбжанэм щытетхащ, бгым дыщыдэкIуеяи къэхъуащ, тхьэмахуэм и кIуэцIкIэ зы жэщ-махуэм сыхьэт зыбжанэ фIэкIа дыщымыжеяи щыIащ. А псори цIыхум къехьэлъэкI пэтми, ифIэфIу ищIэмэ, хъер къыпэкIуэнущ. Андзор хузэфIокI я нэхъ гугъуехьми утригъэгушхуэну, уезэшами, ипэкIэ узэрыбэкъуэн къару къыпхилъхьэну. Творчествэм епха а Iуэхухэр къыптехьэлъэнукъым, уи гупсысэкIэр зэтехуэу, узэдэIэпыкъужу узэдэлажьэмэ. Дыгъэ къыкъуэкIыгъуэм и зы теплъэгъуэр режиссёрыр зэрыхуейм хуэдэу къэбубыдыныр нэхущым щегъэжьауэ сыхьэт бжыгъэкIэ тепхми, къохьэлъэкIынукъым, ар режиссёрыр арэзы техъуэн хуэдэу къыщIэкIамэ. Зы кадр закъуэр тIощIрэ тепхыжми, кърикIуам ущыщыгуфIыкIкIэ, гугъуехьу узыхэтар пщогъупщэж. А псом сэ схуэдэхэр, щIэныгъэм ирилажьэхэр, щыкIэлъыплъкIэ, нэхъ телъыджэжу къащохъу. АбыкIэ жысIэну сызыхуейращ - лэжьыгъэр гугъуми, псэм зыдегъэпсэху, гур хегъахъуэ.
Кинор хьэзыр хъуа нэужь, ар гъэкIуэтэным гугъуехь нэхъыбэ пыщIащ. Уеблэмэ фильм тепхыныр Iуэхум и Iыхьэ щанэрауэ жыпIэ хъунущ, ар къыдэкIыным апхуэдизкIэ куэд пыщIащи.
- Тыншт узыхэта гупым уадэлэжьэну? Дауэ къыпщыхъуа «Кавказфильм» киностудием Iуэху дэпщIэныр, актёрхэм я лэжьыгъэр?
- Режиссёр ЕмкIуж Андзор апхуэдэ зэфIэкI иIэщ - зыхуей цIыхур зыпэригъэувэну Iуэхум хуэфащэу къыхехыф, ар оператор ирехъу, актёр ирехъу, нэгъуэщI къалэн зи пщэ дэлъхэрауи щрет. Ар зи гугъу сщIа спектаклымкIи слъэгъуат, иджыри аращ. Зы щапхъэ къыпхуэсхьынщ - сценарийр щитхым, лIыхъужь нэхъыщхьэу хэт цIыхуиплIым я ролхэр зыгъэзэщIэнур хэтми ищIэрт, япэщIыкIэ ар зэригъэзахуэри, итIанэ иужь ихьауэ аращ. Адрей актёрхэр кастингкIэ къыхихащ. А псоми я псэемыблэж лэжьыгъэр сэ слъэгъуащ, сыт хуэдэ гугъуехь къыкъуэмыкIами, актёрхэр джэгурт. Тхьэщыгъуей Жаннэ и роль къудейр сыт и уасэт? Анэм и псэм телъ гуIэгъуэр абы къызэригъэлъэгъуам хуэдэу зыхузэфIэкIын куэд щыIэкъым. Зи гугъу сщIыр фэ экраным щыфлъэгъуа теплъэгъуэ кIэщIым деж къыщынэркъым. А зы теплъэгъуэр къыхахын папщIэ дубль 15 - 20 трахырт. А псом дежи Жаннэ а ролым ихьэн хуейт, нэпс пэж къыщIигъэкIын хуейт. Абы сыздеплъым телъыджэ сщыхъур зыт: си пащхьэ къис бзылъхугъэр зи бын яукIа анэу фIэкIа, кино техыпIэм ит актрисэу зэрыпщIэн дунейм теттэкъым. Режиссёрыр нэпс щыхуейм деж Жаннэ къыщIигъэкI нэпсым и хъуреягъым щытыр дигъэдзыхэрти, дигъагъырт. Аракъэ актёр жыхуаIэжри?! Апхуэдэ дыдэт Кетенчиев Тимур и ролри. Езы Тимур гъащIэм Iэщабэ-Iущабэу, псэ къабзэу, цIыху гуапэу хэтщ. Андзор абы къыхуигупсыса ролыр а щIалэм зыкIэ дахэу, екIуу игъэзэщIащи, ар кином уеплъа нэужь, зэи пщымыгъупщэжын образу гум къонэ, напэ къабзэмрэ пщIэ лъагэмрэ я джэлэсу. Ди лIыхъужь нэхъыщхьэ Хьэмырзэ Ахьмэд и образыр къызыхуэтыншэу къызэригъэлъэгъуар-щэ?! АдыгэлI щыпкъэм и щапхъэ нэсщ мис ар. Сыт хуэдэ щытыкIэ димыхуами, тыншу дыщIызэдэлэжьам и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэр режиссёрым дзыхь хуэтщIу абы иужь дызэриуварщ, актёрхэр зэчиифIэу къызэрыхихарщ.
- Дэ зэрытщIэмкIэ, «Невиновен» фильмыр Урысейм щагъэлъэгъун ипэ къихуэу ди къэралми, хамэ щIыпIэхэми щекIуэкIа кинофестивалхэм хэтащ. Дэ кинор дыдейщ, ди хьэл, ди хабзэ, ди щэн, ди тхыдэ хыдолъагъуэри, дигу ирихьынущ, дыщыгуфIыкIынущ, шэч хэмылъу. СфIэгъэщIэгъуэнщ нэгъуэщI лъэпкъ къыхэкIахэм, нэгъуэщI къэрал щыпсэухэм ар къазэрыщыхъуар. Уэ зыхэпхам щыщ къыджепIэжыну сыхуейт.
- Пэжщ, «Невиновен»-р Канадэми, Израилми, Урысейм и къалэ куэдми щагъэлъэгъуащ. Дэни яфIэгъэщIэгъуэну щеплъащ Кавказым и дахагъым, абы щызэрахьэ хабзэхэм, цIыхухэм щаIэ псэукIэм, зэхэтыкIэм. Уеблэмэ Кавказыр здэгъэза лъэныкъуэр зымыщIэ куэдым дэ къедгъэцIыхуащ жытIэмэ, дыщыуэнукъым. Хамэ къэралхэм режиссерым къыщеупщIырт ди щIыпIэр зыхуэдэмкIэ, ис лъэпкъхэм я тхыдэмкIэ. Езы фильмым къыщыIэта Iуэхумрэ щыпхыша гупсысэ нэхъыщхьэмрэ фестивалым и кIэлъыплъакIуэхэмрэ къызэгъэпэщакIуэхэмрэ къазэрыгурыIуар, зэрыдихьэхар гуапэ лей тщыхъуащ. КъищынэмыщIауэ, пщIэшхуэщ кином еплъахэм ягу зэрырихьари. Апхуэдэ саугъэт зыбжани къыдатащ. А псом къагъэлъэгъуар зыщ - режиссёрым зыхуигъэувыжа мурадыр къызэрехъулIаращ.
- Iэминат, кавказ кином и къэкIуэнур сыт хуэдэу плъагъурэ?
- Урысей кином нобэ хэлъ гугъуехь къомым еплъытмэ, кавказ кино къэбгъэщIыну е къэбгъэщIэрэщIэжыну тыншкъым. Совет лъэхъэнэм щыIащ кавказ кино, Куржым, Армением, Осетием киностудиехэр щылажьэу щытащ. Ауэ ахэр блэкIам къыхэнащ.
Нобэ киногъуазджэр къыщыщIэрэщIэж лъэхъэнэу жыпIэ хъунущ. Абы и лъэныкъуэкIэ ЕмкIуж Андзор куэдым тегушхуащ. Ар апхуэдэу бгъэдэмыхьамэ, дэ гупышхуэри дыдригъэхьэхыфынутэкъым, кинори трихыфынутэкъым. Кавказ кино жытIэ щхьэкIэ, ар урысейпсо кином и пщIэр къэзыIэт зы Iыхьэщ, «Невиновен»-ри абы щыщ зы лэжьыгъэщ. Си гугъэщ, дяпэкIэ кино тезыхыфынухэри, щэнхабзэм зезыгъэужьыфынухэри диIэну. Абы папщIэ зэчий зыбгъэдэлъхэр нэхъ тегушхуэгъуафIэу къыщIэкIын хуейуэ аращ, ЕмкIужым хуэдэу.
- Продюсер къалэн щыбгъэзащIэкIэ, кином текIуадэ, къыхэкI ахъшэм уи Iуэху хэлъщ…
- ЗанщIэу къыжыIапхъэщ дебют кинокIэ ахъшэшхуэ къызэрумылэжьыфынур. Ар дэркIэ гурыIуэгъуэщ. Кином хэтлъхьари Голливудым щыхалъхьэм хуэдэкъым, къэралри къыддэIэпыкъуакъым, атIэ щхьэзакъуэ инвестицэщ зэрытетхар. АдэкIэ кином еплъхэм я бжыгъэращ зытеухуар. Абы къыщIэкIынур лъабжьэ хуэхъунущ къыкIэлъыкIуэ лэжьыгъэм. «Кавказфильм» киностудием зэфIэкI, зэчий, къару, щIэныгъэ, кIуэаракъэ, зыхуеину псори иIэщ адэкIэ зиужьынымкIэ. Ауэ мылъкум куэд зэрелъытар къэплъытэмэ, ди япэ кином къыщIэкIынум, шэч хэмылъу, дыщогугъ.
- КъыкIэлъыкIуэ лэжьыгъэм ухуэхьэзыр, «Кавказфильмым» удэлэжьэну?
- НтIэ. Уеблэмэ си фIэщ сщIыну сыхуейщ адрей кином нэхъ тыншу делэжьыфыну. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, мы кином иужь ита псом ди дежкIэ киногъуазджэм щытча япэ лъэбакъуэт мыр. Уеблэмэ актёрхэр театр актёрт, кином и пIалъэшхуэ ящIэу щыттэкъым. ИкIи къыхагъэщырт кино утыкумрэ театр утыкумрэ куэдкIэ зэрызэщхьэщыкIыр. Операторхэм махуэ къэс лэжьыгъэ цIыкIухэр трах, ауэ апхуэдэ ин иджы япэу пэрыхьауэ аращ. ИтIани, зы цIыху хэкIыжынукъым Андзор зэригъэпэща гупым. Дызэрызэдэлэжьа илъэсищым зэдгъэщIа мащIэр къэдгъэсэбэпу адэкIи ди гуащIэ, къэухь зэхэтлъхьэну ди мурадщ. Псом нэхърэ нэхъапэращи, гукъыдэжрэ къарурэ диIэщ, мурад дахэ куэд зиIэ режиссёр зэчиифIэ ди пашэщ.
- Упсэу, Iэминат, Тхьэм фыхущIигъэхьэ.
Епсэлъар НЭЩIЭПЫДЖЭ Замирэщ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "994.txt"
} |
Я лэжьыгъэр къызэщIакъуэж
КъБР-м и Правительствэм
КъБР-м и Правительствэм дыгъэгъазэм и 19-м щекIуэкIащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм хабзэр къыщызэпемыгъэудынымкIэ IуэхущIапIэ зэмылIэужьыгъуэхэм я лIыкIуэхэр зыхэт комиссэм и зэIущIэр. Абы къыщаIэта Iуэхугъуэхэм ящыщт къагъэсэбэпа энергоресурсхэм я уасэмкIэ ятелъ щIыхуэр зымытыж IуэхущIапIэхэм ехьэлIауэ зэфIагъэкI лэжьыгъэр.
КъБР-м и МВД-м Iулъхьэм пэщIэтынымрэ экономикэ шынагъуэншагъэмкIэ и управленэм и унафэщIым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Бетрожь Мурат жиIащ 2019 гъэм республикэм и гъэсыныпхъэ-энергетикэ IэнатIэм епхауэ щIэпхъаджагъи I86-рэ къызэрыщIагъэщар. Абы щыщу экономикэ щIэпхъаджагъэр - 44-рэ, уголовнэ Iуэху къаIэтын хуей щIэхъуар - 142-рэ. ЩIэпхъаджагъэ хьэлъэу къалъытар 21-рэ мэхъу.
- Псоми зэхэту хэщIыныгъэу къахьар сом мелуани 8-рэ мин 242-рэ мэхъу. Абы щыщу япшыныжащ сом мелуани 5-рэ мин 390-р. 2019 гъэр къызэрихьэрэ КъБР-м и МВД-м и лэжьакIуэхэм административнэ протокол мини 2,1-рэ ягъэхьэзыращ УФ-м и КоАП-м и Iыхьэ 7.19-м къыщыгъэлъэгъуам ипкъ иткIэ. Хабзэм хуит имыщIу газым зэрызыпащIам ехьэлIауэ протокол 1382-рэ, апхуэдэ дыдэу хабзэм къемызэгъыу электрокъарур къызэрагъэсэбэпам ехьэлIауэ - 760-рэ едгъэтхащ, - жиIащ Бетрожьым. - КъищынэмыщIауэ, 2019 гъэм уголовнэ Iуэхуи 3 къэтIэтащ «Газпром межрегионгаз Налшык» ООО-м Аруан, Дзэлыкъуэ, Бахъсэн щIыналъэхэм щиIэ къудамэхэм ехьэлIауэ. Ахэр теухуауэ щытащ цIыхухэм къагъэсэбэпа щIыуэпс газым щIигъуу зэрыхуатхам (япэмрэ етIуанэмрэ сом мелуан плIырыплI, ещанэм - сом зы мелуаным щIигъу къемызэгъыу ятхат). И къулыкъум тегушхуэу IуэхущIапIэм и ахъшэр къызэригъэсэбэпам къыхэкIыу «Газпром межрегионгаз Налшык» ООО-мрэ «Газыр тезыгуашэ газпром Налшык» АО-мрэ я унафэщIу щытам ехьэлIауэ уголовнэ Iуэху къэтIэтащ, ар 2019 гъэм и кIэ пщIондэ судым едгъэхьыну ди мурадщ. Къыхэгъэщыпхъэщ, электрокъарум ехьэлIауэ къулыкъу зыIыгъхэм ялэжь щIэпхъаджагъэхэми ди лэжьакIуэхэм гулъытэ зэрыхуащIар. Псалъэм папщIэ, ШынагъуэншагъэмкIэ федеральнэ IэнатIэм КъБР-м щиIэ къудамэр ди гъусэу, мы гъэм къызэпыдудащ щIэпхъаджагъэ ялэжьыну мурад зиIа гупым я Iуэхур. 2017 гъэм къыщыщIэдзауэ 20I8 гъэ пщIондэ «Къэббалъкъкоммунэнерго» МУП-м и унафэщIу щытар и лэжьакIуэхэм гурыIуауэ, хьэрычэтыщIэхэмрэ IуэхущIапIэхэм я унафэщIхэмрэ Iулъхьэшхуэ къыIахауэ щытащ, къагъэсэбэпа электрокъарур хабзэм къемызэгъыу зэрагъэмэщIам папщIэ.
Къэпсэлъам зэрыжиIамкIэ, 2019 гъэм щэкIуэгъуэм и I-м ирихьэлIэу, «Газпром межрегионгаз Налшык» ООО-м и дебитор щIыхуэр сом меларди 5-м щIегъу: цIыхухэм ятелъыр сом меларди 3,256-рэ мэхъу, IуэхущIапIэхэм - сом меларди 2,304-рэ. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм къыщагъэсэбэпа газымкIэ щIыхуэр псори зэхэту сом мелард 14-рэ мелуан 795-рэ мэхъу. 2019 гъэм и щIышылэ - жэпуэгъуэ мазэхэм къриубыдэу цIыхухэм къагъэсэбэпа газым и процент 92,2-м уасэр щIатащ, хуабэ къэзыт IуэхущIапIэхэм ар процент 49,9-кIэ ягъэзэщIащ, бюджет IуэхущIапIэхэм - проценти 101-кIэ.
ЗэIущIэм республикэ унафэщIхэр щытепсэлъыхьащ лъэхъуэщым кърагъэкIыж цIыхухэр гъащIэм хэзэгъэжынымкIэ ирагъэкIуэкI лэжьыгъэм.
КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Къалэбатэ Рустам къыщыпсалъэм къыхигъэщащ я IуэхущIапIэм, КъБР-м и МВД-м, Тезырхэр егъэпшынынымкIэ федеральнэ IэнатIэм и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэм зэгурыIуэныгъэ зэрызэращIылIар, суд зытращIыхьа, ауэ ямыгъэтIыса цIыхухэр медицинэ Iуэхутхьэбзэ хуэныкъуэмэ, апхуэдэуи афияным дихьэхахэм якIэлъыплъын хуей хъумэ зэрызэдэлэжьэнум теухуауэ.
2019 гъэм и мазибгъум къаутIыпщыжащ цIыху 92-рэ. Абыхэм ящыщу афиянафэу цIыху 15 сымаджэщым и учётым ягъэуващ, зэраныгъэ къэзышэ наркотик лIэужьыгъуэхэр зэзыхьэлIа цIыху 25-м кIэлъыплъащ.
- 2019 гъэм ямыгъэтIысу тезырыр зыпшыныну суд зытращIыхьахэм я бжыгъэр цIыху 3I6-рэ мэхъу. Абыхэм ящыщу 44-р наркотикым дишэхауэ диспансер учётым ягъэуващ, профилактикэ и лъэныкъуэкIэ цIыхуи 121-м я нэIэ тетщ, - жиIащ къэпсэлъам. - КъищынэмыщIауэ, ВИЧ узыфэ яIэу къаутIыпщыжахэр цIыху 43-рэ мэхъу, цIыху 11-м адэкIэ зыкIэлъагъэплъыну СПИД-мрэ узыфэ зэрыцIалэхэмрэ пэщIэтынымкIэ центрым зыхуагъэзащ, 3-м сымаджэщым зыщрагъэIэзащ. КъБР-м и УФСИН-м и къудамэхэм цIыху 11 къаутIыпщыжащ жьэн узыфэ яIэу, ахэр учётым ягъэуващ дохутырхэр къыкIэлъагъэплъыну. Психиатр дэIэпыкъуныгъэ хуэныкъуэхэм, жылагъуэм зэран хуэхъункIэ шынагъуэ зиIэхэм щакIэлъоплъ КъБР-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм и «Психоневрологие сымаджэщ» къэрал IуэхущIапIэмрэ район сымаджэщхэм епхауэ лажьэ психиатр кабинети 9-мрэ.
КъБР-м лэжьыгъэмрэ социальнэ дэIэпыкъуныгъэмкIэ и министр Асанов Алим жиIащ 2019 гъэм щэкIуэгъуэм и 1-м ирихьэлIэу республикэм социальнэ Iуэхутхьэбзэхэр щыхуащIэ и IуэхущIапIэхэм суд зытращIыхьа цIыху 34-рэ зэрыщыпсэур. Абыхэм ящыщу 27-м япэ, етIуанэ, ещанэ гупхэмкIэ ныкъуэдыкъуагъэ яIэщ.
- Дызэрыт илъэсым республикэм «ЛэжьыгъэмкIэ, цIыхухэр IэнатIэкIэ къызэгъэпэщынымрэ социальнэ дэIэпыкъуныгъэмкIэ центр» и къэрал IуэхущIапIэхэм лэжьыгъэ IэнатIэ къыхуагъуэтынымкIэ къадэIэпыкъуну зыхуагъэзащ лъэхъуэщым иса цIыху 27-мрэ суд зытращIыхьа цIыху 13-мрэ. Лэжьыгъэ IэнатIэ къагъуэтащ япэ гупым хиубыдэ цIыхуи 6-мрэ, етIуанэ гупым щыщу зымрэ, - дыщIигъуащ Асановым.
КъБР-м и УФСИН-м и унафэщIым и къуэдзэ Къанкъул Аслъэн зэрыжиIамкIэ, 2019 гъэм суд зытращIыхьа цIыху 350-м паспорт ямыIэу къыщIэкIащ. Федеральнэ бюджетым къыхэкIа ахъшэкIэ цIыху 3I9-м ядэIэпыкъуащ дэфтэрыр ягъэхьэзырынымкIэ.
- Гулъытэ ин зыхуэтщIхэм ящыщщ ягъэкъуэншахэм я щIэныгъэм дегугъунри. БлэкIа гъэ еджэгъуэм IуэхущIапIэхэм (ИК-1, ИК-2) епха курыт щколхэмрэ чэнджэщ щрат пунктхэмрэ (ИК-4, КП-5) суд зытращIыхьа цIыху 91-рэ щедгъэджащ. Гъэ еджэгъуэщIэм цIыхуи 131-м я еджэкIэм ди нэIэ тетынущ, - жиIащ абы. - Лъэхъуэщым икIыжа нэужь цIыхур гъащIэм хэзыгъэзэгъэжыр абы и IэщIагъэращи, центриплIымрэ Урысейм тезыр зытралъхьахэм егъэпшынынымкIэ и федеральнэ IэнатIэм епха еджапIэ №214-мрэ щрагъаджэ, IэщIагъэ 22-м тещIыхьауэ (дэрбзэр, пщафIэ, гъущI зэпызыгъавэ, н. къ.). Апхуэдэу 2018 - 2019 гъэхэм Урысейм и УФСИН-м и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэм я къуаншагъэр щагъэзэкIуэж и IуэхущIапIэхэм щыIэу IэщIагъэ зрагъэгъуэтахэм я бжыгъэр цIыху 620-рэ хъууэ щытащ. 2019 гъэм ягъэтIыса цIыху 422-рэ ирагъэджэнущ. Дызэрыт илъэсым ягъэкъуэнша цIыху 259-м зыхуагъэзащ социальнэ лэжьакIуэхэм IэнатIэ къыхуагъуэтынымкIэ, пенсэ зэрагъэпэщынымкIэ, пщIэншэу автобускIэ зэрызекIуэнымкIэ къадэIэпыкъуну. ЯгъэтIысахэр къыщаутIыпщыжым ират ахъшэ дэIэпыкъуныгъэр (сом 850-рэ) мы зэманым къаIэрохьэ цIыху 845-м. А Iуэхум мы гъэм текIуэдащ зы мелуанрэ мини 150-рэ.
Къэпсэлъам зэрыжиIамкIэ, республикэм и районхэм IуэхущIапIэ хэхахэр щыIэщ суд зытращIыхьахэр щылэжьэну Iэмал яIэу. Иджыпсту апхуэдэ IуэхущIапIэхэм я бжыгъэр 339-рэ мэхъу, квотэкIэ абыхэм IэнатIэ 972-рэ къыщыдахауэ щытщ. Я къуаншагъэр зэрагъэзэкIуэж лэжьыгъэм ирашэлIауэ абыхэм щолажьэ цIыху 435-рэ, 537-р - зэпымыууэ. Къыхэгъэщыпхъэщ, тезырыр япшына нэужьи, абыхэм я нэхъыбэр адэкIи а IуэхущIапIэхэм щылэжьэну къызэрынэр.
БАГЪЭТЫР Луизэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "995.txt"
} |
121-нэ къыдэкIыгъуэр яIэрохьэ
«Зыщ ди блэкIари, зыуэ щрет ди къэкIуэнури» псалъащхьэм щIэту «Адыгэ псалъэ», «Адыгэ макъ», «Черкес хэку» лъэпкъ газетхэм зэгъусэу ягъэхьэзыр номер зэхэтхэм я зи чэзу 121-нэ къыдэкIыгъуэр дунейм къытехьащ. Ар траухуащ а Iуэху щхьэпэр къызэрырахьэжьэрэ илъэс 30 зэрырикъуам. Адыгэ газетхэм я журналистхэр ириплъэжащ илъэс 30 хъу гъуэгуанэм, а Iуэхум нэхъ жану хэтахэм я цIэ къраIуащ.
Мы тхыгъэри а къыдэкIыгъуэм кIуэн хуеят, ауэ номерыр хьэзыр хъуа иужькIэ къызэрытIэрыхьам и щхьэусыгъуэкIэ идмывгъэувэу къэнащ. Апхуэдэу щытми, «Черкес хэкум» и редактор нэхъыщхьэм и псалъэр щIэджыкIакIуэхэм зэралъэIэсын нэгъуэщI IэмалыфIи щыIэщ - «Адыгэ псалъэм» и зи чэзу электрон къыдэкIыгъуэм апхуэдэ Iэмал къыдетри, ар къыдогъэсэбэп.
Къэрал Iуэху - лъэпкъ Iуэху
1989 гъэм бадзэуэгъуэм и 18-м къыдэкIа «Ленин нур» газетым и япэ напэкIуэцIым мыпхуэдэу дыкъыщоджэ:
«Ныбжьэгъу лъапIэхэ! Нобэрей ди газет номерыр адрейхэм ящхькъым - ар ягъэхьэзыращ Къэбэрдей-Балъкъэрым, Адыгейм, Къэрэшей-Шэрджэсым адыгэбзэкIэ къыщыдэкI газетищым я лэжьакIуэхэм икIи зэш областхэм, республикэм я гуащIэрыпсэухэм я IуэхущIафэхэм, псэукIэм теухуащ. Журналистхэм я мурадщ илъэс къэс мыпхуэдэ номер зэгуэт тIэунейрэ къыдагъэкIыну. Дыщогугъ ар щIыпIэ зырыз щыпсэу зэлъэпкъэгъухэр зым и псэукIэм адрейр щыгъуазэ щIыным, нэгъуэщI Iуэхугъуэхэу бэм я духовнэ гъащIэм мыхьэнэ ин щызиIэ IуэхугъуэхэмкIэ зэчэнджэщыным, зэдэIэпыкъуным, зэдэпсэуным сэбэп хуэхъуну».
Мыпхуэдэ пэублэ псалъэм щIэту къыдэкIауэ щытащ зэкъуэш хэгъэгуищым я адыгэ газетхэм я япэ номерыр. Абы лъандэрэ псы куэд ежэхащ, гъащIэми къыщыхъуащ зэхъуэкIыныгъэ зэхуэмыдэхэр. Псалъэм папщIэ, абы щыгъуэм япэ номерыр зытета – «Ленин гъуэгу», «Социалистическэ Адыгей», «Ленин нур» газетищми я цIэхэр яхъуэжащ «Адыгэ псалъэ», «Адыгэ макъ», «Черкес хэку» фIэщыгъэхэмкIэ. А зэхъуэкIыныгъэхэми, зэрытщIэщи, щхьэусыгъуэ яхуэхъуар СССР-у щыта къэрал щэджащэр зэхакъутэжу коммунист гупсысэм къигъэщIа зэхэтыкIэр IэщIыб зэращIаращ.
Совет лъэхъэнэм и иужьрей илъэсищым къыдэхъуа, нобэрей Урысей къэралым и зэхэтыкIэм хэзагъэу лъэпкъ Iуэху зезыхуэ ди къыдэкIыгъуэ зэгуэтхэм ди хэгъэгухэр нэхъри зэрызэрашалIэм шэч хэлъкъым. Иужьрей пIалъэм къэунэхуа Интернет, телефон зэпыщIэныгъэхэм зэлъэпкъэгъухэр зэрызэрапхым и мызакъуэу, ди газетхэм я фIыщIэкIи нэхъ гупсэхуу дызэрощIэ, адыгэбзэм и къэпсэлъыкIэ зэхуэмыдэхэр нэхъ гурыIуэгъуэ тщохъу. Апхуэдэ зэпыщIэныгъэм ди лъэпкъым щыщ зэчиифIэхэр, хэкупсэхэр егъэгушхуэ, сыт и лъэныкъуэкIи ехъулIэныгъэхэм хущIэкъуным хуеунэтI.
Ауэ щыхъукIэ, ди къалэнщ хабзэ тхуэхъуа мы IуэхуфIым дяпэкIи зедгъэужьыну, лъэпкъым и зэкъуэтыныгъэм папщIэ тлъэкI къэдмыгъанэу дытелэжьэну.
ТХЬЭГЪЭПСЭУ Увжыкъуэ, «Черкес хэку» газетым и редактор нэхъыщхьэ
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "996.txt"
} |
ЦIыхухэр зэрабжынум зыхуагъэхьэзыр
Къэралым цIыхуу исыр бжыным теухуауэ 2020 гъэм ирагъэкIуэкIыну лэжьыгъэшхуэм зыхуэгъэхьэзырыныр зэрекIуэкIыр къыщапщытащ Бахъсэн щIыналъэм.
ЦIыхухэр бжыныр зи нэIэ щIэтыну комиссэм и зэIущIэ иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ Бахъсэн щIыналъэ администрацэм и унафэщIым и къуэдзэ Къэзан Заур. Абы кърихьэлIащ къуажэ администрацэхэм я Iэтащхьэхэр, статистикэмкIэ район IэнатIэм и лIыкIуэхэр, Урысей МВД-м и «Бахъсэн» къудамэм и лэжьакIуэхэр.
Къуажэхэм дэт унэхэм я хэщIапIэхэр тэмэму тхыным теухуауэ ирагъэкIуэкIа лэжьыгъэм кърикIуахэр къигъэлъагъуэу зэIущIэм къыщыпсэлъащ ЦIыхухэр бжыным теухуа урысейпсо Iуэхум Бахъсэн районым зыщыхуэгъэхьэзырынымрэ щегъэкIуэкIынымкIэ жэуаплыныгъэр зи пщэ дэлъ Къунаш Анатолий. Апхуэдэуи зэIущIэм къыщыпсэлъащ Къэрал статистикэмкIэ къулыкъум и управленэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм щыIэм Бахъсэн районым щиIэ къудамэм и IэщIагъэлI нэхъыщхьэ Ахъуэбэч Маринэ.
Фигу къэдгъэкIыжынщи, цIыхухэр бжыным теухуа лэжьыгъэр Урысей Федерацэм и щIыналъэ псоми 2020 гъэм жэпуэгъуэм и I-м къыщыщIэдзауэ и 3I пщIондэ щекIуэкIынущ
«ЦIыхухэр бжыныр икъукIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ лэжьыгъэщ. Абы Iэмал къитынущ мы зэманым къэралым цIыхуу щыпсэур зыхуэдизыр, абыхэм я щIэныгъэр здынэсыр, я ныбжьыр гъэбелджылынымкIэ. Абы кърикIуа бжыгъэхэр къагъэсэбэпынущ социально-экономикэ программэхэр щызэхалъхьэкIэ – апхуэдэу щыщыткIэ ар хуэщхьэпэнущ цIыхухэм я псэукIэр егъэфIэкIуэным», - жиIащ комиссэм хэт, щIыпIэ унафэр зегъэкIуэнымкIэ советым и унафэщIым и къуэдзэ Ахъуэбэч Анзор.
2020 гъэм екIуэкIыну мы Iуэхур нэхъапэм ирагъэкIуэкIахэм къащхьэщыкIынущ а лэжьыгъэм зыщыхуагъэхьэзыркIи ар щрагъэкIуэкIкIи бжыгъэ технологиехэр дэнэ щIыпIи шэщIауэ къызэрыщагъэсэбэпынумкIэ. Хабзэ зэрыхъуам тету, унагъуэхэм кIуэурэ абыхэм щIэсхэр ятхыным къыдэкIуэу, технологиещIэри, «Госуслуги» порталыр и лъабжьэу, къагъэщхьэпэфынущ а лэжьыгъэр зи пщэ дэлъхэм. Я мурадщ а лэжьыгъэр IэмалищкIэ ирагъэкIуэкIыну: цIыхум теухуауэ зэхуахьэсын хуейхэр къыщыгъэлъэгъуа напэкIуэцIу интернетым илъым уэ езым жэуапыр иптхэкIэрэ; планшет компьютерхэр зиIэхэм езыхэм ятеухуауэ абыхэм иралъхьахэр къагъэсэбэпурэ; цIыхухэр бжыныр зи пщэ далъхьахэр унагъуэхэм кIуэурэ абыхэм щIэсхэм я жэуапхэр ятхыурэ.
ЧЫЛАР Аринэ, Бахъсэн щIыналъэ администрацэм и пресс-IэнатIэм и унафэщI
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "997.txt"
} |
Сабийхэр ягъэгуфIэ
ЦIыхухэм суд унафэкIэ тралъхьа тезырхэр щрагъэпшыныжу КъБР-м ит колоние №1-м и лэжьакIуэхэр иджыблагъэ щыIащ республикэм Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм къегъэщIылIауэ лажьэ, жьэн уз зыпкърытхэм щакIэлъыплъ «Вагъуэ цIыкIу» сабий санаторэм.
Мы IуэхущIапIэм и дохутырхэм я нэIэ щIэтщ зи ныбжьыр илъэси 3 - 11 хъу сабиищэм нэблагъэ.
Дохутыр нэхъыщхьэ Кокутенкэ Еленэ УФСИН-м и лэжьакIуэхэм защригъэплъыхьащ санаторэм, цIыкIухэм щеIэзэ, макъамэм, спортым щыхуагъасэ и залхэр яригъэлъэгъуащ. Абы жиIащ сабийхэм я унагъуэхэм щыщыIэ щытыкIэм хуэдэ сымаджэщым къащыхузэгъэпэщыным хуэунэтIа мурадхэри зэраIэр, цIыкIухэр я деж щыщыIэкIэ я унэм хуэмызэшын хуэдэу.
ИК-1-м и лэжьакIуэхэм къабгъэдэкIыу санаторэм тыгъэ хуащIащ макъамэ центр, зэрыджэгу хьэпшып цIыкIухэмрэ IэфIыкIэхэмрэ.
Санаторэм и дохутыр нэхъыщхьэм КъБР-м и уголовнэ-гъэзэщIакIуэ IэнатIэм и лIыкIуэхэм фIыщIэ яхуищIащ я гулъытэм папщIэ.
- ФыкъэкIуэху къэс сабийхэр фогъэгуфIэ, абыхэм я гур хывогъахъуэ, апхуэдэ щIыкIэкIэ цIыкIухэм я нэгу зывогъэужь, дэрэжэгъуэ явот. А псори сэбэп мэхъу сабийхэм я узыншагъэр егъэфIэкIуэнымкIэ, - къыхигъэщащ Кокутенкэ Еленэ.
ЗЭБАР Мадинэ, КъБР-м щыIэ УФСИН-м и пресс-IэнатIэм и унафэщI.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "998.txt"
} |
Правительствэмрэ муниципалитетхэмрэ я унафэщIхэм я зэIущIэ
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ республикэм и Правительствэмрэ муниципалитетхэмрэ я унафэщIхэр зыхэта зэIущIэ. Абы къыщаIэта Iуэху нэхъыщхьэр цIыхухэм яхуэзэнымкIэ Урысейм гъэ къэс къыщызэрагъэпэщ махуэ хэхар Къэбэрдей-Балъкъэрым зэрыщекIуэкIарщ.
ЗэIущIэм къыщыхагъэщхьэхукIащ 2019 гъэм дыгъэгъазэм и 12-м республикэм и къэрал властым и органхэм я лэжьакIуэхэр цIыху 300-м щIигъум зэрахуэзар. Абыхэм ящыщу 77-р КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я IуэхущIапIэм къекIуэлIащ. Нэхъыбэу цIыхухэм къаIэтащ псэупIэ-коммунальнэ, социальнэ IэнатIэхэм япыщIа Iуэхухэр, бын куэд зиIэ унагъуэхэмрэ ныкъуэдыкъуэхэмрэ защIэгъэкъуэныр, узыншагъэр хъумэнымкIэ IуэхущIапIэхэм я лэжьэкIэр. Тхьэусыхафэхэм, лъэIухэм ящыщ куэдым занщIэу унафэ пыухыкIахэр тращIыхьащ.
КIуэкIуэ Казбек жиIащ КъБР-м исхэм дэIэпыкъуэгъу тэмэм етыныр министерствэхэм, ведомствэхэм, муниципалитетхэм ирагъэкIуэкI лэжьыгъэм и унэтIыныгъэ нэхъыщхьэхэм зэращыщыр икIи псэупIэм пыщIа гугъуехьхэр къызэнэкIынымкIэ хэкIыпIэхэр убзыхун зэрыхуейр. КъБР-м и Iэтащхьэм къыхигъэщхьэхукIащ зи щхьэ IуэхукIэ къабгъэдыхьэхэм тэмэму епсэлъэн, абыхэм законхэр гурагъэIуэн, адэкIэ я щхьэ Iуэху зэрызэрахуэну щIыкIэр ирагъэлъагъун зэрыхуейр. Абы папщIэ республикэм щыпсэухэм ядэлажьэ IэщIагъэлIхэм я щIэныгъэм зэпымыууэ хамыгъахъуэу хъунукъым.
ЗэIущIэм апхуэдэу щытепсэлъыхьащ лъэпкъ проектхэр гъэзэщIэнымкIэ мы гъэм зэфIагъэкIахэм. Дыгъэгъазэм и 19-м ирихьэлIэу «Хьэрычэт мыинымрэ курытымрэ я щытыкIэр, щхьэзакъуэ хьэрычэтыщIэхэм я жэрдэмхэр ядэIыгъыныр», «Къэрал зэхуаку кооперацэмрэ экспортымрэ», «ПсэупIэмрэ къалэм и щытыкIэмрэ», «ФIагъ зиIэ автомобиль гъуэгу шынагъуэншэхэр» лъэпкъ проектхэм япкъ иткIэ къэув щIыналъэ лэжьыгъэхэм трагъэкIуэдэн папщIэ къаутIыпща ахъшэр нэсу къагъэсэбэпащ. Апхуэдэу, «Демографие» «Егъэджэныгъэ», «Экологие», «Узыншагъэр хъумэныр» проектхэм япкъ иткIэ къапэщыт лэжьыгъэхэр нагъэблэгъащ.
Муниципалитетхэм я Iэтащхьэхэм зэIущIэм хэтахэр щыгъуазэ ящIащ илъэсыщIэм зыхуэгъэхьэзырын и лъэныкъуэкIэ республикэм и жылагъуэхэм щызэфIагъэкIхэм.
КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "999.txt"
} |
ЗэпыщIэныгъэм и фIагъ
Иджыблагъэ лэжьыгъэ IуэхукIэ зэIущIащ КъЧР-м и Правительствэм и тхьэмадэм и япэ къуэдзэ Байчоров Елдаррэ «Россельхозбанк»-м и Ставрополь къудамэм и унафэщI Тихомировэ Зоерэ. ЗэIущIэм хэтащ КъЧР-м мэкъумэш хъызмэтымкIэи министр Боташев Анзор.
ЗэIущIэм хэтахэр тепсэлъыхьащ дяпэкIэ я зэдэлэжьэныгъэм, хуэгъэкIуэтэныгъэ
кредитхэм, банкым и хуэIухуэщIэхэр нэхъыбэ щIыным, республикэм и мэкъумэш хъызмэтым 2020 гъэм нэгъунэ зиужьыным теухуа къэрал программэхэм.
КъинэмыщIауэ, зэдэлэжьэныгъэ зэгурыIуэныгъэ зэхуэмыдэхэр зэIущIэм деж щызэдащIащ.
ШЫБЗЫХЪУЭ Ирэ
| {
"source": "cherkes-haky.ru",
"id": "1075-2.txt"
} |
Президентым дащтэ
Президентым дащтэ
Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимир мы гъэм накъыгъэм (майм) и 11-м жиIащ коронавирус уз зэрыцIалэм къыхэкIыу урысей цIыхухэр я унэхэм щIэсыным, лъэныкъуэ зырагъэзыным (самоизоляция) щытыкIэм хуэм-хуэмурэ къызэрыхэкIыжынур, лэжьапIэхэм зэрыдэкIыжынур.
КъинэмыщIауэ, къэралым и Президентым жиIащ иджыри къэс щымыIа дэIэпыкъуныгъэ лIэужьыгъуэхэр зэрыщыIэнур. Ахэр зыхуэунэтIар экономикэ зэфIэзэрыхьыныгъэм зи псэукIэр нэхъри хьэлъэ ищIа, сабий зыщIэс унагъуэхэм финанс дэIэпыкъуныгъэ ирагъэгъуэтынращ.
Жылагъуэм и гупсысэр джынымкIэ Урысейпсо купсэм (ВЦИОМ) иригъэкIуэкIа щIэупщIэныгъэм къызэригъэлъэгъуащи, Урысейм и цIыхухэм я нэхъыбэм ягу ирихьащ Президентым и къыхэлъхьэныгъэхэр, унагъуэхэм зэрадэIэпыкъуну Iэмалхэр. Апхуэдэу, урысей цIыхухэм я процент 81-м къызэралъытэмкIэ, Президентым и къэпсэлъэныгъэм къыщыхигъэща дэIэпыкъуныгъэхэр жылагъуэмкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэщ икIи ахэр дащтэ.
Апхуэдэу, зэ тыгъуэу сом мини 10 зырыз, зи ныбжьыр илъэси 3-15 хъуахэм иратыныр урысей цIыхухэм я процент 95-м Президентым дащтащ. Сабийм кIэлъыплъу, мылажьэу щысым ират пособэр хуэдитIкIэ хагъэхъуэнри ягу ирихьащ процент 93-м. Къэрал дэIэпыкъуныгъэщIэхэм щыщщ процент 92-р арэзыныгъэкIэ зыпэджэжари: мы гъэм мэлыжьыхь(апрель)-мэкъуауэгъуэ (июнь) мазищым мазэ къэс сом мини 5 зырыз илъэси 3-м нэс зи ныбжь сабийхэм иратыныр.
Урысей цIыхухэм я процент 91-м дащтащ илъэси 3-7 зи ныбжь сабийхэми пособэ иратыным теухуауэ Президентым къихьа унафэр. Социальнэ къулыкъухэм щылажьэхэм я иужьрей мази 3 улахуэми хэхъуэ зэрыхуащIынур ягу ирихьащ.
Экономикэм и лъабжьэгъэтIылъ IуэхущIапIэхэм, санитар мардэхэр ягъэзащIэу, я лэжьыгъэр ирагъэжьэжынымкIэ ягъуэта хуитыныгъэми урысей цIыху куэдым арэзыныгъэ иратащ. Апхуэдэхэр процент 89-рэ мэхъу. Процент 80-р арэзы техъуащ накъыгъэм и 12-м щегъэжьауэ лэжьэгъуэ махуэхэр щIидзэжыным, ауэ санитар мардэхэр ягъэзащIэу, цIыху куэд зэхыхьэхэр щымыIэу.
Процент 76-м ягу ирихьащ зи уней Iуэху зезыхуэ хьэрычэтыщIэхэм, IуэхущIэхэм 2019 гъэм ята хьэкълыкъым зэрыщыту къыхурырагъэгъэзэжыным, коронавирусым и зэран зэкIа IуэхущIапIэхэм мы гъэм и мэлыжьыхь-мэкъуауэгъуэ мазэхэм хьэкълыкъ ямытынм теухуауэ Путин Владимир жиIар. Коронавирус узыр къэхутэнымкIэ тестхэр нэхъыбэ хъуащ—зы жэщ-махуэм мин 300-м нэс. Апхуэдэ щытыкIэр ягу ирохь урысей цIыхухэм я процент 75-м.
Узым и ягъэкIэ зи лэжьыгъэр зэтеувыIа, хэщIыныгъэ зыгъуэта IуэхущIапIэхэм, къулыкъущIапIэхэм я Iуэхухэр ирагъэзэкIуэжын IэмалкIэ кредит программэ щхьэхуэ ирагъэжьащ. Апхуэдэ Iэмалыр дащтащ къэралым щыпсэум и процент 72-м. Узым ехьэлIа унафэхэр, «самоизоляцием» къикIыным теухуа унафэхэр шынагъуэншагъэм, санитар щытыкIэм елъытауэрэ хэгъуэгухэм я Iэтащхьэхэм унафэхэр къахьынымкIэ УФ-м и Президентым ярита хуитыныгъэр дащтащ урысей цIыхухэм я процент 71-м.
МРОТ-м хуэдиз хьэкълыкъ вычет хьэрычэтыщIэхэм хуащIыным дащтащ урысей цIыху процент 70-м. Уней хьэрычэтыщIэхэм е хыхьэхэкI цIыкIум финанс дэIэпыкъуныгъэ мыин языгъэгъуэт къэрал къулыкъухэм къэрал дэIэпыкъуныгъэ ягъэгъуэтынымкIэ Президентым и къыхэлъхьэныгъэр дащтащ Урысейм и цIыхухэм я процент 63-м.
УФ-м и Президентым и къэпсэлъэныгъэм къыщыхигъэща дэIэпыкъуныгъэ Iэмалхэр игъуэу, мыхьэнэшхуэ иIэу къалъытэу дащтащ Урысейм и цIыхухэм я процент 81-м.
| {
"source": "cherkes-haky.ru",
"id": "1725-2.txt"
} |
Бзэр, IуэрыIуатэр, щэнхабзэр
Къэралым и Конституцэм и 68, 69-нэ статьяхэм халъхьэну ягъэнэIуа зэхъуэкIыныгъэхэм лъэпкъыбзэхэм я хьэлэмэт хэлъщ. Абыхэм япкъ иткIэрэ, дэтхэнэ лъэпкъми конституцэ хуитыныгъэ иIэщ и бзэр иджынымкIэ, зригъэужьынымкIэ.
КъинэмыщIауэ, Урысей Федерацэм зыуи дикъузэкъым лъэпкъ мащIэхэм я хуитыныгъэхэр. Апхуэдэхэм я бзэр яджынымкIэ, я IуэрыIуатэр яхъумэнымкIэ хабзэ хуитыныгъэ псори яIэщ.
Лъэпкъыбзэхэм, хабзэхэм, IуэрыIуатэм ехьэлIауэ и гупсысэхэмкIэ жылагъуэм догуашэ «Алашара» абазэ лъэпкъ зэгухьэныгъэм и унафэщI Чекалов Георгий.
—Апхуэдэ конституцэ зэхъуэкIыныгъэхэм къагъэлъагъуэ лъэпкъ мащIэхэм я хуитыныгъэхэр, ахэр хъума зэрыхъунури щIегъэбыдэ. Догугъэ лъэпкъыбзэхэр хъума хъуным, заужьыным адэкIи къэралыр и телъхьэ хъуну.
КъинэмыщIауэ, зэхъуэкIыныгъэхэр халъхьа нэужь лъэпкъ мащIэхэр нэхъ жыджэру мы Iуэхухэм хашэну, бзэм зиужьыным экономикэ, социальна щIэгъэкъуэн игъуэтыну дыпоплъэ,— жиIащ Чекаловым.
| {
"source": "cherkes-haky.ru",
"id": "1840-2.txt"
} |
Адыгэ лъэпкъым и щэнхабзэ
Къэрэшей-Черкес Республикэр илъэси 100 щрикъум хуэкIуэу, мэлыжьыхьым (апрелым) и 21-м Байрамуковэ Хьэлимэт и цIэр зезыхьэ Къэрал Лъэпкъ библиотекэм ирагъэкIуэкIащ адыгэхэм я литературэмрэ гъуазджэмрэ я декадэм и пежьэ гуфIэгъуэ зэхыхьэ. Мы махуэм екIуэкIа литературэ пшыхьыр траухуащ адыгэ лъэпкъым и щэнхабзэ щIэиныр, илъэс кIуахэм литературэ, щэнхабзэ я лъэныкъуэкIэ адыгэм илэжьамрэ илэжьымрэ къэпщытэжыным. А псом нэхърэ нэхъыщхьэжыр арати, абдежым ягъэнэIуащ иджырей зэманым тегъэпсыхьа Iэмалхэр къэдгъэсэбэпурэ адыгэбзэр зэрытхъумэну щIыкIэхэр. АтIэ, щIэблэр хэкупсэрэ гущхьэгъэсэкIэ тэрэз яIэу къэгъэтэджын папщIэ, адыгэм и щэнхабзэ бейм мыхьэнэ ин зэриIэр хэткIи хьэкъщ… Дауэдапщэм кърагъэблэгъахэм яхэтащ адыгэм и щIэныгъэрылажьэхэр, и творческэ интеллигенцэм щыщ цIыху щхьэхуэхэр. Апхуэдэу, адыгэ литературэмрэ гъуазджэмрэ теухуа пшыхьым щыIащ КъЧР-м и «Адыгэ Хасэ – Черкесский Парламент» жылагъуэ зэщIэхъееныгъэм и тхьэмадэ Аслъэнхэ Алий, филологие щIэныгъэхэм я кандидат Къанкъуэщ Арсен, СССР-м, УФ-м и журналистхэм я Союзхэм хэт, УФ-м и тхакIуэхэм я Союзым хэт Даур Жэхьфэр, УФ-м и журналистхэмрэ и тхакIуэхэмрэ я Союзхэм хэт ГъукIэкъул Даут, КъЧР-м щIыхь зиIэ и журналистхэу Бемырзэ Зурабрэ Абидокъуэ Люсанэрэ, Акъ Мухьэрбэч и цIэр зезыхьэ адыгэ Драмэ театрым и унафэщI Куштэ Динэ, театрым и актерхэр, Къэрэшей-Черкес Къэрал филармонием и уэрэджыIэхэу Унэжь МуIэедрэ Думэныщ Лианэрэ, телевиденэмрэ газетхэмрэ я журналистхэр, студентхэр, нэгъуэщIхэри. Адыгэм и щэнхабзэм папщIэ ягъэхьэзыра декадэр къызэIуихкIэрэ, къэпсэлъащ библиотекэм и унафэщI Хапчаев Сэлыхь. — Мы махуэхэм дэ идогъэкIуэкI КъЧР-м щыпсэу лъэпкъхэм я литературэмрэ гъуазджэмрэ я декадэхэр, нобэ и чэзущ адыгэ лъэпкъым и щэнхабзэм. Литературэмрэ гъуазджэмрэ я декадэ Иджыблагъэ къэрэшей, нэгъуей, абазэ лъэпкъхэм яхуедгъэкIуэкIащ литературэ пшыхь купщIафIэхэр. Мы илъэсым дгъэхьэзыра декадэр тыдоухуэ КъэрэшейЧеркес Республикэр дяпэгъэ илъэси 100 зэрырикъунум. Абы къинэмыщIауэ, псоми зэрытщIэщи, мы илъэсыр медицинэмрэ щIэныгъэмрэ я Илъэсщ. Декадэм зыхуэдгъэхьэзыркIэрэ, дэ тхылъ къыдэдгъэкIащ ди республикэр гъуазджэм и лъэныкъуэкIэ зыгъэбжьыфIа цIыхухэм ятеухуауэ. Абы ихуащ артистхэм, сурэтыщIхэм, художникхэм, композиторхэм, уэрэджыIэхэм, нэгъуэщI IэщIагъэлIхэм я къекIуэкIыкIам теухуа тхыгъэхэр. Иджыри, мыгъэрей декадэр щIедгъэкIуэкIым и мыхьэнэ нэхъыщхьэу къызолъытэ – ижь зэман лъандэрэ лъэпкъхэм къыддэгъуэгурыкIуэ псэ лъапIагъэхэр зэрытхъумэным, диIэм зэрыхэдгъэхъуэным, ахэр хэIущIыIу зэрытщIыным дытепсэлъыхьыну лъэкIыныгъэ диIэр. Абы папщIэ, библиотекэм и лэжьакIуэхэм лэжьыгъэ ин ирагъэкIуэкI. ИдогъэкIуэкI конференцэхэр, фэеплъ пшыхьхэр, гъэлъэгъуэныгъэхэр, хэгъуэгур дызэрыгушхуэ цIыхухэр догъэлъапIэ. Адыгэм и щэнхабзэм, и IуэрыIуатэм теухуауэ мы илъэсым мыпхуэдэ дауэдапщэхэр едгъэкIуэкIагъэххэщ: журналист Даур Жэхьфэр илъэс 90 зэрырикъум теухуауэ, тхакIуэ, усакIуэ, IуэрыIуатэдж цIэрыIуэ Шэрджэс Алий (илъэс 85-рэ), УФ-м и цIыхубэ артист Гъуэт Хъусин (илъэс 80), Жэгуэтэн Мыхьэмэт (илъэс 95-рэ), АбытIэ Хъызыр (илъэс 80) сымэ ятеухуа пшыхьхэр. Ноби зыхудогъэхьэзыр радиом и журналист, диктор цIэрыIуэ, филологие щIэныгъэхэм я кандидат Брат Хьэсин илъэс 85-рэ зэрырикъум теухуа пшыхьым. Дэ зэхудохьэс лъэпкъхэм я тхыдэр, зауэм хэкIуэдахэм я унагъуэцIэхэр къыдолъыхъуэж. Аращи, фи хэкуэгъухэм ятеухуауэ хъыбар къэфлъыхъуэмэ, фыщIэупщIэ, библиотекэр сэбэп къыфхуэхъуфынущ, — жиIащ библиотекэм и унафэщI Хапчаев Сэлыхь. Къэрэшей-Черкес гуманитар къэхутэныгъэ институтым и щIэныгъэрылажьэ нэхъыжь, филологие щIэныгъэхэм я доктор Къанкъуэщ Арсен япэу къищIа доклад убгъуамкIэ теIэбащ адыгэ лъэпкъым и литературэ щIэиным и беягъым, къыхигъэщащ игъуэнэмысу тхэкIыжа ди усакIуэ, тхакIуэ лъэщхэм я IэдакъэщIэкI нэхъыфIхэм ящыщхэр. НобэкIэ адыгэбзэр зыгъэлажьэу диIэ ныбжьыщIэхэм я цIэр къриIуэкIэрэ, кърибжэкIащ абыхэм литературэ пкъы щIэту тхылъ къыдагъэкIахэр, темэ-темэкIэрэ иугуэшурэ. КъЧР-м и «Адыгэ Хасэ – Черкесский Парламент» жылагъуэ зэщIэхъееныгъэм и тхьэмадэ Аслъэнхэ Алий и къэпсэлъэныгъэр зыхуэгъэпсауэ щытар хэгъуэгу «Адыгэ Хасэм» «ЩIалэгъуалэ Адыгэ Хасэр» щIыгъуу лъэпкъ литературэмрэ гъуазджэмрэ хэлъхьэныгъэу хуащIымрэ ди щанхэбзэ щIэиныр хъума хъун щхьэкIэ лэжьыгъэу ягъэзащIэмрэщ. Акъ Мухьэрбэч и цIэр зезыхьэ адыгэ Драмэ театрым и унафэщI Куштэ Динэ псалъэ щратым, тепсэлъыхьащ икIи видео IэмалкIэ къызэхуэсахэм яригъэлъэгъуащ мы гъэм театрым лэжьыгъэу иригъэкIуэкIамрэ дяпэкIэ къыпэщылъымрэ, адыгэ лъэпкъым и театр гъуазджэм зэрызрагъэужьыр нэрылъагъуу тегъэщIапIэ ищIурэ. КъинэмыщIауэ, декадэм къекIуэлIахэм нэрылъагъу хуащIащ ди республикэм и сурэтыщI, скульптор ныбжьыщIэхэм я IэдакъэщIэкIхэр. Iуэхум къыхашащ Хьэбэч Умар и цIэр зезыхьэ Къэрэшей-Черкес педагогическэ колледжым я студентхэр, Черкесск дэт курыт еджапIэхэм и егъэджакIуэхэр, Адыгэ Драмэ театрым и актерхэр, КъЧР-м и Къэрал филармонием и артистхэр.
ЛЫХЬ Тимур.
Сурэтыр ТУАРШЫ Беслъэн трихащ
| {
"source": "cherkes-haky.ru",
"id": "2446-2.txt"
} |
Апхуэдэр зэи пщыгъупщэ хъунукъым
Хьид Махуэм Фэеплъымрэ щыгъуэмрэ я махуэм
Мы гъэм мэкъуауэгъуэм (июным) и 22-м илъэс 76-рэ ирикъуащ совет цIыху мелуан 27-м нэсым я псэ щата Хэку зауэшхуэр къызэрыхъейрэ. Абы ехьэлIауэ Черкесск къалэм дэт «ЩIыхьым и мафIэ мыужьыхым» деж «Фэеплъ уэздыгъэ» урысейпсо акцэ щекIуэкIащ. Абы хэтащ къалэм дэт курыт еджапIэхэм щеджэхэмрэ щIалэгъуалэр хэкупсэ-лъэпкъыпсэу гъэсэнымкIэ Купсэм и гъэсэнхэмрэ, Хэку зауэшхуэм и ветеран Канаматов Хамит, къалэм и ветеранхэм я Советым и тхьэмадэ Бурулев Дмитрий сымэ. Хамит и гукъэкIыжхэмкIэ щIалэгъуалэм ядэгуэшащ, Хэку зауэшхуэм щыгъуэ ди совет цIыхухэм гугъуехьу яшэчар къахуиIуэтащ. КъыкIэлъыкIуэу, пщэдджыжьым, сыхьэтыр 10-м абдежым фэеплъ пэкIу щызэхэтащ. Зауэм хэкIуэдахэм я фэеплъым я щхьэр хуагъэщхъыну къекIуэлIащ Къэрэшей-Черкесым и Iэтащхьэ Темрезов Рэшид, УФ-м и МВД-м и Управленэ Нэхъыщхьэу Ищхъэрэ Кавказ федеральнэ хэгъуэгум щыIэм и унафэщI Бачурин Сергей, республикэм и ЦIыхубэ ЗэIущIэмрэ Парламентымрэ) и Правительствэмрэ я тхьэмадэхэу Иванов Александррэ Уэз Аслъэнрэ, Урысейм и Президентым и лIыкIуэу СКФО-м щыIэм и аппаратым къыбгъэдэкIыу Къэрэшей-Черкесым щыIэ федеральнэ инспектор Дральщиков Игорь, Черкесск къалэм и мэр Тамбиев Руслан, Парламентым и депутатхэр, Правительствэм хэтхэр, хабзэхъумэ къулыкъухэм я лIыкIуэхэр, къалэдэсхэр.
КъинэмыщIауэ, пэкIум хэтащ пщIэ зиIэ хьэщIэхэр — Хэку зауэшхуэм и ветеранхэмрэ тылым щылэжьахэмрэ. Динырылажьэхэу Катчиев Казим хьэжырэ отец Александррэ Хэку зауэшхуэм хэкIуэдахэм папщIэ къызэхуэсахэм дыуэ ирагъэщIа нэужь, псалъэ иратащ Темрезов Рэшид.
— ПщIэ зыхуэсщI ветеранхэ, зауэм хэтахэ, тылым щылэжьахэ, къалэдэсхэ! 1941 гъэм мэкъуауэгъуэм и 22-м, нэхъ лъыгъажэ дыдэу тхыдэм къыхэнэжа Хэку зауэшхуэм щIидзащ. Ар Урысейм щыпсэу лъэпкъхэмкIэ щыгъуэ махуэщ. Нобэ дигу къыдогъэкIыж бийм зи щхьэр хуэзымыгъэтIылъа, я гъащIэр щIату, Хэкур зыхъума ди ЛIыхъужьхэр. Зауэ дыджыр къыщыхъеям, Хэкур яхъумэну Урысейм щыпсэу лъэпкъхэм зыкъаIэтащ. Ахэр зэкъуэувэу бийм зэрыпэщIэувам, ди зауэлIхэм зэрахьа лIыхъужьыгъэмрэ гуеигъэмрэ, тылым Iутахэр псэемыблэжу зэрылэжьам къыхэкIыу ди совет цIыхухэм ТекIуэныгъэшхуэр къахьащ. Жэщ-махуэ 1418-кIэ екIуэкIа зауэ гущIэгъуншэр 1945 гъэм накъыгъэ (май) мазэм иухащ. Ди хэкуэгъухэми, Къэрэшей-Черкесым щыпсэухэми, бийр зэхэкъутэным хэлъхьэныгъэшхуэ хуащIащ, зыщалъхуа щIыгур, я Хэкур яхъумащ. ФIыщIэ фхудощI зауэм и ветеранхэмрэ тылым щылэжьахэмрэ нобэ мамыр гъащIэм дызэрыщыпсэум папщIэ! Хэку зауэшхуэр зэриухрэ илъэс дапщэ темыкIыжами, абы теухуа пэжыгъэр тхъумэнущ, ди адэжьхэм зэрахьа лIыхъужьыгъэмрэ хахуагъэмрэ я щапхъэм щIэблэр щIэтпIыкIынущ. Ди Хэкум и хуитыныгъэм щIэбэнахэм щхьэщэ фхудощI! — жиIащ Темрезов Рэшид.
АдэкIэ псалъэ иратащ Бачурин Сергей. Ар республикэм щыпсэухэм яхъуэхъуащ узыншагъэ быдэ яIэну, зызыужь, ефIакIуэ хэгъуэгум щыпсэуну, мамырыгъэ щымыщIэну! Хэку зауэшхуэм хэкIуэдахэм дакъикъэкIэ яхуэщыгъуа нэужь, и гукъэкIыжхэмкIэ къызэхуэсахэм ядэгуэшащ Хэку зауэшхуэм и ветеран, илъэс 94-рэ хъу Антипов Николай. Ар къытепсэлъыхьащ зауэм гугъуехьу щалъэгъуам, ди совет цIыху куэд зэрыхэкIуэдам. ЖиIащ Венгрием, Румынием, Чехословакием, КъуэкIыпIэ Жыжьэм, Германием щекIуэкIа зэхэуэ гуащIэхэм зэрыхэтар икIи республикэм и унафэщIхэм фIыщIэ яхуищIащ зауэм хэтахэр, ветеранхэр гулъытэншэу къызэрамыгъанэм папщIэ.
ЩIалэгъуалэм къабгъэдэкIыу къэпсэлъащ Черкесск къалэм дэт зи № 11 еджапIэм щеджэ Хъупсырокъуэ Валерий.
— Нобэ, фэеплъымрэ щыгъуэ махуэмрэ, дэ, щIалэгъуалэр, Хэкум и хъумакIуэхэр, ди къалэр хуит къэзыщIыжахэр зыщIэлъ «ЩIыхьым и Аллеем» дыкъыщызэхуэсащ. Хэку зауэшхуэм ди адэшхуэхэм къыщагъэлъэгъуа гуеигъэр дэркIэ щапхъэщ. Фыкъыдогъэгугъэ, ди адэшхуэхэм къытхуазэуа мамыр гъащIэр тхъумэну! — жиIащ Хъупсырокъуэ Валерий.
ПэкIум и кIэм къызэхуэсахэм фэеплъ сынхэм деж удз гъэгъахэр щагъэтIылъащ, цIыкIухэм бырыб хужьхэр уафэгум ираутIыпщхьащ.
ЕЗАУЭ Маринэ
| {
"source": "cherkes-haky.ru",
"id": "521-2.txt"
} |
ЩэнхабзэмкIэ IуэхущIапIэщIэ
Мазаем (февралым) и 27-м Абазэ районым и Псыжь къуажэм щэнхабзэм и УнэщIэ къыщызэIуахащ. ГуфIэгъуэ Iуэхугъуэм хэтащ КъЧР-м и Iэтащхьэ Темрезов Рэшид, КъЧР-м и ЦIыхубэ ЗэIущIэм (Парламентым) и тхьэмадэ Иванов Александр, республикэм и Правительствэм и тхьэмадэм и къуэдзэ Уэз
Мурат, КъЧР-м ухуэныгъэмрэ псэупIэ-коммунальнэ хъызмэтымрэкIэ и министр Гордиенко Евгений, Абазэ
районым и Iэтащхьэ Ныр Мухьэжыр, районым хыхьэ къуажэхэм я Iэтащхьэхэр, депутатхэр, Правительствэм хэтхэр, нэхъыжьхэр, псыжьдэсхэмрэ хьэщIэхэмрэ. Къызэхуэсахэм фIэхъус гуапэкIэ захуигъэза нэужь,
Темрезов Рэшид жиIащ:
—Нобэ дыкъыщIызэхуэса, щэнхабзэмкIэ Унэм и ухуэныгъэр — ди къуажэхэр, районхэр едгъэфIэкIуэ ным хуэунэтIауэ едгъэкIуэкI социально-экономикэ лэжьыгъэм щыщ зы Iыхьэщ. Абазэ районыр къапщтэмэ, иужьрей илъэсхэм Псыжь къуажэм зэхъуэкIыныгъэфIхэр къыщыхъуащ.
Апхуэдэщ сабий IыгъыпIитI, щэнхабзэ-спорт комплекс ухуэныгъэщIэхэр, гъуэгухэр зэгъэзэхуэжыныр, инженер инфраструктурэр зэредгъэфIакIуэр, щэнхабзэмкIэ Унэр. Шэч къытесхьэкъым дяпэкIи Абазэ районыр, Псыжь къуажэр едгъэфIэкIуэн лэжьыгъэр зэрыпытщэнум. ЖыпIэнуракъэ, 2017 гъэм, къихьа
2018 илъэсым и пэм къызэщIиубыдэу щэнхабзэм и ухуэныгъэ 12 республикэм къыхэхъуащ. Ар — ухуэныгъэщIэхэращ, зэдгъэзэхуэжахэращ. Илъэсым къриубыдэу иджыри апхуэдэ ухуэныгъэ, зэгъэзэхуэжыныгъэ лэжьыгъи 9 зэфIэдгъэкIынущ, — жиIащ Темрезов Рэшид.
№16 3.03.2018
| {
"source": "cherkes-haky.ru",
"id": "885-2.txt"
} |
Cоциально-экономикэ зыужьыныгъэм
Мазаем (февралым) и 26-м Грознэ къалэм УФ-м и Правительствэм и Тхьэмадэ Медведев Дмитрий иригъэкIуэкIа зэIущIэр теухуауэ щытащ Ищхъэрэ Кавказ федеральнэ хэгъуэгум и социально-экономикэ зыужьыныгъэм, лэжьапIэ Iуэхум, гуащIэдэкI зэхущытыкIэхэм.
ЗэIущIэм и лэжьыгъэм хэтащ УФ-м и Правительствэм и тхьэмадэм и къуэдзэ Хлопонин Александр,
УФ-м Ищхъэрэ Кавказ IуэхухэмкIэ и министр Кузнецов Лев, УФ-м гуащIэдэкIымрэ социальнэ хъумэныгъэмрэкIэ и министр Топилин Максим, УФ-м егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмрэкIэ и министр Васильевэ Ольгэ, СКФО-м хыхьэ хэгъуэгухэм я Iэтащхьэхэр.
№15 1.03.2018
| {
"source": "cherkes-haky.ru",
"id": "cotsialno-ekonomike-zyuzhynygem.txt"
} |
Дыкъэзыухъуреихь дунейр
Конституцэ
Дыкъэзыухъуреихь дунейр
Урысей Федерацэм и Конституцэм и 114-нэ статьям деж, Урысейм и Правительствэм и къалэнхэм— «…дыкъэзыухъуреихь дунейм и щытыкIэр езыгъэкIакIуэ щытыкIэхэр гъэмэщIэным, къэралым и дуней, щIыуэпс хъугъуэфIыгъуэхэр, беягъыр хъумэным, жылагъуэм псэущхьэхэр ихъумэным, фIыуэ илъагъуным хуэунэтIа Iэмалхэр зехьэн»—жыхуиIэм щIыгъужыпхъэу къыхалъхьащ. Апхуэдэщ: «…цIыхухэм щIыуэпс щэнхабзэ, щIэныгъэ яхэлъынымкIэ лэжьыгъэм зегъэужьын, абы щхьэпэну щытыкIэхэр къызэгъэпэщын», «дыкъэзыухъуреихь дунейр хъумэнымкIэ УФ-м зы социальнэ унэтIыныгъэ зиIэ къэрал политикэ къыщызэгъэпэщын».
ЩIыуэпсым, дыкъэзыухъуреихь дунейм и зыужьыныгъэм, ефIэкIуэныгъэм ехьэлIауэ Конституцэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и мыхьэнэр къыгурыIуэкIэрэ, профессор, КъЧР-м щыIэ «Русское географическое общество»-м и тхьэмадэ, КъЧГУ-м щIыуэпсымкIэ кафедрэм и унафэщI Онищенко Вячеслав жеIэ:
—СызэрегупсысымкIэ, щIыуэпсыр, дыкъэзыухъуреихь дунейр хъума хъуным хуэунэтIауэ конституцэ зэхъуэкIыныгъэхэр, уеблэмэ, революцэшхуэ хъунущ, фIы я лъэныкъуэкIэ. Псэущхьэхэр,щIыуэпсыр, дунейр хъумэныр, щIыуэпс щIэнхабзэр Конституцэм хабзэкIэ щагъэбыдэмэ, ар узыщыгуфIыкIын Iуэхущ. ЖэуаплыгъэкIэ, ухуейуэ щытмэ, текъузэныгъэрэ ткIиягърэкIэщ щытхузэфIэкIынур жылагъуэм псэущхьэхэм, щIыуэпсым щысхьыныгъэ хущытыкIэ хуаIэныр. Ди къэралым и щIыуэпс щытыкIэр иджыкIэ зэрымызэпIэзэрыт дыдэми дегупсысыпхъэщ.
Согугъэ, хабзэкIэ къагъэщIыну конституцэ щытыкIэхэм лэжьыгъэ кIуэрабгъуи ягъуэтыну. Абыхэм къапэкIуэнур, хэгъуэгухэм ягъуэтыну хабзэ хуитыныгъэхэр икIэщIыпIэкIэ тлъагъуну сыхуейщ.
| {
"source": "cherkes-haky.ru",
"id": "dykezyukhureikh-dunejr.txt"
} |
Дывохъуэхъу къихьэну 2018 ИлъэсыщIэмкIэ!
ЩIыхь зыхуэтщI ди хэкуэгъухэ!
Къэрэшей – Черкесым щыпсэухэ!
ИлъэсыщIэр — нэхугъэкIэ, гуапагъэкIэ гъэнщIа унагъуэ махуэщIщ. Ар къыдогъыхьэ гукъыдэж диIэу ди унагъуэхэм дахэсу, фIым дыщыгугъыу.
ДгъэкIуатэ илъэсыжьым къытхуихьа къэхъугъэ куэд республикэм и тхыдэм игъащIэкIи ихуэнущ. Япэрауэ, Урысейм къыгуэпх мыхъуну епха ди республикэр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс 25-рэ зэрырикъуар махуэщI инкIэ дгъэлъэпIащ. Ди гуфIэгъуэр щаIэтащ къэралым и къалащхьэм, ди хэгъуэгум щекIуэкIа махуэщIым къытхуеблэгъащ хьэщIэ лъапIэхэр.
Республикэм щыпсэу дэтхэнэми фIыщIэ ин худощI и гуащIэм, и хэку цIыкIум зэрыхуэщыпкъэм, хэгъуэгум зиужьыным хуищI хэлъхьэныгъэм папщIэ. Мы илъэсым куэд тхузэфIэкIащ ди хэгъуэгум и социально-экономикэ зэпIэзэрытыныгъэр зэтеIыгъэнымкIэ. Къару ин хэтлъхьащ УФ-м и Президентым и «накъыгъэ» Унафэхэр, фIагъ лъагэ къызыпыкI проектхэр ди хэгъуэгум щыгъэзэщIэным. Инвестицэ, туризм я лъэныкъуэкIэ республикэм бгъэдэлъ лъэкIыныгъэфIхэр сэтей тщIащ, ехъулIэныгъэфIхэр диIэщ мэкъумэш хъызмэтымкIи, промышленнэ производствэхэм зэрызаужьымкIи. Хэгъуэгум гъунэжу къыщызэIутхащ еджапIэщIэхэр, сабий IыгъыпIэхэр, щэнхабзэмкIэ, спортымкIэ Унэхэр. ЕдгъэфIэкIуащ гъуэгу отраслыр, паркхэр, пщIантIэхэр. Ди фIэщ мэхъу къихьэну илъэсыщIэм ди къарухэр зы тщIыуэ нэхъри дефIэкIуэным дызэрыхуэлIэжьэнур, иджыри текIуэныгъэ куэдым, бжьыпэр убыдыным дызэригъэгуфIэнур. Илъэс къихьэнум мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэр — УФ-м и Президентыр хэхыныр, къэралым щыпсэухэм къытпэщытщ. Дыхуейщ а Iуэхум жэуаплыгъэ фхьыуэ ди хэгъуэгум щыпсэухэр фыбгъэдыхьэну, ди къэралым, республикэм ифI къызыхэкIыным фыхущIэкъуну. ИлъэсыщIэ къихьэнур дэтхэнэми насыпкIэ гъэн- щIауэ къыфхущIигъэкI! ЕхъулIэныгъэ, унагъуэ зэIузэпэщыныгъэ фыщимыгъащIэкIэ! Къэрэшей-Черкесым бгъэдэлъ фIыгъуэу хъуар евгъэфIакIуэу, узыншагъэ быдэ фиIэу, мамырыгъэр, гуапагъэр, зэгурыIуэныгъэр къывдекIуэкIыу фигъэпсэу!
ТЕМРЕЗОВ Рэшид, Къэрэшей-Черкес Республикэм и Iэтащхьэ
ИВАНОВ Александр, КъЧР-м и ЦIыхубэ ЗэIущIэм (Парламентым) и тхьэмадэ
УЭЗ Аслъэн, КъЧР-м и Правительствэм и тхьэмадэ
№106 30,12,2017
| {
"source": "cherkes-haky.ru",
"id": "dyvokhuekhu-kikhenu-2018-ilesyshchiemkie.txt"
} |
«Единая Россия» взяла под контроль цены на продукты
Как бороться со взлетом цен на продукты, обсуждали накануне в «Единой России». Напомним, один из самых острых тем россияне подняли на «Прямой линии» с Владимиром Путиным. И теперь представители партии намерены вместе с Правительством выработать меры, которые помогут сдерживать стоимость продовольствия в магазинах.
Речь идет в частности, о сдерживании ценника на «борщевой набор» (морковь, свеклу, капусту, лук, картофель), а также на огурцы и помидоры. Первый вице-спикер Совфеда, секретарь Генсовета «Единой России» Андрей Турчак уточнил, что одна из основных задач партии сейчас – разработать конкретные меры по урегулированию вопроса.
В минувшие выходные партия провела системный мониторинг во всех регионах России, они дали свои предложения по стабилизации ситуации и снижению цен. Для координации действий создана рабочая группа во главе с зампредседателя Госдумы Алексеем Гордеевым.
Представители партии на совещании оперировали уже конкретными цифрами.
«Картофель. Цена производителя 20 рублей за килограмм. Цены в розницу 53 рубля за килограмм, то есть наценка 165%. Морковь. Цена производителя 19,5 рублей за килограмм. В рознице 89 рублей за килограмм, то есть наценка 350%», – сообщил член бюро высшего совета партии «Единая Россия», зампред ГД РФ Алексей Гордеев.
А еще на капусту белокочанную накрутка 215%. И ладно еще, если борщ из этих продуктов варишь на себя одного или семью из трех человек. Участникам совещания напомнили, что такое поход в магазин для многодетных: по сути, мелкооптовая закупка.
Впрочем, торговые сети рост цен необоснованным не считают. Говорят, во-первых, по всему миру так – цены на продукты выросли на треть, пандемия же. А еще подорожали импортные удобрения.
Секретарь Генсовета «Единой России» предложил Правительству России рекомендовать торговым сетям срочно подписать соглашение с отраслевыми союзами и ассоциациями сельхозпроизводителей под контролем соответствующих министерств о снижении торговых наценок на социально значимые продовольственные товары, и прежде всего на овощную продукцию.
Это тактическое решение. В качестве стратегии «Единая Россия» предлагает менять законы, по которым сегодня работают торговые сети и поставщики. А еще важно сократить путь от грядки до прилавка, открыть по всей стране в два раза больше тех же ярмарок выходного дня.
Пока же регионы вручную регулируют цены на «борщевой набор». Например в Карачаево-Черкесии два профильных министерства – Минсельхоз и Минпромторг проводят еженедельные мониторинги цен и рекомендуют сдерживать цены на продукты первой необходимости. Кроме того, в регионе активно работает партийный проект «Народный контроль».
– Необоснованный рост цен на основные продукты – это то, что сейчас волнует большинство жителей нашей страны. Обращения звучат на встречах с населением, во время приемов граждан, люди пишут в соцсетях. Тема была поднята и во время прямой линии с Президентом РФ. Эта проблема касается каждого и особенно остро это ощущается в непростых экономических условиях, в которых мы все оказались из-за пандемии, хотя обоснованного экономического объяснения этой ситуации нет. Поэтому необходимо принять ряд срочных мер, чтобы урегулировать ситуацию. И они прозвучали на совещании, которое прошло на площадке «Единой России» с участием руководства партии, Правительства страны, глав субъектов и представителей торговых сетей, на котором обозначили, что надо не просто остановить цены на том уровне, что есть сейчас, но и добиться их ощутимого снижения. Одним из поручений стало создание в регионах условий для двукратного увеличения сельскохозяйственных рынков и ярмарок, что, безусловно, позволит поставлять продукты от производителей напрямую потребителю по более низкой цене и создаст возможности для конкуренции между владельцами личных подсобных хозяйств и торговыми сетями. Отмечу, что наш проект «Народный контроль» также подключится к реализации мер, обозначенных на совещании, – рассказал региональный координатор партийного проекта «Народный контроль», депутат Парламента КЧР Алексей Ганшин.
Конечная цель проекта – снижение цен на продукты. Добиться этого планируют постепенно. Но, а мы с вами через две недели подведём свои итоги работы партии – посчитаем, во сколько нам обойдётся кастрюля всеми любимого борща.
| {
"source": "cherkes-haky.ru",
"id": "edinaya-rossiya-vzyala-pod-kontrol-tseny-na-produkty.txt"
} |
ЕджапIэщIэхэр ухуэным, зэгъэзэхуэжыным
Мэкъуауэгъуэм (июным) и 13-м УФ-м и Правительствэм и тхьэмадэ Медведев Дмитрий Владикавказ къалэм щригъэкIуэкIа зэIущIэм Къэрэшей-Черкес Республикэм и Iэтащхьэ Темрезов Рэшид хэтащ.
ЗэIущIэр теухуауэ щытащ СКФО-м хыхьэ хэгъуэгухэм еджапIэхэр зэрыщаухуэм.
Медведев Дмитрий къытеувыIащ хэгъуэгум сабий куэд къызэрыщыхъум, ар къыхалъытэкIэрэ, еджапIэхэр зэрахуримыкъум, абы папщIэ Iэмал зэхуэмыдэхэр къэгъэсэбэпын зэрыхуейм. Къытепсэлъыхьащ еджапIэхэр зы сменэкIэ лажьэу ягъэпсыным, нэгъуэщI упщIэхэми.
— СКФО хэгъуэгум сабий куэд къыщохъу, щIалэгъуалэр щыкуэдщ, абы къыхэкIкIэ, социальнэ инфраструк-турэр абыхэм ятеухуауэ гъэпсауэ щытыпхъэщ, псом хуэмыдэу егъэджэныгъэ и лъэныкъуэкIэ, — жиIащ Медведев Дмитрий.
УФ-м и премьер-министрым къыхигъэщащ щIэныгъэфI зэгъэгъуэтыным дэнэ дежи мыхьэнэ зэрыщиIэм, псом хуэмыдэу, Кавказ щIыналъэмкIэ.
— ДяпэкIэ я лэжьыгъэкIэ, IэщIагъэкIэ ехъулIэныгъэфIхэр зыIэрагъэхьэным лъабжьэ хуэхъунур зэрагъэгъуэт щIэныгъэращ, егъэ-джэныгъэ Iуэхур зэрефIакIуэращ. Дэтхэнэ цIыхум и гъащIэм дежи щIэныгъэ зэгъэгъуэтыныр мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэщ. Абы къы-хэкIкIэ, бюджетым мылъку къыхэгъэкIыпхъэщ Ищхъэрэ Кавказым еджапIэщIэхэр щыухуэным, жьы хъуахэр зэгъэзэхуэжыным хуэгъэзауэ.
НобэкIэ ди къэралым еджакIуэу исым и епщIанэ Iыхьэр, сабий зы мелуанрэ мин 200-рэ, мы хэгъуэгум щопсэу, ауэ еджапIэу итыр зэрыхъур 3 260-рэщ, — къыхигъэщащ Медведев Дмитрий.
Премьер-министрым къилъытащ апхуэдиз сабийр еджапIэхэм зэ кIуэгъуэу зэрыщIэмыхуэнур.
— Мы гъэм сменищ лэжьэкIэм тету еджапIэ 61-рэ мэлажьэ, ещанэ сменэкIэ сабий мини 7 еджащ. А бжыгъэр гуапэкъым — жиIащ Медведевым.
ЗэIущIэм хэтахэм ягу къигъэкIыжащ Ищхъэрэ Кавказым иужьрей илъэсхэм еджапIэ 60-м щIигъу зэрыщаухуар, абыи сабий мин 35-м щIигъу къызэрызэщIаубыдар.
Урысей Федерацэм егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмрэкIэ и министр Васильевэ Ольгэ Ищхъэрэ Кавказым ит республикэхэм я Iэтащхьэхэр къыхуриджащ еджапIэщIэхэр ухуэныр я нэIэм щIагъэтыну, икIи гъэ къа-кIуэ фокIадэм (сентябрым) и 1-м ехъулIэу къызэIуахын, лэжьэн щIадзэн хуейуэ игъэуващ.
Темрезов Рэшид къэпсалъэкIэрэ, гулъытэ хуищIащ демографиер зэрефIакIуэм къыдэкIуэу, хэгъуэгум деж еджапIэкIэ зэрызэхуримыкъум. Апхуэдэ лъэпощхьэпом Къэрэшей-Черкесыр зэрыщыгъуазэр къыхигъэщащ.
— Иужьрей илъэс зыбжанэм Къэрэшей-Черкесым щыдыухуащ, щызэдгъэзэхуэжащ еджапIэ 12. Абыхэм ящыщщ «еджапIэрэ сабий IыгъыпIэрэ зэхэту» Iэмалым тету дыухуа IуэхущIапIитхур. Иджыпстуи еджапIэщIэ ухуэнымкIэ федеральнэ программэм дыхэтщ. 2025 гъэм нэгъунэ еджапIэ 23-рэ хэгъуэгум щыдыухуэн, щызэдгъэзэхуэжын ди мурадщ. Ауэ иджы зы сменэкIэ еджапIэр лажьэу ягъэпсыну ягъэува къалэнхэр къыхэтлъытэкIэрэ, мы упщIэм нэхъ куууэ дыбгъэдыхьэпхъэщ, ину къызэщIэдыубыдапхъэщ. УФ-м и премьер-министр Медведев Дмитрий къызэрыхигъэщауэ, СКФО хэгъуэгум деж мы упщIэр зэфIэтхын, лъэпощхьэпор IудгъэкIуэтын папщIэ, абы хуэунэтIауэ мылъку щыIэм нэмыщI дылъыхъуэн хуейщ, — жиIащ ди хэгъуэгум и Iэтащхьэм.
КъЧР-м и Iэтащхьэмрэ и Правительствэмрэ я пресс-къулыкъу
Тхыгъэ
| {
"source": "cherkes-haky.ru",
"id": "edzhapieshchiekher-ukhuenym-zegezekhuezhynym.txt"
} |
Егъэджэныгъэм-гулъытэ
КъЧР-м и курыт еджапIэхэм лъэныкъуих унэтIыныгъэкIэ дополнительнэ егъэ- джэныгъэм зрагъэужьынущ.
«Егъэджэныгъэ» лъэпкъ проектым хы- хьэ «Успех каждого ребенка» федеральнэ проктымкIэ Къэрэшей-Черкесым и еджапIэхэм хэту дополнительнэ егъэджэны- гъэмкIэ программэщIэхэр ирагъажьэ. Абы ипкъ иту, цIыкIухэм еджапIэм щрат щIэныгъэм къыдэкIуэу ирагъэгъуэт дополнительнэ егъэджэныгъэм и фIагъым хагъэ- хъуэнущ, зэманыщIэм къигъэув щытыкIэхэм декIуу, инфраструктурэр нэщIыса ящIынущ.
ИджыкIэ Къэрэшей-Черкесым деж унэтIыныгъихым ятегъэпсыхьа оборудовэнэщIэ зыIэрагъыхьэ. Апхуэдэу, егъэджэ- ныгъэм къыдэкIуэу сабийхэр зыхуагъэ- сэну лъэныкъуэхэм ящыщщ естественно- щIэныгъэ, техническэ, социально-педагогикэ, художественнэ, турист-краевед, физкультурэ-спорт лъэныкъуэхэр.
Урысейм зэманыщIэм и егъэджэныгъэ системэм а дополнительнэ егъэджэныгъэр и зы Iыхьэ нэхъыщхьэщ. Ар сабийхэм ягъуэтын хуейщ. Ауэ ар хуабжьу хуэныкъуэщ къэралым къыбгъэдэкI гулъытэ, дэIэпыкъуныгъэ. Сабийм бгъэдэлъ щIэныгъэм, гъэсэныгъэм хэгъэхъуэным имы- закъуэу, цIыху щхьэхуэу зегъэужьынми егугъупхъэщ.
2024 гъэ нэгъунэ, дополнительнэ егъэ- джэныгъэмкIэ къызэщIрагъэубыдэн я мурадщ зи ныбжьыр илъэси 5-м щыщIэ- дзауэ 18-м нэс сабийхэм я процент 80-р.
БОРЭНЫКЪУЭ Мадинэ
| {
"source": "cherkes-haky.ru",
"id": "egedzhenygem-gulyte.txt"
} |
ЕмкIуж Андзор: «Сыту фIы уадыгэну!»
ЕмкIуж Андзор: «Сыту фIы уадыгэну!»
ФIыуэ плъагъу лэжьыгъэм ехъулIэныгъэ къыпхуихьу, лъэпкъ хъугъуэфIыгъуэр бгъэбагъуэу, адыгэ щэнхабзэм и зыужьыныгъэм хэлъхьэныгъэ хуэпщIу улэжьэ фын папщIэ а къыхэпха IэщIагъэм укъыхуигъэщIауэ щытын хуейщ. Нобэ ди псэлъэгъу щIалэм и гум фIэфIу къыхиха лъагъуэр гъуэгу бгъуфIэу къыхущIэкIри, ди республикэм и мызакъуэу, нэгъуэщI хэгъуэгухэми къыщацIыхуну хунэсащ, триха клип 30-м нэблагъэр Урысей псом щызэбгрыкIри, игъэува спектаклхэр цIыхубэм фIыуэ ялъэгъуащ.
ЕмкIуж Андзор и диплом лэжьыгъэу щытауэ япэу утыку кърихьа «Анэр нэм хуэдэщ» («Сердце матери», Кайтов Сергей) спектаклыр цIыхухэм ягу дыхьащ, «Мыщэ и къуэ Батыр» таурыхъым къытрищIыкIар театрми, къуажэхэми 100-м щIигъукIэ щалъэгъуащ, «БлэкIам къэгъазэ иIэкъым» («Ретро», Галин Александр) спектаклыр КъБР-м и Театрым и лэжьакIуэхэм я зэгухьэныгъэм нэхъыфIу къилъытахэм ящыщ зыщ, «Хьэпэщыпхэ» (IутIыж Борис) макъамэ комедиер иджыпсту щIэупщIэшхуэ иIэу къэбэрдей театрым и репертуарым хэтщ. ЕмкIужым ди къуэш республикэхэм щигъэува «ЛъыщIэж» («Кровавая свадьба», Федерико Гарсиа Лорка, Мейкъуапэ), «Гуащэмыдэ и нысэ хэдэкIэ» (Хъурмэ Хъусен, Мейкъуапэ), «Гу псысэ» («Гъатхэ гукъэкIыжхэр», IутIыж Борис, Черкесск) спектаклхэри ехъулIэныгъэшхуэ зиIэт, абыхэм Налшык дызэрыщеплъари Андзорщ зи фIыгъэр.
ГъуазджэхэмкIэ Ищхъэрэ Кавказ къэрал институтым и егъэджакIуэ, Адыгэ Республикэм гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, режиссер, сценарист ЕмкIуж Андзор и ехъулIэныгъэхэм лъабжьэ яхуэхъумкIэ, и лэжьыгъэм хэлъ щэхухэмкIэ, и мурадхэр зыхуэдэмкIэ къыддэгуашэмэ тфIэфIу, упщIэ зыбжанэкIэ зыхуэдгъэзащ.
— Зэчиймрэ гъуазджэмрэ пхузэгуэмыхыну зэпхащ. Зэчийр цIыхум игу къэкI, и щхьэм щызэблэкI гупсысэ гъэщIэгъуэнхэр арамэ, а гупсысэхэр гъащIэм хэпща, дахэу утыку къихьа зэрыхъур – ар гъуазджэщ. Уэ а тIуми узэрыхуэшэрыуэм гу лъумытэнкIэ Iэмал иIэкъым, укъызэрытцIыхуа лэжьыгъэхэм ятепщIыхьмэ. Ди гуапэт уи IэщIагъэм ухуэзыша лъагъуэм зэ уриплъэжыну, режиссер IэщIагъэр къыхэпха зэрыхъуам дыщыбгъэгъуэзэну.
— СызэрыцIыкIурэ сызэхъуапсэ IэщIагъэр арат. Сэ кино сыщеплъкIэ, экраным къигъэлъагъуэм и закъуэтэкъым слъагъур, атIэ абы къыщыхъу дэтхэнэ Iуэхугъуэм и щхьэусыгъуэри си щхьэм щызэпкърысхт, а слъагъум и щIыбагъ къыдэлъынкIэ хъунур сэр-сэру зэзгъэзахуэт. Апхуэдэ зэхэщIыкI сызэриIэм гу лъитат ди адэм, икIи курыт школыр къэзуха нэужь, режиссеру седжэну сызэрыхуейр щыжесIэм, къыздиIыгъащ. Юристу, экономисту срагъэджэну я мурада щхьэкIэ, си хъуэпсапIэр ягъэнэхъапэри, ГъуазджэхэмкIэ Ищхъэрэ Кавказ къэрал институтым сыкъишауэ щытащ ди адэм. Си насып къихьри, а гъэм драмэ театрым и режиссерхэр щагъэхьэзыр гъэунэхуныгъэ курс къызэIуахат, абы и пэкIи иужькIи апхуэдэ щыIэжакъым. Сэ сызыхуейр арати, сыщIэтIысхьащ. Илъэситхум и ныкъуэм — Кулиев Борис, адрей и ныкъуэм Теувэж СулътIан драгъэджащ. Куэд къыдатащ а тIум, театр режиссурэм нэхъыфI дыдэу хэзыщIыкIыу республикэм ис IэщIагъэлIт ахэр сыт хуэдэ упщIэми и жэуап ящыбгъуэту. Институтыр къыщызухым Теувэжым и нэIэ щIэту ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей драмэ театрым сэ щызгъэуващ «Анэр нэм хуэдэщ» спектаклыр. Ди диплом лэжьыгъэхэр щыдгъэлъагъуэм Москва къикIауэ щIэса кIэлъыплъакIуэ гупым си IэдакъэщIэкIыр ягу ирихьауэ къыщIэкIынти, си егъэджакIуэм епсалъэри, си щIэныгъэр Москва щыхэзгъэхъуэну Iэмал зэрыщыIэр къызжаIащ. Ар си хъуэпсапIэт сэ а зэманым икIи си адэ-анэм къыздаIыгъри, Ленкомым епхауэ IэщIагъэлIхэм я щIэныгъэр щыхагъахъуэ академиеу Москва дэтым сыкIуащ. Мыбдежми си кIэн къикIауэ схужыIэнущ театрымрэ киномрэ я режиссер цIэрыIуэ, СССР-м и цIыхубэ артист Захаров Марк и еджакIуэ сызэрыхъуамкIэ. Ди институтым IэщIагъэм и щэху псоми сыщыхурагъэджамэ, Захаровым а лэжьыгъэр зыхуэдэр къысхузэIуихащ. Сэ абы сыхигъэлэжьыхьт езым игъэув спектаклхэм, махуэм тщIа лэжьыгъэр езым и пэшым щызэпкърытхыжти, хъуамрэ мыхъуамрэ зэхэдгъэкIт. Сэ сызыкIэлъыплъа спектаклхэм щыджэгут Урысейм и актер цIэрыIуэхэу Караченцев Николай, Абдулов Александр, Чуриковэ Иннэ, Певцов Дмитрий, Збруев Александр сымэ. Ахэр сценэм зэрыщигъэлажьэм дыкIэлъигъэплът Захаровым, ди еплъыкIэм къыщIэупщIэт, езым и бгъэдыхьэкIэр тхузэпкърихт, лэжьыгъэм хэлъ щэху псори дигъэлъагъуфт. Дуней псом къыщацIыху режиссерым деж щызгъэкIуа илъэситIыр зы институт псо ирикъуу жыпIэ хъунущ. Илъэс 22-рэ сыхъуу арат абы щыгъуэм, ауэ и зы псалъи, и зы гупсыси зэрыблэзмыгъэкIыным иужь ситу сыкIэлъыплът. Иджыри къыздэсым нэхъыбэжу къызэрытIэпIыкIыурэ макIуэ абы деж щыслъэгъуахэмрэ щызэхэсхахэмрэ, сыщылажьэкIэ абы и псалъэ гуэр, и еплъыкIэ гуэр къызэкъуэсхыжурэ йокIуэкI. Къапщтэмэ, Теувэжымрэ Кулиевымрэ, ещанэу — Захаровым я деж къыщысщIа лэжьыгъэм и пIалъэр зэхэслъхьэжу купкъ схуэхъуауэ жыпIэ хъунущ. Режиссер IэщIагъэм сыпэрыхьэн ипэ къихуэу «Мосфильм»-м илъэсиблкIэ сыщылэжьащ, «Херувим», «Бедная Настя», «Гибель Империи» фильмхэми актеру сыщыджэгури, сэ сызыдэлэжьэнухэм я IэщIагъэм и щэхухэри зэзгъэщIащ.
— Уи IэщIагъэм апхуэдизкIэ удехьэхри, режиссеруи, актеруи Москва ущылэжьэфынут, уи зэфIэкIхэм зебгъэужьынымкIи Iэмал нэхъыбэ ущиIэнут абы. Сыт е хэт Къэбэрдей-Балъкъэрым укъэзышэжар?
— Си адыгэпсэм сыкъишэжащ. Москва нэхъыбэ щызэбгъэхъулIэфынкIэ хъунт, ауэ уи бзи, уи лъэпкъи, уи хэкуи зыщыбгъэгъупщэу, урыс Iуэхум утелэжьэн хуейуэ арат. Си щIэныгъэм, IэщIагъэм хэзгъэхъуэн мурадкIэ, а илъэс бжыгъэр зыхуэзгъэшэчащ. Хамэ щIыпIэ ущыщыIэхэм деж лъэпкъ зыхэщIыкIыр нэхъ гуащIэу къыппкъырохьэ. Уи адэжь лъахэм ущыпэIэщIэкIэ, гурэ псэкIэ нэхъ упыщIа мэхъу, бэджыхъым хуэдэу узыщIеIулIэ а гупсысэм. Зи ужь сит Iуэхур си хэку щысщIэну сыхуейт, си зэфIэкIыр адыгэм къыхуэзгъэсэбэпыну нэхъ къасщтэт, си анэдэлъхубзэр къыщыIу утыкут сэ сыщылэжьэну си хъуэпсапIэр. Абы ипкъ иткIэ, Къэбэрдей- Балъкъэрым сыкъэкIуэжри, Къэбэрдей драмэ театрым сыкIуащ. Сыкъащтэну режиссер увыпIэ яIэтэкъым, ауэ садэлэжьэну срагъэблэгъащ. Театрым и художественнэ унафэщI Фырэ Руслан и хуитыныгъэкIэ, «БлэкIам къэгъазэ иIэкъым», «Мыщэ и къуэ Батыр» спектаклхэр згъэуващ нэхъ пасэу. ИтIанэ Адыгэ Республикэм щэнхабзэмкIэ и министр Къул Мухьэмэдрэ Цей Ибрэхьим и цIэр зэрихьэу щыIэ Лъэпкъ театрым и художественнэ унафэщI Щхьэлахъуэ Светланэ срагъэблагъэри, Мейкъуапэ спектаклитI щызгъэуващ.
— Абы щыбгъэува «ЛъыщIэж» спектаклым испанхэмрэ адыгэхэмрэ зэрыщызэпыпщIар, абыхэм я хьэл-щэн, къафэ зэхэтхэр адыгэ актерхэм зэрагъэзэщIар, испан-адыгэ макъамэхэр утыку къызэрыщыIуар… Мыр цIыхубэм щIэщыгъуэ, телъыджэ ящыхъуа лэжьыгъэт, Андзор, тепсэлъыхьыжахэм я бжыгъэмрэ жаIахэмрэ тепщIыхьмэ. Уеблэмэ, уи творчествэм зэкIэ япэ увыпIэр щиубыду хуэбгъэфащэ хъунущ.
— Сыщеджэм щыгъуэ сигу илът а пьесэр, згъэувыну сехъуапсэт. А испан хьэлыр зыгуэркIэ тпэгъунэгъуу къысщыхъут. ИтIанэ иужь сыщихьам зэбгъэдэпхынкIэ Iэмал имыIэу зэкIуалIэт испанхэмрэ адыгэхэмрэ я хьэл-щэныр, дуней тетыкIэр, хабзэм щыщ Iыхьэхэр, цIыхухъумрэ цIыхубзымрэ я зэхуаку дэлъ пщIэр, анэр зэрыхаIэтыкIыр, испан унагъуэм илъ хабзэмрэ адыгэ унагъуэм щызекIуэмрэ зэрызэщхьыр умыгъэщIагъуэу къанэкъым. Сэ мыбы нэхъыщхьэу къыщызгъэлъагъуэр лъагъуныгъэкъым икIи зэныкъуэкъукъым, атIэ зи щхьэгъусэри, зи къуэ нэхъыжьри яукIа бзылъхугъэр къыхуэна къуэ закъуэм тегужьеикIауэ абы зэрыщхьэщытыр, анэм и образымрэ анэ гурыщIэм и гуащIагъымрэщ. Анэр ныбжькIи, лъэпкъкIи, динкIи зэхагъэжкъым, анэр — анэщ. Абы и ролыр дахэу игъэзэщIащ Хьэлащтэ Саниет.
Къафэр лъэпкъым и хабзэмрэ и хьэлымрэ къызытещ пкъыгъуэщ. Испан къафэм уеплъмэ, я лъым и пщтырагъыр, я зыгъэхъеикIэм и пхъэшагъыр, къызэдэфэ цIыхухъумрэ цIыхубзымрэ я зэбгъэдэтыкIэр – адыгэ къафэр уи нэгу къыпфIыщIохьэ ухуейми, ухуэмейми. Мыбдежым зэхэпх испан макъамэми адыгэмэ щоу. А псори щыхуэсIуатэм пшынауэ цIэрыIуэ Титов Тимур (Черкесск щыщщ) сызэрыхуейуэ макъамэхэр схуитхащ. Актерхэри зэчиифIэ защIэти, спектаклыр къыдэхъулIащ. Ар Черкесски, Налшыки, Краснодари щыдгъэлъэгъуащ. «Наш Кавказский меловой круг» щIыналъэ театр фестивалым (Мейкъуапэ) спектакль нэхъыфIу къыщалъытауэ щытащ, «Кубань театральная» щIыналъэ фестивалым (Краснодар) етIуанэ увыпIэр къыщихьри, «Анэм и роль нэхъыфI» унэтIыныгъэмкIэ Хьэлащтэ Саниет ягъэлъэпIащ, «Театр. Чехов. Ялта» театр гъуазджэм и дунейпсо фестивалым (Ялтэ) «Лъэпкъ сценэм нэхъыфIу щагъэува классикэ драматургие» унэтIыныгъэр къыщыхуагъэфэщащ.
Ялтэ и дунейпсо утыкум адыгэбзэкIэ щыдгъэлъэгъуащ спектаклыр. КъэпщытакIуэхэм яхэта, УФ-м и цIыхубэ артистхэу Райхельгауз Иосиф, Якубович Леонид, критик, искусствоведением и кандидат Тимашевэ Маринэ сымэ къыхагъэщауэ щытащ хуабжьу ягу зэрырихьар.
ЦIыхухэм ягу дыхьа комедие хъуащ тхакIуэ, журналист Хъурмэ Хъусен и пьесэмкIэ Адыгейм щызгъэува «Гуащэмыдэ и нысэ хэдэкIэри». Мыр гушыIэ жанырщ, макъамэкIэ гъэнщIащ. Абыи макъамэ Iэмэпсымэ псоми хуэIэрыхуэ, макъамэтх цIэрыIуэ Лосэн Тимур езгъэблагъэри, макъамэ гуакIуэхэр итхащ. Иджырей цIыху куэдым я зэхэтыкIэр, пцIыр Iэрыхуэу зэрагъэбагъуэр, гуащэхэмрэ нысэхэмрэ зэрызэхущытыр — аращ мы спектаклыр зытеухуар.
— Андзор, уи лэжьыгъэу сэ япэу слъэгъуар Акъ Мухьэрбэч и цIэр зезыхьэ шэрджэс драмэ театрым щыбгъэува «Гу псысэ» спектаклыращ. Ар Налшык къыщашам тIуащIэу щыгуфIыкIат театр- еплъхэр- IутIыжым и бзэ шэрыуэмкIэ тха пьесэ купщIафIэр зэралъэгъуамрэ Шэрджэс театрым и актерхэр къазэрыхуеблэгъамрэ…
— Ар зи фIыщIэр Акъ Мухьэрбэч и цIэр зезыхьэ шэрджэс драмэ театрым и унафэщI Акъ Динэщ. Абы сригъэблагъэри, сызыхуей гуэр я деж щызгъэувыну хуит сыкъищIащ. Абы щыгъуэм гушыIэ мышу мыхъуу, шэрджэс театрыр драмэм зэрыпэлъэщынур, зыхуей хуэза пьесэ цIыхухэм я пащхьэ къызэрырихьэфынур я фIэщ сщIыну сыхуейти, IутIыж Борис и IэдакъэщIэкIхэм сыхэдауэ щытащ.
Театрым актер куэд щылажьэтэкъым, Динэ ягъэувагъащIэти, ди къару зэхэтлъхьэри дызэдэлэжьащ. Актеру мылажьэу, ауэ ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ къэрал институтым абы щыхуеджауэ щIалитI – Унэгъэс Замрэтрэ Мамыжь Азрэтрэ – унафэщIым и хуитыныгъэкIэ къезгъэблэгъэжри, ахэри щыджэгуащ а спектаклым.
— Хэгъуэгу зэпэщхьэхуэхэм ис адыгэхэр нэхъ зэпыщIа, бзэр нэхъ хъума хъун щхьэкIэ, илъэс 20-м щIигъуауэ «Адыгэ псалъэ», «Адыгэ макъ», «Чэркес Хэку» газетхэм илъэсым къриубыдэу зыбжанэрэ номер зэгуэтхэр къыдагъэкI, театрхэри зэрызэдэлажьэм дыщыгъуазэщ. Уэри уи гуащIэ Iыхьэ хыболъхьэ Адыгэ, Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Черкес республикэхэм я театр гъуазджэм. Сыт хуэдэ мыхьэнэ ептрэ адыгэ зэрыс хэгъуэгуищым я зэхуаку мы зэманым щыбухуа щэнхабзэ лъэмыжым?
— Япэрауэ, республикэхэр щхьэхуэ-щхьэхуэу зэхэзгъэкIыркъым сэ. Си дежкIэ ар зы адыгэ лъахэщ, псоми ди зэхуэдэ адэжь щIыналъэщ, абы хызобжэ шапсыгъхэр зэрыс щIыпIэри. Джылахъстэней щыIэ си адэ и пщIантIэжь сыдыхьэжа хуэдэщ сэ Адыгейм сыщихьэкIэ, апхуэдизкIэ си гур щохуабэри. Дэнэ сыщылажьэми, си унэжь сисыж хуэдэущ къызэрысщыхъур. ЕтIуанэрауэ, щэнхабзэ закъуэкIэ мыхъуу, гурэ псэкIэ зэпыщIауэ щытыну, благъагъэкIэ зэрыубыдыну, нэхъ гъунэгъу зэхуэхъунусыхуейт ди цIыхухэр. Дэ дгуэшыни, дыщIызэныкъуэкъуни диIэкъым, дызэгурыIуэу, ди фIыр дгъэбагъуэу дыпсэун хуейуэ аращ. Мис а фIыр, лъэпкъым бгъэдэлъ хъугъуэфIыгъуэхэр щызэхуэхьэсауэ диIэщ театрыр. ХабзэкIэ, бзэкIэ, щэнхабзэкIэ ди фIыр дымыгъэлъагъуэмэ, сыт къыдэкIуэтей щIэблэр зыщIэтпIыкIынур, сыткIэ ди гъунэгъухэм дыкъызэрацIыхунур? А псори театрхэр зэдэлажьэурэ ямыхъумэмэ, зрамыгъэужьмэ, цIыхухэр драгъэхьэхрэ къызэщIамыгъэуIуэфмэ, дэ тщIэм зыри и мыхьэнэкъым. Абы и лъэныкъуэкIэ театрыр къаруушхуэщ, къалэнышхуи егъэзащIэ.
— Лъэпкъ театрым и мыхьэнэр зэрыиныр гурыIуэгъуэщ. Нэхъыщхьэр абы цIыхум иритыфырщ, Адыгэ театрыр лъэпкъым къызэрыхуэсэбэпырщ.
— Театрыр лъэпкъым и напэщ, лъэпкъ хъугъуэфIыгъуэм и хъумапIэщ. Адыгэ гупсысэкIэ, адыгэ Iуэху бгъэдыхьэкIэ, адыгэбзэ – мис ахэращ Адыгэ театрым лъабжьэ хуэхъур. ЦIыхум театрым зыщигъэпсэху къудей мыхъуу, Iэмал имыIэу дерс гуэр щилъагъун, щызэхилъхьэн хуейщ. ГъащIэ гугъум къыхэпшу театрым къепшэлIа цIыхум спектакль купщIэншэ е езым псэхупIэ къезымыт гугъусыгъу гуэр къызыхэщ и пащхьэ къипхьэ хъунукъым. Сыт хуэдэ жанрым ит спектаклми цIыхум фIы, щхьэпэ гуэр къыхихын хуейщ, е IэщIэщIа мыхъумыщIагъэмкIэ игъэгупсысэжу, ар зэригъэзэкIуэжыным и гупсысэр хуиунэтIын хуейщ. Абы и лъэныкъуэкIэ театрыр IэмалыфIщ. АбыкIэ къыдэкIуэтей щIэблэри пхуэгъэсэнущ, курыт ныбжьым итхэри гъащIэм хуэбущиифынущ, зи ныбжь хэкIуэтахэми ягу жьы дебгъэхуфынущ.
— Уи IэщIагъэмкIэ къэдгъэзэжынщи, Андзор, абы и щэху гуэрхэмкIэ сыноупщIынут. ТхакIуэм и IэдакъэщIэкI тхылъым итым «псэ къыIуегъакIэ» режиссерым. Бгъэувыну узыхуей пьесэр къызэрыхэпхыр, ар утыкум псыхьа зэрыщыхъур сфIэгъэщIэгъуэнщ.
— «Узэджэ пьесэр умылъагъумэ, бгъэувыну иужь уимыхьэми хъунущ», — жиIащ Захаров Марк. ЦIыхубэм я пащхьэ къипхьэн пьесэ къыхэпхыфын папщIэ, псом япэрауэ, тхылъым унэмыс щIыкIэ, хужьымрэ фIыцIэмрэ гъащIэм щызэхэбгъэкIыфу щытыпхъэщ. КъинэмыщIауэ, режиссерыр тхылъ щеджэкIэ, и щIыIу телъ гупсысэракъым и щхьэм щызэпкърихыр. АтIэ абы и щIагъыбзэр къилъагъуфу, купщIэр къиубыдыфрэ, гупсысэ нэхъыщхьэр ешэжьа зэрыхъур иубзыхуфу щытын хуейщ. Сэ, псалъэм папщIэ, тхакIуэм жиIэну зыхуеяр къызгурыIуа нэужь, ар цIыхум я пащхьэ зэрислъхьэнур гупсысэ нэхъыщхьэр зэресшэжьэну щIыкIэр зэзгъэзахуэурэ соджэ. Зы тхыгъэм режиссерипщI ебгъаджэми, езыхэр зэрыхуейуэщ зэралъагъунури, зэрагъэувынури. Псалъэм къыдэкIуэу жыпIэмэ, Шекспир и «Ромео и Джульетта» пьесэр дапщэрэ ягъэува, абы щыгъуэми зыкIи зэмыщхьу.
Гупсысэр псом нэхърэ нэхъыщхьэщ, къыкIэлъыкIуэу ролхэр зей актерхэр а уздеджэм къыболъагъу, ахэр пэжу бгуэшынми мыхьэнэшхуэ иIэщ. Спектаклыр хъуауэ сценэм къипхьэнымкIэ къалэн ягъэзащIэ щIэтыну макъамэми, уэздыгъэр зэрыджэгуми, утыкур зэрыгъэщIэрэщIами, нэгъуэщI куэдми. Мис а псори зэуэ уи щхьэм щызэбгъэзэхуэфрэ, лэжьыгъэми щызэппхыфмэ, уи мурадар къохъулIэнущ. Жэуаплыныгъэ нэхъыбэр зи пщэ къыдэхуэр, дауи, режиссерырщ. Абы сурэтыщIри, композиторри, хореографри, макъамэр, уэздыгъэр зи нэIэ щIэт IэщIагъэлIхэри, актерхэри зэри- шалIэу и еплъыкIэр ягуригъаIуэу зэдигъэлэжьэн хуейщ. Зыгуэр мыхъуарэ, зыгуэр и къалэным пэмылъэщарэ, къуаншэр режиссерым и закъуэщ. Абы щыуагъэр зым дежкIи иригъэкIуэтэкI хъунукъым, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, псомкIи жэуап зыхьыр езыращи, абы къызэрызэригъэпэщыфырщ фIагъыр зэлъытауэ щытынур.
— Актерым ролым зыщыхуигъэхьэзыркIэ, езыр зыхэпсэукI дунейр пIалъэкIэ щогъупщэж, икIи фащэр зэрызыщихыжу а образым къикIыжыфыркъым, арыншамэ къехъулIэнутэкъым и ролыр. Режиссерри апхуэдэ «дуней щхьэхуэм» хэпсэукIрэ спектакль щигъэувкIэ?
— А бгъэувыр уи фIэщ мыхъужмэ, ар уи гъащIэм хэухуэнауэ щымытмэ, ар актерым и фIэщ пхуэщIынукъым, актерым ар театреплъхэм я деж нихьэсыфынукъым. Сэ зыгуэрым сыщелэжьым деж премьерэм нэсыху абыкIэ сопсэу, аращ гъащIэ схуэхъур. Ар си анэми, си унэм щIэсхэми ящIэри, си гугъу къащIынукъым. Сыщыжеи, сыщылажьи, цIыхум сащыхэти сиIыгъщ сэ абы. ГупсысэкIэ къэбгъэщIа еплъыкIэр актерхэм я пащхьэ иболъхьэ, езыхэми зы хьэлэмэтагъ гуэр халъхьэжри, апхуэдэурэ зэфIоувэ спектаклыр. ГъэщIэгъуэнщ а лэжьыгъэр. Актерри режиссерым хуэдабзэщ. Зэ жепIар, ебгъэлъэгъуар зэригъэзахуэ зэпытщи, махуэ къэс щIэ гуэр къыпхуехь абы. Узэделэжьурэ псыхьа мэхъу а уи нэгу щIэтыр. Премьерэм ипэ къихуэ тхьэмахуитIращ нэхъ хьэлъэр. Абы щыгъуэм мис а жыхуэпIэ «дуней щхьэхуэм» узыщIеубыдапэ. Сызэрыпсэури, сызэрыбауэри зиужь сит лэжьыгъэращ. ЩIагъуэкъым премьерэ нэужьым узэрыт щытыкIэри, апхуэдизу гукIэ, псэкIэ узыщIишэу узыIыгъар бутIыпщыжын хуей мэхъури. Ауэ гъащIэм сыт щыгъуи къыпищэкъэ? Апхуэдэ дыдэу узыхуэпIащIэ гуэрым аргуэру иужь уохьэ. Творческэ цIыхум игъэв гурыщIэщ а зи гугъу сщIыхэр.
— Андзор, иджыри къэс театр режиссеру утцIыхуами, иджы кинорежиссеру утыку укъихьэну зыбогъэхьэзыр. Киностудие Налшык къызэры- щызэIупхам дыщыгъуазэщ, абы къыщIигъэкIа лэжьыгъи тлъэгъуащ — уэрэдхэмкIэ тепха клипхэр. Иджы кином иужь уитщ, укъыддэгуэшэн уи лэжьыгъэр здынэсамкIэ?
— ИлъэситI хъуауэ мэлажьэ Налшык къыщызэIусха «Redreamedia» киностудиер. А пIалъэм къриубыдэу операторхэр къетшэлIащ, зэрытхузэфIэкIкIэ техникэр зэдгъэпэщащ, гупыфI дызэрыгъэхъуауэ дызэдолажьэ иджыпсту. Сэ куэд щIауэ сехъуапсэрт кино тесхыну, сехъуапсэрт ди лъэпкъым и шыфэлIыфэ, и щыIэкIэ-псэукIэ, ди щIыналъэм и дахагъыр, беягъыр утыку ин щызгъэлъэгъуэну. Сыт абы сыкъыхуезыджар? Москва сыщыщыIэм щыгъуэ, актеру сезыгъэблагъэхэм къысхуагъэфащэр Кавказым къикIа щIэпхъаджащIэ, лIыукI ролхэрат. Зэи арэзы сытехъуакъым апхуэдэ роль. Армырами, сыарэзытэкъым урысей кинохэм кавказ лъэпкъхэм къахэкIахэр бзаджащIэу, еIуящIэу къызэрыщагъэлъагъуэм. Кино зыбжанэ я цIэ къисIуэфынущ, зы урыс лIыхъужь хэтрэ, Кавказым щыщ къуейщIей гуэрхэр абы пэщIэту, ахэр къаукIыу. Ауэ щыхъукIи, сценаристри, режиссерри, лIыхъужьри Кавказым зэи щымыIауэ, щыпсэухэри ямыцIыхуу. Сэ мис а щытыкIэр нэгъуэщI лъэныкъуэкIэ къэзгъэлъэгъуэну сыхуейщ. Си фильмым хэтынукъым лъэпкъ зэхэгъэж. Абы лъабжьэ хуэхъуар гъащIэм къыщыхъуа, сэ сызрихьэлIа Iуэхугъуэщ. Нэхъ зытегъэщIар адыгэм и зэхэтыкIэр, нобэрей гъащIэм зэрыхэзагъэр, къэрал унафэм щIэту зэрыпсэур, езым и лъэпкъ хабзэ зэриIэжыр аращ. «Сыту фIы уадыгэну», — жызоIэ сэ куэдрэ. А фIагъыр ди дуней тетыкIэкIэ, ди лэжьыгъэкIэ дгъэлъэгъуэфмэ, ди насыпщ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Черкесым, Адыгейм, Москва щыщ актерхэращ абы хэтыр. Актер IэщIагъэм хуемыджарэ, иримылажьэрэ зыри хэзгъэхьакъым, уеблэмэ, сабийхэри актер студием кIуэхэм ящыщущ къызэрыхэсхар. Абы папщIэ республикищми кастинг щезгъэкIуэкIри, ролхэр нэхъ зыхуэфащэхэр дубзыхуауэ аращ. Фильмыр щытетхыр ди адыгэ лъахэмрэ Москварэщ.
— Кавказымрэ киномрэ. Сыт хуэдизкIэ зэпэгъунэгъу а тIур? Сыт ди деж щытепхыфынур Голливуд, Индием, Москва къащхьэщыкIыу?
— Ди щIыуэпсыр, ди цIыхухэр, ди дуней тетыкIэр, ди хабзэхэр зэрызэтемыхуэм хуэдэщ ди кинохэри зэщхь зэрымыхъунур. Дунейри щыпсэу цIыхухэри, къапщтэмэ, щхъуэкIэплъыкIэщ. А псори зэрызэмыщхьракъэ гъащIэр гъэщIэгъуэн, щIэщыгъуэ зыщIыжыр. Голливудыр кином и утыкушхуэу ябж щхьэкIэ, тепхыни, тезыхыни диIэщ дэри. Абы ипкъ иткIэ, дэтхэнэми и зэфIэкI игъэунэхун хуейуэ къызолъытэ. Нэхъыщхьэр, дигу итлъхьа мурадыр зыхуей хуэзауэ, фильмым фIагъ лъагэ иIэу гъэхьэзырынырщ, итIанэ дуней псор яфIэгъэщIэгъуэну абы еплъынущ. — Узахуэщ, Тхьэм ухущIигъэхьэ, Андзор.
Епсэлъар НЭЩIЭПЫДЖЭ Замирэщ.
| {
"source": "cherkes-haky.ru",
"id": "emkiuzh-andzor-sytu-fiy-uadygenu.txt"
} |
Фи фIыгъэкIэ допсэу
Черкесск къалэм щэнхабзэмкIэ Унэм Анэхэм я Махуэм хуэгъэза гуфIэгъуэ зэIущIэ щекIуэкIащ. Республикэм щыпсэу анэхэм яхъуэхъуну къекIуэлIащ КъЧР-м и Iэтащхьэ Темрезов Рэшид, республикэм и ЦIыхубэ ЗэIущIэм (Парламентым) и тхьэмадэ Иванов Александр, КъЧР-м и Правительствэм и тхьэмадэм и къуэдзэ Суюнов Джанибек, Правительствэм хэтхэр, къалэхэм, район муниципальнэ къэхъугъэхэм я Iэтащхьэхэр.
Анэхэм хъуэхъу псалъэкIэ захуигъэзащ Темрезов Рэшид:
—ЩIыхь зыхуэтщI ди бзылъхугъэхэ, ди анэхэ! Си гум къыбгъэдэкIыу сывохъуэхъу фи махуэщIымкIэ! Дэтхэнэ анэми фIыщIэ лей хуэфащэщ. Фэ фи къарур ивохьэлIэ щIыхь зыхуэфащэ цIыхуфIхэр дунейм лъэ быдэкIэ щыгъэувыным. Ди республикэми, ди къэралми и къэкIуэнур фэ вгъэса цIыхухэращ зэлъытар. ИкIи ахэр нэхъ къуэфIу, пхъуфIу щыIэхэращ. ФIыщIэ фхузощI махуэ къэскIэ псэемыблэжу фызыпэрыт гуащIэм папщIэ. ДэркIэ фэ фхуэдэ щыIэкъым. Фэ фи фIыгъэкIэ допсэу, дыщIэпсэури фэращ. ФIыщIи, щхьэщи фхузощI! ФIыщэу фызолъагъу!—жиIащ абы.
ГуфIэгъуэ зэIущIэм ипкъ иту КъЧР-м и Iэтащхьэм «Материнская слава» нагъыщэ 23-рэ яхуигъэфэщащ сабиитху, е нэхъыбэ зиIэ анэхэм. Къэралым и цIыху щыпкъэхэр гъэсэным хэлъхьэныгъэ зэрыхуащIымкIэ къэрал нагъыщэхэр иратащ ди республикэм и районхэмрэ къалэхэмрэ къикIа анэхэм. Абыхэм яхэтащ Хьэбэз районым щыщу Къардэн Хавэрэ Щхьэгуэш Джульетэрэ. АнитIми сабий тхурытху япI. Анэ быныфIэу ущытыныр Тхьэм къабгъэдилъхьа насыпу зэрыщытыр къыджаIащ бзылъхугъэхэм.
Абыхэм къащыхъукъым бын куэд уиIэныр хэхуагъэ гуэру, Iуэху къызэрымыкIуэу. Гугъуехьхэм пэщIэхуэми, гурыфIыгъуэрэ дэрэжэгъуэрэ къахэзылъхьэжри я бынхэращ.
— Пхъуитху сиIэщи, срогушхуэ бынунагъуэшхуэу дызэрыщытым. Абыхэм гушхуэныгъэ къысхалъхьэ, насып къызат. Унагъуэ къэс гугъуехь гуэрым пэщIохуэри, а цIыкIухэм я фIыгъэкIэ псори къызыбонэкIыф. Си сабийхэр зэщхькъым, дэзыхьэх Iуэхугъуэхэри зэхуэмыдэщ. Зы хъыджэбзыр къафэм, адрейр фортопианом, ещанэр тхеквондом макIуэ. НэхъыщIэхэр иджыри цIыкIущи къыхахаIакъым,—къыджиIащ Къардэн Хавэ.
—Пэжу жыпIэмэ, мы зэманым сабиитхум уарианэу ущытыныр тынш дыдэу пхужыIэнукъым. Ар, анэхэм, дэ ди пщэм дэтлъхьэж гугъуехьщ, икIи зэрытхузэфIэкIкIэ ар дохь, бынунагъуэшхуэм фIыгъуэу хэлъыр къэтлъытэурэ. Къапщтэмэ, анэм IэщIагъэ куэд дыдэ ицIыхун хуейщ. Ар икIи психологщ, егъэджакIуэщ, дакIуэщ, дохутырщ. НэгъуэщI лъэныкъуэ куэди зэригъэзэхуэн къыхудохуэ. Ди гуапэщ мыпхуэдэ гулъытэ къызэрытхуащIар,—къыпидзащ Щхьэгуэш Джульетэ.
Бын куэд яIэми, я лэжьапIэри IэщIыб ящIкъым анитIми. Декрет пIалъэр иухри я IэщIагъэхэм пэрыувэжащи, унагъуэри лэжьапIэри хьэлэмэту зэдахь. «Материнская слава» къэрал нагъыщэри яхуэфащэу а махуэм къратащ. БОРЭНЫКЪУЭ Мадинэ, Сурэтыр ТУАРШЫ Беслъэн трихащ
| {
"source": "cherkes-haky.ru",
"id": "fi-fiygekie-dopseu.txt"
} |
ФIы къахудэкIуэнращ
Урысейм и цIыхухэм, псом хуэмыдэу, Кавказым щыпсэухэм я дежкIэ, унагъуэр гъащIэм нэхъыщхьэу къалъытэхэм ящыщщ. Аращ УФ-м и Президент Путин Владимир УФ-м и Конституцэм халъхьэну зэхъуэкIыныгъэхэм я гугъу щищIым, унагъуэм нэхъы- щхьэу гу щIылъитари. Шэчыншэу, унагъуэм къыщхьэщыжын, ар сыт и лъэныкъуэкIи хъумэн хуейщ.
Унагъуэм и мыхьэнэр къыхощ «О прожиточном минимуме в Российской Федерации» федеральнэ хабзэм. Абдежым къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ, унагъуэм исщ «IыхьлыгъэкIэ зэпха, унагъуэ хъызмэтыр зэщIыгъуу зезыхьэхэр». Абыхэм щIагъужащ: «Правительствэм и хуитыныгъэ лъэкIыныгъэхэм яхохьэ унагъуэм, цIыхуцIэ зиIэм къыдекIуэкI унагъуэ лъапIэныгъэхэр гъэбыдэнымрэ хъумэнымрэ япха Iуэхухэр».
Щапхъэу къахь къэрал щхьэхуэхэм я деж адэ – анэхэр «езанэ», «етIуанэ» жэуэ зэрызэкIэлъыхьар. Аб- дежым мэхъу цIыхухъуитIым е бзылъхугъитIым зы унагъуэ къагъэщIу, сабийхэр япIу. Абы къыхэкIыу, къагъэуващ Конституцэм занщIэу, къехьэкI – нехьэкI хэмыту итхапхъэу: «Унагъуэр къагъэщI хъулъхугъэмрэ бзылъхугъэмрэ».
Путин Владимир еувэлIащ апхуэдэ бгъэдыхьэкIэм. Ауэ тригъэчыныхьащ: «Сыт хуэдэ мыхьэнэ унагъуэм игъуэтын хуейр? Псалъэм и жыIэгъуэкIэ, дауэ хъуну унагъуэр ныкъуэмэ, иримыкъумэ?»
— Нэчыхьыр (бракыр) — цIыхухъумрэ бзылъхугъэмрэ къагъэщI зэгухьэныгъэщ. Унагъуэр зы тIэкIукIэ нэгъуэщIщ. Мы гупсысэр езыр тэмэмщ, ар ядэщтэн хуейщ. Ауэ тегъэчыныхьыпхъэщ абы и жыIэкIэмрэ ар здыхэувэнумрэ. «Япэ адэ – анэ», «етIуанэ адэ – анэ» псалъэхэм ехьэлIауэ, сэ зэгуэрым абы теухуауэ утыкум щыжысIащ, иджыри къытезгъэзэжынущ: сэ президенту сытетыху «Япэ адэ – анэ» щыIэнукъым, щыIэнур «адэрэ анэрэщ», — щIигъэбыдащ Путин Владимир.
Урысей Федерацэм и Президентым къызэрилъытэмкIэ, ди къэралым щыIэ лъэпощхьэпо нэхъ инхэм ящыщщ унагъуэ куэдым я хэхъуэр зэрымащIэр. Абы къы- хэкIыу, Президентым къыхилъхьащ мыпхуэдэу: мы гъэм щIышылэм (январым) и 1– м щегъэжьауэ, зи ныбжьыр илъэси 3 – 7 – м ит сабий зыщIэс унагъуэхэм мазэ къэс ахъшэ иратынущ.
Зратынур «прожиточный минимум» жыхуаIэ хэхъуэ нэхъ мащIэм хуэдэ зимыIэ унагъуэхэращ. Нэхъапэхуным апхуэдэ ахъшэр хэхъуэ нэхъ мащIэм и ныкъуэм хуэдизу щытынущ — сом мини 5,5 – рэ. Ауэ абыкIэ къэувыIэнукъым. Мы ахъшэр зэрыратуи унагъуэм и хэхъуэр «прожи- точнэ минимумым» аргуэру нэмысмэ, нэгъуэщI лъэбакъуэхэр ячынущ, нэгъуэщI Iэмалхэр зэрахьэнущ…
2020 гъэм щIышылэм (январым) и 1 – м щегъэжьауэ, унагъуэм къихъухьа япэ сабийм анэ гъэтIылъыгъэр (материнский капитал) иратынущ. Ар нобэкIэ сом 466 617- рэ мэхъу. Апхуэдэ дэIэпыкъуныгъэм унагъуэ ны- бжьыщIэхэр нэхъри тригъэгушхуэнущ сабий къащIэ- хъуэным. ЕтIуанэ сабийм папщIэ а ахъшэм сом мини 150 – рэ халъхьэжынущ. Ещанэ сабий къызэрыхъухь унагъуэм сом мин 450 – рэ иратынущ ипотекэ щIыхуэр япшыныжын папщIэ. А щIыкIэм иту, сабиищ зиIэ унагъуэм сом мелуаным щIигъу къыхэхъуэнущи, и псэупIэ Iуэхухэр гугъэзагъэу зэфIигъэкIыфынущ.
АдэкIэ, Конституцэм хуащIыну зэхъуэкIыныгъэхэм ящыщщ пэщIэдзэ (1 – 4 – нэ) классхэм щеджэ сабийхэр
ерыскъы хуабэкIэ пщIэншэу къызэрагъэпэщыныр. Тех- ническэ и лъэныкъуэкIэ, мылъкукIэ абы хуэхьэзыр хэ- гъуэгухэм ар яублэнущ мы гъэм фокIадэм (сентябрым) и 1 – м. Адрейхэми мы Iуэхур 2023 гъэм и фокIадэм благъэкI хъунукъым.
Гу лъыттэнщи, Къэрал Думэм хэт «Зыуэ щыт Уры- сей» партым и фракцэм и Iэтащхьэм и къуэдзэ Исаев Андрей дигу къегъэкIыж пэщIэдзэ классхэм щеджэ сабийхэр пщIэншэу гъэшхэным теухуауэ Президентым жи- Iар зэхэгъэж имыIэу унагъуэ псоми яхьэлIауэ зэрыщытыпхъэр.
— Апхуэдэ бгъэдыхьэкIэр пэщIэдзэ классхэм щеджэ сабийуэ хъуам яхуэгъэзауэ щытын хуейщ, — щIегъэбыдэ абы.
ЩIыдгъужынщи, Конституцэм халъхьэ зэхъуэкIыны- гъэхэм цIыхухэм фIы къахудэкIуэнращ къалэн нэхъыщхьэр.
ДЭБАГЪУЭ Хьэтызэ
| {
"source": "cherkes-haky.ru",
"id": "fiy-kakhudekiuenrashch.txt"
} |
Форумым къикIыу
Урысе й Федерацэм промышленностымрэ сатумрэкIэ и министр Мантуров Денис и егъэблэгъэныгъэкIэ, Къэрэшей-Черкес Республикэм и Iэтащхьэ Темрезов Рэшидрэ ди хэгъуэгум и профильнэ министр Аргун Муратрэ Москва къалэм щекIуэкIа, промышленность псынщIэмкIэ Урысейпсо форумым хэтащ.
Ди республикэм и Iэтащхьэм форумым деж къыщыхилъхьащ Къэрэшей-Черкесым трикотаж производствэм зыщегъэужьыным ехьэлIа жэрдэмхэр. Апхуэдэу, Темрезов Рэшид къытепсэлъыхьащ КъЧР-м щыпсэу лъэпкъхэр лIыщIыгъуэ куэд хъуауэ мэкъумэш хъызмэтым, псом хуэмыдэу мэлхъуныгъэм, зэрелэжьым. Абы и фIыгъэкIи цIыхубэ IэщIагъэхэр зэрефIакIуэр, абы къыпэкIуэуи цым, абы къыхащIыкI хьэпшыпхэм я производствэм фIагъ лъагэ иIэу зэрызиужьыр къыхигъэщащ.
№98 2.12.2017
| {
"source": "cherkes-haky.ru",
"id": "forumym-kikiyu-2.txt"
} |
Форумым къикIыу
УФ-м и Президентым и лIыкIуэу Ищхъэрэ Кав каз федеральнэ хэгъуэ гум щыIэмрэ кавказ политикэмкIэ Купсэмрэ я дэIэпыкъуныгъэкIэ Романтик жылагъуэм, мы гъэм еплIанэу, «Архыз ХХI» форум щекIуэкIащ. «Коммуникации в сфере НКО: разговор с властью» псалъэмакъращ форумыр зытеухуауэ щытар.
Абы и лэжьыгъэм хэтащ КъЧР-м и Iэтащхьэ Темрезов Рэшид, УФ-м и Президентым и лIыкIуэу СКФО-м щыIэм и къуэдзэ Галактионов Андрей, Ингуш Республикэм и Iэтащхьэ Евкуров Юнус-Бек, лъэпкъ IуэхухэмкIэ федеральнэ агентствэм и унафэщI Баринов Игорь, Къэрал Думэм и депутат Онищенко Геннадий, Шэшэн Республикэм и Правительствэм и тхьэмадэ Эдельгериев Абубакар, Дагъыстан Республикэм и Правительствэм и тхьэмадэм и къуэдзэ Карибов Анатолий, Ставрополь крайм и Правительствэм и тхьэмадэм и къуэдзэ Прудниковэ Ольгэ, Ищхъэрэ Осетие-Алание Республикэм и Iэтащхьэм и Администрацэм и унафэщIым и япэ къуэдзэ Ортабаев Виктор, Ищхъэрэ Кавказым и жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм къабгъэдэкIа лIыкIуэ 200-м щIигъу. ЗэIущIэр къызэIуихкIэрэ, либерально-консервативнэ политикэмкIэ Купсэм и унафэщI Казаков Александр къыхигъэщащ властымрэ жылагъуэмрэ я зэдэлэжьэныгъэм жылагъуэм и зыужьыныгъэмкIэ мыхьэнэшхуэ зэриIэр икIи апхуэдэ зэпыщIэныгъэр, Iэмал имыIэу, щыIэн зэрыхуейр. Ищхъэрэ Кавказым щылажьэ федеральнэ лIыкIуэм, и щхьэкIэ къыбгъэдэкIыу форумым хэтхэм захуигъэзащ Галактионов Андрей.
—Дэри, властри дызыгъэпIейтей упщIэхэр къыщытIэт зэIущIэ хъуащ мыпхуэдэ форумхэр. ЖыIэпхъэщи, жылагъуэм и лIыкIуэхэращ щIыуэпсым ехьэлIа упщIэр къэзыIэтари, жылагъуэм хэзыхьари. Псоми зэрытщIэщи, 2017 гъэр Урысейм щIыуэпсым и Илъэсу щагъэуващ. Фигу къэзгъэкIыжынщи, «Урысейпсо цIыхубэ фронт»-м гъуэгухэм, щIыуэпсым теухуа проектхэр иIэщ, ахэр егъэлажьэ. АтIэ, апхуэдэщ властымрэ жылагъуэмрэ я гуащIэдэкI зэпыщIэныгъэр. Лъэпощхьэпохэр IугъэкIуэтыным, зэгурыIуэныгъэр щыIэным ехьэлIауэ жылагъуэм и лIыкIуэхэм куэдялъытащ. Ди къэралымкIэ зэкъуэтыныгъэм, зэрыубыдыныгъэм мыхьэнэшхуэ иIэщ.
НКО-м хэтхэм социальнэ сетхэр, Интернетыр фIыуэ ягъэIэрыхуэ, жыджэрхэщ, гупсысэ щIэщыгъуэхэр къыхалъхьэ, хьэрычэт зэрахьэ, щIалэгъуалэр къыдашэхыф. Апхуэдэу щыщыткIэ, щIалэгъуалэр хэкупсэ-лъэпкъыпсэу гъэсэнымкIэ, экстремизмэм, терроризмэм щыхъумэнымкIэ я лэжьыгъэм мыхьэнэшхуэ иIэщ. Къыхэзгъэщыну сыхуейщ властым НКО-м и мыхьэнэр лъагэу къызэрилъытэр,— жиIащ Галактионов Андрей. Галактионов Андрей форумым хэтхэр щигъэгъуэзащ Ищхъэрэ Кавказым и Жылагъуэ СоветыщIэ зэрыхахам, властымрэ жылагъуэмрэ я зэдэлэжьэныгъэр нэхъри зэрырагъэфIэкIуар. ИужькIэ къэпсэлъащ Темрезов Рэшид. — Жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм къаIэт упщIэхэм, лъэпощхьэпохэм нэхъ гъунэгъуу зыщыдогъэгъуазэ икIи ахэр зэфIэхынымкIэ мыпхуэдэ утыкухэр сэбэп мэхъу. Абы и щапхъэщ «Решено. Онлайн» проектыр. Проектым и гупсысэ нэхъыщхьэр къыхэзылъхьар жылагъуэм и лIыкIуэхэращ. Проектым ипкъ иту цIыхухэм къаIэта упщIэхэм хоплъэри махуи 8 нэхъ темыкIыу жэуап ират, — жиIащ Темрезов Рэшид. — Форумым и пэ къихуэу хэгъуэгухэр дызэIуощIэ, дызочэнджэщ, утыкум къыщаIэтыну упщIэхэм щыщ куэдым жэуап идот. Абыхэм къадэкIуэу, нэгъуэщI упщIэхэри, дызэлэжьыпхъэ лъэныкъуэхэри къытхуоув. Мызыгъуэгурей форумым дыхэткIэрэ, цIыхухэр нэхъ зыгъэпIейтей Iуэхугъуэхэм, федеральнэ купсэм зызэрыхуэдгъэзапхъэ упщIэхэм, зи лэжьыгъэр нэхъ щIэгъэхуэбжьапхъэ къулыкъухэм, нэгъуэщI лъэныкъуэ куэдми ехьэлIауэ лэжьыгъэр къэтпщытэжащ, — жиIащ Ингуш Республикэм и Iэтащхьэм. ХьэщIэхэм упщIэ куэд иратащ, я гупсысэхэмкIэ зэхъуэжащ. Форумым хэтахэм къыхагъэщащ жылагъуэмрэ властымрэ зэгурыIуэу зэдэлэжьэнымкIэ, зэпыщIэныгъэ яку дэлъынымкIэ НКО-м нобэ къалэнышхуэ зэригъэзащIэр.
КъЧР-м и Iэтащхьэмрэ и Правительствэмрэ я пресс-къулыкъу.
еджэн
| {
"source": "cherkes-haky.ru",
"id": "forumym-kikiyu.txt"
} |
Франджым и ЛIыхъужь Хъэгъундокъуэ Елмэсхъан
Урысей къэралым и генерал Хьэгъундокъуэ Едыдж (Николай Константинович) ипхъу Елмэсхъан: православнэ динымкIэ — Галя, католическэмкIэ — Ирен, дуней псом къыщацIыху, Франдж къэралым и лIыхъужь адыгэ бзылъхугъэщ.
Елмэсхъан Урысейм и къалащхьэ Бытырбыху 1898 гъэм къыщалъхуащ. Едыджрэ и щхьэгъусэ Елизаветэрэ быний — пщащитхурэ щIалищрэ зэдапIащ. Ахэр: Нинэ, Галя, Артемие, Александрэ, Тамарэ, Константин (Едыдж), Жорж (Адэмей), Исмэхьил сымэщ.
Хьэгъундокъуэм и бынхэм я Хэкур фIыуэ ялъагъуу, сыт хуэдэ гугъуехь къатемыгуплIами, Урысей къэралым гукIи псэкIи хуэщыпкъэу игъэсэн хузэфIэкIащ. Ауэ и хъыджэбз Елмэсхъан езы Едыдж хуэдэу акъыл жан, псэхугъуэншэу щыпкъагъэм, пэжыгъэм щIэбэн цIыху хъуащ.
Япэ Дунейпсо зауэм и зэманым Едыдж къулыкъум къыхэкIыжу (Псыхуабэ) Пятигорск псэупIэкIэ къыщигъэзэжам, Елмэсхъан а къалэм дэт сымаджэщым дохутыру Iухьащ. Сымаджэщым деж нэхъыбэу зэIэзэр зауэм фэбжь хэзыха зауэлIхэрат. Елмэсхъан абдежым нэIуасэ къыхуохъу зи щхьэм фэбжь хьэлъэ техуа, урыс уэркъ лъэпкъ иным къыхэкIа Баженов Николай. Елмэсхъан а офицер хахуэр къызэфIэгъэувэжыным и акъыли, и гуащIи щымысхьу ирихьэлIащ. Николай нэхъ зиужьыжауэ Бытырбыху щигъэзэжым, Елмэсхъан щхьэгъусэу здищтэри, а къалэм дежи я нэчыхь щрагъэтхащ.
Урысейм революцэм и зэрыхьзэрийр къыщыхъейм, Баженовым и унагъуэр къуэш зэрыукI зауэм нэхъ щихъумэ и гугъэу, КъуэкIыпIэ жыжьэм Iэпхъуэжащ. Елмэсхъан а лъэхъэнэм къыхуэхъуащ щIалэ цIыкIу, ауэ и адэ Николай и къуэпскIэ зыщыгугъ и сабий пажэм гу щихуэн хущIэмыхьэу, дунейм ехыжащ. ЩIалэ цIыкIум и адэм и фэеплъу Николай фIащащ.
Франдж къэралым Iэпхъуэжа нэужь Елмэсхъан етIуанэ унагъуэ ихьэжащ. Ар щхьэгъусэ хуэхъуащ граф Ла- дислэ де Люар. Абдеж католическэ члисэм и унафэкIэ, Елмэсхъан Ирену ятхыжащ. И щхьэгъусэ Ладислэ маркиз де Люар и къуэт, абы къыхэкIкIэ и къуэм и щхьэгъусэри католикыу щытын хуейт. Елмэсхъан сыт хуэдэ дин кърамыгъэщтами, къы- зыхэкIа лъэпкъыр зы махуи игу иригъэхуакъым, икIи хэт къемыупщIми, зэрыадыгэр яжриIэт.
ЕтIуанэ Дунейпсо зауэр къыщыхъейм, Елмэсхъан къызэригъэпэщащ къра- шэкI сымаджэщхэр. Япэ щIыкIэ Тунисым, иужькIэ Италием, Франджым щылэжьащ. Германием Франдж къэралыр къищта нэужь, Елмэсхъан генерал де-Голь къызэтригъэна езанэ дзэм хыхьащ. Абдеж кърашэкI сымаджэщ машинэ тIощIым щIигъу зэригъэпэщащ адыгэ бзылъхугъэ дохутыр ерыщым. Ар щылэжьащ Марокко, Тунис, нэмыцэ генерал Ромель пэщIэта дзэхэм ядэIэпыкъуу.
1944 гъэм графиня де Люар шууейхэм я езанэ хамэ къэрал полкым и бригадирхэм я унафэщI хъуащ. Франджыдзэм нэмыцэхэр я щIыналъэм щрахужам, дзэм япэ иту лъэмыжым зэпрыкIахэм я пашащ Елмэсхъан. Абы къигъэлъэгъуа гуеягъыр зылъэгъуа Маршал Жуен къыжриIауэ щытащ: «Ирен, мы уэ зепхьэ Iуэхухэр цIыхухъущ зэфIэзыхын хуейр, солъэIу уи жьэгу екIуэлIэжи гупсэхуу псэу!» жэуэ.
Елмэсхъан дзэпщышхуэм мэскъалкIэ хуимыкIуэту жэуап иритыжащ: «Сэ уэ сыуисэлэткъым унафэ къысхуэпщIыну, уи Iуэху хэлъкъым сэ зэфIэсхынуми, сыкъыздэхутэнуми, сэ къыстебгъэкIуадэ гуащIэмрэ, неймрэ бийм тебгъэкIуадэмэ, куэдкIэ нэхъыфIщ»…
Елмэсхъан и щIалэ Николай США-м и генерал Кларк и адъютанту зауэм хэтащ, ауэ щIалэ дыдэу капитан нагъыщэр иIэу дунейм ехыжащ.
Зауэр щиухам маршал Жуен адыгэ бзылъхугъэр зыпищI щымыIэу пщIэшхуэ къыхуищIу щытащ. Елмэсхъан нагъыщэу къыхуагъэфэщам и бжыгъэр гъунэжщ. Апхуэдэщ: «Командир в Национальном ордене Легиона Чести», «Старший офицер в Национальном ордене Достоинства», «Крест войны 1939-1945 гг.», «Три Похвалы в приказе корпуса Армии», «Медаль в память Тунисской компании 1943-1945 гг.», «Медаль в память об Итальянской компании 1943-1945 гг.», «Алая медаль Чести Священной Военной службы», «Медаль Эпидемий», «Алая медаль города Парижа»…
Мыбыхэм къинэмыщIауэ, Елмэсхъан нэгъуэщI къэрал куэдым я орденхэр, медалхэр къыхуагъэфэщащ. 1985 гъэм и ныбжьыр илъэс 87-м иту дунейм ехыжащ гуащэ лIыхъужьыр. Ар щIалъхьэжащ Франджым и маршалым хуэдэу, и бэныр топ ла- фетым тету, Сент-Женевьев де Буа кхъэм, и щIалэ Николай бгъуралъхьэжащ.
Зыгъэхьэзырар ГЪУКIЭКЪУЛ Даутщ
| {
"source": "cherkes-haky.ru",
"id": "frandzhym-i-liykhuzh-khegundokue-elmeskhan.txt"
} |
ГъащIэм гугъапIэщIэкIэ хобакъуэ
ГуфIэгъуэ пшыхьым къикIыу
Черкесск къалэм и утыку нэхъыщхьэм деж гуфIэгъуэ пшыхь иджыблагъэ щекIуэкIащ. Ар къызэрагъэпэщащ курыт еджапIэр къэзыуха ныбжьыщIэхэм папщIэ. Пшыхьым хэтащ республикэм и къалащхьэм и курыт еджапIэхэм къыщIэкIа еджакIуэ 444-рэ, абыхэм я егъэджакIуэхэр, адэ- анэхэр. Япэ щIыкIэ, видео щIыкIэм тету, балигъ гъащIэм хыхьэ Урысейм и ныбжьыщIэхэм хъуэхъу псалъэкIэ захуигъэзащ ди къэралым и Президент Путин Владимир. ИужькIэ еджапIэр къэзыухахэм псалъэ гуапэкIэ захуигъэзащ Къэрэшей-Черкесым и Iэтащхьэ Темрезов Рэшид. — Мы махуэхэм республикэм и курыт еджапIэ хэм махуэщI хьэлэмэт щокIуэкI. Къэрэшей-Черкесым щыщ ныбжьыщIэ мин ныкъуэм щIигъум еджапIэ гъащIэм сэлам ирахыжауэ, гъащIэщIэм хобакъуэ. Курыт еджапIэр къызэрывухамкIэ сывохъуэхъу икIи фи щхьэр ину Iэтауэ ипэкIэ фыкIуэтэну, мурадышхуэхэр зы хуэвгъэувыжыну, ахэр зэвгъэхъулIэну си гуапэщ! ЕджапIэм къыщIэфха щIэныгъэр мурад зыхуэвгъэувыжахэр зэвгъэхъулIэнымкIэ къывдэIэпыкъуну, гъащIэм IэщIагъэ къыхэфхынумкIэ щIэгъэкъуэн къыфхуэхъуну Тхьэм жиIэ! Фи гур, фи псэр зыхуеIэм зыхуэфший. Дэнэ фыщымыIами, дунейр нэхъ дахэ нэхъ гуапэ зэрыфщIыным фыхущIэкъу икIи адэ-анэхэр, къывдалъхуахэр, фи Iыхьлыхэр, Къэрэшей-Черкесыр, Урысей Федерацэр фIыуэ зэрыфлагъун хуейр зыщывмыгъэгъупщэ. Псом нэхърэ нэхъыфIу фыщыт! — жиIащ Темрезов Рэшид. АдэкIэ псалъэ иратащ Черкесск къалэм и мэр Тамбиев Руслан. Ар махуэщIымкIэ ныбжьыщIэхэм яхъуэхъуащ икIи захуигъэзащ IэщIагъэ тэрэз къыхахыну, адэ-анэхэмрэ егъэджакIуэхэмрэ зэрыгушхуэ, пщIэ зиIэ цIыхурэ IэщIагъэлIрэ къахэкIыну. — Зыщывмыгъэгъупщэ, Черкесск къалэр сыт щыгъуи къызэрывэжьэр. Балигъ гъащIэм насыпыфIэу фыщытыну! — жиIащ Тамбиев Руслан. Къалэм и мэрым и къэпсэлъэныгъэ нэужьым шырыб плъыжьыбзэхэр уафэгум ираутIыпщхьащ. ИужькIэ концерт программэм щIидзащ. ЕджапIэр къэзыуха ныбжьыщIэхэм, пшыхьым къекIуэлIахэм я гукъыдэжыр къаIэту зыкъагъэлъэгъуащ Ищхъэрэ Кавказым и творческэ гупхэм.
ЕЗАУЭ Маринэ
| {
"source": "cherkes-haky.ru",
"id": "gashchiem-gugapieshchiekie-khobakue.txt"
} |
ГъэсынхэкIхэм ехьэлIауэ
Москва къалэ
СКФО-м къыбгъэдэкIа, хэгъуэгум и гъэсынхэкI-энергетическэ комплексым телажьэ лIыкIуэхэр иджыблагъэ хэтащ УФ-м и Правительствэм и вице-премьер Хлопонин Алек-сандр зи пашэу Москва къалэм щекIуэкIа зэIущIэм. Абы хэтащ Къэрэшей-Черкесым и Iэтащхьэ Темрезов Рэшид.
ЗэIущIэр зытеухуар УФ-м и Правительствэм и Тхьэмадэ Медведев Дмитрий ищIа унафэр зэрагъэзащIэр, гъэсынхэкI-энергетическэ комплексым хуэгъэзауэ хэгъуэгухэм ятелъ щIыхуэр ягъэмэщIэным кърикIуар къапщытэжынращ.
Темрезов Рэшид УФ-м и Правительствэм и вице-премьерыр щигъэгъуэзащ мы илъэсыр къызэрихьэрэ, мазиплIым къриубыдэу, гъэсынхэкI-энергетическэ комплексым хуэгъэзауэ хэгъуэгум щыпсэухэм, щылажьэхэм ятелъ щIыхуэр тыжыным фIы и лъэныкъуэкIэ зэрызихъуэжар. Апхуэдэу, ди хэгъуэгум и Iэтащхьэм наIуэ къызэрищIамкIэ, республикэм щыпсэухэм къагъэсэбэпа щIыуэпс гъуэзым и уасэр процент 94-кIэ, электрокъарумкIэ — процент 99-кIэ ятащ.
— Ди республикэм деж жыджэру щолажьэ къулыкъухэм къабгъэдэкIа лIыкIуэхэр зыхэт лэжьакIуэ гуп. Мыбыхэм я къалэн нэхъыщхьэр хэгъуэгум щыпсэухэм къагъэсэбэпа гъэсынхэкI-энергетическэ пкъыгъуэхэм техуэ ахъшэр щIыхуэу цIыхухэм къатемынэу ятыныр я нэIэм щIагъэтынращ, щIыхуэ зытелъхэм ар ирагъэгъэмэщIэнымкIэ Iэмалхэр къагъуэтынращ.
Хэгъуэгум ит къулыкъухэм къабгъэдэкIа лIыкIуэхэр зыхэт лэжьакIуэ гупым лэжьыгъэфI ирагъэкIуэкIащ щIыхуэ зытелъхэм ирагъэтыжыным ехьэлIауэ. Апхуэдэ унагъуэхэм екIуалIэурэ абыхэм Iуэхур зэхагъэкIащ, — жиIащ Темрезов Рэшид.
ЗэIущIэм ипкъ иту, вице-премьерым хэгъуэгухэм къабгъэдэкIа лIыкIуэхэр къыхуриджащ ирагъэкIуэкI лэжьыгъэр къамыгъэлэлэну, электрокъару, гъэсынхэкIхэр яIэрызыгъэхьэ, къагъэсэбэпам техуэ уасэр къы-хэзыдз предприятэхэм нэхъ купщIафIэу ядэлэжьапхъэу.
КъЧР-м и Iэтащхьэмрэ и Правительствэмрэ я пресс-къулыкъу
| {
"source": "cherkes-haky.ru",
"id": "gesynkhekikhem-ekheliaue.txt"
} |
Гъуэгум щызекIуэ хабзэхэр
Къэрэшей-Черкесым и Iэтащхьэ Темрезов Рэшид гъуэгу шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщынымкIэ комиссэм и зэIущIэ иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ. ЗэIущIэр къызэIуихкIэрэ, ди хэгъуэгум и Iэтащхьэм жиIащ иужьрей илъэсхэм республикэ властым и зыгъэзащIэ органхэмрэ федеральнэ структурэхэмрэ зэгъусэу гъуэгу шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщыным ехьэлIауэ лэжьыгъэ купщIафIэ зэрырагъэкIуэкIар.
Апхуэдэу, нэрылъагъуу ефIэкIуащ федеральнэ, республикэ мыхьэнэ зиIэ гъуэгухэм я щытыкIэр. Къэрэшей-Черкесым и закъуэщ гъуэгухэр къэзыгъэнэху Iэмэпсымэхэр здагъэувар. КъинэмыщIауэ, республикэм травматологическэ купси 7 щолажьэ. Абы и фIыгъэкIэ машинэ зэжьэхэуэхэм хэкIуадэ цIыхухэр нэхъ мащIэ хъуащ. Апхуэдэщи, «ДэIэпыкъуэгъу псынщIэ» машинэхэр зэхурикъуу зэрызыIэрагъэхьам къыхэкIыу машинэ зэжьэхэуэхэм хэхуахэм япэ медицинэ дэIэпыкъуныгъэр щIэх ирагъэгъуэт. Республикэм и Iэтащхьэм зэрыжиIамкIэ, гъуэгум къыщыхъу хабзэншагъэхэр нэхъ мащIэ хъуащ видеофиксацэхэр зэрагъэувам къыхэкIыу. НобэкIэ апхуэдэ Iэмэпсымэу 30 ягъэувагъэххэщ, куэд мыщIэу иджыри 40-м лэжьэн щIадзэнущ. Арами, Темрезов Рэшид жиIащ машинэ зэжьэхэуэхэр къызэрыхъур, цIыхухэр зэрыхэкIуадэр, фэбжь зэхуэмыдэхэр зэрыхахыр. Узыгъэгузавэщ абыхэм сабийхэр зэрахэхуэр. Темрезов Рэшид къызэрыхигъэщамкIэ, машинэ зэжьэхэуэхэр нэхъыбэу къызыхэкIыр водительхэм гъуэгу хабзэхэр зэрамыгъэзащIэращ. Абы жиIащ цIыхухэм профилактикэ лэжьыгъэ драгъэкIуэкIын зэрыхуейр. — Мы Iуэхугъуэм жылагъуэ организацэхэр, цIыху жыджэрхэр, хъыбарегъащIэ Iэмалхэм я лэжьакIуэхэр къыхэшэн хуейщ. Гъуэгубгъухэм ягъэув, машинэм кIэлъыплъ Iэмэпсымэхэр нэхъыбэ щIыпхъэщ. Водительхэр зыгъэхьэзыр еджапIэхэм я лэжьыгъэр ткIийуэ ди нэIэм щIэдгъэтын хуейщ. Мы зэманым куэд отпуск зэрыкIуэм къыхэкIыу, республикэм и къэралкIуэцI IуэхухэмкIэ и Министерствэм, республикэм и зыгъэзащIэ властым и органхэм, муниципальнэ къэхъугъэхэм я Iэтащхьэхэм зыфхузогъазэ гъуэгухэм я шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщыным ехьэлIауэ Iэмалу щыIэр къэвгъэсэбэпыну, гъуэгу хабзэхэр зыкъутэхэм нэхъ ткIийуэ фабгъэдыхьэну. ЗэIущIэм хэтхэр фыкъыхузоджэ мы Iуэхугъуэм жэуаплыгъэ хэлъу фыбгъэдыхьэну, гъуэгу шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщынымкIэ Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимир унафэ ищIамрэ Хабзэм къытхуигъэувымрэ гъэзэщIэным фи лэжьыгъэр хуэвунэтIыну, — жиIащ Темрезов Рэшид. ИужькIэ къэпсэлъащ республикэм и МВД-м, прокуратурэм, егъэджэныгъэмкIэ, промышленнэмрэ сатумрэкIэ Министерствэхэм, МЧС-м я унафэщIхэр, къалэхэмрэ районхэмрэ я Iэтащхьэхэр. Къэпсэлъэныгъэ нэужьым гъуэгухэм я щытыкIэр егъэфIэкIуэным, нэхъыщхьэр, ДТП-м ехьэлIауэ профилактикэ лэжьыгъэхэр егъэкIуэкIыным хуэунэтIауэ щIапхъэхэр зэхагъэуващ. — Гъуэгу шынагъуэншагъэм ехьэлIауэ къалэнхэр къызыхуэувыр властым и органхэм, гъуэгу, хабзэхъумэ къулыкъухэм я закъуэкъым. Мы Iуэхугъуэм дэтхэнэри къыхыхьэн хуейщ. Апхуэдэщ, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм, хъыбарегъащIэ Iэмалхэм я лэжьакIуэхэр, егъэджэныгъэм и лIыкIуэхэр. Псом хуэмыдэу, мы Iуэхугъуэм хэлэжьыхьын хуейщ адэ- анэхэр. Сабийр цIыкIу щIыкIэ гъуэгу хабзэхэр игъэзащIэу къэгъэтэджыпхъэщ. Нобэ къэтIэта упщIэхэм гулъытэ хуэтщIын, ахэр зэфIэха зэрыхъуным дэтхэнэри делэжьын хуейщ, — зэIущIэм и кIэм жиIащ Темрезов Рэшид.
КъЧР-м и Iэтащхьэмрэ и Правительствэмрэ
я пресс-къулыкъу
| {
"source": "cherkes-haky.ru",
"id": "guegum-shchyzekiue-khabzekher.txt"
} |
ГуфIэгъуэ IуэхугъуитI – зы махуэм
«Медовые водопады» турист-этнографическэ комплексым ухуэзышэ гъуэгъущIэ Къэрэшей-Черкес Республикэм щаутIыпщащ. Километр 7,53-рэ зи кIыхьагъ «Конзавод-Коммунстрой-Медовые водопады» гъуэгущIэр гуфIэгъуэкIэ иджыблагъэ къызэIуахащ. А Iуэхугъуэм хэтащ Къэрэшей-Черкес Республикэм
и Iэтащхьэ Темрезов Рэшид, туризмымкIэ Федеральнэ агенствэм и унафэщIым и къуэдзэ Королев Николай,
КъЧР-м и ЦIыхубэ ЗэIущIэм (Парламентым) и тхьэмадэ Иванов Александр, нэгъуэщIхэри.
ГъуэгущIэр ухуэнымкIэ лэжьыгъэфI зэрырагъэкIуэкIам папщIэ, Темрезов Рэшид фIыщIэшхуэ хуищIащ
Королев Николаи, ар къызыбгъэдэкIа агенствэм и унафэщIхэми. — Илъэс кIуам «Медовые водопады» зыгъэпсэхупIэм цIыху мини 100-м щIигъу къекIуэлIащ. КъэкIуэну илъэсым а бжыгъэр куэдкIэ нэхъыбэну дыпоплъэ. Къапщтэмэ, 2017 гъэм ди республикэм туристу зы мелуанрэ мин 200-рэ щыхьэщIащ, — жиIащ Темрезов Рэшид.
КъинэмыщIауэ, республикэм и Iэтащхьэм къыхигъэщащ яухуа гъуэгур зэманыщIэм къигъэув щытыкIэхэм техуэу зэрыщытыр.
№91 22.11.2018
| {
"source": "cherkes-haky.ru",
"id": "gufiegue-iuekhuguiti-zy-makhuem.txt"
} |
Илъэс 200 зэрырикъуар
Къэрэшей — Черкес Республикэм и Iэтащхьэ Темрезов Рэшид хэтащ Грознэ къалэр къызэрагъэщIрэ илъэс 200 щрикъум ирагъэхъулIа гуфIэгъуэ Iуэхухэм. МахуэщIым хьэщIэ лъапIэу къеблэгъащ Урысей Федерацэм и Президентым и Полномочнэ лIыкIуэу Ищхъэрэ — Кавказ федеральнэ хэгъуэгум щыIэ Матовников Александр, УФ-м Ищхъэрэ Кавказ IуэхухэмкIэ и министр Чеботарев Сергей, ди къэралым физкультурэмрэ спортымрэкIэ и министр Колобков Павел, Урысейм и хэгъуэгухэм я Iэтащхьэхэр, УФ-м и Советым хэтхэмрэ
Къэрал Думэм и депутатхэмрэ.
№79 11,10,18
| {
"source": "cherkes-haky.ru",
"id": "iles-200-zeryrikuar.txt"
} |
Илъэси 10 гъуэгуанэ
Къэрэшей-Черкесым хыхьэ Нэгъуей районыр къызэрагъэщIрэ илъэси 10 зэрырикъуар иджыблагъэ ягъэлъэпIащ. Абы хэтащ республикэм и Iэтащхьэ Темрезов Рэшид, МВД-м и унафэщI Трифонов Игорь, ЦIыхубэ ЗэIущIэм (Парламентым) и депутатхэр, Правительствэм хэтхэр, къалэхэмрэ районхэмрэ я Iэтащхьэхэр, динырылажьэхэр, Ставрополь крайм, Астрэхъан областым, Кърымым къикIа хьэщIэхэр. Районым щыпсэухэм захуигъазэкIэрэ, Темрезов Рэшид махуэщIымкIэ яхъуэхъуащ икIи къыхигъэщащ цIыхухэм я гуащIэдэкI лэжьыгъэфIым къыхэкIыу, абы зэрызиужьыр.
— Нэгъуей районыр къызэрагъэщIрэ илъэси 10 зэрырикъур Къэрэшей-Черкесым и илъэс 25-м техуащ. А илъэсхэм районым нэрылъагъуу зиужьащ. Абы и унафэщIхэр, республикэм и зыгъэзащIэ властым и органхэр, депутатхэр, федеральнэ структурэхэр зэ- гъусэу долэжь икIи тлъэкI къэдгъанэкъым цIыхухэм я щыIэкIэ-псэукIэр едгъэфIэкIуэным ехьэлIауэ. Къапщтэмэ, мы щIыналъэм зэфIэкIыфIхэр иIэщ, здэщыс щIыпIэри тыншщ. Абы къыхэкIыу, технопарк къызды- щызэIутхынур мыбдежращ.
КъинэмыщIауэ, районым щыдухуэ, социальнэ мыхьэнэ зиIэ IуэхущIапIэхэми адэкIэ пытщэнущ. Си фIэщ мэхъу, Нэгъуей районым къэкIуэныфI зэриIэр. Районыр къызэгъэпэщыным, зэфIэгъэувэным хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIа цIыхухэм фIыщIэ яхузощI! ЦIыхухэм сайхъуэхъуну сыхуейщ мамырыгъэ, гуапагъэ, зэIузэпэщыныгъэ щымыщIэнхэу! Фи махуэщIымкIэ! — жиIащ Темрезов Рэшид.
АдэкIэ къэпсэлъащ Нэгъуей районым и администрацэм и Iэтащхьэ Керейтов Энвер. Ар къытепсэлъыхьащ районым и социально-экономикэ щытыкIэм егъэфIэкIуэным ехьэлIауэ ялэжь Iуэхугъуэхэмрэ абы дяпэкIэ зэрызрагъэужьынумрэ. ИужькIэ республикэм и Iэтащхьэмрэ хьэщIэхэмрэ екIуэлIащ районым и музейм. Абдеж щызэхуэхьэсащ нэгъуей лъэпкъым и тхыдэр, щэнхабзэр къэзыгъэлъэгъуэж экспонат телъыджэхэр, хьэпшып зэхуэмыдэхэр, тхыгъэжьхэр.
Музейм и пэш щхьэхуэ траухуащ Хэку зауэшхуэм хэта, лIыхъужьыгъэ къэзыгъэлъэгъуа зауэлIхэм. Къыхэгъэщыпхъэщ, махуэщIым урыс, адыгэ, къэрэшей, абазэ, нэгъуей лъэпкъ пщIантIэхэр къызэрыщызэрагъэпэщар. Апхуэдэщи, махуэщIым ипкъ иту къагъэщIащ спорт утыкухэр. Абдеж я лIыгъэр щагъэлъэгъуэну дэтхэнэми лъэкIыныгъэ игъуэтащ. Республикэм щыпсэу лъэпкъхэм я зэкъуэшыныгъэмрэ зэкъуэтыныгъэмрэ я нагъыщэу Эркен-Хьэлъкъ курыт еджапIэм и пщIантIэм щагъэува сценэм лъэпкъ уэрэдхэр щыIуащ.
ЕЗАУЭ Маринэ
| {
"source": "cherkes-haky.ru",
"id": "ilesi-10-gueguane.txt"
} |
ИлъэсыщIэ псейр
ГуфIэгъуэ дауэдапщэ иным щIэту мы махуэхэм республикэ къалащхьэм и купсэ утыкум къыщызэIуахащ хэгъуэгум и ёлкэ нэхъыщхьэр. Iуэхугъуэм хэтащ Къэрэшей-Черкесым и Iэтащхьэ Темрезов Рэшид. — Си фIэщI мэхъу къихьэну 2019 гъэм ехъулIэныгъэфIхэр къызэрытпэплъэр. Сыхуейщ къытхуеблагъэ илъэсыщIэм гуфIэгъуэ, дэрэжэгъуэ къыфхуихьыну, бын куэду къыфщIэхъуэну, фи нэхъыжьхэр узыншэу фхуэпсэуну, дэри ди лэжьыгъэр хэгъуэгуми къэралми сэбэп хуэхъуну. Республикэ къалащхьэр зыгъэщIэрэщIа мы псей гъэщIэгъуэныр, ар зэрыгъэдэха хьэпшыпхэр саугъэту къыдэзыта «ЕВРОЦЕМЕНТ» компанием и унафэщIхэм фIыщIэ ин яхузощI! ИкIи, мы саугъэтыр къызыбгъэдэкIахэмкIэ нэхъыфI дыдэ фIыщIэр – нобэ гуфIэгъуэ зэрыслъагъуэ фи нэгухэмрэ сабийхэм я нэм къыщIих нэхугъэмрэщ, — жиIащ Темрезов Рэшид. КъыкIэлъыкIуэу хэгъуэгум и Iэтащхьэмрэ ЩIыIэ Дадэмрэ кнопкэм тракъузэкIэрэ, Псей жыгыр, Правительствэм и Унэ блыныр уэздыгъэ цIыкIу зэмыфэгъу-зэщIэлыдэхэмкIэ щIагъэнащ. А сыхьэтым купсэ утыкур къэщIэрэщIащ, нэху хъуащ. СыхьэтитIым къриубыдэу екIуэкIа концертым хэтащ хэгъуэгум щыцIэрыIуэ уэрэджыIэхэр, къэфакIуэ гупхэр. МахуэщIым и хьэщIэ нэхъыщхьэ ЩIыIэ Дадэмрэ Уэс Гуащэмрэ республикэм щыпсэухэм яхъуэхъуащ гуфIэгъуэ махуэхэр куэду яIэну, хъыбарыфIхэр къаIэрыхьэну, унагъуэхэм насып илъыну, ехъулIэныгъэ ягъуэтыну. Республикэ къалащхьэм щагъэува IэрыщI ёлкэм и лъагагъыр метр 22-рэ, и хьэлъагъыр тонни 4-м ноблагъэ. ЗэрытщIэжщи, илъэс блэкIахэм псей жыгыр Архъыз щIыналъэм къраупщIыкIт. Ныбжьрэ щIыуэпс и лъэныкъуэкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ псейхэр иупщIыкIыныр куэдым ягъэзахуэтэкъым. Гуапэ зэрыхъущи, а лъэпощхьэпор IугъэкIуэта хъуащ.
* * *
Черкесск къалэм и илъэсыщIэ нагъыщэ нэхъыщхьэри Первомайскэ миниАрбат уэрамым къыщызэIуахащ. Мы гъэм илъэс ещанэ мэхъу мы IэрыщI илъэсыщIэ жыгыр Москва кърашу ди республикэ къалащхьэм зэрыщагъэуврэ. Къалэ илъэсыщIэ псейр зэщIэгъэблэным къалэдэсми, хьэщIэми —нэрыбгэ мини 2-м нэс хэтащ. «Сэлам, ИлъэсыщIэ!» зи фIэщыгъэцIэ махуэщI Iуэхугъуэм и къызэгъэпэщакIуэу щытащ къалэ мэриер. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, пшыхьым и лIыхъужь нэхъыщхьэу утыкум имыкIыу итар ЩIыIэ Дадэмрэ Уэс Гуащэмрэщ. «Я и мама-Снегурочки», «Я и папа — Деды Морозы» флешмоб зыкъэгъэлъэгъуэныгъэхэм куэд зэригъэубыдащ. Утыкум къихьа сабийхэри, абыхэм гъусэ яхуэхъуа, къалэ еджапIэхэм къикIахэри, псори зэхэту еджакIуэ 300-м нэс флешмобым хэтащ. Къа-лэм и артистхэм концертыр пащащ. Первомайскэ уэрамым и кIыхьагъыххэкIэ щагъэуващ еджакIуэхэмрэ еджапIэм и пэ къихуэ къулыкъущIапIэхэмрэ ягъэхьэзыра илъэсыщIэ хьэпшыпхэр. ИкIи апхуэдэ гъэлъэгъуэныгъэм хэлэжьыхьа псоми мэрием къыбгъэдэкIыу щIыхь тхылъхэр хуагъэфэщащ. Республикэ, къалэ псей нэхъыщхьэхэм къинэмыщIауэ, апхуэдэхэр щагъэуващ Петрусевич и цIэр зезыхьэ утыкум, Доватор уэрамым, Покровскэ паркым ит жыг зыбжани ягъэдэхащ.
ГЪУКIЭКЪУЛ Иринэ,
ШЫБЗЫХЪУЭ Ирэ
| {
"source": "cherkes-haky.ru",
"id": "ilesyshchie-psejr.txt"
} |
Иранымрэ Ищхъэрэ Кавказымрэ зэрызэдэлэжьэну Iэмалхэр
«Иран и Северный Кавказ: история и перспективы сотрудничества» фIэщыгъэцIэр зиIэ Дунейпсо щIэныгъэ-практическэ конференц Хетагуров Коста и цIэр зезыхьэ Ищхъэрэ Осетие къэрал университетым щекIуэкIащ. Ар къызэрагъэпэщащ Урысейм и лъэныкъуэкIэ — Ищхъэрэ Кавказ IуэхухэмкIэ и Министерствэмрэ Ищхъэрэ
Осетие-Аланием и Правительствэмрэ, Ираным и лъэныкъуэкIэ — Иран Ислъам Республикэм хамэкъэрал IуэхухэмкIэ и МинипIэ, метр зэбгъузэнатIэ мин 52-рэ къэзыубыд парк, сабий IыгъыпIэрэ еджапIэрэ
щаухуэну. УхуакIуэхэм къалэн зыщащI хьэблэр псыкIэ къызэзыгъэпэщ, зыгъэкъабзэ ухуэныгъэхэри
ящIыну, къуажэм и уэрам гъуэгухэри зыхуей хуагъэзэну. Хуит зыщI, проектсметэ тхылъхэр 2018 гъэм гъэхьэзырын щIадзэнущ. Проектым сом меларди 7,5-рэ текIуэдэну къалъытэ. КумпIыл Мурат зэрыжиIамкIэ, а ухуэныгъэхэр зэфIэкIмэ, зыхуей хуэгъэза псэупIэ цIыхухэм яIэнущ, бюджет зэмылIэужьыгъуэхэм яIэрыхьэ хьэкълыкъхэми хэхъуэнущ. Сату щIапIэм лэжьапIэ щагъуэтынущ цIыху миным нэсым, щIыпIэм и фермерхэм я Iуэхур ефIэкIуэнущ. стерствэм политикэ, дунейпсо къэхутэныгъэхэмкIэ и институтымрэ Табатабаи Алламе университетымрэ. Къэрэшей-Черкесым къыбгъэдэкIыу конференцым хэтащ республикэм и Правительствэм и тхьэмадэ Уэз Аслъэн.
№102 16.12.2017
| {
"source": "cherkes-haky.ru",
"id": "iranymre-ishchkhere-kavkazymre-zeryzedelezhenu-iemalkher.txt"
} |
Ищхъэрэ Кавказ хэгъуэгум зеужь
УФ-м и Правительствэм деж СКФО-м и социально-экономикэм зегъэужьынымкIэ Правительственнэ комиссэм и Ищхъэрэ Кавказ федеральнэ хэгъуэгум и гъэсынхэкI-энергетическэ комплексымкIэ
лэжьакIуэ гупым и зэIущIэ щекIуэкIащ. Ар иригъэкIуэкIащ УФ-м Ищхъэрэ Кавказ федеральнэ хэгъуэгум и IуэхухэмкIэ и министр Кузнецов Лев.
ЗэIущIэм хэтащ министрым и къуэдзэхэр, судприставхэм, федеральнэ, хэгъуэгу зыгъэзащIэ властхэм я органхэм я лIыкIуэхэр. Къэрэшей-Черкесым къыбгъэдэкIыу зэIущIэм и лэжьыгъэм хэлэжьыхьащ
республикэм и премьерминистр Уэз Аслъэн.
| {
"source": "cherkes-haky.ru",
"id": "ishchkhere-kavkaz-kheguegum-zeuzh.txt"
} |
Iуэхугъуэ пажэхэм
Иджыблагъэ КъЧР-м и Правительствэм и тхьэмадэ Уэз Аслъэн республикэм и Iэтащхьэ Темрезов Рэшид щигъэгъуэзащ хэгъуэгум и социально-экономикэ щытыкIэм, бюджетыр зэрагъэзащIэм, абы и хэхъуэм.
ЗэIущIэм хэтахэм уэлбанэ, уэшх кIыхьлIыхьым къыздихьа щытыкIэхэр гъэзэкIуэжыным ехьэлIауэ зэфIах лэжьыгъэм республикэм и Iэтащхьэр щагъэгъуэзащ.
Мы гъэм гъэмахуэм сабийхэм загъэпсэхунымкIэ, я узыншагъэм кIэлъагъэплъынымкIэ кампанэм, Зыуэ щыт къэрал экзаменхэр зэрекIуэкIынум зэIущIэм щытепсэлъыхьащ.
Темрезов Рэшид унафэ ищIащ а Iуэхухэр нэIэ хэхам щIагъэтыну, абыкIэ жэуаплыгъэ зыхь къулыкъухэр мыбэлэрыгъыну, зэдэлэжьэну.
КъЧР-м и Iэтащхьэмрэ и Правительствэмрэ
я пресс-къулыкъу
| {
"source": "cherkes-haky.ru",
"id": "iuekhugue-pazhekhem.txt"
} |
КІэлъыплъакІуэ—хэт ар?
ДяпэкІэ Къэрал Думэм хэтыну партхэр, кандидатхэр гъэнэІуэным теухуауэ мы гъэм, фокІадэм и 17-19 махуэхэм хэхыныгъэхэр екІуэкІынущ. Зыуэ щыт Іэ Іэтыгъуэ махуэр (Единый день голосования) фокІадэм и 19 махуэращ.
А махуэхэм къриубыдэу цІыхубэм игъэнэІуэнущ дяпэкІэ Къэрал Думэм хэтыныр зыхуэфащэу къилъытэ кандидатхэмрэ ахэр къызыбгъэдэкІа партхэмрэ. Къэрал мыхьэнэ зиІэ Іуэхур дэтхэнэ цІыхуми, къэралым и унагъуэ къэс яхьэлІащ, ар ди къэкІуэнщ, ди пщэдейщ. Апхуэдэ жэуаплыгъэ лъагэм епха Іуэхум цІыху куэд хэлэжьыхьынущ. Абыхэм ящыщщ жылагъуэ кІэлъыплъакІуэхэр. Хэт жылагъуэ кІэлъыплъакІуэр, хэт ар зи лІыкІуэр, сыт и къалэныр, и пщэрылъыр? Абыхэм дыщыгъуэзэным папщІэ а къалэныр хэхыгъуэ махуэхэм зыхьынухэм нэІуасэ захуэтщІмэ нэхъ тэрэз хъунущ.
Зэгуэрми хуэмыдэу, мы гъэм хэхыныгъэ махуэхэм кІэлъыплъакІуэ куэд хэлэжьыхьынущ, езыри махуищІ мы кампанэм зэрытраухуэнури ипэкІэ щыІахэм къахэзыгъэщщ. Абы и щхьэусыгъуэр куэдкІэ ехьэлІащ пандемием, цІыхухэр куэду зы щІыпІэм, зы махуэм зэхуэмысын Іэмалыр къызэгъэпэща хъуным.
КІэлъыплъакІуэу хэхыныгъэм лэжьэнум и нэхъыбапІэр зи лІыкІуэу щытынур КъЧР-м и жылагъуэ палатэращ. Абы къыбгъэдэкІыу псори зэхэту нэрыбгэ 500 хуэдиз лэжьэнущ. Жылагъуэ палатэм къыщызэрагъэпэщащ жылагъуэ кІэлъыплъакІуэхэм я штаб. Абы и нэІэм лэжьыгъэр зэрыщыту щІэтынущ.
Жылагъуэ палатэм и жэрдэмкІэ, хэхыныгъэм хэтыну кІэлъыплъакІуэхэр мы гъэм накъыгъэ (май) мазэм и кІэхэм—мэкъуауэгъуэм (июным) и пэхэм ирагъэджащ. Республикэм и район къэс щылэжьэнущ жылагъуэ кІэлъыплъакІуэхэр. Хьэбэз районыр къапщтэмэ, апхуэдэу нэрыбгэ 32-рэ хэхыныгъэхэм щылэжьэнущ. Абыхэм ящыщщ Беслъэней къуажэдэс Братхэ Заремэ.
Ар 1983 гъэм къэхъуащ. Иужьрей илъэситІым щыІа къэрал кампанэхэм хэлэжьыхьащ. Апхуэдэу, жыджэру хэтащ илъэс кІуам щыІэ, къэрал Кинституцэм зэхъуэкІыныгъэхэр хэлъхьэным Іэ хуэІэтыным теухуауэ щыта кампанэми. Заремэ къуажэ сабий ІыгъыпІэм, гъэсакІуэм и дэІэпыкъуэгъуу щолажьэ. Абы екІуалІэ сабийхэми, анэ-адэхэми яхэткІэрэ, къуажэм щыпсэукІэрэ, я Іуэхухэм щыгъуазэщ, фІыуэ къыгуроІуэ къуажэдэс унагъуэр зыхуэныкъуэри-зыхуэкъуагуэри, и гурыгъу-гурыщІэри. Езы Заремэ къызэрыджиІащи, апхуэдэу къуажэ гъащІэм щыхэткІэ, ди къэкІуэнум, езым и щхьэкІэ и пщэдейм, къэралым, абы щыщ и зы Іыхьэ ди хэгъуэгум я зыужьыныгъэм, социальнэ, экономикэ Іуэхухэм емыгупсыскІэ, имыгъэпІейтейкІэ къанэкъым, дэтхэнэ зыми хуэдэу.
—Зыужьыныгъэ, хабзэ, къэрал Іуэху…А псори къызэрыгуэкІ цІыхум хузэгъэзэхуэнукъым, ар къэрал, власть лэжьыгъэщ. Апхуэдэу щыщыткІэ, а къалэнхэр зэфІэзыхыну жылагъуэ лІыкІуэхэр, депутатхэр, Къэрал Думэм хэтынухэр хэтхыным жэуаплыгъэ лъагэкІэ дыбгъэдыхьэн хуейщ. Хэхыныгъэхэр хабзэм тету екІуэкІыным куэд елъытащ. Нэхъ зыхуэфащэр, хэзыха цІыхубэр къызэрыщыгугъыр зыгъэзэщІэжыфын депутат хэтхыным жэуаплыгъэ лъагэкІэ дыбгъэдыхьэн хуейщ,—жеІэ Заремэ.
Жылагъуэ кІэлъыплъакІуэу зэрылэжьэнум зыхуигъэхьэзыркІэрэ, Заремэ курсхэм кІуащ, хэхыпІэ участкэхэм щылажьэкІэ зытетыпхъэ хабзэхэм, хэхыныгъэ хабзэкъэгъэщІ кІуэрабгъухэм фІыуэ зыщигъэгъуэзащ.
—Хэхыныгъэхэр щекІуэкІыну махуищми сылэжьэнущ, сыхьэтыр 8-м щегъэжьауэ 20-00-м нэгъунэ, хэхыпІэ участкэр зэхуащІыжыху. Лэжьэгъуэ сыхьэтхэм къриубыдэу си къалэн нэхъыщхьэр тыншу къызгуроІуэ. Ар—хабзэкъутэныгъэ гуэр щыІэмэ, абы гу лъыстэнращ. АдэкІэ апхуэдэ щытыкІэм щызгъэгъуэзэн хуейщ сызыщылажьэ участкэм и пашэр. Къэхъуа щытыкІэр ямыгъэзэкІуэжрэ—адэкІэ штабыр Іуэхум щызгъэгъуэзэнущ. Къыхэгъэщыпхъэщи, кІэлъыплъакІуэм кандидат, парт гуэрым и лъэныкъуэ иубыдын, абы къыдэщІын хуейкъым. КъинэмыщІауэ, хэхыпІэ участкэм къекІуалІэхэр абы и телъхьэу къыдишэхыныр къигъэхъу мыхъуххэнщ. А псоми дыхурагъэджащ, фІыуэ сыщыгъуазэщ. Лэжьыгъэм сыхуэхьэзыру къызолъытэ,—къыджиІащ Братхэ Заремэ.
| {
"source": "cherkes-haky.ru",
"id": "k-elyplak-ue-khet-ar.txt"
} |
Хабзэ лъабжьэ иIэу
Урысей Федерацэм и хабзэ нэхъыщхьэм—Конституцэм и 83-нэ статьям халъхьэну зэхъуэкIыныгъэхэр зытеухуар Президентым и хабзэ хуитыныгъэхэращ. Апхуэдэу, жыхуэтIэ статьям щIэуэ Iыхьи 7 щIагъунущ, хэтыххэ Iыхьи 3-м зэхъуэкIыныгъэхэр халъхьэнущ. Абыхэм япкъ иткIэрэ, къэралым и Президентым къызэрегъэпэщ УФ-м и Къэрал Советыр, къэралым ШынагъуэншагъэмкIэ и Советыр.
Мы зэхъуэкIыныгъэхэм ехьэлIауэ КъЧР-м и ЦIыхубэ ЗэIущIэм (Парламентым) и I-V зэхуэшэсыгъуэхэм я депутат, 1999-2019 гъэхэм республикэ Парламентым и вице-спикер Хабов Руслан жеIэ:
—СызэрегупсысымкIэ, куэд щIащ апхуэдэ зэхъуэкIыныгъэхэр щыIэн зэрыхуеярэ. Сыту жыпIэмэ, Урысейм и Къэрал Советри, ШынагъуэншагъэмкIэ Советри къэралым и пашэм къигъэщIами, абыхэм Конституцэм деж хабзэ лъабжьэ щиIэтэкъым. Иджы а советхэр, я лэжьыгъэр хабзэкIэ щIэгъэбыдауэ щытынущ. Дэтхэнэми ди нэрылъагъущ а лэжьыгъэр. Аращи, Конституцэм халъхьэну зэхъуэкIыныгъэхэм хуитыныгъэхэр ярет. Апхуэдэу, а органхэм хабзэ къару яIэкIэрэ, хабзэ хуитыныгъи яIэ хъунущ, я лъабжьэри игъэбыдэнущ. Абы къыпэкIуэу лэжьыгъэри ефIэкIуэнущ.
| {
"source": "cherkes-haky.ru",
"id": "khabze-labzhe-iieu.txt"
} |
Хэгъуэгухэм я зэпыщIэныгъэр ирагъэфIакIуэ
Сочи къалэм Урысейпсо инвест форум иджыблагъэ щекIуэкIащ. Абдеж Урысейм и Правительствэм и Тхьэмадэ Медведев Дмитрий яIущIащ ди къэралым хыхьэ хэгъуэгухэм я Iэтащхьэхэм. Зэпсэлъэныгъэм
ипкъ иту, Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэм ящыщу къыхагъэщащ мыбюджет зэпыщIэныгъэм зегъэужьыныр,
инфраструктурэр егъэфIэкIуэныр.
— Япэрауэ, сыт и лъэныкъуэкIи дыхущIокъу федеральнэ бюджетым къыхэдгъэкI мылъкур псоми нэгъэсауэ ятедгуэшэну. Абы папщIэ илъэс блэкIам федеральнэ купсэмрэ хэгъуэгухэмрэ зэгурыIуэныгъэхэр
яIащ икIи абыхэм япкъ иту, илъэси 3-м къриубыдэу, субсидиехэр зэрыдгуэшыну щIыкIэр дгъэбелджылащ. Абы къыхэкIыу, хэгъуэгухэм я мылъкухэр нэхъ тыншу яубзыхунущ. Апхуэдэ щIыкIэм дытету дяпэкIи дылэжьэн ди мурадщ, — жиIащ Медведев Дмитрий.
№13 22.02.2018
| {
"source": "cherkes-haky.ru",
"id": "kheguegukhem-ya-zepyshchienyger-iragefiakiue.txt"
} |
Хэгъуэгум и зыужьыныгъэм хуэгъэзауэ
Къэрэшей — Черкес Республикэм и Iэтащхьэ Темрезов Рэшид иджыблагъэ зэIущIэ ядригъэкIуэкIащ КъЧР-м и Правительствэм, республикэм и Iэтащхьэмрэ и Правительствэмрэ я Администрацэм хэтхэм, Черкесск къалэм
и мэрым. ЗэIущIэм хэтахэр тепсэлъыхьащ Ищхъэрэ Кавказ федеральнэ хэгъуэгум и социально — экономикэ зыужьыныгъэм и IуэхумкIэ щыIэ правительствэ комиссэм и зэхуэсу Урысей Федерацэм и Премьер — министр Медведев Дмитрий иригъэкIуэкIам и лэжьыгъэм къыпэкIуахэм.
КъЧР-м и Iэтащхьэмрэ и Правительствэмрэ
я пресс-къулыкъу.
| {
"source": "cherkes-haky.ru",
"id": "kheguegum-i-zyuzhynygem-khuegezaue.txt"
} |
Хэгъуэгум и зыужьыныгъэм
Москва къалэм лэжьыгъэ IуэхукIэ щызэIущIащ КъЧР-м и Iэтащхьэ Темрезов Рэшидрэ УФ-м мэкъумэш хъызмэтымкIэ и министр Патрушев Дмитрийрэ.
ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ иужьрей илъэсхэм ди хэгъуэгум мэкъумэш хъызмэтым щызыIэригъыхьа ехъулIэныгъэхэм. ЯгъэнэIуащ дяпэкIэ къапэщыт къалэнхэри. Темрезов Рэшид министрыр щигъэгъуэзащ дэIэпыкъуныгъэ зэгъэгъуэтыпхъэ, хэгъуэгу АПК-м и лъэныкъуэхэм. Апхуэдэщ жыг хадэхэм зайгъэужьыныр, гъэкIыныр, пхъэщхьэмыщхьэ, хадэхэкI къэкIыгъэхэм я хъумапIэхэр ухуэныр. КъЧР-м и Iэтащхьэм къыхигъэщащ жыг хадэхэр унагъуэхэми щагъэкIыным теухуауэ лэжьыгъэ зэрырагъэкIуэкIым.
Мы гъэр къуажэхэм я зыужьыныгъэм зэрытраухуам ипкъ иткIэрэ, абы ехьэлIа лэжьыгъэхэм тепсэлъыхьащ лъэныкъуитIыр.
—Псы кIуапIэхэр ухуэн, зэгъэзэхуэжын, гъуэгухэм елэжьын, къуажэм щылажьэ IэщIагъэлIхэм защIэгъэкъуэн — ахэр дэркIэ къалэн пажэу щытщ. АбыкIэ УФ-м и Правительствэри, мэкъумэш хъызмэтымкIэ федеральнэ Министерствэри къыддэIэпыкъуну хьэзырщ,—жиIащ Темрезов Рэшид.
ТУАРШЫ Ирэ
| {
"source": "cherkes-haky.ru",
"id": "kheguegum-i-zyuzhynygem.txt"
} |
Хэхыныгъэ
Хэхыныгъэр ежьауэ жыджэру йокIуэкI. Хуабжьу ди гуапэщ, ди нэхъыжьхэр зэрыхабзэу ди япэ зэритым. Хьэбэз къуажэм хэхакIуэ участок зи № 238 япэу хэхыныгъэм къэкIуащ ДыщэкI НэшиIэт зи ныбжьыр илъэс 96 ит.
| {
"source": "cherkes-haky.ru",
"id": "khekhynyge.txt"
} |
Хэхыныгъэм хуэкIуэу
Урысейм и Президентым и лIыкIуэу Ищхъэрэ Кавказ федеральнэ хэгъуэгум щыIэ Белавенцев Олегрэ УФ-м и Купсэ ХэхакIуэ комиссэм и унафэщI Памфиловэ Эллэрэ Псыхуабэ (Пятигорск) къалэм щызэхаша зэIущIэр теухуауэ щытащ мы гъэм фокIадэм (сентябрым) и 10-м екIуэкIыну, зыуэ щыт хэхыныгъэхэм.
Абы хэтащ Къэрэшей-Черкесымрэ Ищхъэрэ Осетие-Аланиемрэ я Iэтащхьэхэу Темрезов Рэшидрэ Битаров Вячеславрэ, Ставрополь крайм и губернатор Владимиров Владимир, хэгъуэгухэм я хэхакIуэ комиссэхэм я унафэщIхэр, Урысейм и Генеральнэ прокуратурэмрэ МВД-мрэ я лIыкIуэхэр, нэгъуэщIхэри.
— ХэхакIуэ комиссэхэмрэ къэрал властымрэ щIыпIэ самоуправленэмрэ я органхэмрэ я зэдэлэжьэныгъэр къызэгъэпэщыным мыхьэнэшхуэ иIэщ. Къыхэзгъэщыну сыхуейщ, хэхыныгъэхэр лъэпощхьэпоуншэу, тэрэзу, зэIухауэ егъэкIуэкIыныр — ар власть унафэщIхэм я лэжьыгъэм и фIагъыр къэзыгъэлъагъуэщ, — жиIащ Белавенцев Олег.
Хэхыныгъэхэм хуэунэтIауэ нобэкIэ ялэжьахэмрэ къалэн къапэщылъхэмрэ теухуауэ къэпсэлъащ УФ-м и Генеральнэ прокурор Сыдорук Иванрэ Урысейм и МВД-м и Управленэ Нэхъыщхьэу СКФО-м щыIэм и унафэщIым и къуэдзэ Горенцев Андрейрэ. Ахэр къытеувыIащ хэхыныгъэхэр къызэгъэпэщыным ехьэлIауэ прокуратурэм, МВД-м я лэжьакIуэхэмрэ властым и зыгъэзащIэ органхэмрэ зэдалэжьыну Iуэхугъуэхэм.
АдэкIэ къэпсэлъащ Дагъыстаным и хэхакIуэ комиссэм и тхьэмадэ Дибиров Мыхьэмэт. Ар къытепсэлъыхьащ республикэм нэгъабэ хэхыныгъэхэр зэрыщекIуэкIам, апщыгъуэм къэхъуа зэгурымыIуэныгъэхэр зэрызэрагъэзэхуэжам.
КъинэмыщIауэ, зэIущIэм къыщыпсэлъащ мы гъэм фокIадэм хэхыныгъэхэр здекIуэкIыну Къэрэшей-Черкесымрэ Ищхъэрэ Осетие-Аланиемрэ я властхэм я органхэм я лIыкIуэхэр.
— Псом нэхърэ нэхъыщхьэщ цIыхухэм хэхыныгъэхэр къазэрыщыхъунур, абыхэм я дзыхь кандидатурэхэм зэрырагъэзыр. Мы гъэм екIуэкIыну хэхыныгъэхэм технологиещIэхэр къыщыдгъэсэбэпын хуейщ. Апхуэдэхэр мащIэкъым, — жиIащ Памфиловэ Эллэ.
Абы къыхигъэща 2017 гъэм бадзэуэгъуэм и 26-м Центризбиркомым хъыбарегъащIэ-справочнэ Купсэ къызэрызэIуихар, а махуэм къыщыщIэдзауэ хэхакIуэхэр хэхыныгъэхэм зэрыхэтынумкIэ я лъэIу тхылъхэр зэращтэр.
Зыгъэхьэзырар
ДЗЭМЫХЬ Маринэщ
| {
"source": "cherkes-haky.ru",
"id": "khekhynygem-khuekiueu.txt"
} |
Хэти тщыгъупщакъым, зыри тщыгъупщакъым.
Хэку зауэшхуэм ди къэралым ТекIуэныгъэ Иныр къызэрыщихьрэ мы гъэм илъэс 74-рэ ирикъуащ. Накъыгъэм (майм) и 9-м Къэрэшей-Черкес Республикэм и районхэм махуэщI Iуэхугъуэхэр, пэкIухэр щрагъэкIуэкIащ. Сыхьэтыр 9-м. Черкесск къалэм ТекIуэныгъэм и паркым ит фэеплъхэм удз гъэгъахэмрэ блэрхэмрэ щагъэтIылъащ КъЧР-м и Iэтащхьэ Темрезов Рэшид, КъЧР-м и ЦIыхубэ ЗэIущIэм (Парламентым) и тхьэмадэ Иванов Александр, республикэм и Правительствэм и тхьэмадэ Уэз Аслъэн, Правительствэм, Парламентым, Министерствэхэм я лIыкIуэхэм, къару, хабзэхъумэ къулыкъухэм я пашэхэм, къалэдэсхэмрэ хьэщIэхэмрэ. ТекIуэныгъэм и паркым щызэхуэсахэм я щхьэр хуагъэщхъащ мы щIыпIэр зи иужьрей увыIэпIэ хъуа зауэлIхэм я фэеплъым. Зауэм къыхэмыкIыжа ди лъэпкъэгъухэм, хэкуэгъухэм я щIыхькIэ фочхэр щэнейрэ драгъэуеящ. Сыхьэтыр 10-м. Урысей Федерацэм и дэнэ хэгъуэгуми хуэдэу, КъЧР-м и къалащхьэм и утыку нэхъыщхьэм щыщIидзащ ТекIуэныгъэ махуэщIыр. —…Илъэс 74-рэ текIыжащ абы лъандэрэ. Ар— цIыху гъащIэщ, ар—пIалъэ кIыхьщ. Арами, цIыхубэм и гум ихукъым блэкIа гуауэр. Ди къэралым и тхыдэм и къэхъукъащIэ нэхъыщхьэщ ар. Дрогушхуэ ди лIыхъужьхэм, ди сэлэтхэм..,— дикторым и псалъэ къэскIэ дэтхэнэми гукIи псэкIи зыхещIэ. КъЧР-м и военнэ комиссар, полковник Темыр Арсен хэгъуэгум и Iэтащхьэм доклад хуещI республикэм ит военнэ къулыкъу лIэужьыгъуэ псори МахуэщIым зэрыхуэхьэзырымкIэ. Темрезов Рэшид зауэлIхэм, къулыкъущIэхэм сэлам яриха нэужь, утыкур зэщIеIэтэ щэней «Урааа»-м. Утыкум кърахьэ ТекIуэныгъэм и Бэракъыр, Урысей Федерацэмрэ КъэрэшейЧеркесымрэ я Ныпхэр. Псоми абыхэм зыдагъэж. Урысей Федерацэм, Къэрэшей-Черкесым я Гимнхэр уардэу утыкум щхьэщоIукIри, МахуэщIыр щIедзэ. —Къэрэшей-Черкес Республикэм щыпсэухэ, хьэщIэхэ, ветеранхэ, ди хэкуэгъухэ! Си гум къыбгъэдэкIыу сывохъуэхъу зэрыУрысейуэ игъэлъапIэ махуэщIымкIэ! Ар—нэщхъеягъуэм, гуфIэгъуэм, лIыгъэм, хэкупсагъэм я Махуэщ. Илъэс 74-кIэ узэIэбэкIыжмэ иухащ нэхъ лъыгъажэ, нэхъ гущIыхьэ дыдэ зауэр— Хэку зауэшхуэр. Ар цIыху мелуанхэм гъэунэхуныгъэ хьэлъэ яхуэхъуащ. Зауэ илъэсхэм Совет цIыхубэм и лIыгъэмрэ гуеигъэмрэ зэрыдунейуэ ягъэунэхуащ. Лъэпкъ зэхуэмыдэхэм къахэкIа цIыхухэр я псэ, я гъащIэ емыблэжу нэмыцэ зэрыпхъуакIуэм пэщIэтащ икIи Рейхстагым щагъэбыбащ ТекIуэныгъэ Иным и Бэракъыр. Зи гъащIэ, зи щхьэ хэзылъхьэу, ТекIуэныгъэр, мамыр гъащIэр къытхуэзыхьахэр зыщыдгъэгъупщэн дыхуиткъым. Дрогушхуэ ди хэкуэгъу, лъэпкъэгъухэу зауэм хэтахэм, нэмыцэдзэр зэхэкъутэным хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIахэм. Дрогушхуэ ди хэкуэгъу, лъэпкъэгъухэу зауэм хэтахэм, нэмыцэдзэр зэхэкъутэным хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIахэм. Абыхэм фронтхэм щагъэлъэгъуащ лIыгъэ, хэкупсагъэ, лъэпкъыпсагъэ ин. Ди щхьэр яхудогъэщхъ, сыт щыгъуи дигухэм илъщ зауэм къыхэмыкIыжахэр, — жиIащ КъЧР-м и Iэтащхьэм. А псалъэхэм пэджэжу, пэкIум хэтахэр дакъикъэкIэ щыму яхуэщыгъуащ Хэку зауэшхуэм хэкIуэдахэм. Къэпсэлъа дэтхэнэми къыхигъэщащ ТекIуэныгъэм и Махуэм и пщIэр, зауэм хэтахэм, ветеранхэм, къэзымыгъэзэжахэм я фэеплъыр зэгуэрми зэрымыужьыхынур. ТекIуэныгъэм и Махуэм Къэрэшей-Черкесым и къалащхьэми, районхэми, дэнэ къуажи, къали зауэм и фэеплъу дэт сынхэм щагъэтIылъащ удз гъэгъахэмрэ блэрхэмрэ. ТекIуэныгъэ Иным и щIыхькIэ хъуэхъу телеграммэхэр КъЧР-м и Iэтащхьэм, республикэм щыпсэухэм къыхурагъэхьащ. Телеграммэхэр къабгъэдэкIащ УФ-м и Президент Путин Владимир, Урысейм и Правительствэм и тхьэмадэ Медведев Дмитрий УФ-м и Федеральнэ ЗэIущIэм ФедерацэмкIэ и Советым и пашэ Матвиенко Валентинэ, Урысейм и Къэрал Думэм и тхьэмадэ Володин Вячеслав, ди къэралым и Президентым и Администрацэм и унафэщI Вайно Антон, хэгъуэгу зэхуэмыдэхэм я Iэтащхьэхэм. Сыхьэтыр 13-м. ЩIидзащ хабзэфI хъуа, илъэс къэси цIыху нэхъыбэ къызэщIэзыубыдэ «Бессмертный полк» пэкIур. Черкесск къалэм и Первомайскэ уэрамым щегъэжьауэ ТекIуэныгъэм и паркым нэгъунэ ирикIуа, цIыху мин 20-м щIигъу зыхэта колоннэм и пашэу щытащ Темрезов Рэшид, Иванов Александр, депутатхэр, Правительствэм хэтхэр. Зэры-республикэу къапщтэмэ, фэеплъ акцэм, сабийми балигъми, цIыху мин 75-м нэс хэтащ. МахуэщI Iуэхугъуэхэр щыпащащ хытIыгу ЩхъуантIэм. Сыхьэтыр 21-30-м. Накъыгъэм и 9-м екIуэкIа Iуэхугъуэхэм я иужьрей Iыхьэу ТекIуэныгъэм и илъэс 74-м и щIыхькIэ уафэгум хьэрэкIытIэхэр куэдрэ драгъэуеящ.
ШЫБЗЫХЪУЭ Ирэ
| {
"source": "cherkes-haky.ru",
"id": "kheti-tshchygupshchakym-zyri-tshchygupshchakym.txt"
} |
Хъуэхъухэр
ПщIэ зыхуэтщI ветеранхэ, гуащIэдэкIым и лэжьакIуэхэ, ди хэкуэгъухэ!
Гум къыбгъэдэкIыу махуэщIышхуэмкIэ – ТекIуэныгъэм и МахуэмкIэ – дывохъуэхъу!
Майм и 9-р махуэщI хэIэтыкIащ, абы зэрешалIэ ди къэралым щыпсэу лъэпкъ зэхуэмыдэхэр. Зауэ илъэсхэм
хиубыдахэм деж къыщымынэу, махуэщIыр лъапIэщ абыхэм я бынхэмкIи, я къуэрылъху-пхъурылъхухэмкIи. Абы и щыхьэтщ хабзэ тхуэхъуа, дуней псом ягъэщIагъуэ «Бессмертный полк»-р. Абы къегъэлъагъуэ ди цIыхухэм, ди къэралым фашизмэм пэщIэтынымкIэ ягъэзэщIа къалэнышхуэм зыми шэч къызэрытримыхьэфынур.
Гум къыбгъэдэкI хъуэхъухэр – ди ветеранхэм! ЛIыгъэм, бэшэчагъэм, Хэкум хуиIэпхъэ фIылъагъуныгъэм и щапхъэ фытхуэхъуащ. Фэ зефхьа лIыгъэри, гуащIэдэкIым пэрыту ТекIуэныгъэм хуэлэжьахэм я гугъуехьри зэи тщыгъупщэнукъым. ПщIэшхуэ яхуэфащэщ а илъэс бзаджэхэм ялъэкI къамыгъанэу, езыхэм зыхуагъэ-
ныкъуэурэ, зи сабий къэзыIэта анэхэми.
ТекIуэныгъэ лъапIэр – ди цIыху псоми я ехъулIэныгъэщи, ди къалэнщ мы махуэщIым пщIэ хуэтщIыну, 1945 гъэм майм и 9-м и фэеплъыр ди щIэблэм янэдгъэсыну!
Урысейми, Къэрэшей-Черкесми щыпсэухэм – мамырыгъэрэ фIыгъэрэ! Ди унэхэм мамырыгъэр, зэгурыIуэныгъэр, зэкъуэтыныгъэр щIремыкI!
ТЕМРЕЗОВ Рэшид,
Къэрэшей-Черкес Республикэм и Iэтащхьэ
ИВАНОВ Александр,
КъЧР-м и ЦIыхубэ ЗэIущIэм (Парламентым) и тхьэмадэ
УЭЗ Аслъэн,
Къэрэшей-Черкес Республикэм и Правительствэм и тхьэмадэ
| {
"source": "cherkes-haky.ru",
"id": "khuekhukher.txt"
} |
Комсомолым и илъэси 100 пшыхьым къикIыу
МахуэщIым пщIэ иIэу
Черкесск къалэм дэт щэнхабзэмкIэ Унэм иджыблагъэ щызэхэтащ комсомолыр илъэси 100 зэрырикъум теухуа республикэ гуфIэгъуэ пшыхь. Абы къекIуэлIащ Къэрэшей — Черкес Республикэм и унафэщIхэр, зи щIалэгъуэр, зи къару илъыгъуэр комсомолым езыта ветеранхэр,
щIалэгъуалэм и лIыкIуэхэр.
Комсомолым хэтахэм ехъуэхъуну зэIущIэм къеблэгъащ Къэрэшей — Черкес Республикэм и Iэтащхьэ Темрезов Рэшид, республикэм и Парламентым и спикер Иванов Александр, КъЧР — м и Правительствэм и тхьэмадэ Уэз Аслъэн, республикэм и къалэхэмрэ районхэмрэ къикIа гупхэр.
Пшыхьым ирагъэжьащ абы къекIуэлIахэр комсомолым и тхыдэм теухуа нэтын я пащхьэ кърахьэкIэрэ. Иужьым псалъэ хуагъэфэщащ Темрезов Рэшид.
— Комсомолым зэлъыкъуигъэуващ зи къэралым, зи хэгъуэгум, абы и къэкIуэнум щIэгупсыс щIалэ, пщащэ жыджэр, акъылыфIэ, зэчиифIэ минхэр. Нобэ, мы къэхъугъэ хьэлэмэтым теухуа гуфIэгъуэ зэIущIэм деж фильмым дыщеплъым, тхыдэ напэкIуэцIхэр щызэдгъэдзэкIыжым,
нэхъыжьхэм я гукъэкIыжхэм ятеухуа хъыбархэм дыщедэIужым, дигу къэкIыжащ дэ тщыщ дэтхэнэми и гъащIэм занщIэу епхауэ щыта ди къэрал тхыдэ лIыхъужьыр, гугъур, теплъэ дахэ
зиIэр. Апщыгъуэм щIалэгъуалэр хэту, абы и IэхэмкIэ къэралыр яухуащ, икIи ар текIуэныгъэхэм яхуэкIуащ.
Хуабжьу тэрэзу къызолъытэ комсомолым и гупсысэ, хабзэ нэхъыфIхэр ноби зэрыпсэур. Абыхэм
пащэ щIалэгъуалэ IуэхухэмкIэ щыIэ къэрал къулыкъущIапIэ зэхуэмыдэхэм, щIалэгъуалэ
хэкупсэ волонтер зэгухьэныгъэхэм, ахэр жыджэру хэтщ щIалэгъуалэ проектхэр щIэныгъэм, щэнхабзэм, егъэджэныгъэмрэ спортымрэ щыпхыгъэкIыным. Абы къикIыр аращи, комсомолым и гупсысэхэр псэущ. Псэущ щIалэгъуалэм и къарур, и къэралым и сэбэп зыхэлъым хуэгъэза
хущIэкъуныгъэр! — къыхигъэщащ республикэм и Iэтащхьэм.
Иужьым, “Комсомольская слава” щIыхь нагъыщэр яхуигъэфэщащ Къэрэшей — Черкесым и комсомол организацэхэм хэта, республикэмрэ Хэкумрэ я зыужьыныгъэм хэлъхьэныгъэ ин хуэзыщIа цIыху жыджэрхэм. Комсомолец жыджэру щытахэм я цIэр Праламентым и Президиумым и щIыхь тхылъкIэ къраIуащ. Пшыхьым хъуэхъу псалъэ гуапэ куэд щыжаIащ. Къэпсэлъахэм къыхагъэщащ комсомол лъэхъэнэм и IуэхуфIхэр ноби зэрыпсэур, зэрыпащэр.
ДЭБАГЪУЭ Хьэтызэ.
Сурэтыр ТУАРШЫ
Беслъэн трихащ
| {
"source": "cherkes-haky.ru",
"id": "komsomolym-i-ilesi-100-pshykhym-kikiyu.txt"
} |
КъыхэтхыкIыныгъэм пежьэу
2020 гъэм жэпуэгъуэм (октябрым) и 1-м щегъэжьауэ 31-м нэгъунэ Урысейпсо къыхэтхыкIыныгъэ екIуэкIынущ. Зэрыкъэралу къапщтэмэ, къыхэтхыкIакIуэ мин 300-м щIигъу, «полевой контроллер» мин 45-рэ хэтынущ мы кампанэм. Къэрэшей-Черкес Республикэр къапщтэмэ, къыхэтхыкIакIуэ 1000-м нэсрэ «полевой контролери» 142-рэ лэжьэнущ. КъыхэтхыкIакIуэ къэс ику иту нэрыбгэ 550-м ядэлэжьэнущ. 2020 гъэм екIуэкIыну кампанэм щIэуэ халъхьам щыщщ: къыхэтхыкIыныгъэр фи унагъуэм деж къыхэтхыкIакIуэм къывдыригъэкIуэкIынкIи, фэр-фэру къэрал хуэIухуэщIэхэмкIэ порталым деж щызэфIэвгъэкIынкIи фыхуитщ. МФЦ-м фыкIуэу, абдеж Iуэхур щызефхуи хъунущ. Къэрэшей-Черкесым деж къыхэтхыкIакIуэ 800-м щIигъум унэрыкIыу къакIухьурэ лэжьэнущ, 142-рэ хуэдиз стационар щIыпIэхэм, къулыкъухэм щылэжьэнущ. Нэрыбги 148-рэ ягъэхьэзырынущ, къыхэтхыкIакIуэм щхьэусыгъуэ гуэркIэ и къалэнхэр игъэзэщIэну лъэкIыныгъэ имыIэ хъуамэ, абы и пIэм иувэу зэрылэжьэным хуэдэу. «Полевой контроллеруи», ищхьэкIэ зэрыжытIащи, нэрыбги 142-рэ къыхэтхыкIыныгъэм хэлэжьыхьынущ. КъыхэтхыкIакIуэ хъункIэ хуитщ Урысейм и дэтхэнэ цIыхури, ар илъэс 18 ирикъуамэ, урысыбзэ ицIыхумэ, иритхэфмэирипсэлъэфмэ. Апхуэдэ лэжьыгъэм пэрыувэну хуейр махуи 3-кIэ, махуэ къэс сыхьэти 5-кIэ ирагъэджэнущ. Иужьым экзамен ирагъэтынущ. КъыхэтхыкIакIуэр хурагъэджэнущ зыхуэзэну цIыхухэм зэрайпсэлъэнум, упщIэу яритынум, къыжраIахэр зэритхынумрэ хэIущIыIу зэримыщIынумрэ, нэгъуэщI щытыкIэхэми.
| {
"source": "cherkes-haky.ru",
"id": "kykhetkhykiynygem-pezheu.txt"
} |
Лъэпкъ проектым — лъэбакъуэ лъэщкIэ
«Узыншагъэ» лъэпкъ проектым зэрыхыхьэну ди республикэм къигъэлъэгъуа
Iуэхугъуэхэр, КъЧР-м и Iэтащхьэ Темрезов Рэшид Урысейм узыншагъэр хъумэнымкIэ и Министерствэм щыпхигъэкIащ.
Иджыблагъэ Темрезов Рэшид и къыхэлъхьэныгъэкIэ, ди республикэр «Узыншагъэ» лъэпкъ проектым зэрыхыхьэм ехьэлIауэ, Минздравым
и департаментхэм я унафэщIхэр хэту зэIущIэ екIуэкIащ. Ар иригъэкIуэкIащ УФ-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министрым и къуэдзэ Яковлевэ Татьянэ. Къэрэшей-Черкес Республикэм къыбгъэдэкIыу зэIущIэм хэтащ сенатор Салпагаров Ахъмэт, вице-премьер Суюнов Джанибек, КъЧР-м и
лIыкIуэу Москва къалэм щыIэ, вице-примьер Гуэгуэ Мадинэ, КъЧР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Шаманов Казим, хэгъуэгу лъынтхуэ купсэм и унафэщI Темрезов Марат сымэ.
№90 17,11,2018
| {
"source": "cherkes-haky.ru",
"id": "lepk-proektym-lebakue-leshchkie.txt"
} |
Лъэпкъ радиом и Iулыджыр инщ
«Черкес ФМ» лъэпкъ радиор нобэ адыгэ дунейм Iулыдж ин щызиIэ IуэхущIэу зэфIэуващ. Уеблэмэ, хамэ къэрал куэдым щикъухьа адыгэхэр нэхъри зэрипхыжу, адыгэбзэм и IэфIагъыр игъэнаIуэу, адыгэ хабзэм и купщIэр тхузэпкърихрэ лъэпкъ макъамэ дахэм дыщIигъэдэIуу ди гъащIэм щыщ Iыхьэ хъуащ. Радиом лэжьэн зэрыщIидзэрэ мы гъэм щэкIуэгъуэм (ноябрым) и 6-м илъэс ирокъу. А зэман кIэщIым къриубыдэу абы цIыху мин бжыгъэ къыдихьэхащ, къэрал куэдым къыщацIыхуащ, иджырей радиор зыхуэдэр цIыхубэм наIуэ ящищIащ. Адыгэ радио къызэIухыным жэрдэмщIакIуэ хуэхъуари, ар лажьэу езыгъэжьари Къэбэрдей-Балъкъэр, Ингуш Республикэхэм щIыхь зиIэ я артист, режиссёр, продюсер цIэрыIуэ Хьэцей Тимурщ. Iуэхум пэщIэдзэ хуэхъуам, нобэ зэрызиужьам тедгъэпсэлъыхьыну Тимур упщIэ зыбжанэкIэ зыхуэдгъэзащ. Дехъуэхъуащ дызыщыгуфIыкIыпэ адыгэ Iуэхум гъуэгуанэ кIыхь иIэну. — Тимур, «Черкес ФМ»-р япэ дунейпсо адыгэ радиощ икIи къэрал зэмылIэужьыгъуэхэм зэрыщылажьэр къэплъытэмэ, къызэрымыкIуэ медиа-проект ин хъуащ. Зэман кIэщIым къриубыдэу цIыху куэдым ягу дыхьащ, уеблэмэ, лъэпкъ щэнхабзэм и зыужьыныгъэ зы лъэбакъуэшхуэу плъытэ хъунущ. Дауэ уигу къэкIат апхуэдэ радио къызэбгъэпэщыну? — ЦIыхур и адэжь хэкум пэIэщIэу щыпсэум деж и лъэпкъ зэхэщIыкIыр куэдкIэ нэхъ куу мэхъу жысIэмэ, сыщыуэну къыщIэкIынкъым. ЩIыналъэм упэжыжьэми, лъэпкъ тхыдэр, щэнхабзэр, хабзэр, бзэр IэщIыб зэрумыщIыным ухущIокъу, ахэр псэкупсэ къулеягъыу къыздыбохьэкI. Сэ иджыпсту Москва сыщопсэу, сыщолажьэ, ауэ хэкупсэ нэсу сызэрыщытым и щыхьэтщ зи гугъу сщIыхэр зэи IэщIыб зэрызмыщIар. Мис апхуэдэ щхьэусыгъуэхэм къахэкIыу сигу къихьащ адыгэ радио къызэзгъэпэщыну. Ар куэдрэ къесхьэкIа мурадкъым. АтIэ, спорт пэшым сыщIэту сигу къыщыкIым, пIалъэ тезмыгъэкIыу лэжьапIэм сынэсри, елэжьын щIэздзащ. Куэд дэмыкIыуи, къыздэлэжьэну гуп зэхуэсшэсри, си гурылъыр нахуапIэ хъуащ. Радио къызэбгъэпэщу, лажьэу ебгъэжьэныр, дауи, Iуэху къызэрыгуэкIкъым, зэ IуплъэгъуэкIэ къызэрыпщыхъум хуэдэу. Ауэ зы илъэсым къриубыдэу проектыр дубзыхури, иджырей радиом и жыпхъэ псоми изагъэу зэтедгъэпсыхьащ. — Нобэ дызыхэпсэукI лъэхъэнэм Iуэху зэрыщащIэри, къэралыр зэрызэрагъакIуэри бжыгъэхэр зи лъабжьэ (Digital) Iэмал гъуэзэджэхэращ. Гуапэ пщымыхъуу къанэкъым лъэпкъри зэманым декIуу зэрыдэбакъуэр. Ди Iэгу илъ телефонымкIэ дуней псор щызэщIэдгъэхьэ XXI лIыщIыгъуэм фIыгъуэшхуэщ абы тет радио-приложенэ къызэрыунэхуар. Пэжщ, зэкIэ псоми къагурыIуэкъым телефоным тет радиом и лэжьэкIэр, абы уасэ щIэптын зэрыхуейр. «Радио Черкес ФМ» приложенэм и зэхэлъыкIэм, ар зэрылажьэм и гугъу уэзгъэщIынут. — Пэжу, радиом зэи пщIэ щIату щытакъым. Ауэ дэ дызыхэпсэукI лъэхъэнэм езэгъ радио бгъэлэжьэным, псом хуэмыдэу телефонхэм гугъуехьыншэу трагъатхэрэ, щыхуейм деж къызэIуахыурэ едэIуу зэтеухуэным мылъку токIуадэ. КъинэмыщIауэ, ар гъэлэжьэныр къыщIыдэхъулIэр щылажьэ цIыхухэм я гуащIэмрэ зэчиймрэщ. Радиостанц щыIэныр техникэ и лъэныкъуэкIэ къызэбгъэпэщын, махуэ къэс абы къит нэтынхэр бгъэхьэзырын, къэптын щхьэкIэ, шэч хэмылъу, зэмани, мылъкуи мымащIэу ухуейщ. Къапщтэмэ, иджыпсту тIыгъ телефонхэм апхуэдэ гуэдзэн куэд хэтщ ахъшэ и уасэу. Ар цIыхухэм къащэху икIи къагъэсэбэп зэманым къыкIэрымыхуу псэун, заужьын, лэжьэн папщIэ. Абы ипкъ иткIэ, «Черкес ФМ»-м ахъшэ зэриуасэр зэманым къигъэув пщалъэщ, армыхъумэ къэмыхъуа Iуэхугъуэ гуэркъым. Дэ ахъшэ къэдлэжьын папщIэ, рекламэ бжыгъэншэ эфирым къидгъэувэкъым. Ар щIэдмыдэр цIыхухэм я щхьэ едмыгъэужэгъун, гупсэхуу адыгэ радиом едгъэдэIун щхьэкIэщ. Радиор къызэгъэпэщыным, махуэ къэс гъэлэжьэным, щылажьэхэм улахуэ етыным мылъку зэрытекIуадэр къыхэплъытэмэ, абы щIэптыну сом тIэкIур къохьэлъэкIын хуейкъым. Жэщми-махуэми лажьэ адыгэ радиом уедэIун папщIэ, зы мазэм долларитI иримыкъу щIэптыныр дэнэ къэрали щыхьэлъэу си гугъэкъым. — Сыт хуэдэ нэтынхэр къитрэ радиом? Сыт абы едэIухэм нэхъыбэу зэхахыну зыхуейр? — «Черкес ФМ»-м и эфирым уэрэд дахэ куэд къоуэ иджырейхэми, нэхъ пасэхэм щыIа уэрэджыIэхэми ягъэзащIэу. Уэрэдхэм, шэч хэмылъу, зэман нэхъыбэ хухэхащ. Дэ далъоIэс Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Черкесым, Адыгейм, уеблэмэ нэгъуэщI къэралхэм щыпсэу, щылажьэ адыгэ уэрэджыIэхэм я творчествэми. Абы едэIуа дэтхэнэми игу дыхьэ, и псэр зыгъэпсэху макъамэ щызэхихын хуейщ, фIыуэ илъагъу уэрэджыIэм «щыIущIэн» хуейщ. КъинэмыщIауэ, сэбэп хъуну къэтлъытэу хэдгъэхьахэм ящыщщ «Адыгэ хабзэ» рубрикэр. Мыбы кIэщIу щIэхщIэхыурэ уигу къыщагъэкIыж адыгэ хабзэм щыщ Iыхьэхэмрэ лъэпкъ дауэдапщэхэм хэлъ щхьэхуэныгъэхэмрэ. МащIэрэ IэфIу жыхуиIэм хуэдэу, утемызашэу, ауэ щIэх-щIэхыурэ зэхэпхрэ уигу ибубыдэфу дгъэпсащ хабзэм епха Iыхьэр. Апхуэдэ дыдэщ «Адыгэ псалъэжьхэр» рубрикэри. Лъэпкъым ижь-ижьыж лъандэрэ къыдекIуэкI Iущагъхэмрэ купщIэ зыхэлъ псалъэ шэрыуэхэмрэ махуэм зыбжанэрэ зэхэпхыныр лейкъым. Сабийхэм папщIэ радиом ущрихьэлIэнущ адыгэ таурыхъхэм. Абыхэм щIапIыкIа ныбжьыщIэр акъылкIи, бзэкIи, гупсысэкIи зэщIэузэдауэ къызэрытэджым шэч хэлъкъым, ар къыхэтлъытэри, пщыхьэщхьэм, гъуэлъыжыгъуэм, ирихьэлIэу таурыхъхэр къэтту едгъэжьащ. Эфирым махуэм зыбжанэрэ къохьэ «ХъыбарыщIэхэр». Дауи, а рубрикэри зыхухэхар адыгэращ. Адыгэ дунейм къыщыхъу сыт хуэдэ Iуэхугъуэ гуапэри зэрыблэдмыгъэкIыным иужь дитщ. Ди щIалэгъуалэм я ехъулIэныгъэри, ди лъэпкъым ифI зыхэлъ Iуэхури, спортым, щIэныгъэм, медицинэм, щэнхабзэм, нэгъуэщI лъэныкъуэ куэдми теухуа адыгэ къэхъукъащIэ куэд къыдот. Адыгэм зыгуэр къехъулIауэ, къыдэхъуауэ зэхэтхауэ зыри къэдгъанэкъым, нэхъыбэм зэхахмэ ди гуапэщи. ЦIыху нэхъыбэ дихьэхыу, нэхъыбэ тепсэлъыхьыжу зи хъыбар къытIэрыхьэхэм ящыщщ гушыIэхэр. Ахэри и чэзум эфирым къыхоувэ. Хъарзынэкъэ, махуэм зы гушыIэ хъыбар цIыкIу зэхэпхрэ, абы уи гукъыдэжыр къиIэтмэ?! — Адыгэ уэрэд дахэ куэд къоуэ фи радиом, хэт абы къитыну уэрэдхэр къыхэзыхыр? Сыт нэхъ зытефщIыхьыр абыхэм фащыхэдэкIэ? — Радиом къитыну уэрэдхэр къыхэзыхыр сэращ. Мыр лажьэу щедгъэжьэнум сытIысри, уэрэд мини 3-м щIигъу седэIуащ. Абыхэм 300 къудей къахэсхауэ аращ. Сыт хуэдэ абы хыхьахэр? Куэдым ягу дыхьахэмрэ фIагъ лъагэ иIэу ирагъэтхахэмрэщ. АдыгэбзэкIэ уэрэд зэрыжиIэ къудейр шэсыпIэкъым си дежкIэ. АтIэ, макъкIи, макъамэкIи, жыIэкIэкIи къызыхуэтыншэу щытын хуейщ. Абы ипкъ иткIэ, нобэ радиом къитыр ди уэрэджыIэхэм я IэдакъэщIэкI нэхъыфI дыдэхэращ. Иджыри зэ жызоIэри, Iуэхур зытетщIыхьыр и фIагъращ, абы и лъэныкъуэкIэ цIыху зыбжанэ къыздолажьэ. — Москва лажьэу щебгъэжьа радиор нобэ къэрал куэдым нэсащ, дунейпсо мыхьэнэ иIэ хъуащ. Урысейм нэмыщI сыт хуэдэ къэралхэм щылажьэрэ? — Радиор къызэзгъэпэщыну иужь сыщихьам ар дуней псом къыщыIуу зэрыщытынум тесщIыхьат. Ауэ япэ щIыкIэ 2019 гъэм щэкIуэгъуэм (ноябрым) и 6-м Урысейм лэжьэн щыщIидзащ, 2020 гъэм и гъэмахуэм Тыркуми, Иорданиеми Iуэхур зэтеубла щыхъуащ. НобэкIэ а къэралищращ нэхъыбэ цIыху щедаIуэр. Ауэ Германиеми, Америкэми, Израилми, нэгъуэщI щIыпIэхэми къипсэлъыкIыр куэдщ я телефонхэм трагъэтхауэ едэIуу. Дуней псор зэпызыщIэ Инстаграмым напэкIуэцI щыдиIэщи, абыкIи, нэгъуэщI IэмалхэмкIи хъыбар къыдагъащIэ, я еплъыкIэхэр къыджаIэ. Хуабжьу ди гуапэщ ар зигу ирихь куэд зэрыщыIэр, лъэпкъыпсэ, хэкупсэу хамэ къэрал щыпсэухэр зэрызэпищIэр. ЖыпIэнуракъэ, радиом едэIухэм махуэ къэс къахохъуэ, ди гугъэщ дяпэкIи нэхъыбэ хъуну. — Зы илъэс гъуэгуанэ къызэвнэкIащ. Абы къриубыдэу фщIа Iуэхум и пIалъэм тепщIыхьмэ, иджыри сыт хэплъхьэ хъуну радиом и лэжьыгъэм? Сыт хуэдэ мурадхэр фиIэ, псом хуэмыдэу ар зытещIыхьа адыгэхэр къэрал 50-м щIигъум зэрыщыпсэур къэплъытэмэ? — Дауи, лъэныкъуэ куэдкIэ ебгъэфIакIуэ, зебгъэужь хъунущ радиом. Ауэ ар мылъкушхуэ зытекIуадэ Iуэхущ. Мы проектыр дунейпсо проекту къежьащ. НэгъуэщI къэралхэм щылажьэу дутIыпща радиор тыркубзэкIэ, хьэрыпыбзэкIэ зэддзэкIауэ, абыхэм къагурыIуэн хуэдэу мэпсалъэ. Абы сыт щыгъуи щIыгъущ адыгэбзэр. Иджыри мурад куэд диIэщ, ар радио-гуэдзэным епха техническэ Iуэхухэращ. Сыт хуэдэ лэжьыгъэми зебгъэужь зэпыту щымытмэ, къэувыIэнущ. Дэ етхьэжьа Iуэхур нэхъыфI зэрытщIыным сыт щыгъуи яужь дитынущ. — Радиом къиту зэхыдох дэ фIыуэ тцIыху актерхэм, цIыху цIэрыIуэхэм я макъыр. Щылажьэхэр узэрыхуейуэ зэгъэпэща хъуа? — Радиом лэжьэн щыщIидзэм япэу дызыпэщIэхуа гугъуехьхэм ящыщщ адыгэбзэкIэ псалъэ радиоведущэ нэсхэр зэрыдимыIэр. А Iуэхум хэкIыпIэ къыхуэдгъуэтри, ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ къэбэрдей драмэ театрым и актерхэр Iуэхум къыхэтшащ. Ахэр дахэу къоджэ сабий таурыхъхэм. Рубрикэ нэхъыщхьэхэр къэзытыр утыкум дахэу щыпсэлъэфу, адыгэбзэ шэрыуэ яIурылъу, хэкум фIыуэ къыщацIыху Гумэ Маринэрэ Нэхущ Тимуррэщ. Абыхэм къинэмыщIауэ, дэ жыджэру къыддолажьэ нэгъуэщI лъэпкъхэм къахэкIа IэщIагъэлIхэри. — Иджырей телефон зыIыгъхэм ящIэ зи гугъу сщIынур: «Черкес ФМ» радиор къызэрежьэрэ Apple Music гуэдзэныр щIагъуэу къызэIусхыжкъым си щхьэкIэ. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, адыгэ макъамэрэ уэрэдрэ, адыгэбзэмрэ хъыбарыщIэхэмрэ абы сыщедэIумэ сфIэфIщ. Лъэпкъ хъугъуэфIыгъуэм зы налъэу хэува радиом и Iулыджым дяпэкIи зевгъэужьыну фи мурад? — Си гуапэщ цIыхухэм щхьэпэу къалъытэмэ, я гукъыдэжыр къиIэтмэ. Пэжу, апхуэдэ зыгуэрщ ар къыщIызэIутхари. НэгъуэщI щIыпIэхэм адыгэ уэрэдхэр къыщыплъыхъуэу, абы зэман тебгъэкIуадэу щымыту, «Черкес ФМ»-м жэщ-махуэм и сыт хуэдэ сыхьэти къызэIухи, уэрэд дахэ «щокIэрахъуэ». Ар цIыхухэм ягу дыхьэмэ, къагъэсэбэпмэ, ди мурадыр къыдэхъулIауэ аращи, адэкIэ дыбэкъуэнщ, нэхъри зедгъэужьынщ. Мыбы иджырей зэманым къигъэув жыпхъэхэм теухуауэ узэлэжьын куэд иIэщ — маркетинг, рекламэ, нэгъуэщI лъэныкъуэхэри. 2020 гъэм зэфIэдгъэкIын хуея Iуэхухэм ящыщ зыбжанэ къызэпиудащ COVID-19 -м дызыригъэува щытыкIэм. Ауэ ди къалэн нэхъыщхьэр — радиом и Iулыджыр Iыгъыныр, абы едэIухэм я гукъыдэжыр къэIэтыныр, абдеж сэбэп гуэрхэр щызэхахыныр — зэи зэпыдмыгъэууэ дызылэжьхэм ящыщщ. Си гугъэщ «Черкес ФМ»-м едэIухэм я бжыгъэм хэхъуэ зэпыту къекIуэкIыну. Дэ ар нэхъ щIэщыгъуэ, купщIафIэ, гъэщIэгъуэн щIынымкIэ тхузэфIэкI къэдгъэнэнукъым. — Упсэу, Тимур, уи мурадхэр Тхьэм къыуигъэхъулIэ. КъызэвнэкIа илъэсыр гъуэгуанэ кIыхьым и щIэдзапIэу Тхьэм къыщIигъэкI!
Епсэлъар НЭЩIЭПЫДЖЭ Замирэщ
| {
"source": "cherkes-haky.ru",
"id": "lepk-radiom-i-iulydzhyr-inshch.txt"
} |
Лъэпкъым и зэчийхэр
Лъэпкъым и зэчийхэр
Мыдаущ, мыкIийхэ,
КъулыкъущIэ шэнтым хуеIэу зэрымыкъу,
Е зи гупкIэ исым
Щытхъу уэрэд хуаусу,
Къэзылъхуа я лъэпкъым къыхуамыхь емыкIу.
Ахэр бегъымбару
Хэт игъэхъыбарми,
Хэт игъэцIыху Iейми – иремыхъу фи фIэщ:
Ахэм уасэу яIэр
Я хьилымырщ, я Iэрщ,
Я псэм и къабзагъырщ ахэр зыщIыр лъэщ.
Лъэпкъым и зэчийхэм
Шхын емых я джийхэм,
КъыщIадза лэжьыгъэр ямыщIау зэтес,
ЛIыгъэкIэ, уэрэдкIэ,
УсэкIэ, сурэткIэ
Е акъылкIэ гъащIэм пемыхьам къандес.
Пэжу, ахэм гъащIэр
ЯхуэмыгумащIэ –
Лъэпкъ зэчийр нэхъыбэм мэхъу игъуэ нэмыс.
Е къигъащIэ тIэкIури
ПфIэщIу щихь мэз дэгум,
Къохъу закъуагъэм мыхъумэ,
зы къащылъымыс.
Ауэ лъэпкъ зэчийхэм
Гъэхэр яхуэткIийми,
Ахэм я гъерэтырщ лъэпкъым и асур,
Ахэм къапыкI гуащIэрщ
ЗыщIыр щыз мы гъащIэр,
Хэт сыт и захуагъми хуэхъур джынасу.
Бемырзэ Мухьэдин
| {
"source": "cherkes-haky.ru",
"id": "lepkym-i-zechijkher.txt"
} |